ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-10-09

  • ФIыгъуэ, насып, угъурлыгъэ
  • Нал. ФIыгъуэ, насып, угъурлыгъэ зыпылъу къалъытэ пасэрей дамыгъэщ. Унэ бжэщхьэIум, псом хуэмыдэу сымаджэр зыщIэлъым, шы нал тралъхьэрт, бзаджэнаджэ къримыгъэкIуэлIэну. Гъуэгу утехьауэ нал къэбгъуэтыныр фIыщ, жаIэрт. ГъущIхэкIыр, шыр угъурлыуэ къэлъытэным, гъэлъэпIэным къыхэкIащ.

  • МахуэфI-махуей. Iуэхур къыбдэхъунрэ къыбдэмыхъунрэ щыбублэ махуэм елъытауэ къалъытэу щытащ. Псалъэм папщIэ, «щэбэтыр мэбатэри, щэбэтым хадэ хэплъхьэну фIыщ, бэрэжьейм хэплъхьар хьэпIацIэуахуэ мэхъу», жаIэрт.
  • Махуэ щхьэхуэхэм Iуэху пщIэ мыхъуну къалъытэрти, ягъэмахуэщIт (махуэщI, махуэмыщI табу зытелъ махуэ). «Гъубжымрэ бэрэжьеймрэ кхъуэрэ пэт и кхъуэц зыхигъэхуркъым», «Гъубж Iэбжьанэ иубзи, бэрэжьей гыбзэ къыптихуэ», «Гъубжым Iуэху бублэну фIыкъым», жаIэрти, яфIэмэхъэшэгъуэт.
  • Япэ щIыкIэ чристэныр, иужькIэ муслъымэн диныр къихьа нэужь, махуэщIыр мэремым трагъахуэ хъуащ: «Зи бын зыфIэмащIэр мэремым иремыдэ, иремыбзэ».
  • ЦIыху щхьэхуэм, лъэпкъ псом езым хэхауэ махуэщI щыхаубыдыкI къэхъурт: «Таухэ я щIалэ гъубж махуэм губгъуэм дэкIауэ и лъакъуэр джыдэкIэ иуIэжри, абы икIуэдыкIати, гъубжыр махуэщI ящIащ. А махуэм ятIэ зэрахьэркъым, цы япхыркъым».
  • МахуэщIым махуащхьэ къегъанэ щIыжаIари аращ (махуэщI Iуэхур фэбжь мэхъури, махуащхьэм пщIэнур къегъанэ).
  • А псом емылъытауэ, «Нэщэнэ зыхуэпщIыр нэщэнэ пхуохъу», «Зэманыр щыгузэвэгъуэм махуэщI щыIэжкъым» жаIэрти, ирагъэлейртэкъым.
  • МывэупцIэ, мывопцIэ. Сэ зэралъ мывэ пIащIэ псыгъуэ кIыхь. IуэрыIуатэм, псысэхэм къыхохуэ: тхьэ зэраIуэ Iэмэпсымэу е Iэзэм сымаджэр зэригъэхъуж атрибуту къокIуэ. Адыгэ дахэхуэщIэми мывэупцIэкIэ йоджэ.
  • ЦIыху жьакIуэм, «пцIы дахэкIэ» узыIэпызышэм папщIэ псэлъафэу «мывэупцIэ IэщIэлъщ (иIыгъщ)» жаIэ.
  • Адыгэ  лы гъэжьэкIэ
  • ЛыпцIэр зэпаупщI г 35 — 40 хъууэ. Адыгэ бжьын плъыжь цIыкIур яукъэбз, лыри бжьынри псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, дзэху тепщэчым иралъхьэ, шыгъу, шыбжий сыр хаудэри, фIыуэ зэIащIэж. И щхьэр тепIауэ щIыIапIэм деж щагъэт дакъикъэ 15 — 20-кIэ. ИтIанэ лы тыкъыр цIыкIухэри бжьынри хъыдан гъущэкIэ ялъэщI. Щагъэжьэнум и деж япэщIыкIэ дзасэм лы тыкъыр фIалъхьэ, итIанэ бжьын псо, апхуэдэурэ дзасэм фIэз ящI, и кIэ дыдэм фIэлъын хуейр лы тыкъырщ. Пхъэ мафIэ дэпкIэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ, ягъажьэ, лыр хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Дзасэм къыфIалъэфри, пщтыру тепщэчым иралъхьэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ. Шэ хуабэ трафыхьыж. Сэбэпышхуэ яхуохъу псчэрейхэм, Iупс бзаджэ зиIэхэм, щIыIэ зыхыхьахэм.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • мэлылу — г 250-рэ,
  • адыгэ бжьын плъыжь цIыкIуу — г 150-рэ,
  • шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий  Борис.
  •  
  • Къуалэбзухэм я  цIэхэр
  • Мухоловка — жьыкъан.
