ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псэм и джэ макъ

2022-02-22

  • Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, илъэси 100  ипэкIэ дунейм къытехьа Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) Куржым   и  ТхакIуэхэм  я союзым и урыс къудамэм и унафэщIу щытащ. Абы и къалэмыр хуэлажьэрт зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыхухэм я гъащIэр, я дуней еплъыкIэр къэгъэлъэгъуэным. Аджыкъур тетхыхьащ адыги, куржыи, урыси, румыни, мэжэри…

  • Аджыкъум и тхылъхэу ди дежи нэгъуэщI къэралхэми дунейм къыщытехьахэм цIыхухэр дахьэхыу йоджэ.
  • Куэд къызэрыщIэупщIэм къыхэкIыу зыбжанэрэ къыдагъэкIащ адыгэ тхыдэм теухуауэ Аджыкъум итха повестыр — «Уафэгъуагъуэ макъыр». Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и университету Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэр къэзыуха, Сирием щыщ адыгэ бзылъхугъэ Дэбжэн Динэ ар хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIри, Дамаск къыщыдигъэкIащ. «Аль-Баас» газетым абы теухуа тхыгъэхэр тIэуней тридзащ. ТхакIуэ цIэрыIуэ икIи критик аль-Мысри Маруан итхырт: «Адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь тхыгъэ хьэрыпыбзэкIэ къызэрыдэкIар IуэхугъуэфIу зэрыщытыр къэзгъэлъагъуэкIэрэ, сэ жысIэну сыхуейщ ар псэм лъэIэсу, пэжыгъэшхуэ хэлъу, Iэзэу тха зэрыхъуар».
  • Иджы дыкъытеувыIэнщ Аджыкъу Джэрий и повестыр зытеухуам, абы и мыхьэнэм. ТхакIуэм и макъ егъэIу лIэщIыгъуэ блэкIам къэхъуа гуауэм — Урыс-Кавказ зауэм, ИстамбылакIуэм — я джэрпэджэжу, абы дерс къыхэхын зэрыхуейр къыдиIуэтылIэу. Лъэпкъым и блэкIам ухуэдэгуу икIи ухуэнэфу ущыт зэрымыхъунур Лохвицкэм къыдгурегъаIуэ. Абы щыгъуэми егъэлъапIэ цIыхугъэ нэсыр, сыт хуэдэ лъэхъэнэми лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэр зэпэгъунэгъу зыщI акъыл нэхур, захуагъэм и телъхьэ хъуну псэр къэзыгъэушыр.
  • «Псэр щэи, напэ къэщэху» псалъэжьыр повестым псалъащхьэ хуэпщI хъунущ, сыту жыпIэмэ, аращ тхылъыр зы-    теухуэжар: лъэпкъ псом зигъэкIуэдащ  и  напэр имыщэн, бийм лъэгущIэтын зримыгъэщIын папщIэ; цIыху минхэм загъэлIащ, я адэжь лъахэр ямыбгынэн, зыщалъ-хуа щIыналъэм емыпцIыжын щхьэкIэ…
  • Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм апхуэдэу щIышхуэ яIыгътэкъым, яхуземыхьэжын хуэдэу. Ар къыдогъанэри, ерагъкIэ ярикъуу арат псэемыблэжу телэжьыхьурэ абы ирипсэун папщIэ. ИкIи телэжьыхьхэрт я гуащIи, я пщIэнтIэпси емыблэжу. Я щIыналъэри къэщIэрэщIащ, берычэтыр  и  тыгъэу, хъугъуэфIыгъуэр и бащэу. Абы къигъэнэпсеяуэ арат  урыс пащтыхьыр. Ар, дауи, щыгъуазэтэкъым бгылъэ щIыпIэхэр «дуней жэнэт» пщIыныр къызэрыгуэкI Iуэхуу зэрыщымы-тым. Абы занщIэу  гу лъитащ пащтыхьыжьым зэуэну Кавказым къигъэкIуа къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ Кожевниковым. Абы адыгэхэр зыхуэдэр къызэрыгурыIуэр офицер Кайсаров Яков мыпхуэдэу иреIуэтылIэ: «Зи щхьэр лажьэ лъэпкъщ. Джабэ нэкIухэр, псым имылъэсын хуэдэу, къат-къатурэ къызэрагъэбатэр уэзгъэлъэгъуащэрэт. Мывэшхуэхэр зэхуахьэс, ищIагъымкIэ кърахьэхыурэ, зэтралъхьэ, псыIущIэ ящI, итIанэ псыежэхым щыщ къаутIыпщри — пшахъуэ, мывэкIэщхъ сыт жыпIэми, хуэегъэзыхыгъуэ щыхъухэм щызэтралъхьэ. ЩIы-пIэр зэтес мэхъуж. ИужькIэ тафэм щIыгулъ фIыцIэ кърашри абы тракIутэж, сэнми щIадзэ».
