ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Физикэм и хабзэхэр  щызэблэдза дуней

2022-05-19

  • Хьэршым къыщекIуэкIхэр зыдж астрономхэм иджыблагъэ хъыбар зэбграгъэхащ нэм къыхуэмыплъыхь, гъуни нэзи зимыIэ уахэ жыжьэм, дызэсам хуэмыдэу, зэманыр щызэщIэкIуэж нэгъуэщI дуней (къэщIыгъэ) щхьэхуи щыIэнкIэ зэрыхъунум ехьэлIауэ.

  • США-м и NASA IуэхущIапIэм къызэрыщалъытэмкIэ, зэхуэмыдэ ДунеитIри астрофизикхэр «КъэлындышхуэкIэ» зэджэ къэхъугъэм и Iэужьщ.
  • Катар хьэрып къэралым и къалащхьэ Дохэ щыIэ «Al Jazeera» агентствэм къызэритымкIэ, щIэныгъэлIхэм я деж зэдауэ инхэр къыщыхъеящ, NASA-м и IэщIагъэлIхэм щыIэнкIэ хъуну зыхужаIэ дуней къызэрымыкIуэм и «хьэл-щэнымрэ» и «шыфэлIыфэмрэ» зыхуэдэм ехьэлIауэ.
  • Еджагъэшхуэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дызэсам емыщхьу зэманыр щызэщIэкIуэж КъэщIыгъэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу (дыщыпсэум елъытауэ) иIэнкIэ хъунур зы закъуэщ: къыщыхъу псоми я зэблэхъукIэ-зэкIэлъыкIуэкIэр зым адрейр яужь иту, ядэбгъуэн щымыIэу, щызэпыща пэтми, къыщыхъу-къыщыщIэхэр блэкIам къикIыу дызэрыт лъэхъэнэм къызэрыхуэкIуэрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэр дэ, КъэщIыгъэ «захуэм» щыпсэухэр, я нэхъ мащIэрауэ дызэмысащ.
  • NASA-м и IэщIагъэлIхэр зи гугъу тщIы гупсысэм хуэзышар хьэршым къикI мэскъалхэм къапкърыкI нэрымылъагъу «хысыджхэр» (импульсхэр) зыхуэдэр къэзыпщытэ ANITA антеннэу Антарктидэм щагъэувам къыпыщIа жьы зэрыт шар телъыджэу лъагащэу (километр 37-кIэ) щаIэтам къиубыда радио-хысыджхэм я зэкIэлъыкIуэкIэрщ (спектр).
  • Мыдрейуи къыхэдгъэщынщи, ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэ и хьэуам уахэ жыжьэм къикIыу къыхэлъатэ-къыкIуэцIрыпсыкI мэскъал цIыкIужьейхэм (пкъыгъуэ нэрымылъагъухэм я пщалъэкIэ деплъмэ) яхэтщ къару ин дыдэ зиIэхэри. Абыхэм яхэбгъуэтэнущ я хьэлъагъкIи зэрызэщIэузэда лъэщагъкIи нобэр къыздэсым щIэныгъэлIхэм къахуэгупсысахэр ауэ жыжьэу зыщIэмыхьэнухэри.
  • Мыри гъэщIэгъуэнщ: Антарктидэм щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «тау-нейтрино» зыфIаща а мэскъал хьэлъэхэм къахэкIащ ди планетэм къыкIуэцIрыпсыкIыу, мыдрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щхьэфэм къытеунэхуэжу уэгум илъэтэжахэри. Телъыджэ къащыхъуа а Iуэхум астрофизикхэр щытепсэлъыхьым, къыхагъэщащ «Дуней тэмэм» зыхужытIэм апхуэдэ зэзэмызэххэ фIэкIа къызэрыщымыхъур. АтIэми, ANITA антеннэм къыхуэбжар куэдкIэ щынэхъыбэкIэ, абы къикIыр зыщ — зи гугъу тщIы мэскъалхэр къыздикIыр дызэсэжа щIэныгъэм (физикэм) и хабзэхэр щызэблэдза, зэманыр и кIэмкIэ къикIыу ипэмкIэ щызэщIэкIуэж нэгъуэщI Дунейрщ (Вселеннэщ).
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.