Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-12-30
- Зэпкърымыхауэ гъэжьа гуэгушыл
- Гуэгушыр ягъэкъабзэри, псы щIыIэкIэ фIыуэ ятхьэщI. Щхьэри, лъакъуэхэри, нэгэгъури, тхьэмщIыгъури зыхуей хуагъазэ.
- Гуэгушылми, и кIуэцIфэцIми шыгъу щахуэ, фIыуэ хагъэхьэу. ИтIанэ ар дагъэ къэплъа зэрыт тебэшхуэм иралъхьэ, и щIыбыр егъэзыхауэ, кIуэцIфэцIри щIыгъуу. Гуэгушылым зэлъэIэсу шатэ щахуэ, псы пщтыр тIэкIу щIакIэри, тебэр хьэкулъэм ирагъэувэри, градуси 150-м тету ягъажьэ сыхьэтитI хуэдэкIэ. ЩыжьэкIэ езым къыщIэж псыри текIэн, шати гуэгушым щыхуэн хуейщ, и теплъэкIэ тхъуэплъ дахэ хъун щхьэкIэ.
- Лы жьар хьэкулъэм кърахыжри, тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина псыри дагъэри яз, езы тебэр ятхьэщIри гъущэу ялъэщIыж, ар мафIэм трагъэувэри тхъу иракIэ. Абы цIыкIу-цIыкIуурэ упщIэта бжьыныху, шыбжий плъыжь сыр хьэжа халъхьэри бжьыныхум дыщафэ къытеуэху ягъэлыбжьэ.
- Гуэгушылым къыщIэжа лэпс дагъэр щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 6-7-кIэ къагъавэ. Тебэр къытрахыж, джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, гуэгушыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах е якъутэ, тепщэчым иралъхьэри, бжьыныху лыбжьэр тракIэж.
- Халъхьэхэр:
- гуэгушу – 1 (килограмми 6 хуэдиз),
- тхъууэ — г 200,
- бжьыныху укъэбзауэ — г 300,
- шатэу — г 250-рэ,
- псывэу — г 150-рэ,
- лэпсу е псыуэ — г 460-рэ,
- шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къаплъэныр къокIуэ!
- Къэблэгъа илъэсыщIэр, 2022 гъэр, КъуэкIыпIэ махуэгъэпсымкIэ Къаплъэным ейщ. Мазэ 12-кIэ жьантIэм дэса Выр токIуэтри, утыкум къохьэ щхьэзыфIэфIагъыр зи хьэл нэхъыщхьэ, нэгъуэщIым и жыIэр зи деж щыпхымыкI Къаплъэн уардэр. ЩIэщыгъуэу, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ щытынущ а псэущхьэм и нэIэм щIэту екIуэкIыну илъэсыр. Сыт хуэдэу абы дызэрыIущIэнур, дауэ дыкъызэрыдекIуэкIынур?
- Уи гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэну гуращэхэр уиIэмэ, мы илъэсым абыхэм яужь уихьэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, уи лэжьапIэ IэнатIэр, ущыпсэу щIыпIэр пхъуэж хъунущ. Илъэсыр зей псэущхьэр и телъхьэу щытынущ IуэхугъуэщIэхэр къэзыгъэIурыщIэу сытым дежи ипэкIэ кIуэтэным хущIэкъу цIыхухэм.
- Къаплъэным и илъэсыр уи унэм ущIэсыжуи хьэщIапIэ ущыIэуи къибгъэхьэ хъунущ, ауэ гупышхуэ узэрымыгъэхъумэ нэхъыфIщ. Ар и хьэлкIэ зи закъуэу щыт псэущхьэщ, абы къыхэкIкIэ зэхыхьэшхуэхэр фIэфIкъым. Аращи, фи махуэшхуэ Iэнэм пэрысын хуейр псэкIэ фи гъунэгъу, фIыуэ флъагъу цIыхухэрщ.
