ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2021-11-09

  • ЩакIуэмрэ  бзу  цIыкIумрэ
  • Мэзым щIэтурэ, щакIуэм зы бзу цIыкIу къиубыдащ.
  • — СутIыпщыж, — жиIащ бзу цIыкIум. — СыбутIыпщыжмэ, игъащIэкIэ къыпщхьэпэн чэнджэщ уэстынщ.
  • ЩакIуэр арэзы хъуащ:
  • — УзутIыпщыжынщ, къызжеIэ.

  • — Япэ чэнджэщыр мыращ, — жиIащ бзу цIыкIум, — блэкIам ущIэмыфыгъуж.
  • — Хъунщ, — жиIащ щакIуэм. — ЕтIуанэри къызжеIэ.
  • — Ар щыбжесIэнур сыбутIыпщыжмэщ.
  • — КIуэ, — жиIэри, щакIуэм бзу цIыкIур иутIыпщыжащ.
  • Жыгыщхьэм итIысхьэжауэ, бзур къопсалъэ:
  • — ЕтIуанэр мыращ: пцIыр уи фIэщ умыщI.
  • — Хъунщ, — жиIащ щакIуэм. — Ещанэр къызжеIэ.
  • — Ещанэм ухуэмыпIа-щIэ. Уэ делэм пщIэуэ пIэрэ укъызэрызгъэпцIар? Си хулъэм джэдыкIэ хуэдиз хъууэ дыщэ кIанэ илъщ. Ар уиIамэ, игъащIэкIэ урикъунут, — жиIащ бзу цIыкIум, щакIуэм къыхуеплъыхри.
  • — Бетэмал, щхьэ узутIыпщыжат! Укъысхурикъуащ. Дыщэм сыхэкIыжащ! — и Iэпэм едзэкъэжащ щакIуэр. — Ещанэр къызжеIэ.
  • — Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, — жиIащ бзу цIыкIум. — ТIу бжесIати, зэрыбжесIа нэхъ хэлъакъым: пщыгъупщэжащ. БлэкIам ущIэмыфыгъуж, бжесIатэкъэ: сызэрыбутIыпщыжа нэхъ хэлъакъым, ущIегъуэжащ. ПцIыр уи фIэщ умыщI бжесIати, абыи уедэIуакъым: сэ езыр джэдыкIэ хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдыкIэ хуэдиз хъу ды-щэ кIанэ ихуэн? Ещанэр бжесIэнукъым, ар пхуэфащэкъым уэ.
  • Ар жиIэри, бзу цIыкIур лъэтэжащ, щакIуэр хэплъэу къигъанэри.
  • Хъыджэбз Iущыцэ
  • Зы пащтыхь гуэрым зы зэман гуэрым цIыхухэр зэхуишэсри яжриIащ, дунейм нэхъ лъагъуныгъэу тетыр, нэхъ IэфIу щыIэр, нэхъ пшэру тетыр къэзыщIэм, и гъащIэм хурикъун дыщэ иритыну.
  • — Пщэдей, иджы хуэдэм нэс, фегупсысыну пIалъэ фызот, — жиIащ пащтыхьым.
  • ЦIыхухэр зэбгрыкIыжри, гупсысэу хуежьащ.
  • ЛIы гуэрым хъыджэбз цIыкIу иIэт, илъэсибл ныбжьым итуи, и адэр хэплъэу, куууэ хэгупсысыхьауэ къыщыкIуэжым, еупщIащ:
  • — Сыт къэхъуар, ди адэ, щхьэ ухэплъэрэ? Сыт пащтыхьым къывжиIар? — жиIэри.
  • Адэми пхъум жриIэжащ пащтыхьыр зыхуейр, къазэреупщIар.
  • — АтIэ, ди адэ, ар сэ къэсщIэнкъэ?! — жиIащ хъыджэбз цIыкIум.
  • — Ар дауэ къызэрыпщIэнур? — игъэщIэгъуащ адэм.
  • — Сыт къыщIэзмыщIэнур? Абы къэпщIэн зыри хэлъкъым, — жиIащ и фIэщу хъыджэбз цIыкIум.
