ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэмырзэ Ахьмэд:  ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ

2021-11-09

  • Нобэ ди псэлъэгъущ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд.

  • — Ахьмэд, мы гъэм фызэлэжьхэм я гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт.
  • — Къапщтэмэ, зы илъэси дэкIыркъым спектаклыщIэу плIы, тху дымыгъэуву, ауэ мы гъэм театреплъхэр нэхъыбэкIэ дгъэгуфIэну дыхуейщ. Ди режиссёрхэм ягъэувми, нэгъуэщI щIыпIэ режиссёр кърашми, ди лэжьыгъэр театреплъым щIэщыгъуэ зэращытщIыным и Iуэху зыдохуэ.
  • — Сыт хуэдэ а спектаклхэр?
  • — Москва дэт, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр къэзыухыу къэзыгъэзэжа ди щIалэгъуалэм я егъэджакIуэ Дубровская Аннэ къакIуэри, спектакль гъэщIэгъуэн дгъэуващ, Островский Александр и «Таланты и поклонники» пьесэм къытращIыкIауэ. Артист щIалэхэри нэхъыжьхэри хэтщ абы. Езы пьесэри ныбжькIэ гуэшауэ цIыху куэд зыхэт спектаклышхуэщ. Ар фIы дыдэу гъэува хъуауэ къызолъытэ. Утыку къызэритхьэри куэд щIакъым. Абы нэмыщIауэ, дыдэлэжьащ Осетие Ищхъэрэ — Аланием щыщ режиссёр щIалэ Джелиев Казбек. Абы игъэуващ Булгаков Михаил и пьесэм къытращIыкIа спектаклыр, ар «Иван Васильевич меняет профессию» фильмуи щыIэщ, Гайдай Леонид трихауэ. Спектаклым хэт дэтхэнэ артистри иджыри къэс гу зылъыдмыта джэгукIэ хьэлэмэтыщэ къигъэлъагъуэу мэджэгу. Абы нэмыщI, американ драматург Нэш Ричард и «Уэшх зыщэ» пьесэм къытращIыкIауэ, илъэс тIощIырыпщI ипэкIэ ягъэувауэ, щIэупщIэшхуи зиIауэ щыта спектаклыр къыдогъэщIэрэщIэж.
  • — Ахьмэд, актёр IэщIагъэр дауэ къыхэпха хъуат?
  • — IэщIагъэ схуэхъунум сэ куэдрэ сегупсысакъым. Ар си хъуэпсапIэу къекIуэкIырти, дзэм къулыкъу щысщIэщ, къэзгъэзэжри, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ и институтым актёр IэщIагъэм сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Ар къыщызуха 1991 гъэм ди театрым лэжьэн щыщIэздзащ. Дэтхэнэ IэщIагъэми и пщIэр зыIэтыр а IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, зи псэм хэлъ абы и лэжьакIуэрщ. Артист псалъэм и мыхьэнэр сыт хуэдэ бзэкIэ зэпкърытхми, абы къикIыр утыкуакIуэщ. Адыгэбзэжь дыдэмкIэ дыIэбэнщи — хьэтиякIуэщ. Сэ мыпхуэдэу согупсыс: актёру ущыщытым деж, нэгъуэщI цIыхум и пIэм уиувэфыныр, абы и гъащIэр къэбгъэщIэфыныр Iэмал имыIэу къохъулIэн хуейщ. Ар уи лэжьыгъэу щыщыткIэ, бгъэзащIэ ролым нэгъэсауэ ухуэфащэу ущытыпхъэщ. Утыкум укъыхуигъэщIамэ, абы ехьэлIа гупсысэм зэи уиутIыпщын хуейкъым. Уи дуней зыхэщIэкIэр зы лъагапIэ гуэрым щынэсам деж, лэжьыгъэр фIыуэ умылъагъумэ, абы убгъэдэтыжыфынукъым.
  • — БгъэзэщIа ролхэм ящыщу нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм я гугъу уэзгъэщIынут.