  • А щIыкIэм тету щIыр къэзыгъэбатэ адыгэ мэкъумэшыщIэмрэ адыгэхэм ягухьа урыс офицер Кайсаровымрэ «Уафэгъуагъуэ макъым» мыпхуэдэу щызопсалъэ. Кайсаровым къеIуатэ Бытырбыху къатищу зэтет унэхэр зэрыщыIэр. Абы и щхьэусыгъуэр щIыр къазэремэщIэкIрауэ къызыщыхъуа адыгэм къызэрыгуэкIыу жеIэ: «НтIэ, щIыр уи мащIэмэ, нэгъуэщI Iэмали къыпхуэгупсысынукъым».
  • МэкъумэшыщIэм дэнэ щищIэнт апхуэдэу зыжриIэм губгъуэ хуитышхуэхэр зи бащэ Урысей уэхыр и лъахэу. Ар зэрегупсысымкIэ, пащтыхьыр, щIы и куэду щытамэ, адыгэхэм ейм еIусэнутэкъым…
  • ХьэкIэкхъуэкIагъэщ зы щIы кIапэ щхьэкIэ лъэпкъ гуэрым илъ бгъэжэныр. Пащтыхьыдзэм лей зэрызэрихьэр, гущIэгъу зэримыIэр хьэкъыу зи фIэщ хъуа офицерыр — ар и псэм хутемыгъахуэу — адыгэхэм ягуохьэ.
  • И лъэпкъми, и къэралми, и динми епцIыжыныр сыт къызыхэкIар? Хеймрэ мысэмрэ зэхигъэкIыфу зэрыщытырщ. Пэжщ, а псоми занщIэу абы и акъыл нэсакъым, езыми хеилъкIэ зиуцIэпIыжа нэужьщ къыщыгурыIуар. Кайсаровым и напэм къыхуегъэзэгъыркъым дяпэкIи апхуэдэу псэуну — щхьэщIэгупсыс, хъыжьпIыжь мэхъу. Ар егъэгулэз, и псэр хьэзаб хигъэтщ напэм емызэгъ илэжьыну ехулIа зэрыхъум. Елъагъу, егъэунэху къызыхэкIа лъэпкъым икIагъэ зэрищIэр, езыри абы и джатэзехьэу щыщыткIэ, цIыхугъэншагъэ хэмылъу зауэм зэрыхэмытыфынур. Ар къыщыгурыIуэкIэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ имыгъуэту, зиукIыжыну хуожьэ, а игу ирилъхьари ищIэну къыщIэкIынт, ауэ адыгэхэм я лъэныкъуэ мэхъури, и мурадыр зэрехъуэкIыж.