  • Адэм и фIэщ хъуакъым хъыджэбз цIыкIур и фIэщу къыщIепсэлъар, ауэ, псалъэм къыдэкIуэу, жиIащ:
  • — АтIэ, къапщIэмэ, дехъулIащи, ди гъащIэкIэ тхурикъун дыщэ пащтыхьым къыдитынущ.
  • Хъыджэбз цIыкIур абы щыгуфIыкIри, и адэм жриIащ пащтыхьыр зыщIэупщIам и жэуапхэр.
  • ПIалъэр къэсри, цIыхухэр аргуэру пащтыхьым деж щызэхуэсащ. Зэтемыхуэу куэд жаIащ, ауэ пащтыхьыр зыми арэзы техъуакъым. Хъыджэбз цIыкIу зиIэ лIым деж чэзур къыщысым, абы мыпхуэдэу жиIащ:
  • — ЩIыгум нэхъ пшэр, жейм нэхъ IэфI, быным нэхъ лъагъуныгъэ щыIэкъым.
  • — Хэт къыбжиIа ар? — щIэупщIащ пащтыхьыр.
  • — Илъэсиблым иту хъыджэбз цIыкIу сиIэщи, абы къызжиIащ, — зиумысащ занщIэу адэм.
  • — АтIэ, а уи хъыджэбз Iущ цIыкIур къэмышууэ, къэмылъэсу, къэмылъатэу хьэщIэу къысхуэгъакIуэ, — жиIащ пащтыхьым.
  • ЛIыр я деж къэкIуэжри, ипхъу цIыкIум жриIэжащ пащтыхьым пщэрылъ къыщищIар.
  • Хъыджэбз цIыкIум и лъэIукIэ зы къуаргъ цIыкIурэ зы тхьэкIумэкIыхь цIыкIурэ лIым къригъэубыдащ. Къуаргъ цIыкIур и блыгум щIигъэтIысхьэщ, тхьэкIумэкIыхь цIыкIум кIапсэ цIыкIу гуэр трилъхьэщ, ишэри пащтыхьым и куэбжэм Iухьащ. Джэри, IуэхутхьэбзащIэхэр къыщыщIэкIым:
  • — Пащтыхьым хъыбар ефт, къэвгъаплъи, сыкъызэрыкIуар къевгъэлъагъу, — яжриIащ.
  • Пащтыхьыр шордакъым къикIри, хъыджэбз цIыкIум деж къеплъыхащ.
  • — Сыкъэплъагъурэ? — жиIащ хъыджэбз цIыкIум.
  • — Узолъагъу.
  • — АтIэ, сыкъэшууакъым, сыкъэлъэсакъым, сыкъэлъэтакъым, мы цIыкIухэм сыкъахьащ, — жиIэри къуаргъ цIыкIумрэ тхьэкIумэкIыхь цIыкIумрэ пащтыхьым иригъэлъэгъуащ.
  • — Уэ пщащэ Iущ цIыкIур ущапIым щыгъуэ сыт уагъэшхар? — къеупщIащ абы илъагъур хьэлэмэтлажьэ зыщыхъуа пащтыхьыр.
  • — Гъуэгу гъурым къыщаубыда бдзэжьейрэ къэмыкIа къэкIыгъэкIэ сапIащ, — жиIащ хъыджэбз цIыкIум.
  • Пащтыхьым зыри жимыIэу хъыджэбз цIыкIум къеплъащ, итIанэ игъазэри щIыхьэжащ. Мыгувэу IуэхутхьэбзащIэхэм хъыджэбз цIыкIум къыхущIахащ игъащIэкIэ хурикъун дыщэ.
  • Хъыджэбз цIыкIур и адэм деж къэкIуэжри, тхъэуэ псэууэ къэнэжащ.
