Залымхъан и IэдакъэщIэкIхэр ягъэлъагъуэ
2022-02-22
- СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ зи гъащIэ псор сурэт щIыным тезыухуа Индрис Залымхъан къыщIэна лэжьыгъэ купщIафIэхэр.
- Индрис Залымхъан и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къызэрагъэпэщыну яубзыхури, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар ягъэхьэзырыну хунэмыс щIыкIэ, мы щIымахуэм зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ.
- Музейм и пэшхэм Залымхъан Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ищIа и лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр иджы щагъэлъагъуэ. Псом хуэмыдэу щIэщыгъуэщ энкаустикэ Iэмалым (краскэмрэ шэхумрэ зэгъусэу) ижь зыщIихуахэр. КъыжыIапхъэщ, Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, а лэжьэкIэр къэзыгъэIэрыхуар Индрисым зэризакъуэр. Залымхъан и сурэтхэр адрейхэм къащхьэщызыгъэкIыр, нэгъуэщIхэм щIахэмыгъуащэр Мысырым, Алыджым илъэс минищ и пэкIэ къыщыунэхуа Iэмалыр къигъэсэбэпурэ, и сурэтхэр зэрищIарщ. Нэхъыщхьэращи, шэху (воск) пщтыркIэ ищIа сурэтхэм лIэщIыгъуэ мин зыбжанэкIэ зыри къащыщIынукъым, я плъыфэхэми захъуэжынукъым. Дуней псом и сурэтыщI куэдым абы зыщIрамыпщытыр а Iэмалыр зэрыгугъурщ.
- — Мы сурэтхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа IэпщIэлъапщIэр зэрытхэкIыжар псоми жагъуэ тщыхъуащ, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат выставкэр къыщызэIуихым. — Залымхъан ящыщт зи творчествэм дыдихьэх художникхэм, дэтхэнэ и зы сурэтми тфIэщIэщыгъуэу дыпэплъэрт. А лэжьыгъэхэм щыболъагъу республикэм и щIыуэпсыр, абы щыпсэу цIыхухэр мастерым фIыуэ илъагъуу зэрыщытар. Иджы ахэр и фэеплъу къытхуэнащ.
- Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, Залымхъан и Iэдакъэ къыщIэкIащ и щхьэгъусэм, бынхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм я сурэтхэр. ЩIыуэпсым, гъэм и зэманхэм, бгы уардэхэм я дахагъэм теухуахэри и мащIэкъым. КъищынэмыщIауэ, лэжьыгъэ куэд хухихащ лъэпкъ хабзэр, фащэр, адыгэм и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ щIэинхэмрэ хъумэным. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр зэрекIуэкIым триухуахэр. Псыежэхым зэпрыкI, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ шууейхэри гукъинэжщ. Ар апхуэдизкIэ IупщIщи, сурэттехкIэ трахам хуэдэщ. Индрис Залымхъан и дэтхэнэ зы сурэтми, ар ирегъатхэ е иребжьыхьэ, гъэм и зэманым и фIыпIэр къыщигъэлъэгъуэжащ.
- Республикэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм Индрисым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм увыпIэфI щаубыд, жылагъуэ ухуэныгъэхэр егъэдахэ, ахэр щIыналъэм и музейхэм я фондхэм щахъумэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зы IыхьэфI хъуащ абы и лэжьыгъэхэр. А сурэтхэр зылъагъухэм дэрэжэгъуэ къарет. Апхуэдэу Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщ куэдым Залымхъан и лэжьыгъэхэр зэхуахьэс.
- КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ къеджащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Русланрэ УФ-м щIыхь зиIэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик КIыщ Мухьэдинрэ Индрис Залымхъан хуэгъэзауэ къагъэхьа псалъэ гуапэхэм, творчествэм узэрыхуэлэжьэнум и щапхъэгъэлъагъуэу зэрыщытам теухуахэм.
- УФ-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор, Красноярск ксилографие школ къыщызэзыгъэпэща Пащты Герман зэхыхьэм хэтхэм яхуиIуэтащ Залымхъанрэ абырэ Ткаченкэ Андрей я гъэсэну зэрыщытам теухуа и гукъэкIыжхэр икIи фIыщIэ яхуищIащ выставкэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэм, абы зыкърезыгъэхьэлIахэм, сурэтыщIым и унагъуэм.
- Музейм и выставкэ къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ къытеувыIащ нэхъапэIуэкIэ Индрис Залымхъан и гъэлъэгъуэныгъэхэр зэрагъэхьэзырам, энкаустикэ жанрым ар зэрыхуэIэижьымрэ удэлэжьэну тыншу зэрыщытамрэ къыхигъэщу.
- Индрис Залымхъан и къуэ Тембот къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ и адэм Налшык къалэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ зэрилъэгъуар. И щхьэгъусэ Еленэ къыхигъэщащ иужьрей зэманым, и узыншагъэм къимыхьми, республикэм и гъуазджэм и зыужьыныгъэм абы зэпымыууэ хэлъхьэныгъэ хъарзынэхэр зэрыхуищIар, и IэщIагъэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зэрыпэрытар. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, выставкэм зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми фIыщIэ яхуищIа нэужь, абы жиIащ къахуэна лэжьыгъэхэр хъума зэрыхъунум зэригъэгузавэр, Залымхъан ахэр ямыщэу, яхъумэну уэсят зэрищIам къыхэкIыу.
- Индрис Залымхъанрэ Еленэрэ я къуэ нэхъыжь Тембот адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, сурэтыщI Iэзэщ, Ткаченкэ Андрей и гъэсэнщ. И лэжьыгъэхэр гъэлъэгъуэныгъэ куэдым хагъэхьащ. Я къуэ нэхъыщIэ Мурат УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэщ. Япхъу Маринэ КъБКъУ-м философиемкIэ щрегъаджэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.