Гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей
2021-09-04
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэтIысхьахэмрэ.
- Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэ куэд яжриIащ КIуэкIуэ Казбек. Япэ классым щIэтIысхьэ цIыкIухэм защыхуигъазэм, абы къыхигъэщащ ЩIэныгъэхэм я махуэр абыхэм я дежкIэ дуней щIэщыгъуэм хэзышэну гъуэгум и къежьапIэу зэрыщытыр икIи абдеж щегъэжьауэ абыхэм гъащIэм къащыхуэщхьэпэн гъэщIэгъуэн куэд къызэращIэнури жиIащ. Апхуэдэу КIуэкIуэм фIыщIэ яхуищIащ къыхаха IэщIагъэм хуэпэжу я къалэн гугъур жэуаплыныгъэ зыхащIэу зыгъэзащIэ егъэджакIуэхэми.
- ЩIэныгъэхэм я махуэм хуэгъэпса псалъэ гуапэхэр КъБР-м и Iэтащхьэм щитхащ и Инстаграм напэкIуэцIми. «ПщIэ зыхуэсщI, Къэбэдей-Балъкъэрым и цIыхухэ! ШколакIуэхэ, студентхэ, егъэджакIуэхэ, адэ-анэхэ! Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, гъэ еджэгъуэщIэр зэрывублэжымкIэ, — итщ а зыхуэгъэзэныгъэм. — ФокIадэм и 1-р дэтхэнэ егъэджакIуэми гъэсакIуэми я дежкIэ зыпэрыт IэнатIэм и гъунэщIэр щрилъ, зыхуэзэша и гъэсэнхэм щаIущIэж гуфIэгъуэ махуэщ. ШколакIуэхэмрэ студентхэмрэ ядежкIэ а махуэр мэхъу щIэныгъэщIэхэр зэгъэгъуэты-ным, ныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, къэкIуэну гъащIэ хьэлэмэтым икIи купщIафIэм я щIэдзапIэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зи гъащIэр епха дэтхэнэми сохъуэхъу лъэхъэнэщIэр Iуэху гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ ефхьэкIыну, щIэныгъэщIэхэм я дунейм фыхэзышэ нобэрей махуэр угъурлы дыдэ псоми тхуэхъуну».
- А махуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ ин щекIуэкIащ Май щIыналъэми. Абы хыхьэ Ново-Ивановскэ жылэм фокIадэм и 1-м къыщызэIуахащ Козуб Шурэ и цIэр зезыхьэ лицей №7-м и унэщIэр. Ухуэныгъэр зэфIагъэкIащ «Кавказ Ищхъэ-рэ федеральнэ щIыналъэм зегъэужьын» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ.
- Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Гек- киев Заур, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, Май районым и администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ Татьянэ, УФ-м и Лъэпкъ гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Трушин Алексей, щIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къуажэдэсхэр.
- КъБР-м и Парламентым и депутатхэм къабгъэдэкIыу Егоровэ Татьянэ махуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ къызэхуэса псоми.
- — ФокIадэм и 1-р гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей махуэщ куэдым я дежкIэ. Ар идопх щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным ехьэлIа IэмалыщIэхэм, творческэ бгъэдыхьэкIэщIэхэм, ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзышэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм. А псори зэпхыжар къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ етыныращи, егъэджакIуэхэми, школакIуэхэми, адэ-анэхэми фи гугъапIэхэр нахуапIэ хъуну сынывохъуэхъу, — къихигъэщащ Егоровэм. — Ново-Ивановскэ жылэм щыпсэухэм я дежкIэ нобэрей гуфIэгъуэр тIуащIэщ: ЩIэныгъэхэм я махуэм япэу и бжэхэр къызэIуех сабий 440-рэ щеджэным хуэщIа школыщIэм. Ар еджапIэ дахэщ жыпIэныр мащIэ дыдэщ — школыщIэр къызэгъэпэщащ зыхуей-зыхуэфI псомкIи, абы Iэмал псори иIэщ щIэблэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтынымкIэ.
- КъБР-м и Парламентым и пресс- IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Егоровэр гуапэу ехъуэхъуащ школыщIэм и егъэджакIуэхэми, щеджэну цIыкIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми. Гулъытэншэ ищIакъым КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэри икIи къыхигъэбелджылыкIащ щIыпIэм, республикэм щыпсэу дэтхэнэми зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэр къэралыгъуэр нэхъри зыгъэбыдэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр.
