ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэужь  щхьэп гъащIэм  къыхэзына

2021-10-09

  • Нобэ, псэужамэ,  илъэс 80 ирикъунут зэман кIыхькIэ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа, и гуащIэдэкI инымрэ зэфIэкI лъагэмрэ хуэфащэу «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэхэр зыфIаща Дэбагъуэ Мухьэмэд.

  • Мухьэмэд къыщалъхуа Жьакуэ къуажэм (нэхъ пасэм Къубатейуэ, 1865 — 1927 гъэхэм Алъэсчырейуэ щыта жылэр 1822 гъэм Къэбэрдейм икIыу Инжыдж псыхъуэ Iэпхъуахэм ящыщщ) и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм фIыуэ къыщацIыху журналисту, тхакIуэу, драматург гъуэзэджэу щытащ. Ноби абы и тхыгъэхэм ящыщ хэтщ курыт еджапIэхэм я программэм, и пьесэхэр щагъэув Шэрджэс къэрал драмэ театрым. Лъэужь щхьэпэ къыхинащ Мухьэмэд ди гъащIэм.
  • Илэжьа Iуэхушхуэхэм я мызакъуэу, ар ди гум IэфIу къизыгъэнар цIыхуфIу, и лъэпкъыр фIыуэ илъагъуу, цIыхугъэм, ныбжьэгъугъэм хуэпэжу зэрыщытарщ. ЗэфIэкI зиIэ псоми къайхъулIэркъым цIыхуфIу дунейм тетын къалэныр.
  • Ар си къуажэгъу къудейтэкъым, атIэ си ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэхэм ящыщт, уеблэмэ япэ классым къыщыщIэдзауэ илъэсиблкIэ зы партэм дыдэсащ абырэ сэрэ. Ди сабиигъуэр зауэ нэужь зэман хьэлъэм техуат. Апхуэдэ зэман хьэлъэм зэныбжьэгъу къудейуэ укъигъанэркъым — гугъуехьым зэкъуэш дищIат. Илъэс куэд дыдэ дэкIами, нобэ Дэбагъуэ унэцIэ зезыхьэ Шэрджэсым е Къэбэрдейм сащыхуэзэмэ, си Iыхьлы дыдэ слъэгъуауэ къысщохъу, Мухьэмэд и фэ дахэ изоплъ.
  • Дэбагъуэ Мухьэмэд теухуауэ гукъэкIыж Iэджи щызэрызохьэ си щхьэм, псалъэ гуапэ куэди телъщ си бзэгупэм, ауэ нэхъ игъуэу къыщIэкIынщ мы тхыгъэм а цIыху гъуэзэджэм лъэпкъым, къыщалъхуа къуажэм, адыгэ псоми яхуилэжьа Iуэху хэхахэм сыщытепсэлъыхьмэ.
  • ЛIы губзыгъэ гуэрым мыпхуэдэу жиIащ: «УсакIуэр, тхакIуэр къэпцIыхуну ухуеймэ, кIуэ ар къыщалъхуа лъахэм». Мухьэмэд къыщалъхуа Жьакуэ къуажэр Инжыдж и Iуфэ ижьым Iусщ. Къуажэм и тIысыпIэр куэдрэ ихъуэжащ. Иджы здэщысым 1891 гъэм къэIэпхъуащ. Къуажэпщу щыта Алъэсчыр Исхьэкъ псым и ижьрабгъур къыщыхихым жиIат: «Сэ сыхуейкъым ди бзылъхугъэхэм Iэ сэмэгукIэ псы кърагъахъуэу псэуну». Ди къуажэкIэм пэгъунэгъуу Инжыдж и адрей сэмэгумкIэ къэтIыса Хьэгъундыкъуей (Алибэрдыкъуэ) жылэм я цIыхубзхэм нобэр къыздэсым Iэ сэмэгукIэ псы кърагъахъуэ. Алъэсчырым и закъуэкъым гушыIэ зыхэлъу къекIуэкIыр. Жьакуэ щыпсэу дэтхэнэми гушыIэ дахэ яхэлъщ. Ди къуажэм «Адыгэ Габрово» фIащами щыуэнтэкъым. Сыт и уасэт мы къуажэм къыдэкIа артист цIэрыIуэ Акъ Мухьэрбэч и гушыIэкIэр!
  • Жьакуэр къуажэ цIыкIущ (цIыху 1800-рэ хуэдиз нобэ щопсэу), ауэ мыбы цIыху цIэрыIуэ куэд къыдэкIащ. Апхуэдэхэщ артистхэу Акъ Мухьэрбэч, уэрэджыIакIуэ Гъуэт Хъусин (УФ-м и цIыхубэ артистщ), щIэныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ докторхэр, кандидатхэр, къэрал псом къыщацIыху спортсменхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Абыхэм яхэтщ и къуажэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа Дэбагъуэ Мухьэмэди. Абы и жылэр зыми химылъхьэу фIы дыдэу илъагъурт, и къуажэгъухэм я гуфIэгъуи, я гуауи ядигуэшырт.