  • Кхъуафэхухэм  я  уэрэд
  • Уэ-хьэхьа-ай, хьа-хьа-хьа-а-а-й,
  • Уэ-э-э, уэхьэхьай, уэхьа-а-а-й,
  • Щоджэным и къуэри, уэ-хьэхьа-а,
  • Уа-а, уо къосылIэрэ, а,
  • КIэдыкIуеикъуэми, уэ-хьэ-хьа-а,
  • Уа-а, уэ зегъазэри, а,
  • Уэ догъазэри, уэ-хьэ-хьа-а,
  • Кхъуафэр догъазэрэ-э,
  • Уэ, кхъуэтопкIэрэ, уэ-хьэ-хьа-а,
  • Уа-а, хыдогъэзыхьырэ,
  • Уэ-хьэхьа-ай, хьа-хьа-хьа-а-а-й,
  • Декхъуэфэуэжакъэ-тIэ, мис иджы.
  • Жыжьэ дыплъэмэ, уэ-хьэ-хьа-а,
  • Уа-а, хыбзухэр долъагъу, а,
  • Дэ дызоплъыжри, уэ-хьэ-хьа-а,
  • А, дызэрыхъур хьэкъуей зыбжанэщ, а,
  • Псыхум и хуэр къытощ, уэ-хьэ-хьа-а,
  • Уа-а, псыщхьэм дыкъытещыххэурэ, а,
  • Жагъуэгъум идогъапщэ, уэ-хьэ-хьа-а,
  • А, зэдгъапщэми докхъуэфауэ, а,
  • Уэ инкIэрэ докхъуэгуауэркъэ-тIэ,
  • уэ-хьэ-хьа-а,
  • Уа-а, ди Iыхьэри къыхыдохыр,
  • Къыхэтхахэри къыдохьыж, уэ-хьэ-хьа-а.
  •  
  •  ГъуэгурыкIуэ  щIалэм  къыщыщIар
  • ЖантемырейкIэ сыкъикIщ,
  • Зы къуажэфIым сыкъыдыхьэщ,
  • Зы жылэфIым срихьэлIэщ,
  • Зы унэфIым секIуалIэщ,
  • «Ярэби, сэ сыгъуэгурыкIуэщ,
  • Жыжьэ сыкъикIщ,
  • СыкъыздикIри Псыжь
  • адрыщIщ,
  • Мы зи куэбжэ сыкъэсахэм
  • сыкъыфхуепсыхщ,
  • УнагъуэфIым я деж сыкъыIухьэщ,
  • Си шыжьым езгъэшхыну,
  • Зы мэкъу IэбжьэфIкIэ зезгъэтIыжыну
  • сыкъыдыхьэщ», —
  • ЖиIэри щIалэм и гур щIитIыкIащ.
  • ЩIалэм и гур щIитIыкIа щхьэкIэ, джэри — игъуэтаIакъым. Куэбжэм теуIуэри — игъуэтаIакъым. Дыхьэри — зы хъыджэбз дэуэ гъуэлъыпIэм ису къилъэгъуащ.
  • — Ей, къарэкъатинэ,
  • БэрэтIинагъуэ,
  • Данагъуэ Iупэ,
  • Щхьэцыпэ дыкъуакъуэ,
  • Кърым бжьэхуцыр зи щIыфэ,
  • Уэ мастэр къэзыгъэфий!
  • Сэ ЖантемырейкIэ сыкъокI,
  • СыгъуэгурыкIуэщ,
  • Си шыжьым ишхыну
  • Мэкъу Iэгу къызэпттэмэ, — елъэIуащ
  • щIалэр хъыджэбзым.
  • — Си анэ мыгъуэр анэнэпIэсщ,
  • Уэсым нэхърэ нэхъ щIыIэщ,
  • Мэкъу куэди умыхь,
  • Мэкъу бэхьи зумыщI,
  • Уи шыжь хурикъун дэх! — жиIащ
  • хъыджэбзым.
  • Хъыджэбзым ар апхуэдэу къыщыжриIэм, щIалэ гъуэгурыкIуэр мэкъуэщым ихьэри, и шым мэкъу хуихьри иритащ. «Мы адыгэбзэр къызжезыIэу сызымыгъэщIэхъуа пщащэм зы адыгэбзэ гуэр зэхезгъэхыжынщ», — жиIэри, щIалэм игу къыщридзэм, игъэзэжащ.
  • Хъыджэбзым деж щIыхьэмэ, зи гугъу ищIа мылъхуанэр къэсыжауэ щIэтт.