- Парламентым и пашэм жиIа псалъэхэм къыдыщIагъуу, гуфIэгъуэ зэхуэ-сым кърихьэлIахэм гуапэу ехъуэхъуащ Геккиев Заур, Саенкэ Татьянэ, нэгъуэщIхэри. ШколыщIэм и бжэр къызэIуахыу, абы ищIа лентI плъыжьыр зэпаупщIащ хьэщIэ лъапIэхэм. ЕджапIэр зыухуа «АССО» фирмэм и унафэщI Настаев АлисулътIан лицеищIэм и пашэ Хив- рич Еленэ тыгъэ хуищIащ унэщIэм и IункIыбзэIухыр.
- ГуфIэгъуэм хэтахэм школыщIэм зыщрагъэплъыхьащ, фэеплъ сурэтхэ-ри зытрагъэхащ.
- Махуэшхуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэми, абыхэм епха колледжхэми. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэр-дей-Балъкъэр къэрал университе-тым фокIадэм и махуэшхуэхэм, ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я илъэсым ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Иджырей урысей щIэныгъэр» лекцэ зэIухахэр. КъБКъУ-ми абы и къудамэ псо-ми щекIуэкIащ лекцэ купщIафIэ зэмылIэужьыгъуэу 23-рэ. Абыхэм къеджащ университетым и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. «Иджырей щIэныгъэм зэрызиужьыр», «Жылагъуэмрэ щIэныгъэмрэ», «ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» темэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуат лекцэхэр. Студентхэм хьэлэ-мэт куэд яжезыIахэм ящыщщ химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэшыр Светланэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и щIэныгъэ унафэщI Грусман Владимир, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым грантхэмкIэ и къудамэм и инженер Тумэ Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри. ФокIадэ мазэм къриубыдэу апхуэдэ лэжьыгъэхэм пащэнущ.
- КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым къыщызэрагъэпэща апхуэдэ гуфIэгъуэм зыкърахьэ- лIащ абы щылажьэ IэщIагъэлIхэмрэ щеджэ студентхэмрэ нэмыщI, абыхэм я адэ-анэхэми. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIэкIащ КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн. Ар къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ ЩIэныгъэ-хэм, КъБР-м и Къэралыгъуэм я махуэмкIэ.
- — Нобэ, ЩIэныгъэхэм я махуэм, студентрэ школакIуэу минищэ бжыгъэ- хэм яублэжащ лъэхъэнэщIэр. Си гум къыбгъэдэкIыу захузогъазэ егъэджэныгъэм хыхьэжахэми, еджапIэхэм я бжэхэр япэу къызэIузыхахэми. Дэтхэнэм и дежкIи нобэрей махуэр ирехъу ехъулIэныгъэщIэхэм, щIэныгъэщIэхэм укъыхуезыджэ уэздыгъэ нэху, къахущIрекI ар лъагапIэщIэхэм хуэзышэ гъуэгу бгъуфIэ, — жиIащ Апажэм. — Ди мэкъумэш университетым щеджэхэм, абы и езанэ курсым къыщIэтIысхьа щIалэгъуалэм сохъуэхъу къыхаха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтыну, студент илъэсхэр щызу, Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ икIи хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIауэ ирахьэкIыну. Университетым и егъэджакIуэхэм ялъэкI псори ящIэнущ, фэ щIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтын папщIэ. Абы щхьэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къызэгъэпэщащ зыхуэныкъуэ псом- кIи: техникэ лъэщхэмкIи, технологие пэрытхэмкIи, IэщIагъэлI IэзэхэмкIи. Студентхэм IэмалыфIхэр яIэщ зрагъэгъуэт теорие щIэныгъэр практикэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэбыдэжыну. Апхуэдэхэм я бжыгъэр 200-м нызэрохьэс. КъинэмыщIауэ, еджэным къыщыдэхуэ зэманым ди студентхэр жыджэру хэтщ университетым, республикэм и жылагъуэ гъащIэм. Ди щIалэгъуалэм ящыщ куэд дахьэх спортым, гъуазджэм, щэнхабзэм.
- Ректорым зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш университетыр лэжьыгъэкIэ япыщIащ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ, къапщтэмэ, Абхъазым, Азербайджаным, Белоруссием, Словакием, Корее Ипщэм, Швейцарием я мэкъумэш университетхэр, институтхэр.
- Университетым и езанэ курсым и студентхэм зыщрагъэплъыхьащ еджапIэм и унэхэм. Абыхэм папщIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ концертышхуэр куэдым ягу ирихьащ. Зэхуэсым и кIэу-хыу абы хэтахэм зытрагъэхащ фэеплъ сурэтхэр.
- Апхуэдэу гукъинэу, Iэтауэ, атIэми «Роспотребнадзор»-м къигъэув санитар-эпидемиологие хабзэхэм тету, ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ къалэхэм, къуажэхэм дэт курыт школ псоми. Ахэр ягъэдэхащ еджакIуэхэм къызэрагъэпэща концертхэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.