ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пщы Марыхъу и гъуэгуанэр

2021-12-30

  • КъызэднэкI илъэсым и кIэухым иджыри зы адыгэ фильм дунейм къытехьащ. Мейкъуапэ щагъэлъэгъуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, режиссёр, сценарист Даур Хъусен триха «Пщы Марыхъу» тхыдэ-художественнэ фильмыр. СыхьэтитIкIэ екIуэкI кином къыщыгъэлъэгъуащ натыхъуеипщым и лIыгъэмрэ и гъащIэ гъуэгуанэмрэ.

  • Хуабжьу гъэщIэгъуэну зэхэлъщ лIыхъужь нэхъыщхьэм и гъащIэр. «Сыт и гухэлъу щытами сщIэркъым, ауэ, и закъуэу, и пщылIхэр имыгъусэу, и фащэкIи зэрыпщыр закъримыгъащIэу, гъунапкъэхэр щызэпиупщIкIэ, хабзэр къыщызэпиуди щыIэу, зэрыхьэ щIыналъэм и пщым хуэмызэу, Шэрджэсейр къызэхикIухьри, Нэтхъуейм игъэзэжащ. КъуэкIыпIэм пIалъэкIэ щыпсэуа, зи хэкужь къэзыгъэзэжа, зи унагъуэр зыфIэкIуэда, ныбжьэгъуи жэрэгъуи зимыIэж щIалэр зыри хуейкъым, тыншу, гупсэхуу, зэрыхуейуэ псэун фIэкIа. Аращ ар шу закъуэу щIежьэри», — жеIэ Хъусен.
  • Адыгэ фильмым лIыхъужь нэхъыщхьэ хуэхъуа пщы Марыхъу теухуа куэд тхыдэм ущрихьэлIэркъым. Езы Хъусен монографие гуэрым къриджыкIат Марыхъурэ бжьэдыгъупщымрэ зэрызэпэщIэувам теухуа мащIэ тIэкIу. Ар фIэгъэщIэгъуэн хъури, фильмыр триухуащ.
  • ЛIэщIыгъуитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, лIыгъэр, хахуагъэр, щIыхьыр, лIыхъужьыгъэр щытепщэу щыщыта зэманым укъыщегъэхутэ фильмым. Сыту дахэт адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэмрэ шыфэлIыфэмрэ щызэрахьа лъэхъэнэр, сыту урипагэрэ экраным щыплъагъу уи лъэпкъэгъу лIыхъужьхэм жаIэхэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ.
  • Даурыр илъэсиплIкIэ елэжьащ мы проектым. Сценарий тхыным щегъэжьауэ фильмым и презентацэм нэс кино техыным елэжь гуп иIакъым, атIэ псори езым къызэригъэпэщыжащ, уеблэмэ зы актёр роли игъэзэщIащ.
  • — Адыгэхэм щIыхьэху яIэу щытащ, апхуэдэ IэмалкIэ тетхауэ аращ кинор, — жеIэ Хъусен. — Роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа ТIэш Руслан куэдкIэ къыздэIэпыкъуащ. Фильм тесхыну сызэримурадыр къыщищIэм, аращ япэ дыдэу къыспэджэжар. Ахъшэ хэмытуи тхутехынущ жиIэу сытезыгъэгушхуари аращ.
  •  Кином хэта псоми зыкъысщIагъэкъуащ. ИлъэсиплIкIэ тесхащ, ауэ езы сценариер ипэжкIэ стхын щIэздзат, хэтынухэр гукIэ къэслъыхъуэрт, щIалэхэм сахэплъэрт. Хэтлъхьэн мылъкушхуэ дызэримыIэм къыхэкIыу, тынштэкъым ди Iуэхур. Уеблэмэ плIэ-тхуэ сыкъэувыIэжауэ къыщIэкIынщ. Лэжьыгъэр куэдым къилъахъэрт. Ауэ къезгъэжьар и кIэм нэзмыгъэсыну хуитыныгъэ сиIэтэкъым. Сценариер тхын щыщIэздзам си адэрат япэу зэзгъэлъэгъуар, еджат, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри хилъхьат. Абы ирихьэлIэу ар дунейм ехыжащ. Си адэм уэсят къысхуищIат, сыт къэмыхъуами, а фильмыр и кIэм нэзгъэсыну. Дапщэрэ сыкъэувыIэн хуей хъуами, абы и псалъэхэр сигу къэкIыжырти, къару къысхилъхьэжырт, — жеIэ Даурым.
  • Фильмыр адыгэбзэкIэ зэрытрахам уигу химыгъэхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэуи и фIагъхэм ящыщщ адыгэбзэм и диалект зыбжанэ къызэрыщыIур. Ди анэдэлъхубзэкIэ псалъэ щIалэхэм фильмым и кIыхьагъкIэ Iущагъ куэд жаIэ, хабзэм щыщ Iыхьэхэри ягъэлъагъуэ.
