115-нэ шу дивизэм щыщу зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу хуей жыги 115-рэ Къэхъун къыщокI
2013-04-23
- Щэбэт кIуам Къэхъун дэт курыт школ №2-м Iуэху дахэ щекIуэкIащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм бийм пэщIэта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и фэеплъу еджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ школ пщIантIэмрэ бжэIупэмрэ хуей жыги 115-рэ щыхасащ.
-
Апхуэдэ Iуэху кърахьэжьэным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ ДОСААФ-м и къудамэу Аруан куейм щылажьэмрэ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ. Iуэхур зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным, хуей жыгхэр къэхъундэсхэм къалъэIэсыным я гуащIэ халъхьащ Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Тамбий Амир, «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркым и унафэщIым и къуэдзэ Чочаев Малик, абы и лэжьакIуэ Узденов Билал сымэ.
- Къэбгъэлъагъуэмэ, школым щекIуэкIа зэхыхьэм лъабжьэ хуэхъуар зауэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ куу районым зэрыщекIуэкIырщ. 10-нэ «б» классым щIэс ныбжьыщIэхэм щIалэгъуалэ парламентархэр ирагъэблагъэу «стIол хъурей» щрагъэкIуэкIам къыхалъхьауэ щыта Iуэхущ щэбэтым ягъэзэщIар. ИкIи зи щIыхькIэ кърахьэжьа шу дивизэм и хъыбарми, абы хэта зауэлIхэм зэрахьа лIыгъэми фIыуэ щыгъуазэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ жыджэру хэтащ жыг хэсэным.
- Зи гугъу тщIы зэхыхьэм кърихьэлIащ КъБР-м цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Аруан район администрацэм физкультурэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимир, Къэхъун къуажэ администрцэм и Iэтащхьэ Тамбий Амир, КъБР-м и ДОСААФ-м и унафэщIым и къуэдзэ, полковник МацIыхъу Хъусен, а IуэхущIапIэм и къудамэу Аруан куейм щыIэм и унафэщI Гулэжын Беслъэн, Аруан районым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Джэдгъэф Мухьэрбий, Къэхъун къуажэм и ветеранхэм я пашэ Жэмыхъуэ Щыхьырбий, КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм хэт Кайгермазов Арсен, ПДН-м и инспектор, полицэм и подполковник Черновэ Аленэ, Калашниковым и цIэкIэ щыIэ зауэ-спорт жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ МацIыхъу Руслан, КъБР-м и фочгъауэ союзым и унафэщI Жылокъуэ Энрико сымэ.
- ЗэIущIэр къыщызэIуахащ школым и пэIущIэ пэшышхуэм. Абы щегъэувэкIат 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм теухуауэ еджапIэм щызэхуахьэсыжа сурэхэмрэ тхыгъэхэмрэ. Иджыри и кIэм нэсу къамыхутами, нобэкIэ къэхъундэсхэр щыгъуазэщ дивизэ цIэрыIуэм я къуажэгъухэми лIыгъэ зэрыщызэрахьар, цIыху 30-м нэблагъэ зэрыхэкIуэдар.
- Нэмыцэ фашистхэм Ростов областым щхьэмыгъазэу щапэщIэта дивизэм и къекIуэкIыкIам кIэщIу тепсэлъыхьри, Къумахуэ Мухьэдин щIалэгъуалэр къыхуриджащ зауэлI хахуэхэм я фэеплъыр зыщамыгъэгъупщэу, лIыгъэщIапIэ щихуам щхьэмыгъазэу зэриувыкIар я гъуазэу псэуну.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ шу дивизэм и лIыгъэр къэрал псом щызэбгрыкIащ. Абы и фэеплъым хуэфащэ пщIэ хуащIу, абыхэм папщIэ зэхашэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр Iэтауэ, махуэшхуэ щIыкIэм тету егъэкIуэкIын зэрыхуейр къыхигъэщащ полковник МацIыхъу Хъусен. ЩIэблэр я хэкуэгъухэм иригушхуэу, абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр щапхъэ яхуэ- хъуу къыдэкIуэтеин зэры- хуейр, ар къайхъулIэнымкIэ Къэхъун дэт школ №2-м щекIуэкI Iуэхум хуэдэхэр зэрысэбэпыр къыхагъэщащ зэIущIэм къыщыпсэлъа нэхъыжьыфIхэм.
- НыбжьыщIэхэм, псом хуэмыдэу щIалэ цIыкIухэм, ягури я псэри етауэ хэтащ мы Iуэхум. Бел къэзыщтэ нэ- хъыжьхэм япэщIэкIуатэрэ ядэIэпыкъуу, дэтхэнэми жыг нэхъыбэ зэригъэтIысыным хуэпабгъэу махуэр екIуэкIащ.
- ЗэIущIэр екIуу къызэгъэпэщыным зи гуащIэ нэхъыбэ хэзылъхьар ДОСААФ-м и къудамэу Аруан куейм щыIэм и унафэщI Гулэжын Беслъэнщ, абы къыздиша курсант ныбжьыщIэхэми я къалэныр дахэу ягъэзэщIащ. Апхуэдэуи 115-нэ шу дивизэм хэта лIыхъужьхэм я бынхэми, абыхэм я быныжхэми я гуапэу зыкърагъэхьэлIэри, жыг зырыз ягъэтIысащ.
- Хуей жыги 115-рэ зи пщIантIэ дэт школым щеджэхэми, дяпэкIэ къыщIэтIысхьэнухэми, дауи, ящIэнущ щхьэмыгъазэу бийм пэщIэта шу дивизэм хэта цIыху мин зыбжанэм зэрахьа лIыгъэм и хъыбарыр, ахэр я гъуазэу къыдэкIуэтеинущ зи мамыр гъащIэм папщIэ зауэлIхэм я псэр щIата щIалэгъуалэр.
- НэщIэпыджэ Замирэ.