  • — «Хэхауэ мыр нэхъ гунэс сщыхъуащ» схужыIэнукъым. ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ. Ауэ, ролхэр зэхуэдэу фIыуэ плъагъуми, абы къикIыркъым псори зэхуэдэу къохъулIауэ. Сахэдэу сценэм зыгуэр щызгъэзэщIэжын хуей хъужыкъуэмэ, си фIэщ хъуртэкъым Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIым» хэта Албэч и ролыр япэ измыгъэщыну. IэфIынэ сабийуэ псым къыхэзыхыжауэ щыта Албэч лъагъуныгъэ хуищIри, балигъыпIэм иувэхукIэ а гурыщIэр къыздрихьэкIащ. Албэч IэфIынэ хуищIа лъагъуныгъэм апхуэдизкIэ дзыхь трищIэртэкъыми, лъэбакъуэ лей счырэ сызыщымыгугъа пхъашагъэ гуэр кърикIуэмэ, жиIэу тегузэвыхьырт. А ролыр щызгъэзэщIам щыгъуэ сынэхъ щIалэт. ИкъукIэ сыдэзыхьэх ролхэм ящыщщ Налом и тхыгъэхэм хэт адрей лIыхъужьхэри. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIилъхьэ гупсысэмрэ и бзэм и кууагъымрэ удамыхьэхын плъэкIыркъым.
  • — ЦIыху Iейм и роль щыбгъэзащIэм деж уэ дауэ а щытыкIэм уиувэрэ?
  • — Ролыр фIырэ IейкIэ зэхэздзыркъым. Дэтхэнэми и пIэм уиувэфу щытын хуейщ. ФIыи Iейи зэхэмылъ щыIэкъым. ХьэIуцыдзрэ пэт и шырыр епI, абы фIагъ гуэри бгъэдэлъщ. ЦIыхум ищIэм фIы е Iей гуэр кърокIуэ. Аращи, Iуэху Iей зылэжьам и пIэм сиувэн хуей хъумэ, сиувэфынущ. «Сэ мыбы щхьэкIэ нэгъуэщI нэкIэ къызэплъынущ», — жысIэу сегупсысыркъым. ЖызоIэри, мы IэщIагъэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ухуэмыхьэзыру урилэжьэфынукъым.
  • — Театрым гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд…
  • — «Мы дунеишхуэр зэрыщыту театрщ, цIыхухэр абы щоджэгу», — жиIащ Шекспир. Театрым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я нэгу зегъэужьыныркъым. Ар гъэсакIуэ-ущиякIуэщ, цIыхур зыщIэзыгъэгупсысыж Iэмалхэм ящыщ зыщ.
  • Нэгум зегъэужьынри гъащIэм щыщ зы Iыхьэщ, ауэ театрыр цIыхур зыгъэгупсысэ, зезыгъэузэщI къарууэ зэрыщытырщ япэ игъэщыпхъэр. ГъащIэр нэхъ гугъу хъуащ, абы ижь театрым къыщIеху, игъэув спектаклхэми захъуэж. Псалъэм папщIэ, гушыIэхэр, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэтыфынухэр нэхъыбэу утыку кърахьэ. Ауэ, цIыхухэм нэхъ яфIэфIым дытелажьэу, зыгъэгупсысэр лъэныкъуэ едгъэз хъунукъым. Пасэм щыгъуэ пьесэ зытхахэми, ар зыгъэувахэми гъэсэныгъэ гуэр цIыхум ябгъэдэслъхьарэт жаIэу апхуэдэ зыгуэр я пщэм дамылъхьэжамэ, театр мыхьэнэр иIэу зэфIэувэну щытауэ фIэщщIыгъуейщ. Мыпхуэдэу зыгуэрым жиIауэ щытащ: дохутырыр Iэпкълъэпкъым еIэзэмэ, артистыр псэм йоIэзэ. Ар пэжу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зэрыузым хуэдэ дыдэу псэри узыфынущ. Абы и хущхъуэгъуэр хуабагъэ, дахагъэ зыхищIэнырщ.
  • — Адыгэ тхакIуэхэм яйуэ иужьрей зэманым сытым фелэжьрэ?