  • Дэбагъуэ Мухьэмэд илэжьа Iуэхухэм я гугъу пщIымэ, япэ изгъэщынт адыгэ газетым тригъэкIуэда и гуащIэшхуэр. 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху ар щылэжьащ нобэ «Черкес хэку» зи цIэ газетым и корреспонденту, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу, илъэс куэдкIэ абы и редактор нэхъыщхьэу. Дигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ газетхэм я напэкIуэцIхэращ ди литературэр къыщежьар, псом хуэмыдэу   20 — 40 гъэхэм. Абы къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэми адыгэ литературэм ехьэлIауэ газетхэм я мыхьэнэр нэхъ лъахъшэ хъуауэ пхужыIэнукъым. Дэбагъуэм абы лэжьэн щыщIимыдзэ щIыкIэ итха усэхэри япэу къызытехуар а газетырщ.
  • Шэрджэсхэм я адыгэ газетым и мыхьэнэр зэрыиным теухуауэ зы щапхъэ. ТIощI гъэхэм щыщIэдзауэ «Черкес хэку» газетым (цIэ зыбжанэ зэрихъуэкIащ ипэкIэ) нэхъыбэу щылэжьар, редактор нэхъыщхьэхэри хэту, Хьэгъундыкъуейрэ Жьакуэрэ къыдэкIахэрщ. Арагъэнщ мыбыхэм, псом хуэмыдэу хьэгъундыкъуейдэсхэм усакIуэ, тхакIуэ куэд къащIыхэкIар. Псалъэм папщIэ, мы къуажэм усакIуэ тIощIым нэс къыдэкIащ, абыхэм ящыщщ: Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд, Пхъэшх МуIэед, Анзор Мухьэмэд, Хьэгъундокъуэ Рэмэзан, Шорэхэ Хьэсинрэ Ахьмэдрэ, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, АбытIэ Хъызыр, Иуан Щамел, АбытIэ Владимир сымэ. Мы къуажэм «Шэрджэс усыгъэм и Мэккэ-Мадинэ фIэсщащ» жысIэу тхыгъэ гуэрым къыщызгъэлъэгъуащ. ИужькIэ сыгушыIэу жысIэгъащ: «Фи къуажэм щыщ апхуэдиз цIыхур усэным дезыгъэхьэхар махуэ къэс фызыIуплъэ Жьакуэм и теплъэ дахэрщ» (Алибэрдыкъуэ къуажэм и пащхьэм итщ си адэшхуэм и адэ БакIуу Алий и цIэр зезыхьэ «БакIулий» мэзымрэ бгы екIуэкIымрэ). ГушыIэ хэмыту жыпIэмэ, литературэм Жьакуэ, Алибэрдыкъуэ, Хьэбэз къуажэм дэсхэр хэша щIэхъуар адыгэ газетымрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэмрэ я фIыгъэщ. ИужьреймкIэ Алибэрдыкъуэр япэ итауэ къыщIэкIынщ.
  • Илъэс куэд и пэкIэ къыщIадзауэ адыгэ газетхэм усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр традзэ. Мухьэмэд щылэ-жьа илъэсхэми «Литературэ напэ» газетхэм хухахыу щытащ. Ар жыджэру хэтащ Адыгейм, Къэбэрдейм, Шэрджэсым зэгъусэу къыдагъэкIыу щIадза номер зэхэтхэм. Ноби республикищым я адыгэ газетхэм ар хабзэфIу къадогъуэгурыкIуэ. Дунейм тепхъауэ псэу ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ адыгэхэр зыгуэркIэ зэпызыщIэ мы Iуэхум.
  • Адыгэ газетым щылажьэурэ, Дэбагъуэ Мухьэмэд иубзыхуащ и тхакIуэ хъэтIыр, игъэIурыщIащ литературэм и жанр зэхуэмыдэхэр. Псом хуэмыдэу абы къехъулIэрт очерк жанрыр. Совет лъэхъэнэм очеркым мыхьэнэшхуэ иратырт, абыкIэ ягъэлъапIэрт зи гуащIэдэкIыр лъагэ цIыхухэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ прессэр, псом хуэмыдэу телевиденэр, гуащIэдэкI лэжьакIуэм зэрытепсэлъыхьыр мащIэ дыдэущ, къебэкI хъуащ зэштегъэур, бзаджащIэхэм ятеухуа темэхэр, цIыхум и гур изыуд мыхъумыщIагъэхэр къэгъэлъэгъуэныр. Журналист Iэзэ Дэбагъуэм и очеркхэм къакIэлъыкIуэрт рассказхэр, повестхэр, гушыIэ миниатюрэхэр. Газетхэм, журналхэм къытехуэ и тхыгъэхэм къакIэлъыкIуащ тхылъ щхьэхуэхэри.
