Дэ дыадыгэщ, дышэрджэсщ
2021-10-09
- Ныбэжь Арсен и усыгъэщ нобэрей ди къыдэкIыгъуэм теддзэр. Иджы япэу зи IэдакъэщIэкI ди газетым къытехуэ, зэрытхэрэ куэд щIами, зи IэрыкIхэр хэIущIыIу мыхъуа щIалэм и усэ Iэрамэм лъабжьэ хуэхъуащ тхыдэр, зэджа тхыгъэхэм къахиха гупсысэхэмрэ дэфтэр щхьэхуэхэмрэ. Пэжщ, усэ гъэпсыкIэ и лъэныкъуэкIэ ахэр щыщIэныгъэншэкъым, ауэ псэм къыбгъэдэкIщ. ЩIэджыкIакIуэхэр фыщыдогъэгъуазэ абыхэм ящыщ Iыхьэм.
- * * *
- Дунейм шэрджэсхэр зэрытетрэ
- ЯфIощI лъэпкъ куэдхэм гъэщIэгъуэн,
- Адыгэ Хабзэр, ПщIэр, Нэмысыр,
- ЩIохъуэпс абыхэм зыхалъхьэн!
- Зы анэм дэ дыкъимылъхуами,
- Дэ, къапщтэм, псори дызэкъуэшщ,
- Дунейм зэбгрыдзауэ дыщыпсэуми —
- Дэ дыадыгэщ, дышэрджэсщ!
- Лъэпкъ тхыдэм къигъэна
- лъэужьым
- Тхылъ куэди, гъыбзи траухуащ.
- Щэнхабзэм, лъэпкъым и къэухьым,
- ЩIэныгъэлI куэди телэжьащ.
- Си гугъэщ сэ, зэманым къекIуу,
- ЩIэблэщIэм дежкIэ сэбэп хъун,
- Ди лъэпкъ лъэужьыр усэ къупхъэу
- ЩIаджыкIмэ — фIыуэ ялъагъун!
- АтIэ сыхуейщ сэ мы лэжьыгъэр,
- ФIыуэ слъагъу лъэпкъым
- щхьэкIэ стхын!
- Щыуагъэ хэту фэ къэфлъытэр
- Сыхуейщ сэтей, ар пэжмэ, фщIын!
- Щыуагъэ хэтыр, пэжу флъытэр,
- Зэгъусэу дэ зэддзэкIыжынщ,
- Мыбы еджэну си лъэпкъэгъухэм
- АбыкIэ фIыщIэ ин фхуэсщIынщ!
- 1.
- Ижь лъандэрэ къежьа
- ди лъэпкъыр,
- Хьэтхэурэ зыхьхэущ зэрыIуар,
- Абы и щыхьэтщ Къаир музейм,
- Тхыгъэ нэхъыфIу щIэлъу хъуар!
- Зы мыхъуамэ, мелуаниплI
- Шэрджэсхэр дыхъуу щытыгъащ,
- «Ухэт уэ?» жаIэу къыдэупщIмэ,
- Дыхьэтхэущ дызэрацIыхуар.
- Мысырым ди шэрджэс-мамлюкхэм
- Тепщэгъуэ ин щаубыдыгъащ,
- Баркъукъ лIыхъужьыр ди пащтыхьу,
- Къару шэрджэсхэм диIэ хъуащ!
- Лъапсэрыгъажэу Айюбидхэм
- Абдеж тепщэгъуэр щаухащ,
- Хьэрып къэралым щыпсэу цIыхухэр
- Илъэс мин щищкIэ псэхужащ!
- Мысырым и къэрал гъунэгъухэм,
- Я зехьэзехуэр мамыр хъуащ!
- Шэрджэсхэм ди унафэм щIэтхэу
- Хьэзэрхэр, коптхэр фIыуэ
- псэу хъуащ!
- Къаабэм и тепIэн нэхъыщхьэр
- Ди мамлюкыпщхэм дзыхь хуащIащ,
- Муслъымэн диныр зэрахьэну
- Сэбэп хьэрыпхэм дахуэхъуащ!
- Салахь-ад-Дин и сулътIаныгъуэт
- Мин щитIрэ тхущIым щыщIэдзау,
- Мысыррэ Щамрэ зэгуигъэхьэу
- Зы къэралыгъуэ ар щищIам!