  • Хъыджэбзым сехъуэхъуну сыщыувым, анэнэпIэс ябгэр къысхуилъри:
  • — Е хьэм къилъхуа,
  • УIуэрэ увэу дэнэ укъикIа? — жиIэри.
  • Жыгей пхъэ дзакIэр къыщIилъэфщ,
  • Си нэ джыджым къыхуишийщ,
  • Си лъэнкIапIэр къигъэкIэзызщ,
  • КIэзызыжу зыбжанэрэ сыщытри,
  • Си гур къызэрыгъуэтыжщ,
  • СыкъыщIэкIыжыну сыкъыщежьэм,
  • — Ей хьэгъуэ, хьэгъуэ,
  • Е хьэгъуэ кIагъуэ,
  • Е хьэ кIагуэжь,
  • ГуэнщIагъ зэрагъыж,
  • «Шту!» — жиIэри хьэр къызиуштащ.
  • Хьищэ хъункIэ зы хьэ закъуэ нэхъ хуэмычэму къызэхуэсри, си цей къуащIэр гуатхъащ.
  • — Ей, хьэ гъуэжьыжь,
  • Хьэ гъуэжьыжь мэскъарэ,
  • Си цей къуащIэрат укъызыхуэсар? — щыжысIэм, хьэр кIуэри, гуэным щIэгъуэлъхьэжащ, адрей хьэхэри збгъэдэкIыжащ.
  • Уи  мыIуэху  зепхуэмэ
  • — Нарт Мэжаджэ и хьэщIэщ уихьэ хъунукъым: хьэщIагъэ къуехри, укъыщригъэжьэжкIэ и пшэрыхь бэлагъкIэ къуегъауэ, — жаIэри, Мэжаджэ щыщтэ хъуащ нартхэр.
  • Зы нарт щауэ гуэрым игу ирилъхьащ:
  • — СыкIуэнщи, нарт Мэжаджэ згъэунэхунщ, — жиIэри.
  • Нарт Мэжаджэ деж нэсри, нарт щауэ и шыр Iахащ, езыр хьэщIэщым ирашэри, Iэнищэ кърахьэху къагъэхьэщIащ. ХьэщIэщым здисым, пщIантIэм доплъэри — джэдыр лъакъуэ закъуэщ. Псыхьэ кIуэуэ зы бзылъхугъэ пщIантIэм докI-къыдохьэжри — и пщэм щыгъэ ищIащ.
  • Жэщищ-махуищкIэ хьэщIапIэ исри, нарт щауэр къэтэджыжащ:
  • — Нарт Мэжаджэ Тхьэм игъэунэ, и шхын убагъуэ, — жиIэри.
  • Шым ягъэшэсыжри ирагъэжьэжащ нарт щауэр — бэлагъкIэ къеуаIакъым.
  • Гъуэгу къытехьэжауэ, нарт щауэр егупсысыжащ:
  • — Згъэзэжынщи, я пшэрыхь бэлагъкIэ къыщIызамыгъэуар зэзгъэщIэнщ, — жиIэри.
  • Игъэзэжри, нарт Мэжаджэ и хьэщIэщым ихьэжащ нарт щауэр. Аргуэру кърахащ хьэщIагъэ, Iэнищэ кърахьэху, къэгъэхьэщIащ, къагъэфIащ. ХьэщIэщым здисым, джэдыр зэрылъакъуэ закъуэри псыхьэ дэкI-къыдыхьэж бзылъхугъэм и пщэм щыгъэ зэрищIари илъэгъуащ. Илъэгъуар гъэщIэгъуэн къыщыхъуа щхьэкIэ, псалъэ жиIакъым.
  • Тэджыжын щыхъум, нарт щауэм жиIащ:
  • — Фи тхьэмадэм сыIувгъащIэ: хуеймэ, сэ сыкIуэнщ, хуеймэ, езыр хьэщIэщым кърырехьэ.
  • — Езыр кърекIуэ, — къажриIэри, нарт Мэжаджэ хьэщIэ щIалэр иригъэшащ.
  • Нарт Мэжаджэ и пащхьэ ихьэри, щIалэм жиIащ:
  • — Уи хьэщIэщ хьэщIэ къихьэмэ, щебгъэжьэжкIэ пшэрыхьыр бэлагъкIэ ибогъауэ. Сэ къыщIызумыгъэуар сыт? Арат къыщIэзгъэзэжар.