  • Повестыр нэхъыбэу зытеухуар Кайсаровым и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэрщ. Ауэ абы и закъуэкъым а зауэ гущIэгъуншэм насыпыншэ ищIар. Лейзехьэхэм гущыкI яхуищIри, и щхьэр здихьын имыщIэу къыщынэм, Iуэху мыщхьэмыпэ илэжьащ офицер Попов-Азотовым.
  • Къэзыухъуреихь дунейр зэрызэIыхьар, ар цIапIагъэ зэфэзэщу зэрызэхэлъыр зэрыхуэмышэчамкIэ нэрылъагъу мэхъу ар зи цIыху лIэужьы-        гъуэу щытар. Попов-Азотовым гъащIэр Iумпэм ищIащ, зытет дунейм зэрыхуэмыарэзыр абыкIэ къигъэлъагъуэу. ЩылIэм щыгъуи мыращ къыжьэдэкIа псалъэхэр: «ЦIапIагъэщ… Псори цIапIагъэщ».
  • Кайсаровым а псори нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщыгурыIуэжар, езыри лей зезыхьэхэм зэращыщыр, зауэ емынэм зэриIэщэзехьэркъыщищIэжар.
  • Ар и зэхэщIыкIым нэзыгъэ-        са Iуэхугъуэт Попов-Азотовым и кIуэдыкIари, лажьэ зимыIэ адыгэхэр зэрызэтраукIэри. Зэгуэрым дунейр зыфIэIэфIу щыта адыгэ лъэпкъым, бгы зытеуа цIыхуу, и псэр хэкIырт, ар дунейм текIуэдыкIыжырт. ИкIи ар зи Iэужь залымхэм адыгэр зэрыкIуэдыжыр бэрэбанауэ макърэ гуфIэгъуэ маршкIэягъэлъапIэрт.
  • Кайсаровым зэрыжиIэжымкIэ, адыгэлъыр щысхьыншэу зыгъэжа пащтыхьым зауэр зэриухам и щIыхькIэ къызэIуихат зэхуэсышхуэ. «Зэ еплъыгъуэкIэ, псори бэлыхьу къызэрагъэпэщауэ гуфIэгъуэт, уеплъыжыпамэ — ар зауэр зэриухам  темыухуауэ, шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ зэрыкIуэдыжым и хьэдагъэт».
  • «Уафэгъуагъуэ макъым» къыщыгъэлъэгъуащ цIыху куэд ажалым зэрызэщIикъуэр. Ауэ гур зыгъэузыр, цIыху щхьэхуэ мыхъуу, лъэпкъ псом и кIуэдыжыкIар ди нэгу къызэрыщIигъэхьэрщ.
  • … Адыгэхэр я хэкум ираху. Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа лъэпкъым хуагъэуващ Тыркум Iэпхъуэну е хухаха щIыпIэхэм гуп цIыкIуурэ зэкIэщIэкIауэ хэщIапIэ щащIыну. Абы къикIрат: лъэпкъыр мэкIуэд, ауэ языныкъуэ адыгэхэр яхъумэнущ зы-кIи зыхуэмеиж, зыми имыщIысыж   хьэпшып гуэру, музейхэм щагъэлъагъуэм хуэдэу.
  • Адыгэхэм арат я натIэ хъу-нур, къагъэжыIэщIамэ. Аращ ахэр щIемыдэIуар «Фагъэлъагъу щIыпIэхэм фыIэпхъуэ, ар фымыдэрэ, Тыркум фикIыж», — жиIэу урыс пащты-хьым ищIа унафэм. Тыркум икIыжкIи я сэбэп хэлътэкъым, абы щыгъуэт лъапси лъахи ямыIэжу псори щафIэкIуэдыр. Ар адыгэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт, ар къыгурыIуэрт «урыс пащтыхь пэтIинэми».
  • Гъэр ящIа аслъэн шырым хуэдэу хъарым зраубыдэж е Тыркум Iэпхъуэу щэлъахъэкIэ залъэхъэж нэхърэ фIыуэ ялъагъу я лъахэм зыщагъэлIэжы-ныр шапсыгъхэм нэхъ къащтащ.
