Замудин и тхылъым иращIэкIа пшыхь
2021-10-19
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ ГъукIэ Замудин къыдигъэкIа «Адыгэ къамыл» тхылъыщIэм теухуа пшыхь иджыблагъэ Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щекIуэкIащ.
- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Замудин Налшык утыку къыщрихьауэ щытащ «Адыгэ шыкIэпшынэм и атлас» фIэщыгъэм щIэт тхылъ гъэщIэгъуэныр.
- Иджырей къыдэкIыгъуэр IыхьитIу гуэшащ. Япэр адыгэ къамылым и тхыдэм, Замудин и къэхутэныгъэхэм ятеухуащ, етIуанэ тхылъыр итхыну тезыгъэгушхуа щхьэусы-гъуэхэм хуэгъэпсащ. Замудин жеIэ къамылым и къекIуэкIыкIар джын щыщIидзам гъэщIэгъуэн куэд къызэрихутар икIи къызэрымыкIуэу а Iуэхум зэрыдихьэхар. «Сырынэ», «бжьамий», «къамыл» цIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ адыгэр зэджэ макъамэ Iэмэпсымэм лъэпкъым и гъащIэм увыпIэ хэха щеубыд. Пэжщ, апхуэдэ Iэмэпсымэ лъэпкъ куэдым яIэщ, ауэ адыгэм ейм нэхъ пэгъунэгъуу къахутар монголхэм я «соло»-ращ. ГъукIэм зэрыжиIэмкIэ, къамылыр нэхъыбэу мэлыхъуэ Iэмэпсымэу щытащ. Абы и щыхьэту мэл егъажьэ (пщэдджыжьым), хъупIэдэш макъамэхэр къытхуэнауэ диIэщ.
- ЩIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Гъут Iэдэм, Унэрокъуэ Рае (филологие щIэныгъэхэм я докторщ), Соколовэ Аллэ (искусствоведенэмкIэ докторщ, профессорщ) сымэщ тхылъым и редакторыр. Пэублэ псалъэр зытхар Урысей гъуазджэм и тхыдэмкIэ институтым и лэжьакIуэ Болэт Динарэщ.
- ГъукIэ Замудин зэIущIэм щытепсэлъыхьащ адыгэ къамылым макъамэм и дунейм щиубыд увыпIэм. Пасэ зэманымрэ нобэреймрэ къамылым щигъэзащIэ къалэным гъэщIэгъуэну тхылъым щытепсэлъыхьащ ГъукIэр. Замудин музыкэ щIэныгъэ куу зэримыIэм къыхэкIыу, къамылым къикI макъамэхэр езым зэпкърихыну тегушхуакъым, а Iыхьэм елэжьар композитор Iувыжь Анзорщ.
- Башкирхэм я «къурай»-мрэ адыгэ къамылымрэ зэгъэпщэным ехьэлIауэ Iувыжьым тхылъым хуищIа хэлъхьэныгъэм и гугъу ищIащ Замудин. Езым адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм, къуажэхэм дэс къамылапщэхэм, нэхъыжьхэм захуигъазэурэ хъыбар куэд зэхуихьэсащ. Адыгэм къамыл лIэужьыгъуэу диIэр, музейхэм щIэлъхэр зэщIикъуэри, ди пащхьэ кърихьащ ГъукIэм. Ар зытепсэлъыхь къамылхэм я гъэпсыкIэр, IэпэтегъэуапIэу яIэр, абыхэм ягъэзащIэ къалэным щытепсэлъыхьу дэтхэнэми паспорт дэщIыгъущ.
- ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыкуум и фIыгъэкIэ тхылъыр щIэныгъэ къыдэкIыгъуэм халъытащ.
- Абы и теплъэ екIур зыщIар Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм щылажьэ дизайнер Iэзэ Щоджэн Жаннэщ.
- Бжьамийм щытепсэлъыхькIэ, адыгэм занщIэу и нэгу къыщIы-хьэр Ашэмэзщ, аращи, тхылъыр къызэрызэгуэпхыу Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и «Ашэмэзым» уIуоплъэ.
- ГъукIэ Замудин къамыл лIэужьыгъуэ зыбжанэ яригъэлъэгъуащ къызэхуэсахэм, ар яхутепсэлъыхьащ къамылапщэ Iэзэу диIахэм, езыр а Iуэхум дезыгъэхьэхахэм, апхуэдэуи, гугъэфIхэр уагъэщIу а Iуэхум елэжь ди щIалэгъуалэм я цIэ къриIуэри, абыхэм зэращыгугъыр къыхигъэщащ.
- Пшыхьым кърихьэлIахэр бжьамий зэмылIэужьыгъуэхэм я IукIэм щIагъэдэIуащ. Ашэмэз и бжьамийм хуэдэу абыхэм дунейр зэуэ зэщIамыгъэгъагъэми, гукъыдэжыр къызэраIэтыфыр хьэкъщ.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.