  • Нырок красноносый — бабыщпэплъ.
  • Овсянка горная — къуршкIырыкъ.
  • Пеликан кудрявый — жьэдзыуэин.
  • Сплюшка — жьындуцIыкIу.
  • Баклан — хыбабыщ.
  • Стеноглаз — дурэшбзу, бзудамэплъ.
  • Волчок — бгъэкIэхьцIыкIу.
  • Трясогузка — мывэкIэпыс.
  • Погоныш — бгъэнджэд.
  • Желна — жыгыуIуфIыцIэ.
  • Рябинник — джэдгъалIэхуэлъэ.
  • Сверчок пятнистый — бзужэркусэ.
  • Буйволовая птица хывбзу.
  • Выпь — бгъэкIэхь, къамылджокъ.
  • Вяхирь тхьэрыкъуэпщэху.
  • Галстучник — щхьэщ, пшахъуэджэд.
  • Глухарь — хъунгъар.
  • Сойка мэзкъанжэ.
  • Фазан золотой мэзджэдщхьэтумэ.
  • Горлица кольчатая жыгтхьэрыкъуэ.
  • Барсучок — бгъэнбзу.
  • Бекас — сыр-сыр.
  • Голубь дикий — тхьэрыкъуэ Iэл.
  • Дубонос — дубэкъ.
  • Жэпуэгъуэ
  • Жэпуэгъуэ — бжьыхьэку мазэ. Ди зэманым къагъэсэбэпыр жэпуэгъуэ псалъэращ. А фIэщыгъэцIэм гъэм и лъэхъэнэр нэхъыфIу къигъэлъагъуэу къалъытэ. ЖыпIэ хъунущ мы мазэр тхьэлъэIу мазэу. Апхуэдэу, зэрыжылэу къызэдаIэту, абы щыгъуэ ящIырт Созэрэщ и тхьэлъэIушхуэр.
  • ТхьэлъэIур унагъуэ тхьэлъэIут. Созэрэщ и пщыхьэщхьэр щагъэлъапIэр бжьыхьэу гъавэр псори зэщIакъуэжа иужькIэт. СозэрэщкIэ адыгэхэр зэджэр хьэмкIутIей дакъэт, зэкIэщIэкIыкIауэ къудамибл тету. Созэрэщ и пхъэ дакъэр къащтэрти, къабзэу ятхьэщIырт. ИужькIэ унэм я нэхъыжьым къищтэрт, абы иужь джэгуакIуэр, пшынауэр, унагъуэм ис псори иувэрти, уэрэд жаIэу, пшынэ еуэу бжэм бгъэдыхьэрт. Пхъэ дакъэр зыIыгъ тхьэмадэр бжэм и деж щызэтеувыIэрти жиIэрт: «Созэрэщ, мы бжэр тхуIух».
  • Мыдрейхэри апхуэдэу лъаIуэрт. ИтIанэ бжэр зыгуэрым Iуихырти, псори щIигъэхьэрт. Иджы унэм я нэхъыжьым Созэрэщ и пхъэ дакъэр утыкум иригъэувэрт, абы уэздыгъэшыхьхэр кIэрыгъэпщIамэ, пигъанэрт. Созэрэщ и пхъэ дакъэм тет къудамэхэм уэздыгъэшыхьу кIэрагъапщIэр елъытат а унагъуэм цIыху бжыгъэу исым. Уэздыгъэшыхьхэм къинэмыщIауэ, Созэрэщ и пхъэ дакъэм и къудамэхэм кхъуей хьэбыкъуэ IэшкIэ ящIурэ кIэралъхьэрт. А псори зэфIэкIа иужькIэ унагъуэм ис псори Созэрэщ и пхъэ дакъэм еувэкIырти, я щхьэхэр Созэрэщ хуагъэщхъырт. Пхъэ дакъэр къауджыхьырт, тхьэ елъэIурт. ТхьэлъэIур зэфIэкIа иужькIэ псори зэхэтIысхьэжырти, шхэрт.
  • Мы тхьэлъэIум джэгукIэ, къафэ, гушыIэ хуэдэхэр пыщIауэ щыттэкъым. Шэч хэмылъу, Созэрэщ тхьэлъэIум зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ.
  • Мы мазэм хеубыдэ тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIури. Ар щекIуэкIыр бжьыхьэ мазэу жэпуэгъуэм и пэ махуэхэрщ. Жылэм, уеблэмэ псыхъуэм къуажэу дэсыр зэпэмыжыжьащэмэ, псори зэхыхьэрэ тхьэлъэIушхуэ ящIыжу аращ, гъэм берычэту къахэхъуам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу.