- Мыхьэнэшхуэ иIэщ махуэшхуэм фызэрыпежьэ щыгъынми. Илъэсым и тхьэмадэм и гуапэ тщIынщ жыфIэу джэдум и фэ зэхэлъыкIэр зиIэ щыгъын щывмытIагъэ. Къаплъэным фIэфIкъым езым зрагъэщхьу. Щыгъыныр екIуу икIи удихьэхыу щытын хуейщ: и плъыфэкIэ дыщафэу, морэ-гъуэжьыфэу, удзыфэу.
- Унэр ИлъэсыщIэм щыхуэвгъэхьэзыркIэ Iуэхугъуэ зыбжанэм гулъытэ хуэфщI. Гъэм и лIыхъужьым и гуапэ фщIыну фыхуеймэ, ар екIуу гъэщIэрэщIауэ, Iэуэлъауэшхуэ щIэмыту, псэр щытыншу щытыпхъэщ. Егъэлеяуэ нэм къыщIэуэ плъыфэ зиIэ, цIуугъэнэ хьэпшыпхэр пэшым щIэтын хуейкъым. Псейм фIэлъын хуейщ къаплъэн теплъэ зиIэ, абы и сурэтхэр къызытещ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Удз щабэм хэлъу дыгъэм зезыгъэуну зыфIэфI къаплъэным гурыхь щыхъунущ тхьэмпэ щхъуантIафэр ебэкIыу унэр вгъэщIэращIэмэ.
- Къаплъэным и пшыхьым щывгъэувыну Iэнэм и тепхъуэр хужьрэ дыщафэрэ щызэхэшауэ къыхэфх, шэху уэздыгъэхэри тевгъэувэ. Шхыныгъуэхэм я гугъу пщIымэ, пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщу Iэмал имыIэу тетын хуейщ хъурмэр, апельсиныр, мандариныр. Къаплъэным и шхыныгъуэ нэхъыщхьэр лыращ – аращи, абы къыхэщIыкIа ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр вгъэхьэзыр. Шэч хэмылъуи, нэхъыбэхукIэ нэхъыфIщ.
- Къаплъэныр псэущхьэ жыджэрщ, сытым щыгъуи зыгуэр къилъыхъуэу, щIэ гуэрым хуэпабгъэу щытщ. Къаруушхуэрэ гуащIэшхуэрэ зиIэщ, абы къыхэкIыуи зы щIыпIэм куэдрэ щытепыIэркъым. Илъэсыр яхуэфIынущ, ар зи унафэм щIэтым и хьэлым ещхьу, жыджэрагъ зыхэлъ, сытым дежи щIэщыгъуэ гуэр къэзылъыхъуэ цIыхухэм.
- Я лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэ яIэнущ жэуаплыныгъэ хэлъу Iуэхум бгъэдыхьэхэм. Псом хуэмыдэу политикэм хэтхэмрэ творческэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэмрэ.
- КъуэкIыпIэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщымкIэ, Къаплъэныр шабзэпс шэщIам ирагъэщхь. Абы зэуэ къилъэт шабзэр зыхуаунэтIам зэрынэсыфым хуэдэу, Къаплъэнми сытым дежи зричу и мурадыр зригъэхъулIэфу зэрыщытым къыхэкIыу. Аращи, ИлъэсыщIэм дэтхэнэ зыми ди хъуэпсапIэр къыдэхъулIэнымкIэ Iэмалхэр щыIэщ. Гъэ дызытехьэм етпх гугъапIэхэр къыдэхъулIэну, дэтхэнэми и унагъуэ жьэгум узыншагъэ, фIыгъуэ, зэгурыIуэ дэлъу илъэсыр ирахьэкIыну дохъуахъуэ!
- ЖысIэну хъуар жаIащ…
- ЕджакIуиплI дерсым къыкIэрыхуати, абы и щхьэусыгъуэмкIэ егъэджакIуэр еупщIырт.
- — Ди сыхьэтыр къэувыIати, сыкъыкIэрыхуащ, — жиIащ зым.
- — Сэ хущхъуэхьэ сагъэкIуати, сыгуващ, — жиIащ етIуанэм.
- — Сэ си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIур садым сшати… — жиIащ ещанэм.
- ЕплIанэм деж чэзур къыщысым, хъыджэбз цIыкIур къэгъащ.
- — Щхьэ угърэ? Сыт уэ къытхуэбгупсысынур?