  •  Дэбагъуэ Мухьэмэд «ЩIыгур зыгъэщIэращIэ» и япэ тхылъыр 1972 гъэм Черкесск къыщыдигъэкIащ. Мыбыи «Псынэдахэ и бжьыхьэр» и етIуанэ тхылъми прозэр щытепщэщ. Иужьрейм итщ тхылъым фIэщыгъэ хуэхъуа повестымрэ рассказ пщыкIузрэ. Гу лъумытэну Iэмал иIэкъым тхакIуэм и рассказхэм гушыIэ куэд зэрыхэтым. ГушыIэ защIэ зи лъабжьэ рассказ цIыкIу, «миниатюрэ» зыфIищахэр щхьэхуэуи итщ «ФIы зыщIэ щIегъуэжыркъым» фIэщыгъэр иIэу 1991 гъэм къыдигъэкIам.
  • Иджыри зы гъэщIэгъуэн хэтщ Дэбагъуэм и очеркхэмрэ рассказхэмрэ. Мыбы убгъуауэ къыщыгъэсэбэпащ диалогхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ тха-кIуэр драматургием пасэу дихьэхыу зэрыщытар.
  • Зы Iуэхугъуэ къытеувыIапхъэщ адыгэ театрым теухуауэ. Адыгеймрэ Къэбэрдеймрэ я театрхэр нэхъ пасэу зэфIэуващ икIи заужьащ. Шэрджэсым адыгэ театрыр къыщызэрагъэпэщар хыщI гъэхэрщ. Къэбэрдей театрым щылэжьэну цIыху 60 къыхахри, 1935 гъэм ГИТИС-м еджапIэ ягъэкIуащ. Институтыр къаухри, абы труппэ гъуэзэджэу къагъэзэжащ 1940 гъэм. А гупыр иджыри еджэу, абы хэтхэм ягъэхьэзыру щIадзат КъардэнгъущI Зырамыку (езы Зырамыкуи абы щыгъуэм студентт) и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэр. Абыхэм щIэныгъэ куу ягъуэтат, Iэзагъэ ин зыIэрагъэ-хьати, уеблэмэ хамэ къэрал классикхэм я пьесэхэр ягъэувырт. 1940 гъэм Бомарше и «Фигаро и фызышэ» комедиер фIы дыдэу щагъэуват Къэбэрдей театрым. Черкесск деж адыгэ театр къыщыщызэIуахым, артист ягъэхьэзырахэр зыхуей пьесэхэр мащIэ дыдэт. Мис абдеж и зэфIэкIыр къызыкъуихыу щIидзащ драматург Дэбагъуэ Мухьэмэд.
  • Режиссёр Абдокъуэ Маталио и гъусэу япэ щIыкIэ ягъэуващ литературэ тхыгъэ щхьэхуэхэм къытращIыкIа драмэхэр: Уэхъутэ Абдулыхь и «Iэсият и мывэ» повестым, «IэлъэщI плъыжь», «Iэпхъуалъэ телъыджэ» таурыхъхэм къытращIыкIахэр, «Хэкум епцIыжам и анэ», «ЩIыгу IэмыщIэ» жыхуиIэхэр. Езы Дэбагъуэм итхащ комедие зыбжанэ («Аращ лIы зэрыдэкIуэр», «КIапэ нэхърэ — напэ е нысэтын»), таурыхъ жыпхъэм ит пьесэхэу «Иныжьым и нэр», «ГъущIыпсэ» жыхуиIэхэри абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Иджырей зэманым теухуащ «Дыгъур гъуэмбым йохуэ», «ФIы зыщIэр щIегъуэжыркъым», «Анэр нэм хуэдэщ» пьесэхэр. Иджырей драмэр курыт еджапIэм и программэм хэту ядж. Зэрытлъагъущи, абы Шэрджэс театрым и репертуарыр игъэнщIащ илъэсипщIым щIигъукIэ. Езы Дэбагъуэ Мухьэмэди нэхъыбэу къызэрацIыхур драматургыущ, ауэ я фIагъкIэ абы и пьесэхэм зыкIи къыкIэрыхуркъым и рассказхэри.