  • — Сэ адыгэбзэм и диалектхэр хуабжьу сигу ирохь. Дэтхэнэ псэлъэкIэми езым и беягъ, дахагъ иIэжщ. НэгъуэщI диалекткIэ псалъэм узыщIэдэIукIыурэ уодаIуэ, уэ узэрыпсалъэм ебгъапщэу. А къэдгъэлъэгъуэжа лъэхъэнэм ущегупсыскIэ, апхуэдэ дыдэу псэлъэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпсалъэу къызэдэгъуэгурыкIуауэ къысщохъу ди адэжьхэр.
  • Фильмыр техын щIэзмыдзэ щIыкIэ а гупсысэр сигу къэкIащ, лIыхъужьхэм езыхэр къызыхэкIа лIакъуэм и диалекткIэ згъэпсэлъэну. Журналист хуэдэуи жысIэнщи, интервью къызэIысххэр езыхэм я бзэкIэ згъэпсэлъэну сфIэфIщ. СфIэфIым къыщыгъэнауэ, къэбэрдеймэ – къэбэрдей диалекткIэ псэлъэн хуейуэ тызогъэчыныхь. Дахэщ ар. ИкIи ди бзэм и беягъыр къэзыгъэлъагъуэщ.
  • ЛIыхъужьхэр къыщыхэсхми, абы тесщIыхьащ: бжьэдыгъуу джэгун хуейр бжьэдыгъут, абазэхэр — абазэхэ щIалэт, къэбэрдейр — къэбэрдейт», — жеIэ режиссёрым.
  • Иджыри зым гу лъытапхъэщ. Фильмым хэта лIыхъужьхэр актеркъым, атIэ жэрдэм зиIэу Iуэхум къыхыхьа щIалэхэрщ, пщащэхэрщ. ИтIани, абы иригъэкIэкIуакъым кином и фIагъыр. Дэтхэнэми и псалъэр уи фIэщ ищIыфу, и плъэкIэр зыхыуигъащIэу джэгуащ. ДжэгуакIуэтэкъым, джэгун хуэдэу, атIэ цIыху къызэрыгуэкIти, дэтхэнэми ищIэ Iуэхур и гум, и псэм дыхьауэ зэригъэзащIэм актёрхэм къакIэригъэхуркъым. ЛIыхъужьхэр Адыгэ Республикэм къыщацIыху цIыху жыджэрхэщ, жылагъуэ лэжьакIуэхэщ, лъэпкъ Iуэхуу къаIэтым хэт щIалэгъуалэщ, бзэр, хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр хъумэным теухуауэ хузэфIэкI зыщIэщ.
  • Езы Хъусен зэрыжиIэмкIэ, япэрауэ, IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэм къызэрыришэлIэн ахъшэ иIэтэкъым, етIуанэрауэ, ахэр я IэнатIэм къыпэришын хуейт. «Режиссёрым жиIэр ящIэу къыздэлэжьащ ахэр, къызэрыгуэкI дыдэу псалъэхэри жаIэрэ, дуней тетыкIэри къагъэлъагъуэу. КуэдкIэ нэхъ гугъущ актёр IэщIагъэм хуеджауэ пэрытхэм уадэлэжьэну, абыхэм езыхэм я хъэтI щыхалъхьэ щыIэщи, режиссёрыр арэзы къыщимыщI щыIэу зоныкъуэкъу. Мы щIалэхэр хэкупсэ нэсхэу, сэ жысIэр къагъэлъэгъуэну хьэзыру къызбгъурыуващ. АпхуэдизкIэ хэкупсэти, мы лъэпкъ фильмым я къалэн щагъэзэщIэн папщIэ, я зыхэщIыкIыр къэбгъэушын хуейуэ арат. Лэжьыгъэм хыхьа зэрыхъуу, а жыхуэсIэ зэхэщIыкIыр къэушри, къэдгъэлъэгъуэж лIэщIыгъуэм къыщыхутащ. Языныкъуэхэр къэсцIыхужыртэкъым, апхуэдизкIэ ролым ихьати», — жеIэ Хъусен.
  • Режиссёрым къехъулIащ XIX лIэщIыгъуэм Адыгэ хэкум иIа теплъэмрэ адыгэхэм я шыфэлIыфэмрэ къигъэлъэгъуэжын. «Захуэр Тхьэм къехъумэ», — аращ фильмым гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышар. Зы пIэрэ зы хьэлрэ уиту, пщIэ къыпхуащIу, пщIам уримыукIытэжрэ уи бынхэр умыгъэукIытэу упсэуныр — аращ кином укъызыхуриджэр.
  • Фильмым хэтхэм ящыгъхэр «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым и фащэхэрщ, Лъэпкъ музейм къыщIаха фэилъхьэгъуэхэрщ, ауэ лIыхъужь нэхъыщхьэхэм ящыгъхэр езыхэм хуадащ. ЛIыхъужьхэм я Iэщэхэр Твердохлебов Николай и уней гъэтIылъыгъэщ, абы и коллекцэм щыщщ.
  • Куэд мыщIэу адыгэ фильмыр Урысейм щагъэлъэгъуэнущ, ар щIышылэм и пэхэрауэ хуегъэфащэ езы режиссёрым. Абы къыщIэупщIащ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Хъусен и мурадщ хамэ къэралыбзэхэмкIэ субтитрхэр тету дяпэкIэ къыдигъэкIыну.
  • НэщIэпыджэ Замирэ,
  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.