  • Зи мыIуэху зезыхуэм изогъауэ, — къыжриIащ щIалэм нарт Мэжаджэ. — ХьэщIищэм Iэнищэ нрахьати, «Iэнищэ щхьэ къифхьа?» жыпIакъым, Iэнищэ зэрыпхуэмышхынур пщIэрэ пэт. «Фи джэдым зы лъакъуэ закъуэ фIэкIа щхьэ щIэмытрэ?» жыпIакъым, уи Iуэху хэлътэкъыми: лъакъуищ ящIэтами, ущIыщIэупщIэн щыIэкъым, ущимыджэдкIэ. «Псыхьэ щыкIуэкIэ цIыхубзым щыгъэ щхьэ зыпщIэхилъхьэрэ?» жыпIэу ущIэупщIакъым, абыи уи Iуэху хэлътэкъыми: хуеймэ чыбжьэ зыпщIэхилъхьэнщ — сыт хуиIуэху? УцIыху гъэсауэ фэ птетщ, армырамэ, уи мыIуэхум ущIэупщIэнут. Зи мыIуэху зезыхуэм и щхьэм бэлагъ къохуэ, щIыжаIэр аращ. ЦIыху мыгъасэращ бэлагъкIэ зэзыгъауэр. Уэ уи хьэщIэгъуэ щызэфIэкIым, «Тхьэм фигъэунэ!» жыпIэри уежьэжащ, уи мыIуэху зепхуакъым, уи мыIуэху ущIэупщIакъым. Аращ си пшэрыхь бэлагъкIэ ныщIозмыгъэуар.
  • Нарт щауэм игу зэгъауэ, нарт Мэжаджэ и пщIантIэ къыдэкIыжащ.
  • Ахынрэ  испыхэм я  пщымрэ
  • Щхьэгуащэ псыхъуэкIэ зэджэм испыпщыр дэст. Испыпщым пхъу дахэ иIэти, псэлъыхъур и куэдт. Нартхэм зэхахащ испыпщым ипхъу дахэм и хъыбарыр. Нарт щауэхэр лъыхъуащ испыпщым и пхъум. АрщхьэкIэ къаритакъым. Мыр къажриIащ:
  • — Си пхъур зэстынур Щхьэгуащэ псыхъуэ зэпрылъыфырщ.
  • Щхьэгуащэ псыхъуэ зэпрылъын къахэкIакъым нарт щауэхэм.
  • Нартхэ зы жэмыхъуэ яIэт, АхынкIэ еджэу. Нартхэ я жэмыхъуэри лъыхъуащ испыпщым и пхъум. И Iэхъуэ башыр къищтэри, Ахын испыпщым деж кIуащ. Гугъущи демыхьу, нартхэ я жэмыхъуэжьым башыр зыщIигъакъуэри, Щхьэгуащэ псыхъуэ зэпрылъащ.
  • Испым я пщым сыт ищIэжынт: и пхъур Ахын къритащ.
  • Испыпщым и пхъур ишэри, Ахын хъупIэм ихьэжащ.
  • Куэд дэкIа, мащIэ дэкIа, сытми, и пхъур нартхэ я жэмыхъуэм зэрыритам хущIегъуэжащ испым я пщыр- къытрихыжын мурад ищIащ.
  • Ахын и Iэщыр хъуакIуэ дихуамэ, хъупIэр яуфэбгъурт, апхуэдизкIэ куэд хъурти. Езыр чом дэст, чор къитIыхьри, щIытIым псы дигъэлъэдэжауэ. Гъуэлъамэ, тхьэмахуэкIэ къызэщыуртэкъым нартхэ я жэмыхъуэр. ТхьэмахуэкIэ жейрти, къызэщыужа нэужь, и Iэщыр хъуакIуэ дихурт, тхьэмахуэкIэ имыгъэхъуэкIуауэ ирихулIэжыртэкъым. Чом къыщыдэкIкIэ, башыр зыщIигъакъуэурэ щIытIым къызэпрылъ и хабзэт нартхэ я жэмыхъуэм.