  • И рассказхэм я сюжетыр «журналист нэ жанкIэ» Дэбагъуэм къыщигъуэтырт ди зэманым щекIуэкI гъащIэм. БлэкIакъым тхакIуэр ди сабиигъуэр гуфIэгъуэншэ зыщIа зауэ темэми. А темэр Мухьэмэд зы теплъэгъуэ гукъэкIыж фащэу «хиухуэнащ» «Псынэдахэ и бжьыхьэр» повестым (абы къыщыгъэлъэгъуэжа пычыгъуэр хыхьащ еханэ классым я учебникым). Повестым къыщыгъэлъэгъуащ совет зэманым щыIа зэхэтыкIэр, псэ хьэлэлкIэ жылагъуэм хуэлажьэ цIыхухэр. Мыбдеж тхакIуэм къигъэсэбэпащ зауэ зэманым адыгэхэм Ленинград къраша сабийхэр зэрахъумам, зэрапIам щыщ Iуэхугъуэхэри. Мы повестми рассказ куэдми Дэбагъуэм «щигъэлэжьат» сюжет щIэщыгъуэхэр, сэтей къищIырт узыIэпызышэ Iуэху екIуэкIахэр.
  • Куэдым зэращIэщи, тхакIуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къабж зэманыр, зыхэпсэукI лъэхъэнэр пэжу къэгъэлъэгъуэныр; абы и нэщэнэхэр фIэщхъуныгъэ хэлъу тхылъеджэм и пащхьэм илъхьэныр мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
  • Драматургиемрэ прозэмрэ и гуащIэр нэхъыбэу хилъхьами, Дэбагъуэр усэнми хуэармууэ щытакъым. Мухьэмэд и усэ зыбжанэм макъамэ щIалъхьэри, уэрэд хъарзынэ хъуахэщ. Апхуэдэхэщ Хьэбэч Умар теухуа уэрэдыр, «Ар лъагъуныгъэщ», «Си дахэр», «Си дунейр къысхуэгъэнэху», «Сытым щыгъуэ сыкъэпщIэну?», нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу езы Мухьэмэди уэрэд жыIэныр фIэфIт. Къэрэшей-Шэрджэсым ноби щыIэщ адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ «Нарт» цIыхухъу ансамблыр. Ар къызэзыгъэпэщахэм яхэтащ, уеблэмэ пашэу зыкъомрэ щытащ Дэбагъуэр.
  • Хэкупсэу, и лъэпкъыр фIыуэ илъагъуу зэрыщытам ари и щапхъэщ. Сэ хуабжьу сигу ирохь адыгэхэр жыг хадэм убгъуауэ елэжьу щыщыта зэманхэм къэхъуа, ауэ нобэ ящыгъупщэжа зы хабзэ дахэ. Iуэхушхуэ зылэжьа, цIыхугъэ ин къызыкъуэкIа, лIыгъэ зезыхьа цIыхухэм фIыщIэ жыг хухасэрт. Хабзэр щымыIэжми, жыIэгъуэ дахэр къэнащ, ар яхужысIащ IутIыж Бориси, ЦIыпIынэ Аслъэни. ФIыщIэ жыг хуэфащэщ Дэбагъуэ Мухьэмэди.
  • ЦIыхур зыгъэдахэр и гуащIэдэкIырщ, адыгагъэу хэлъырщ. А псомкIи щIыхуэ лъэпкъ къытенакъым Дэбагъуэ Мухьэмэд. Ар къыхэкIащ Дэбагъуэ Къалэбэч и бынунагъуэшхуэм. Апхуэдэхэм сабийхэм щыгъыныр, шхыныр къащемэщIэкIами (псом хуэмыдэу зауэ нэужь зэман хьэлъэм), я псэкIэ, цIыхугъэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, цIыху хэтыкIэкIэ зэгъ хъу хабзэщ. Хьэл хъарзынэ яIэу къэхъуахэщ Мухьэмэди къыдалъхуахэри. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар фIыуэ еджащ, студенту щыщыта зэманым щыщIидзэри, спортым дихьэхыу, усэ итхыу щытащ. ГушыIэшхуэ хэлът, жьы щIэтт, ныбжьэгъу пэжт, нэжэгужэу, гуапэу псоми япежьэрт. Ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэм, шэч хэмылъу, ягу къинэжащ абы и уэрэд жыIэкIэ дахэр, екIуу къафэу утыкум бжьыфIэу зэриту щытар.
  • Мухьэмэд зыцIыхуу щыта псоми ар дигу къэдгъэкIыжынщ мы дуней дахэм хуэфащэу зэрытетар. Сэ срогушхуэ, сроин ар ныбжьэгъуу зэрызиIам, зы къуажэ дыкъызэрыдэкIам. Илъэс куэдкIэ зэпэIэщIэу дыпсэуами, зэи си гум икIыркъым ди зэхущытыкIэ IэфIыр.
  • Дэбагъуэ Мухьэмэд сэбэп зыхэлъ Iуэхуу ищIар гъащIитI-щым яхурикъунщ. ЛъэужьыфI къыхуигъэнащ литературэм, журналистикэм, адыгэ щэнхабзэм. ЗыкIи шэч къытесхьэркъым абы ахърэт дахэ зэригъуэтам.
  • БАКIУУ Хъанджэрий,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я доктор, профессор.