  • Хэкум и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу, лIыгъэ хэлъу зи псэр зыта цIыхум и пщIэр инщ. Мыбдежым зы лIыхъужькъым хахуэу къыщIэкIар — лъэпкъ псом и псэр итащ, зэи зыми и щхьэр зэрыхуимыгъэщхъы- нур игъэнаIуэу, зыщалъхуа щIыналъэр нэгъуэщIкIэ зэримыхъуэжынур игъэлъагъуэу. Ар зэрыхъуа щIыкIэр тхылъым ди нэгу щIегъэкI: «Мэз лъапэр яуфэбгъуауэ хьэдэ гурышэу зэхэлът адыгэ фащэ зыщыгъ цIыхухъухэр, цIыхубзхэр. Ахэр щылът зырызу, тIурытIу, нэхъ зэпэгъунэгъуи зэпэIэщIи яхэту, хэт гууэщIу,  хэт хьэмбыIуу, хэти джабэм телъу. Хэти и Iэи лъэр зэкIэщIэдзауэ, хэти зызэфIигъэщхъауэ… Апхуэдиз хьэдэ сэ си гъащIэм слъэгъуатэкъым». Дыгъэм я гупэр хуэгъэзауэ, къэмыхашэу, уардэу дунейм йохыж адыгэхэр. А теплъэгъуэм уегъэмэхъашэ икIи апхуэдэ гушхуэныгъэ зыхэлъа лъэпкъ щхьэхуитым и щхьэм кърикIуар гущIыхьэ къыпщохъу.
  • Лохвицкэм ди нэгу щIегъэкI пщылIыпIэм нэхърэ ажалыр нэхъ къэзыщтахэм я гъащIэр зэрат щIыкIэр: абыхэм кIий-гуо, гъы-бжэуэ къахэкIакъым — къыхэщтыкI яхэмыту, зэрахьащ я лIыхъужьыгъэр. Зэман бзаджэм и нэлатым къыхуэмыгъэша лъэпкъым гъащIэшхуэ, гъащIэ насыпыфIэ хуэфащэт.
  • Адыгэхэм я гуауэри, я гуапэри уэрэдкIэ яIуатэу щытащ. Я уэрэдхэр гухэхъуэт, пшыналъэхэр удэзыхьэхт. Адыгэ хабзэм и гугъу пщIымэ — захуагъэм  и  пэ  иригъэщ  щыIакъым. Зауэм щыIуткIи, бгырысхэм, а хабзэр зыщагъэгъупщэу, напэм емызэгъ ящIэртэкъым.
  • Тхылъым зы щапхъэ къехь. Гарнизон Iэтащхьэ Присыпкиным и фызыр, фочышэхэр къызэрелъэлъэхым хуэдэу, быдапIэм дэкIат зэгуэрым. Ар къызэралъагъуу, щIыпIэр къэзыухъуреихьа адыгэхэр, заIэтри, ежьэжащ. Гарнизоным и Iэтащхьэми хъыбар кърагъэщIащ: «Дэ фызхэм дезауэркъым», — жаIэри.