  • — IутIыж Борис и «Хьэпэщыпхэр», «Эдипыр», Къаныкъуэ Заринэ и «Нагъуэ и унагъуэр», Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр», Шортэн Аскэрбий и «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклхэр щIэрыщIэу дгъэувыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди тхакIуэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIауэ драматургие тхыгъэщIэ диIэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ тхакIуэхэм я пьесэхэри догъэув, ахэр адыгэбзэкIэ утыку къыдохьэ, абыхэм я лэжьыгъэхэри умыгъэлъагъуэу зыпхуэужьынукъыми.
  • — КъардэнгъущI Зырамыку, Акъсырэ Залымхъан сымэ я пьесэхэр къэгъэщIэрэщIэжауэ утыку къихьэжамэ хъунтэкъэ?
  • — Адыгэ псэлъафэ щыIэщ, зылI и ныбжь дунейм и зэхэлъыкIэм зимыхъуэжу къанэркъым, жиIэу. Ар дуней пщалъэщ. Нобэ къытфIэмыIуэхуж хъуахэри дыхуэныкъуэу къыщытщтэжыни къытхуихуэнущ. Абы и лъэныкъуэкIэ уегупсысмэ, ди театрым и нэхъыжьыфIхэм ягъэлъагъуэу щыта лэжьыгъэхэр IэщIыб дымыщIмэ нэхъыфIт. Ауэ ахэр утыку къызэрипхьэжыфым куэд елъытауэ щытынущ.
  • — Республикэм къибгъуэтэнкъым Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» Iуэтэжым къытращIыкIа кинофильмым емыплъа. Уеблэмэ иджыри «ЧэмалышхуэкIэ» къоджэ яхэтщ цIыхубэм. А ролым теухуа уи гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ, ди гуапэт.
  • — А фильмыр сыдихьэхыу сыщыджэгуахэм ящыщщ. Абы лъандэрэ илъэс тIощIым нэсами, ноби уэрамым сыщрикIуэкIэ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым хэтар уэращ», — жаIэу сыкъыщагъэувыIэ щыIэщ. Ар гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Апхуэдэм уримыгушхуэни плъэкIкъым. Ауэ нэхъ лейуэ си напщIэ телъщ а тхыгъэр зей Къэрмокъуэ Мухьэмэд сызэрикъуажэгъур. Зы жылэжь дыкъызэрыдэкIари хэлъу къыщIэкIынущ а ролыр нэхъ зыхэсщIэу, псэкIэ си гъунэгъу дыдэу щIыщытым, къыщIызэхъулIам. Мыри къыхэзгъэщынут: фильмыр щытетхар Щхьэлыкъуэ къуажэщ, Апажэ СулътIан и унагъуэрщ. СулътIан и къуэш нэхъыщIэ Назир «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ. Назиррэ Мухьэмэдрэ фIы дыдэу зэрыцIыхурти, абы и фIыгъэкIэт кинор Апажэхэ щIыщытрахари. А фильмым щыфлъэгъуа джэдкъазри, Iэщри, жыг хадэри а унагъуэм яйт. Ягъэлъэгъуэн папщIэ зыри кърашэлIатэкъым. НэфIыцIэрэ сэрэ ди сценэр щытетха пэш цIыкIур сигу къокIыж. Iуэхур щекIуэкIыр СулътIанрэ и щхьэгъусэ дунейм ехыжамрэ я пэшырт. СулътIанрэ и щхьэгъусэмрэ къызэдагъэщIа илъэсхэм я фэеплъ дахэу лIыжьым ихъумэ пэшыр, абы щIэт унэлъащIэ ямыгъэхъеяхэр дэ ди лэжьыгъэкIэ къыдигъэгъэсэбэпауэ щытащ. Лъагъуныгъэм и хьэтыр лъапIэщ ар. Плъагъуркъэ, езы гъащIэмрэ фильмымрэ я мыхьэнэр хьэлэмэт гуэру зэхуэкIуат.
  • — Ахьмэд, фIыщIэ пхузощI зэман тхухэпхыу укъызэрытхуеблэгъам папщIэ. Уи мурадхэр, хъуэпсапIэхэр Тхьэм къыпхузэпищэ!
  •  
  • Епсэлъар  НАФIЭДЗ  Мухьэмэдщ.