ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зы цIыху закъуэм папщIэ газет

2022-05-19

  • Газетым и мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ пщалъэхэм язщ ар зыIэрыхьэ цIыху бжыгъэр. Ауэ хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт зы цIыху закъуэм щхьэкIэ газет ягъэхьэзырынкIи хъуну?!

  • Салазар Антониу дунейпсо тхыдэм ткIиягъкIэ къыхэна тепщэхэм язщ. «Диктатор» — узыIурыIэбэ мыхъуну унафэщI еру. Дауэ иджыри а псалъэм и мыхьэнэр къызэрыбгъэлъэгъуэнур? «Езым фIимыгъэжар хьэрэмщ», — жаIэ адыгэхэм. Апхуэдэ тепщэ зыбжанэ щыIащ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, ауэ Салазар нэхърэ нэхъ зэкIуэцIылъ абыхэм яхэмытауэ хуагъэфащэ. Абы игъэхъа псом зэкIэ и Iуэху зетхуэркъым. НобэкIэ зи жэуап къэтлъыхъуэр зы упщIэщ. Салазар игу ирихьын фIэкIа ирамытхэу, зы газет закъуэ абы щхьэкIэ къыдагъэкIыу щытар пэж?
  • Салазар Антониу къызэрежьар экономистущ. Езыр къызыхэкIар католик унагъуэти, дин лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр къиухыу, щихънагъ хъуным щIэхъуэпсрэ пэт, зэрымыщIэкIэ къыщыхутащ хабзэр щадж факультетым. Ар къиухри, а еджапIэ дыдэм экономикэмкIэ егъэджакIуэу къагъэнэжауэ щытащ. Зэман докIри, Салазар Португалием и президентыщIэм ирегъэблагъэ мылъку IуэхухэмкIэ министру лэжьэну. ИлъэсиплI фIэкIа дэмыкIыу, егъэджакIуэр премьер-министр хъуащ икIи илъэс 36-кIэ Португалиер и IэмыщIэм илъащ.
  • 1968 гъэм хьэмэмым къыщытехуа нэужь, Салазар и щхьэм лъы дэуеят. Премьерыр занщIэу операцэ ящIри, лIэныгъэм кърагъэлащ, укъимыщIэу махуэ зыбжани дэкIащ. Хуэмурэ нэхъыфI хъужа щхьэкIэ, и къалэныр хуехьэкIынутэкъыми, Португалием и президент Томаш Америку Салазар и пIэм нэгъуэщI цIыху иримыгъэувэу хъуакъым.
  • Дохутырхэм тегъэчыныхьауэ псоми къыгурагъэIуат Салазар и IэнатIэм зэрытрагъэкIар жепIэ зэрымыхъунур, а хъыбарым илIыкIынкIэ зэрышынагъуэр. Арати, цIыхугъэ зэрахэлъым и щыхьэт хъуа хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн къагупсысащ Салазар и лэжьэгъухэм, я премьерыр нэхъыбэрэ ягъэпсэун щхьэкIэ. Махуэ къэмынэу, министр гупыр зи Iэпкълъэпкъым и щIэлъэныкъуэр иубыда я унафэщIу щытам деж къакIуэурэ, щхьэж и къалэныр зэригъэзащIэм къыхутепсэлъыхьырт, унафэщIэ зыхурагъэщIырт, лэжьыгъэр зэпымыуххам хуэдэу. Абы ищIыIужкIэ, Салазар нэхъыфI дыдэу илъагъу, махуэ къэс къыдэкI «ХъыбарыщIэхэр» («Diário de Notícias») газетым имытыпхъэ имыту, сымаджэм и гуапэ мыхъун зыри къыхамыгъахуэу, хутрадзэрт. Зы газет закъуэ! Уеблэмэ франджы газетым и журналистыр къагъакIуэри, инервью ирырагъэтауэ щытащ. Салазар США-р фIыуэ илъагъуртэкъыми, американхэр мазэм зэрылъэтар газетым традзакъым. ЦIыхухэм зыкъызэраIэтари кърагъэщIакъым. Правительствэм хэтхэр зэрахъуэжари щабзыщIащ. А псом и фIыгъэкIэ, инсульт нэужьым иджыри илъэситIкIэ псэужауэ щытащ Салазар.
  • ЦIыхугъэм сыт хуэдэ зэмани и чэзущ.