  • Бгырыс минхэр, пащтыхьыдзэм щыщу куэди зыхьа Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэбла-гъэрт. Урысхэр здынэмысауэ зы къуажэ закъуэт къэнэжар. Абы ахэр пэлъэщыртэкъым къуршхэм къызэрахъумэм къыхэкIыу, ауэ ари яубыдыным къэнэжа щыIэтэкъым — къызэраувыхьрэ мазэ бжыгъэ хъуат. Адыгэхэм хасэ зэхуашэсри,  абы унафэ къыщащтэ, я псэр пытыху я лъахэр яхъумэжыну. Хасэм хэтахэр зэбгрыкIыжырт, къуажэ Iэтащхьэм зы мэкъумэшыщIэ къыбгъэдыхьэу къыщыжриIам: «Псори тэмэм хъужмэ, сэ сыщIэлъэIунущ псей   мэзым адэIуэкIэ къыщылъ  сэнтхыр  звэну икIи згъэпшэрыну — абдежым мыIэрысей щыхэссэнущ. Сэ хамэ щIыпIэ щагъэкI мыIэрысэ лIэужьыгъуэ гуэр къэзгъуэтащи, щхьэ хуэдизу инщ, фоумэ дахи къыкIэрех, ауэ икIи щабэщ, цIыхубзым хуэдэу. Сэ а хэхэсыр  ди мыIэрысейм дэзгъэкIэнщи, цIыхухъум ещхьу Iэбыдэ-лъэбыдэу, щIыIэми хуэмыгъэгузавэу  зыкъиужьынщ».
  • Абы жиIам къыхощ адыгэ мэкъумэшыщIэр фIым зэрыщIэхъуэпсыр, мамыр гъащIэр зэригъэлъапIэр, нэмысымрэ хабзэмрэ Iыгъыным пщIэшхуэ зэрыхуищIыр. «ХабзэмыщIэ емыкIухьщ», — жеIэ абы. МэкъумэшыщIэм хьэкъыу и фIэщ мэхъу  дэтхэнэ лъэпкъри лъэпкъ зыщIыр, ар зыгъэIумахуэр хабзэрауэ. И Iуэху еплъыкIэри пэжщ: зи хабзэр зымыIыгъыж лъэпкъыр хэкIуэдэжу хуожьэ. Аращ дэтхэнэ бийри лъэпкъ хабзэхэр гъэкIуэдыжыным щIыхуэерыщыр. «Уафэгъуагъуэ макъым» хэлъщ а гупсысэр. А Iуэхур къызэрыгуэ-кIыу зэрыщымытыр повестым щыубзыхуащ.
  • Шапсыгъхэм псори зэхуагъадэрт. Зы цIыхум адрейм  захиIэтыкIыу  е зы гуп гуэр бжьыпэр иубыдрэ унафэщI хъууэ ядэнутэкъым. Кайсаровыр абы щытепсэлъыхькIэ жеIэ: «Ди пащтыхьыгъуэм лъэкI къигъэнакъым шапсыгъхэр игъэкIуэдын папщIэ. Апхуэдизу ерыщу а Iуэхум иужь щIитым щхьэусыгъуэ Iэджэ иIэнкIэ мэхъу. Ауэ, псом ящхьэу, пащтыхьыгъуэм хуэшэчакъым ахэр щхьэхуиту зэрыпсэур. Сыту жыпIэмэ, хьэзаб хэмыкI урыс мыжьыкъри абыхэм ядэплъеину хуежьэнут. Зэрынэрылъагъущи, апхуэдэ щапхъэр пащтыхь къэралыгъуэм шэуэ къытехуэнкIэ шынагъуэт». А псалъэхэм нэрылъагъу ящI пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкIа зауэр езы урыс лъэпкъми и бийуэ зэрыщытар.
  • «Хэт сымэ абы теунэхъуар?» — жыпIэмэ, теунэхъуащ фадэ фIэкIа къафIэмыIуэхужу зэIыхьа офицерхэр, я унагъуэ-хэм япэIэщIэу илъэс тIощIрэ тхукIэ къулыкъу зрагъащIэу щыта урыс сэлэтхэр.
  • Кайсаровыр ныбжьэгъу хуохъу офицер хъыжьэ Закурдаевым. Япэ зэманым  къыгурыIуакъым  а капитаным езыр  зэрыщымыту зыщIищIыр, цIыху нэжэгужэу фэ щIызытригъауэр. Абы теухуауэ Яков мыращ къиIуэтэжыр: «Чэф игъуэтамэ, Закурдаевыр гуитIщхьитI хъурт, зыгуэрым иригузавэу,  иринэщхъейуэ. АдэкIэ сыт хуэдиз ирифми, нэхъ къэжанауэ гу лъыптэну- тэкъым. Ауэ ину дыхьэшхыу, псалъэу иригъажьэрт, дэ тIум хуэдэу гъащIэм игъэуна щымыIэми ярейуэ, езыми сэри         ар ди фIэщ ищIын мурадыр иIэу».
