«Сэ мащIэщ къэспсэуар — ирикъуркъым зы гъащIэ»
2021-10-19
- ГъущIо Зариф сэ къыщысцIыхуар КъБКъУ-ращ. 1988 гъэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм зэгъусэу дыщIэтIысхьащ икIи япэ махуэхэм щегъэжьауэ ныб-жьэгъу дызэхуэхъуащ. Пэжт, Зариф илъиситхукIэ нэхъыжьт, дзэм къулыкъу щищIэри къигъэзэжат, сэ курыт еджапIэр къэзыуха къудейт, ауэ тIуми фIыуэ тлъагъу адыгэбзэм дызэришалIэрт. Бзэм, тхыбзэм, литературэм, тхыдэм и Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм зэгъусэу дытепсэлъыхьырт. Университетым дыщезыгъаджэ Балъкъэр Борис, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Тау Хьэзешэ, Урыс Хьэтэлий, ТекIуий Анатолэ, КIасэ Алий, Баший Хъусен, Пщыгъуэтыж Алий, Къэжэр Хьэмид, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, н. я лекцэ купщIафIэхэр зэпкърытхыжу куэдрэ дыщыст. Зариф литературэм ехьэлIа лекцэхэр хуабжьу и псэм дыхьэрт, усакIуэ цIэ-рыIуэхэм я тхылъхэр щIиджыкIырт, усэ жыпхъэм иIэ щхьэхуэныгъэхэр зэригъащIэрт. А зэманым абы и уситI газетым къытрадзати, щIалэщIэм ар дамэ хуэхъуат икIи усыгъэм хэлъ щэхухэр къигъэIурыщIэным, зыми жамыIа псалъэ дыгъэлхэр къигъуэтыным хущIэкъурт. Абы и япэ усэхэр ехьэлIат гугъэ дахэм зэрыпэплъэм, пщэдей къыкъуэкIыну дыгъэм и хуабэр зыхищIэну зэрыщIэхъуэпсым:
- Зы махуэ гуэр, зы махуэ гуэр
- Си деж къэкIуэнурэ зыгуэр
- КъызигъэщIэнущ сыщIэпсэури,
- КъыгурыIуэнущ жысIэ псори.
- Илъэс ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, аргуэру Зариф и уситI га-зетым къытехуащ. Ахэри япэрей уситIым я купщIэкIэ ещхьыфэт, ауэ гъащIэ уэрыпсым и толъкъунхэр зэрызэхуэмыдэр, абы уигъэгуфIэнкIи уигъэщхьэжэгъуэнкIи зэрыхъунур зыхищIэн щIидзат. Абыхэм ящыщ зым къыхощ закъуэныгъэр и гум мывэу зэрытелъыр, нэщхъей зыщI гупсысэ мыфэмыцхэр къызэрыхуепсыхыр, ахэр щэхуу зыхуиIуэтэн зэрыщымыIэр, итIани, имыужэгъуу жэщми дыгъэ гуэр къыхуепсыну зэрыпэплъэр:
- Сыт аргуэру, сигу, уэ ущIэлъаIуэр?
- Щэхуу жыпIэр зыми зэхимых.
- Узыхуэнэщхъейр сыт хуэдэ лъагъуэ?
- Уэ нэхъ ину псалъи, бжэр къыIух.
- Мывэу птелъщ куэд щIауэ закъуэныгъэр,
- Нахуэу умыгъуэт узэпсэлъэн.
- Узыпэплъэр жэщми хэт дыгъэр,
- Умыужэгъуу цIыхухэм яхэплъэн?
- Мы усэм сыкъызэреджэу, художественнэ образхэр къэзыгъэщIыф усакIуэпсэ Зариф зэрыIутыр хьэкъыу спхыкIащ.
- ГъэщIэгъуэнт ГъущIом и усэ къэгъэщIыкIэри. Япэ курсым дыщеджэу, «Абхъаз-адыгэ бзэхэм хэзыгъэгъуазэ» лекцэм дыкIуащ. Дезыгъаджэ профессор Балъкъэр Бо-рис а махуэм лекцэ къытхуеджэну бзэщIэныгъэлI цIэры- Iуэ Къумахуэ Мухьэдин къригъэблэгъат. Мухьэдин и лекцэм псори дыдихьэхауэ дедэIуащ. Абы къыджиIащ адыгэхэр щыпсэу хамэ къэрал куэдым зэрыщыIар, Тыркум адыгэхэр я бзэкIэ щыпсэлъэну хуитыныгъэ зэрамыIэр, уэрамым адыгэбзэкIэ щыпсалъэхэр полицэм зэриубыдыр, адыгэбзэм и лъапсэгъу убыхыбзэм ирипсалъэу зы лIыжь закъуэ фIэкIа дунейм зэрытемытыжыр, абы Тевфик Эсенч цIэ-унэцIэр зэрызэрихьэр, ар щыпсэу жылэр Истамбыл километр щищкIэ зэрыпэжыжьэр, убыхыбзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр иджыну, зригъэщIэну а лIыжьым и деж Мухьэдин мазитIкIэ зэрыщыхьэщIар икIи абы и су- рэт зыбжанэ дигъэлъэгъуащ. Зариф сурэтхэм ящыщ зы нэщхъей дыдэу зэпиплъыхьу куэдрэ иIыгъащ икIи, и нэп-сыр къекIуауэ, си дежкIэ зыкъигъазэри жиIащ: «Мы лIыжьым и закъуэщ убыхыбзэ зыщIэжыр… Мэгъуж адыгэ къуэпс, малIэ бзэ дахащэр. Лъэпкъ псо ягъэкIуэдащ. Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ?»
