ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къалэ транспортым и зекIуэкIэр яубзыху

2021-11-09

  • КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым и зэIущIэм убгъуауэ щытепсэлъыхьащ Налшык къалэ цIыхухэр къыщезышэкI транспортым пыщIа гугъуехьхэмрэ ахэр гъэзэкIуэжа зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ.

  • ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, депутатхэр, Налшык къалэ администрацэм, министерствэхэм, нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр.
  • Iуэхур щекIуэкI комитетым и унафэщI Байдаев Сэлихь зэIущIэр къызэIуихащ. Абы жиIащ транспорт IэнатIэр иджырей мардэхэм изагъэу, шынагъуэншэу къызэгъэпэщын зэрыхуейр.
  • Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Тонконог Анатолий жиIащ къалэм жылагъуэ транспортыр зрикIуэ гъуэгу 32-рэ зэриIэр. ЩыщIэныгъэ гуэрхэр щыIэми, къалэм и куей нэхъыщхьэ псори транспорткIэ зэпыщIащ, зы фIэкIа зумыхъуэкIыу къалэм и дэнэ щIыпIи узэрынэсыфынур къыхигъэщащ къэпсалъэм. А маршрутхэр ягъэ-лажьэ автотранспорт IуэхущIапIэу 12-м, 2020 гъэм абыхэм цIыху мелуан 18,3-рэ кърашэкIащ.
  • Тонконог къызэрыхигъэщамкIэ, транспортым епха Iуэхутхьэбзэхэм щIэуэ къыхыхьа Iэмалхэр и лъабжьэу къалэ маршрут сетри зэхъуэкIын, егъэфIэкIуэн хуейщ, абы иужь ихьащ къалэ администрацэр, икIи Iыхьэ-Iыхьэу зэщхьэщыхауэ елэжьынущ. Пэжщ, мы Iуэхум илъэс зыбжанэ текIуэдэнущ. Япэ ирагъэщынухэм ящыщщ маршруткэ цIыкIухэр автобусышхуэкIэ зэрызэрахъуэкIынур. ЗэфIагъэкIын хуей Iуэху нэхъыщхьэхэм хеубыдэ илъэсым и кIэ хъуху автобусыпщIэр ахъшэ хэмыту епту зэрызэтраухуэнур, «Тройка» транспорт картэр лажьэу зэрыщIидзэнур.
  • «Ищхъэрэ» автовокзалыр къызэрызэIуахар, дяпэкIэ абы икI маршрутхэр «ДыгъафIэ къалэ» сабий академиемрэ «Ипщэ» автовокзалымрэ кIуэуэ зэрырагъэжьэнур дыщIигъуащ Тонконог Анатолий. АвтовокзалыщIэхэм ехьэлIауэ цIыхухэм ягу ирихьхэмрэ-иримыхьхэмрэ ятеухуа гупсысэхэр зэрызэхахыр, ныкъусаныгъэхэр занщIэу ягъэзэкIуэжыну зэрыхэтыр жиIащ къулыкъущIэм.
  • МВД-м и УГИБДД-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сухорученкэ Дмитрий къытеувыIащ гъуэгум шынагъуэ къыщымыгъэхъуным зэрелэжь щIыкIэм. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, иужьрей мазибгъум нэхъ мащIэ хъуащ цIыху къезышэкI транспортхэр хэту гъуэгум къыщыхъу зэжьэхэуэхэр. КъэхъукъащIэхэр нэхъыбэу къэзышэр цIыхухэр автобус къэувыIэпIэм намышэсу щхьэж щыхуейм деж щрагъэкIыну хьэл зэраIэрщ. Ар шынагъуэншэкъым.
  • «Ространснадзор»-м и къулыкъущIапIэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Кабардиков Алим зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм къэпщытэныгъэ 334-рэ ирагъэкIуэкIащ. Хабзэр 2723-рэ къызэпаудауэ къыщIагъэщащ, административнэ тезыр тралъхьащ 2410-м. Апхуэдэу тезыру сом мелуани 5,6-рэ ятыну хуагъэувати, абы щыщу сом мелуани 3,3-рэ ирагъэпшынащ. Зытепсэлъыхь Iуэхум ныкъусаныгъэу хэлъым и гугъу щищIым, Алим жиIащ маршруткэхэр жьы зэрыхъуамрэ рулым дэсхэм я машинэ къехуэкIыкIэмрэ Iуэху мыщхьэпэ куэд къызэрырикIуэр.
  • ЗэIущIэм хэтахэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ цIыхухэр шынагъуэншэу къешэкIыным, абыкIэ жэуап зыхь псори набдзэгубдзаплъэу щытыным, къызэгъэпэщакIуэхэм гъуэгум къыщыхъу псомкIи жэуап яхьыным, зэрызекIуэ хабзэхэр куэдрэ къызэпызыудхэр лэжьапIэ IугъэкIыным дяпэкIэ нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъын зэрыхуейр.
  • КъыхагъэбелджылыкIа ныкъусаныгъэхэр и лъабжьэу КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым тхылъ игъэхьэзыращ, къулыкъущIапIэхэм яхуигъэхьыну.
  • Къэбарт Мирэ.