  • ТхьэлъэIур щекIуэкIыну тхьэм и губгъуэм цIыхур пщэдджыжь нэмэзым къекIуалIэрт. Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу етхыж: бжьыхьэм, гъавэр зэщIакъуа иужькIэ, япэрей махуэр ехьэжьауэ ягъэтхьэлъэIушхуэт. Япэ щIыкIэ Тхьэшхуэгухьэж зэращIым ехьэлIауэ хъуэхъу яIэт. Тхьэм елъэIуа иужькIэ ефэ-ешхэ къызэIуах, мэджэгу, я нэгу зрагъэужь.
  • Тхьэшхуэгухьэжыр зэрекIуэкIыр зы махуэт, абы къыхэкIыу, къафэ, гушыIэхэр нэхъ мащIэт. Мы тхьэлъэIум къыгуэх имыIэу щыщ пкъыгъуэт шы гъэджэгухэмрэ шу зэпеуэхэмрэ. Мыбы щыгъуэ шэщIауэ шыгъажэ ящIыртэкъым. Ауэ шы джэгукIэхэр нэхъ куэд хъурт.
  • ТхьэлъэIур нэгузыужьу екIуэкIырт. Псом хуэмыдэу къахуэгъэсыртэкъым Тхьэшхуэм щхьэкIэ ящIыну уджыр. Абы псори гуфIэжу хэтт. Мы уджым ухагъэхьэртэкъым Тхьэшхуэр уи фIэщ мыхъумэ, жумарту, хьэлэлу ущымытмэ.
  • НэхъыщIэ  нэхъ  щIасэщ
  • Быныр нэм и хъуахуэщ.
  • Еблагъэ зи бэм и бын мэжалIэркъым.
  • Джэду хьэжы зыкъещI.
  • Зэхуэфащэ зэщауэгъущ.
  • НэхъыщIэ нэхъ щIасэщ.
  • Унагъуэ зиIэм унагъуэ и пIалъэ ещIэ.
  • Бысым гуащэщIэ хьэщIэ и щIасэщ.
  • Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.
  • Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ.
  • Къуажэ дэз Iыхьлы нэхърэ — жылэ и зырыз благъэ.
  • Нэм пэжыжьэми, гум пэблагъэщ.
  • Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
  • Псэр зэхъуапсэр дахэщ.
  • Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.
  • ХьэщIэр бысымым и гъэрщ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 2. Фэ дахэ зиIэ цIыху е напэм, щIыфэм и теплъэ. 6. …-абхъаз зауэм ди адыгэ щIалэхэм лIыгъэ щызэрахьащ. 7. Псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 8. … зытеха къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 10. Плъыр, къэрэгъул, … 11. Хьэ лъакъуэрэ … лъакъуэрэ пхуэубыдын? 16. Мыдрисэм щеджэ. 17. Дунейм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм дэкIа адыгэ бзылъхугъэ Мэз … 19. Лъапэ зыпымыт цIыхухъу щыгъын. 20. КъБКъУ-м и 2-нэ ректору щыта. 22. Пшынауэ, уэрэдус, КъБР-м и цIыхубэ артист. 23. ЗэрымыщIэкIэ ирахьэжьа хъыджэбзым кIэлъыщIэпхъуа гуп. 25. Адыгэ композитор Iэзэу щыта, УФ-м и къэрал саугъэтыр зрата. 27. Дунейм и щIэрэщIэгъуэ зэман.
  • Къехыу: 1. Зи щIалэгъуэр зэи имыкIыу жэнэтым ис тхьэIухуд. 2. Анэкъилъху. 3. Зи щхьэгъусэр дунейм ехыжа цIыхубз. 4. « … дахэкIей» — Къардэн Хьэсэнрэ Бахъуэ БетIалрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ. 5. … хъунур шкIэ щIыкIэ къощIэ. 9. Бахъсэн районым щыщ къуажэ. 11. Акъсырэ Залымхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» хэт лIыхъужь нэхъыщхьэ. 12. Литературэ тхыгъэ. 13. Унагъуэ къэс щIэлъ Iэмэпсымэ, хьэпшып. 14. Шы «вакъэ». 15. Шы къэпщIэнтIам къыщхьэщих бахъэ. 18. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ. 20. Бжэм и … макъ. 21. «Аркъэ», «шагъыр», «махъсымэ» псалъэхэр къызэщIэзыубыдэ. 24. Бдзэжьей зэрещэ. 26. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз  Ахьмэдщ.
  • Жэпуэгъуэм и 2-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Iуащхьэ. 4. ЩхьэкIуэ. 8. Акъ. 9. Егъу. 10. Цыхъар. 14. Пхуэфащэмэ. 19. УимыкI. 21. Хъун. 22. Ущ. 23. Щыпкъэ. 24. Хьэчим.
  • Къехыу: 2. Аргъуей. 3. Хьэнцэ. 5. Хьэкъурт. 6. КIурацэ. 7. Щихъ. 11. Шхуэ. 12. Къан. 13. Кумб. 15. Менлы. 16. Дудакъ. 17. ПкIауэ. 18. Гъэузи. 20. Мэш.