  • Ахын и Iэщыр хъуакIуэ дихуауэ ирихьэлIэри, испым я пщыр чом дыхьащ, Iуэм ихьэри шхалъэм зыдиудыгъуащ.
  • Испыпщым шхалъэм зыдиудыгъуауэ, Ахын къыдыхьэжащ, Iэщыр игъэзэгъэжщ, и Iэхъуэ башыр шхалъэм ириупсейри гъуэлъащ, жэщибл-махуиблкIэ жеин хуейти.
  • Ахын жея нэужь, испыпщыр шхалъэм къыдэкIщ, шхалъэм еупсея башыр ирибзэри чом къыдэкIыжащ.
  • ТхьэмахуэкIэ жейри, Ахын къэтэджыжащ, шхалъэм еупсея башыр къищтэри Iэщыр къиутIыпщащ.
  • Iэщыр псым къызэприхури, Ахын башым зытригъэщIащ, щIытIым къызэпрылъын хуейти. ЩIытIым къыщызэпрылъым, башыр зэфIэщIыкIащ, испыпщым ирибзати. Башыр щызэфIэщIыкIым, Ахын щIытIым дэхуащ; щIытIым къыдэкIыжыфакъым — псы лъащIэм щIэтIысыкIащ.
  • Испыпщым и пхъур чом къыдихыжри, Щхьэгуащэ псыхъуэ ихьыжащ.
  • Нартхэ я жэмыхъуэжьыр псым щыхэхуэм, Iэщыр зэщIэгъуагэу хуежьащ, щIытIым и Iуфэм ирикIукI-нрикIукIыу зэщIэбууэу щIадзащ. Абыхэм я макъыр Ахын деж нэсащ. ЗэраIуатэмкIэ, псы щIагъым щыIэми, Ахын и нэр къызэтрихмэ, Iэщыр мыпIейтейуэ хъупIэм итщ, и нэр зэрызэтрилъхьэу- щхьэж и гъущапIэ йокIуэлIэж. Абы лъандэрэ Ахын Iэщым и тхьэпэлъытэ хъуащ. Жэмыхъуэжьым ириха лейр испым къыщIэкIуакъым, и лъэпкъыр абы дэкIуэдауэ жаIэ.
  • Есэнокъуэ  зэшищыр
  • Есэнокъуэхэ зэшищ хъурт, жаIэ: Уэзырмэс, Темыркъан, Уэзырмэдж сымэ. Щыри хъыжьэт, IэщакIуэт, леймыгъэгъут. «Есэнокъуэхэ леймыгъэгъущ» щIыжаIар а зэшищращ. Еуэри, зэраIуэтэжымкIэ, Чэфыщ зэшитIыр бий къахуэхъуащ Есэнокъуэхэ.
  • Бий зэхуэхъуауэ, Чэфыщхэ пцIы къатехьэри, хэкур ябгынэн хуейуэ жылэ хасэм унафэ ящIащ. Хэкур щIабгынэн хуей лажьэ яIэщIэщIатэкъым Чэфыщ зэшитIым, пцIы къатехьауэ арат. ПцIы къазэрытехьар Есэнокъуэхэ ящIэрт, ауэ, щыхьэт хъумэ, Чэфыщхэ хейуэ хэкIынути, зыри жаIакъым.
  • Чэфыщ зэшитIыр Есэнокъуэхэ кIуащ:
  • — ПцIы къызэрыттралъхьар фощIэ, щыхьэт фыкъытхуэхъу, дывихьэщIэщ, жаIэри.
  • ХьэщIэ яукI хабзэтэкъыми, Есэнокъуэхэ жаIащ:
  • — ТщIэр дыбзыщIынкъым, жылэ хасэр къыдэупщIмэ. Ди унэ фикIыжмэ, фыдибийщи, фхуэдгъэгъункIэ фыкъытщымыгугъ.
  • Есэнокъуэ зэшищыр щыхьэт хъури, Чэфыщхэ хейуэ хэкIащ. Хейуэ хагъэкIами, ялъ ящIэжыху, Есэнокъуэ зэшищыр Чэфыщхэ я ужь къикIакъым.