- КъыкIэлъыкIуэ дерсым Зариф сыхуеплъэкIыхукIэ, и щхьэр ехьэхауэ, зыгуэрхэр итхыу щысащ. Зы зэман схуэмышэчыжу сеплъыпэри, усэ зэритхым гу лъыстащ. Гугъущи демыхьу, и гум щыщIэ псалъэхэр тхылъымпIэм трилъхьэурэ, а махуэм абы «Убыхыбзэ» усэр къигъэщIащ:
- СыткIэ уеджэ хъуну си гум жьы къыщепщэм?
- СIыгъщ сурэт згъэлъапIэр, мэкIэзызыр си Iэр.
- Дэ ди гъащIэ гугъум пэжра щытепщэр
- ПцIым дыщIапIыкIамэ?.. Пэжыр дэнэ щыIэ?
- Псэууэ ди убыххэр жаIэ, я сурэтыр
- Сагъэлъагъур, ауэ зыщ зыщIэжыр я бзэр.
- КъэувыIэнщ сыхьэтыр ар дунейм ехыжым,
- Дуней псом щыIунущ ди адыгэ гъыбзэр.
- Гыбзэр абы хэту, шэч хэмылъ, къэIунущ.
- Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ?
- ЩIым щыпсэухэм я бжэм жьапщэр теуIуэнущ,
- Дэ тхъуэжын зыгуэр ди закъуэу щытлъэмыкIкIэ.
- МэкIуэдыж зы къуэпсыр, малIэ бзэ дахащэр,
- ЗокIуэ, ехьми гугъу, а зы убых закъуэр.
- Дэнэ щыIэ щIэблэр? Тыркухэм я бзэрщ къэIур…
- Хуэчкъым иджы зыми бзэм и деж лъэбакъуэ.
- Къищтэжатэм лъэпкъым зи псэ хэкI бзэ лъапIэр,
- Ар хъужынут къабзэ, уэсым хуэдэу хужьу.
- Ауэ сфIощIыр блэкIхэм зы убых яхэту,
- Дэ ди мынэIуасэу, езыми димыцIыхуу…
- Мы усэм къыщыкIуа псалъэ псори абы асыхьэтым итхат. Зэман дапщэ дэкIами, абы нэгъуэщI псалъи хигъэувэжакъым. Сэ фIыуэ сыщыгъуазэщи, ар Зариф и лэжьэ-кIэт. Абы и гум къыпылъэдамэ, зэ тIысыгъуэкIэ усэр итхырт. МахуитI-щы е нэхъыбэ кIуауэ, абы итха усэм къытригъэзэжынутэкъым, псалъэ гуэрхэр иритхъыкIыжу нэгъуэщI зыгуэркIэ зэрихъуэкIыжынутэкъым. Усэр зэритхрэ зэман дэкIа нэужь, «мыбдеж мыпхуэдэ псалъэр нэхъ хозагъэ е мыпхуэдэу жыпIамэ, нэхъ шэрыуэт» жепIэкIи елIэлIэжынутэкъым. Хьэх Сэфарбий къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» зэхуэсым дыщыкIуэм усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ зыбжанэ къытхуеблагъэу щытащ. СощIэж ЩонджэнцIыкIу Iэдэм, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Къагъырмэс Борис, Ацкъан Руслан, Хьэту Пётр, н. къызэрытхыхьэу щытар. Зариф и усэщIэхэм къеджа нэужь, абыхэм ящыщ гуэрхэм къыщыжраIэ щыIэт усэр къызэрехъулIар, ауэ иджыри зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэлъхьэн зэрыхуейр. Шэч хэмылъу, Зариф а усэхэм хэлэжьыхьыжамэ, иригъэфIэкIуэфынут, рифмэхэри нэхъ шэрыуэ ищIыфынут, ауэ ар щитха зэманым абы «къыщхьэщыхьа уафэгъуагъуэр» щхьэ- щыкIакIэт, и кIуэцIым «къыщыуа щыблэри» увыIэжа- кIэти, псалъэ закъуэтIакъуэр хъуэжыным пымылъыжу, и IэдакъэщIэкIыр зэфIитхъыжт. Ар щыхьэт тохъуэ Зариф и усэ псори гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу зэрыщытым, псалъэ, сатыр фэрыщIхэр абы къызэрыщымыкIуэм.
