«Адыгэбзэм и Гупсэхэм» я пшыхь гукъинэ
2021-10-05
- Адыгэбзэр IэщIагъэу къыхэзыхыу гъащIэ IэнатIэ зыхуэзыщIыжахэм хуэдэу, лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Сыт хуэдэбзэри къэгъэщIыгъэ телъыджалъэщ, ар зыIурылъ лъэпкъым и дуней лъагъукIэм хэлъ хьэлэмэтагъ псори къызэщIиубыдэу. Ауэ анэдэлъхубзэр сытми йолъэпIэкI, абы хэущэхуа дуней зыхэщIэр, лъэпкъ гупсысэкIэр, щэныр анэ быдзышэм хэлъу сабийм хэпща зэрыхъум къыхэкIыу. Анэбзэм къару лъэщ къуэлъщ, цIыхугъэм и бзыпхъэу, дахагъэм и щысэу зэрыщытым къыхэкIыу. Мис а цIыхугъэмрэ дахэ щапхъэхэмрэ щIэблэм деж нэзыхьэс иджыкIэ зыри щыIэкъым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм къищынэмыщIауэ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм щхьэкIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьыр щIызэхишам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри аращ — лъэпкъым Iуэхутхьэбзэшхуэ хуэзыщIэхэр гъэлъэпIэнырщ.
- «Адыгэбзэм и Гупсэхэр» — арат зэреджэр Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми щыщ егъэджакIуэхэр зыхэта, ЕгъэджакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща махуэщI пшыхьым. Адыгэбзэ Хасэр къызэрыунэхурэ иригъэкIуэкI мы гуфIэгъуэ дауэдапщэр зэхэмыхьэу зэ закъуэщ къызэрыхъуар — дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ ар нэгъабэ абы хуегъэкIуэкIатэкъым. Арагъэнущ, дуней уэлбанэм емылъытауэ, концертым кърихьэлIахэм пшыхьыр гуапэуи хуабэуи къащIыщыхъуар. Куэд лъандэрэ зэрымылъэгъуахэр зэрызэхуэзэшар егъэджакIуэхэм я нэгум къищырт, я зэхэтыкIэм къиIуатэрт.
- ГуфIэгъуэ пшыхьым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр, КъБР-м и щIыналъэхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, курыт еджапIэхэм я унафэщIхэр. Апхуэдэу, концертым кърихьэлIащ лъэпкъ Iуэхур дэхыным жыджэру телажьэу Къэбэрдейм ит Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
- «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ гупым и уардэунэшхуэм щызэхыхьа пшыхьыр къыщызэIуихым, Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат къызэрыхигъэщамкIэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэсибгъу мэхъу, дэтхэнэ зыри гукъинэжрэ Iуэхугъуэ куэдкIэ гъэнщIащ. «Илъэсибгъур цIыху гъащIэм еплъытмэ, мащIэ дыдэщ, ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъегупсысмэ, ар мащIэкъым, зыгуэрхэри тлъэкIауэ къысщохъу. ЦIыхур къозышалIэри къыббгъэдэзышри Iуэхущи, абы егъэджакIуэхэмрэ дэрэ гъунэгъу дызэхуищIащ, быдэуи дызэпищIащ. Хьэкъыу си фIэщ мэхъу «Адыгэбзэм и ГупсэкIэ» дызэджэ ди гъэсакIуэхэм, ущиякIуэхэм, егъэджакIуэхэм я фIэщ дызэрыхъуар, дзыхь къызэрыдагъэзыр. Нобэ, шэч къытумыхьэу жыпIэ хъунущ, ди хэгъэгум анэдэлъхубзэр сабийм езыгъащIэ егъэджакIуэхэм ящыщу зэрымыцIыхурэ нэIуасэ зэхуэмыхъуарэ зэрахэмытыр, зыр зым и лэжьыгъэфIкIэ дэгуашэу, зым и щIэныгъэр адрейм бгъэдилъхьэу зэрызэлъэIэсыр, егъэджэкIэ Iэмалхэмрэ методикэ гъэунэхуныгъэхэмрэ зэрызэIэпахыр, зэпеуэхэмрэ зэныкъуэкъухэмрэ хьэрхуэру зэрыхыхьэр. Я зэманрэ Iуэхурэ щIэблэм трагъэкIуадэу лажьэ егъэджакIуэм хуэмыфащэ гулъытэ щыIэкъым. Адыгэбзэ Хасэм и къалэн нэхъыщхьэр — адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэм и Iуэхум пщIэшхуэм зэрыпылъыр зыхедгъэщIэныр — къыдэхъулIауэ къысщохъу. Ар нэхъри я фIэщ хъун щхьэкIэщ мы гуфIэгъуэ пшыхьым хуэдэхэри къыщIызэдгъэпэщыр», — жиIащ Табыщ Мурат.
- Пшыхьыр дахэу икIи екIуу ирагъэкIуэкIащ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ Хасащхьэм щыщ Бакъ Мадинэрэ.
- Мы гъэм къызэрагъэпэща концертым и зэхэтыкIэм мащIэу зихъуэжащ. Нэхъапэхэм я цIэ къраIуэурэ лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр ягъафIэу щытамэ, иджы утыкур сыт щыгъуи зыгъэбжьыфIэ, цIыхухэм гукъыдэж къезыт уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ Адыгэбзэ Хасэм и цIэкIэ езы егъэджакIуэхэм ягъэлъэпIащ. Апхуэдэ егъэкIуэкIыкIэр егъэджакIуэхэр зы хасэ унагъуэу, зы IэщIагъэм зэришалIэ бынунэшхуэу зэрыщытыр я фIэщ щIыным хуэунэтIат. Адыгэбзэм и IэфIагъыр зыхегъэщIэным псэ- емыблэжу телажьэ гупсэхэм я хъуэхъубзэ дахэр иджы щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм яхуэунэтIат, абы лъэныкъуитIри къызэщIиIэтэу пшыхьыр гъэщIэгъуэн дыдэуи иукъуэдият. ЗыхэпщIэрт гумрэ псэмрэ къыбгъэдэкI псалъэхэм артистхэм ягу зэрыхигъахъуэр, я гукъыдэжым зэрызригъэIэтыр.
- Ипэ ита илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми гуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ, апхуэдэу Адыгэбзэ Хасэм и фIыщIэгуапэ тхылъхэр иратащ Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хьэкъул Оксанэ, Тхьэзэплъ Залинэ, Бэч Азэмэт, Дэгу Каринэ, ДыщэкI Артур, Чылар Нэсрэн, Мэршэн МуIэед, ГъукIэ Ислъам, Теркъул Ислъам, Жыгун Эдик сымэ. Пщыхьэщхьэр къафэкIэ ягъэщIэрэщIащ Унэжокъуэхэ Тимуррэ Заремэрэ зи унафэщI «Шагъдий» цIыхубэ къэфакIуэ гупым.
- Адыгэбзэ Хасэм мы гъэм иригъэкIуэкIыну и гугъэ лэжьыгъэм и зы зэхыхьэщ гукъинэжу екIуэкIа пшыхьыр. Дыщогугъ дяпэкIэ утыку кърихьэну зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм ар и щыпэешажьэ махуэ хъуну, анэдэлъхубзэм иIэ щытыкIэм и зыкъыIэтыпIэу къыщIэкIыну.
- ШУРДЫМ Динэ.