Адыгэхэмрэ гъуэтхэмрэ
2022-05-19
- Гъуэт тхыдэтх Иордан къызэринэкIа тхыгъэхэм тепщIыхьмэ, ди лъэхъэнэм и III лIэщIыгъуэм къызэрехьэжьауэ щытащ гъуэтхэр — пасэрей герман лъэпкъыр. Ахэр Урым пащтыхьыгъуэм и щIыналъэм итIысхьэну, яхьэхуну щIэхъуэпсырт. Лъэпкъхэр зэхэIэпхъукIрэ щIыналъэщIэхэр зауэ-банэкIэ щаубыд лъэхъэнэт ар. Илъэс куэдкIэ екIуэкIа гъуэт зауэм и Iэужьу ахэр Фрикием итIысхьащ, джатэкIи щIыналъэ зыбжанэ яубыдащ.
- Адыгэм и тхыдэми къыхощыж зэгуэр Европэр зыгъэгулэза гъуэтхэм я цIэр.
- Дау зэкъуэшибгъум я хъыбар нобэм къихьэсащ ди IуэрыIуатэм. ЗэрыжаIэжымкIэ, а лъэхъэнэм адыгэхэм я гъуазэр Дау Бахъсэнт. Даухэ зэкъуэшибгъурэ зы хъыджэбз закъуэрэ яIэт. Гъуэтхэр адыгэ щIыналъэм къыщебгъэрыкIуэм, зэкъуэшхэр зауэм кIуащ икIи зы къэмынэу псори хэкIуэдащ. Зэрыбыным я нэхъыщIэу я шыпхъу закъуэм и дэлъхухэм я хьэдэр шыгукIэ къришэлIэжри, Бахъсэн ныджэм щыщIилъхьэжауэ жаIэ. А зэман жыжьэм Бахъсэныпсым нэгъуэщIыцIэщ зэрихьэу щытар. Ауэ зэкъуэшибгъум я нэхъыжь, дзэм и пашэу зауэм хэта Бахъсэн и цIэр псым фIащыжащ. Даухэ я щIалэхэм гъуэт зауэм щызэрахьа лIыгъэм и фэеплъ тхыдэм къыхэнэн папщIэ, я шыпхъум и унафэкIэ алыджхэм мывэ сын ягъэжауэ жаIэ.
- Мыбдеж гу лъытапхъэщи, Дау зэкъуэшибгъум я хъыбарым теухуауэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ къаIуатэр зэтохуэ.
- Гъуэтхэм къазэуа щIыналъэхэр зэгуагъэхьэжри, къэралыгъуэ къызэрагъэпэщат. Урысейм и европей лъэныкъуэр — Балтий хым къыщыщIэдзауэ хы ФIыцIэм къэсу — зэрыщыту хиубыдэрт абы. А лъэхъэнэ жыжьэм КъуэкIыпIэмкIэ къыщызэрехьэжьа гуннхэм дунеижьыр яхьэхуным хуэдэу къызэрыгъэбэтати, абыхэм я дамэ щIэт лъэпкъхэмрэ щIыналъэхэмрэ къащхьэщыжу дзэшхуэ къагъэуври, КъухьэпIэмкIэ къыщыунэхуа гъуэт къэралыгъуэр зэтракъутащ, яубыда щIыналъэхэри къыIэщIагъэкIыжащ. Апхуэдэу щыхъум, гъуэтхэр Кърымым итIысхьащ. Ауэ герман лъэпкъхэм апхуэдэу тыншу зыкъатыну махэтэкъым. Я къару къызэрыгъуэтыжыху заIэтрэ, гуннхэм ебгъэрыкIуэу, мыдрейхэри къимыкIуэту куэд дыдэрэ къызэрехьэкIащ. ИкIэм-икIэжым гъуэтхэм я лъэр щIэхущ, мащIэ къызэрыгъэхъури, тIуащIэм дэкIыу, хы ФIыцIэм и адрыщI — Кавказым — итIысхьэн хуей хъуащ. Абдежым гъуэтхэр бгырыс хъуащ икIи кавказ лъэпкъхэм хэшыпсыхьыжауэ жаIэ. Абы и щыхьэту адыгэхэм къахуэнащ лъэпкъыцIэу Гъуэтокъуэ, Гъут, нэгъуэщIхэри.
- ТАМБИЙ Гуащэмахуэ.