- — Сэ жысIэну хъуар жаIакIэщи, согъ…
- Къэрал къэс езым и хабзэ щызокIуэ
- ИлъэсыщIэм IущIэ японхэм ар махуищкIэ зэпымыууэ ягъэлъапIэ. А махуэхэм «Дыщэ тхьэмахуэкIэ» йоджэ. Псом япэрауэ я унэхэр къабзэу зэлъыIуах. ИтIанэ я унэ щIыхьэпIэм деж прунж щхьэмыж пхыр щыфIадзэ. Абы я унэр илъэс псом къихъумэну, берычэт къахуихьыну къалъытэ. Япэу къащтэ ерыскъыри прунжым къыхэщIыкIащ. Сыхьэт 12-м деж тхьэгъушыр 108-рэ къеуэн хуейщ. Абы Iейуэ хъуар докIуэд, фIы къыдокIуэ. ЕтIуанэ махуэм илъэсыщIэ щыгъынхэр ящыгъыу пащтыхьым и уардэунэм макIуэ. Пащтыхьыр шордакъым къоувэри, къызэхуэсахэм илъэсыщIэмкIэ къохъуэхъу. Ещанэ махуэр хьэщIэ зэхуэкIуэщ.
- Тибетым ИлъэсыщIэ махуэшхуэм хьэлывэ ящIри, уэрамым дэт цIыхухэм хуагуэш. Я хьэлывэр цIыху нэхъыбэм яIухуэхукIэ, гъэщIэм мылъку нэхъыбэ къахэхъуэну къалъытэ.
- Австралием илъэсыщIэр къыщихьэр щыхуабэ дыдэрщ. Абы къыхэкIыу Уае Дадэм къызэрикIухьыр IэжьэкIэкъым, атIэ псым тет пхъэбгъу упса пIащIэшхуэщ. Псым тету къыздикIухьым, къыхуэзэ сабийхэм тыгъэ яхуещI.
- Микронезием ИлъэсыщIэр, хабзэ хъуауэ, щIышылэм и 1-м къыщрагъэхьэ. ХытIыгум щыпсэу псоми а махуэм цIэщIэ фIащ икIи ар нэхъ я гъунэгъухэм щэхуу жраIэ. Дзыхь нэхъ зыхуащI я Iыхьлыхэр абдежым бэрэбаным ину йоуэ, цIэр щыжаIэкIэ шейтIанхэм зэхрамыгъэхыну.
- Бразилием илъэсыщIэ Iэнэм шхыныгъуэ нэхъыщхьэу къытрагъэувэр губгъуэджэшым къыхэщIыкIа хьэнтхъупсщ. Ар зэIузэпэщ гъащIэм и нэщэнэу ябж.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. Бын. 2. Iэщ: къытехьауэ зыпэщIумыгъахуэ, бжьакъуэпэкIэ узэрихьэнщ. 4. Егъэлеяуэ дунейр щыщIыIэ. 5. А къэкIыгъэм кIапсэ, апхуэдэу еIуящIэхэм афиян къыхах. 7. ИлъэсыщIэ жэщым ипэ къихуэу унэм щIагъэувэ жыг. 9. Удын зэхэдзэ нэхърэ … зэхэдзэ. 12. КIэщIэлъадэ-кIэщIэжыж, унафэщIым и хьэр псафэ хуэзышэну хьэзыр цIыху. 13. МэкъумэшыщIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Хьэлий. 15. Апхуэдэ цIыхур фо щыщIэркъым.
- Къехыу: 1. «Нал …» — КIыщокъуэ Алим и роман. 3. Дзыгъуэм кIэ къыхуэзыгъакIуэ псэущхьэ лъагъугъуафIэ цIыкIу. 4. Уафэм къех псыIэгъэ: илъэсыщIэ жэщым цIыхур зыщIэхъуэпс. 6. ХадэхэкI. 7. Псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, … нэ ирещI. 8. Пасэрей фоч. 10. «Куэд» псалъэр сабий нэхъ цIыкIухэм зэрыжаIэ хабзэ. 11. IуэрыIуатэм къыхэщыж цIыхубз пелуан. 14. УимыIуэху зепхуэмэ, ар къыптехуэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.