- Абы и фIыгъэкIэ зауэлIхэм
- Я псэукIэным зихъуэжащ,
- Дзэм хэт шэрджэсхэм я пщIэр ину
- Салахь-ад-Диным къиIэтащ.
- 2.
- А зэманыгъуэм жор-джаурхэр
- Хьэрыпхэм къебгъэрыкIуэ хъуащ,
- Мамлюкхэр бийм пэщIэувэну
- Хиттин и деж щызэхуэзащ!
- Абы хэтахэм ятхыжамкIэ,
- Мамлюкхэм бжьыпэр яIыгъащ,
- Жор-легионыр ягъэщIэхъури,
- ХэщIыныгъэшхуэ бийм яхьащ!
- ЕтIуанэу Газэм деж щызэхуэзэри,
- Гвидо-де-Лузианыр «хъым» къихуащ,
- Шэрджэс-мамлюкхэм бийр
- хагъащIэри,
- Иерусалимыр яубыдащ!
- Мы дунейм цIыхухэр зэрытетрэ,
- Зауэгъуэ гуащIэу куэд щыIащ,
- Хиттин и деж щекIуэкIа зауэр,
- Нэхъ гуащIэ дыдэхэм щыщащ!
- КIэщI дыдэу сыкъытеувыIэну
- Сыхуейт зауэшхуэхэу щыIам,
- Шэрджэс-мамлюкхэм лIыхъужьагъэу,
- А зауэхэм щызэрахьам!
- Лъытэн хуейуэ собж
- Баркъукъ-лIыхъужьым
- ХытIыгу Родос зэриубыдар,
- Бибарсрэ абы и къуэ Джэкъэмыкъурэ
- Жор-легионыр зэрыхагъэщIар.
- Къэитбей мамлюк-шэрджэс
- пащтыхьыр
- Тыркухэм щэней зэрытекIуар,
- Хьэлебэ деж, Нил и псы Iуфэм,
- Зауэшхуэ гуащIэу щекIуэкIар!
- Зэман къисIуам деж щыщIэдзауэ,
- Шэрджэсхэм лIыгъэ зэрахьащ,
- ИгъащIэкIэ мыужьыхыжыну
- Лъэпкъ лIыхъужьыгъэр гъаIэтащ!
- 3.
- Наполеон зэритхыжамкIэ,
- Шебрейс и деж ар щынэсам,
- Дыщэпсу фащэкIэ хуэпауэ
- ЗауэлI шу гупым щаIущIащ.
- «ЗиIысхэр сыт? Хэт мы зэуэлIхэр?» —
- КъыжиIэу ар щыщIэупщIам,
- «Мамлюк зауэлIщ,
- Джиркасхэу жаIэр», —
- Абы жэуапу къратащ.
- Нэхъ зауэлI Iэзэ, лъэрызехьэ
- ИгъащIэм зэй имылъэгъуау,
- ЦIыху щитIым я зауэлI къэухьым
- ЗыбгъупщIыр текIуэу щытыгъау.
- Я фащэр, Iэщэр хьэлэмэту,
- Зэпэщу, екIуу зэщIэкъуауэ,
- Шы лъэрызехьэхэр дэщIыгъуу,
- Зэуэным ахэр къыхуалъхуауэ!
- «Зы зауэлI щитI шэрджэсхэм щыщу, —
- Наполеон жиIат, — сиIам,
- Сыбжынт дунейр сэ си Iэрылъхьэу,
- Тепщэгъуэр дэнкIи щызубыдау!»
- Шэрджэсхэм я Iущагъэм, лIыгъэм,
- Наполеон къыдахьэхат,
- И щхьэ хъумакIуэу зауэлI гупи
- Абы Мысырым къришат!
- Зэман дэкIауэ, дзэр хагъащIэу,
- И Iуэхухэр щызэIыхьэпам,
- Хьэзэт-Алий Псыкупсым щыщу,
- ЛIэжыхукIэ абы игъусащ!
- Марсель и гъунэгъу къуажэ цIыкIум
- Шэрджэсхэм щIыпIэ къыщратащ,
- Нобэр къыздэсым ди лъэпкъэгъу куэдым
- ПсэупIэ Франджыр яхуэхъуащ!
- Адыгэхэр дызэрыгушхуэу ди лъэпкъым
- ПщIэшхуэ къезытам,
- Зэман пычыгъуэм къриубыдэу,
- Сыхуейт мы тхыгъэм хэзгъэхьам.