  • Зэгуэрым фадэр фIыуэ къызыпкърыхьа Закурдаевыр Александр ЕтIуанэм и сурэ- тым и пащхьэм иувэри кIиящ: «Зи щIыхьыр лъагэ пащтыхьышхуэ, уэ дзыхь къысхуэпщIа кхъэр къызыхуэтыншэщ — мыбы щIалъхьэр нэхъыбэ мыхъуамэ, нэхъ мащIэ хъуакъым».
  • Абы и ужькIэ, и нэхэр зэблэплъу, ар къызэплъэкIащ, ещIэкъуауэу Iэнэм бгъэдыхьэ-ри  шэнтым тетIысхьащ, и щхьэр шынакъым тригъащIэри къэгъащ.
  • Кайсаровым, адрей офицерхэм хуэдэу, шагъыр ефэныр нэрыгъ ищIыркъым. Ар ящыщтэкъым «тIум щыгъуэми зы ажалщ сщIэлъри, си ажалыр къэсыху зэрыхъуу гъащIэр схьынщ» жызыIэхэм. Яков фIыуэ щыгъуазэт зауэр зыхуэдэми, хуитыныгъэр зищIысми.
  • «Дэ щэнхабзэрэ щIэныгъэкIэ абыхэм детэнущ», — жыпIэурэ лъэпкъ цIыкIухэм я лъапсэр бгъэгъуным нэхъ напэншагъи сыт щыIэ?! Арат пащтыхьми       абы и блыгущIэтхэми дунейм щагъэхъыбарыр, адыгэ хэкур щагъэскIэ, шапсыгъхэр, убыххэр, бжьэдыгъухэр, абэзэхэхэр, кIэмыргуейхэр щызэтраукIэ-кIэ. Зи лъэпкъыр а зэман бзаджэм кIыфIыгъэм, щIэныгъэншагъэм къыхэзымыгъэкIхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм сытыт зэретэфынур?
  • «Залымхэр,  лIыукIхэр дяпэкIи дунейм къытремыхъуэ, адыгэхэм я нэгу щIэкIар нэгъуэщIхэм я нэгу щIремыкIыжкIэ», — жиIэу гупсысэ нэху хэлъщ зи гугъу тщIы тхыгъэм.
  • ЖыпIэ хъунущ «Уафэгъуагъуэ макъыр» урысыбзэкIэ ятхауэ щыIэ, тхыдэр къэзыIуэтэж нэхъ тхыгъэфIхэм ящыщ зыуэ.
  • … Михаил Юрьевич си адэм нэхърэ зы илъэскIэ нэхъыжьт. Ауэ, ныбжьми емылъытауэ, сэ абы сриныбжьэгъуфIт. Мазэм зэ-тIэу дызэхуэтхэрт, ди гуфIэгъуэ, гукъеуэ зэхуэтIуатэрт. Зы илъэси дэкIыртэкъым дызэхуэмызэу — е Налшык, е Тбилиси, е Москва. Мис абы щыгъуэ адыгэ лъэпкъым и дыгъуасэми, и нобэми, и къэкIуэнуми и гугъу дымыщIу къанэртэкъым.
  • Утетыжкъым нобэ щIылъэм, ди къуэш щэджащэ, удиIэжкъым, Михаил лъапIэ. Ауэ зы адыгэ псэууэ дунейм тетыху уэ игу уихункъым!
  • ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэд,
  • Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ,
  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм
  • щIыхь зиIэ я журналист.