  • Есэнокъуэ зэшищым я лIыгъэм и хъыбар КIахэм щыщ пщы гуэрым деж нэIусащ. КIахэпщыр КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь жыхуаIэрат. Хуабжьу мэхъашэу, шынэ жыхуаIэр имыщIэу апхуэдэт ар.
  • — Есэнокъуэхэ я лIыгъэр згъэунэхунщ,- жиIэри КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь къэшэсащ, Есэнокъуэхэ я деж къэсщ, ирихулIэри джащ.
  • Зэшищым я нэхъыщIэр, Уэзырмэдж, унэм къыщIэкIри:
  • — Еблагъэ! — жриIащ.
  • — Хэт дэс? — къеупщIащ КъуийцIыкIуокъуэр, уанэгум здисым.
  • — Си закъуэщ, — жиIащ Уэзырмэдж.
  • Абдежым КъуийцIыкIуокъуэр къауэри, Уэзырмэджыр къиукIащ.
  • — Есэнокъуэхэ леймыгъэгъущ, ялъ зэращIэжым деплъынщ, — жиIэри.
  • Уэзырмэсрэ Темыркъанрэ къащыщIа гуауэр къыщащIэм, махуищ дауэдапщэм иужькIэ тIысри зэпсэлъащ:
  • — КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь фIэкIа мыр дэ къыдэзыщIэфын щыIэкъым, — жиIащ Уэзырмэс.
  • Тэлай дэкIауэ, Уэзырмэс КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужь кIэлъыкIуащ:
  • — СызыгъэлIыщIэн солъыхъуэ, — жиIэри.
  • — Сыт уи лIыгъэ? — къеупщIащ щIалэм КъуийцIыкIуокъуэр.
  • — Шыбзыхъуэ сыпхуэхъунщ, шыгъашхэ сыпхуэхъунщ, — жиIащ Уэзырмэс.
  • — АтIэ, — къыжриIащ КъуийцIыкIуокъуэм, — зекIуэ сежьэн мурад сиIэщи, си шыр гъуэгуанэм хуэгъэхьэзыр.
  • Пщым и шыр гъуэгум хуигъэхьэзыращ Есэнокъуэ Уэзырмэс. ЗекIуэ щежьэм, КъуийцIыкIуокъуэм и шыгъашхэри зыщIигъуащ. Гъуэгум щигъэбэлэрыгъри, Уэзырмэс КъуийцIыкIуокъуэр иукIащ. Есэнокъуэ зэшищым я уэрэдым иужьым халъхьэ-  жащ:
  • КъуийцIыкIуокъуэр щIэзгъафэри,
  • Афэ псыгъуэр къыщысхщ,
  • И тхыныхур зыхэлъым хыгъуэ —
  • Си гум дэгъуар дэкIащ, — жаIэу.
  • Есэнокъуэ зэшищым мыпхуэдэ хъыбари къадокIуэкI.
  • Есэнокъуэхэ я фызыжьым и къуэхэр щигъэшэскIэ, яжриIэ зэпытт:
  • — Бийм фи щIыб хуэгъэзауэ фIылIэмэ, фыщIэслъхьэжынкъым!
  • Ар дэнэ къэна, хьэдэгъуэшэр къатехуауэ я псэр щыхэкIкIи хуэмыхугъэ къакъуэщауэ цIыхум ирамыгъэлъагъункIэ тхьэ иригъаIуэрт и къуищым, шэсын хъумэ.
  • Я анэм ирата псалъэр ягъэпэжыжащ зэшищым: нэхъыжьитIыр зауэм къыщаукIащ, нэхъыщIэр, и псэр пыт къудейуэ, шым къихьыжащ.
  • БжэщхьэIум къытехьауэ, фызыжьым къилъэгъуащ и къуэ нэхъыщIэр уанэгум къызэрихуар.
  • — И шынэхъыжьитIым ялъ ищIэжа? — щIэупщIащ фызыжьыр, бжэщхьэIум здытетым.
  • — ИщIэжащ, — къыжраIащ.
  • — Я адэм хуэфащэт, — жиIэри, фызыжьым и къуищыр щигъеижар абы иужькIэщ.