- Пэжщ, ГъущIо Зариф и усэ къэс, цIыху щхьэхуэм ещхьу, езым и хьэл-щэн дахэ, и теплъэ фIэрафIэ иIэжщ. Абы щыгъуэми, ахэр псори зы цIыхум и IэдакъэщIэкIыу зэрыщытым и щыхьэту зы пкъыгъуэ нэрымылъагъу гуэри яхэлъщ. Зы гущэм ирапIыкIа зэш гупышхуэм уахэплъэ хуэдэщ — зэкъуэшхэр сыткIэ зэщхьэщыкIми, зы унагъуэм щагъуэта гъэсэныгъэм и Iэужьхэр зэхуэдэу яхэлъу икIи псом япэ а усэхэм яхэплъагъуэр псэ къабзагъэщ, цIыхугъэщ, лъагъуныгъэщ:
- Шэ зэшибл щхьэ куцIым жэщу щызгъэтхъами,
- Сэ ажал фейцейм цIыхугъэр езмытын.
- * * *
- Зы вагъуэ, зы лъагъуэ, зы лъагъуныгъэ
- слъэкIащ сэ схъумэну пцIы лъэмыIэсу.
- Абыхэм я фIыгъэкIэ къопсыр си дыгъэр,
- ЩIэсхъумэфари аращ си нэмысыр.
- Слъэгъуат лъагъуныгъэр тегуплIэу пагагъым,
- Зыри жызмыIэт, къелынути ар.
- Теувэрти пэжыр ер зытет лъагъуэм
- Ихъумэрт цIыхугъэм и вагъуэ къэблар.
- Зариф хьэлыфI куэд хэлъащ: зэпIэзэрытт, Iэсэт, щабэт, щыпкъэт, хьэрэмыгъэншэт, хьэлэлт, гущIэгъулыт. Ауэ пэжыр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Пэжыр наIуэ ищIын хьисэпкIэ, ар жьэ нахуэу утыкум ихьэфырт, ауэ абы и зэран куэди и щхьэм къекIыжырт. Аращ усакIуэр мы сатырхэр итхыну езыхулIари:
- Сэ сыкъуаншэкъым абыкIэ:
- Пэж жызыIэр яубэрэжь.
- Сэри зауэм сыщыхыхьэм
- КъокIыж си гум зы псалъэжь.
- «Бзэгур бийщ икIи ныбжьэгъущ»,
- Елъытащ абы жебгъэIэм.
- Ар акъылым и жагъуэгъущ
- Сышынауэ пэж жызмыIэм.
- Зариф лъэпкъ публицистикэми и гуащIэ хилъхьащ. И зэфIэкI къыщигъэлъагъуэу «Адыгэ псалъэ» газетымрэ телевиденэмрэ илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Зариф прозэ жанрми хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытыр и творчествэм кIэлъыплъу щытахэм фIыуэ ящIэж, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, «Нэпс фIыцIэ» зыфIища романыр ныкъуэтхыу къэнащ. Шэч хэлътэкъым, ар нигъэсатэмэ, ди лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъунум. Зариф щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ зыбжани къызэринэкIащ. Езым дунейм къытригъэхьа «Губгъуэ мафIэ», «Шэху уэздыгъэ» усэ тхылъхэм имыхуауэ, тхыгъэ пщIы бжыгъэхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ГъущIо Зариф хэта адыгэпсэ къабзэр къыхобелджылыкI. А тхыгъэхэр зэгъэуIужауэ къыдэгъэкIыжыпхъэщ.
- ГъущIо Зариф дунейм зэрехыжрэ илъэсищым нэблэгъащ. Ныбжьэгъу пэж тфIэкIуэдащ, цIыху гуащIафIэ, лъагъугъуафIэ. Ди ныбжьэгъуфIыр къытхэтыжатэмэ, и ныбжьыр нобэ илъэс 55-рэ ирикъун къудейт. Сыту гъащIэ кIэщIыщэт! Абы сегупсысыху зыри схуемыщIэу, и жэуап- ри къысхуэмыгъуэту си щхьэм щокIэрахъуэ Зариф и зы усэм щIэдзапIэ хуэхъуа «СЭ МАЩIЭЩ КЪЭСПСЭУАР — ИРИКЪУРКЪЫМ ЗЫ ГЪАЩIЭ» псалъэхэр. Ярэби, и псэм ищIэу пIэрэт?
- УнэлIокъуэ Вячеслав,
- филологие щIэныгъэхэм
- я кандидат.