Нэгузыужьу, гукъинэжу
2022-06-01
- ЦIыкIухэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным мы лъэхъэнэм дэнэкIи гулъытэшхуэ щрат. БлэкIа илъэситIым а унэтIыныгъэм хуиту зрагъэужьыну Iэмалышхуэхэр щыIакъым, коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм дэнэкIи зыщиубгъуауэ зэрыщытам къыхэкIыу. Ноби а Iуэхум теухуауэ сакъыны-гъэ зыхэгъэлъын, санитар мардэхэр, къабзагъэм и хабзэхэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу гъэзэщIэн зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ. Апхуэдэу щытми, зыгъэпсэхугъуэр екIуу къызэгъэпэщыным йолIалIэ ар зи пщэрылъ IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и санаторэхэмрэ сабий лагерхэмрэ гъэмахуэ лъэхъэнэм къриубыдэу зыщагъэпсэхунущ, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ ныбжьыщIэ мини 7-м щIигъум. А IуэхущIапIэхэр къапэщылъ лэжьыгъэм зэрыхуэхьэзырыр мэлыжьыхь мазэм икухэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэри хиубыдэу къапщытащ абы къыхузэрагъэпэща комиссэ гупхэм. Нэгъабэрэ абы ипэ ита илъэсымрэ абыхэм екIуэлIэфар щыIэфыну сабийхэм я процент 60-м щIигъур арамэ, мы гъэм зыгъэпсэхупIэхэм куэдкIэ нэхъыбэ щыIэну хуагъэфащэ.
- ЦIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэм тещIыхьауэ егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэхэм программэ хэхахэр яубзыхуакIэщ. Абыхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, щIыпIэ школхэм къыщызэIуахынущ махуэрылажьэ лагерхэр. Абы зыщагъэпсэхунущ зи ныбжьыр илъэси 7 — 15-хэм итхэм. Апхуэдэу егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм ярит тхылъхэм япкъ иткIэ, сабий куэдым я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ нэгъуэщI лагерь зэмылIэужьыгъуэхэм, санаторэхэм. Зи адэ-анэхэр лэжьапIэ IэнатIэ Iумыт, бынунагъуэшхуэхэм, зи Iуэху хуэмыщIа унагъуэхэм къахэкIа сабийхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэм, сабий зеиншэхэм апхуэдэ тхылъхэр пщIэншэу иратынущ.
- Псори зэхэту къапщтэмэ, мы гъэмахуэм сабийхэм папщIэ лэжьэнущ санаторэрэ лагеру 40-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ курыт школхэм къыщызэIуахыну махуэрылажьэ лагерхэри. НыбжьыщIэхэм я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным хуаутIыпщащ сом мелуан 200-м нэс. А мылъкум щыщу сабий къэс зы жэщ-махуэм ику иту текIуэдэнущ сом 400, школ лагерхэм щыIэнухэм — сом 200 дэтхэнэми хуэзэу.
- Лагерхэм сабийхэм махуэхэр щрахьэкIынущ купщIафIэу, Iуэху хьэлэмэтхэмрэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ. Абыхэм яхуэкIуэнущ ди республикэм и артистхэр, сабийхэм ядэлажьэ нэгъуэщI IэщIагъэлIхэр. НыбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщынущ щэнхабзэ зэхыхьэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, нэгузегъэужь программэхэри щыIэнущ. КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным хуэщIа проектыщIэхэри сабий зыгъэпсэхупIэхэм щылэжьэнущ мы гъэмахуэм.
- Апхуэдэу сабий санаторэхэм, лагерхэм хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къыщызэгъэпэщын я лъэныкъуэкIэ Iуэхур тэрэзу щытынущ.
- А псори зыхуэунэтIар лагерым щыIэ дэтхэнэ сабийми и нэгу зиужьауэ, и узыншагъэр иригъэфIэкIуауэ, ди щIыуэпсым епха гукъэкIыж дахэхэр и куэду и унэ екIуэлIэжынырщ, я къарурэ зэфIэкIрэ хэхъуауэ.
- ТАМБИЙ Линэ.