ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным и махуэмкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэ

2021-09-04

  • Урысей махуэгъэпсымкIэ фокIадэм и 3-р Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным теухуа махуэщ. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ 2004 гъэм фокIадэ мазэм и япэ махуэхэм Беслъэн къалэм къыщыхъуа гукъутэ Iуэхугъуэхэм. Абы щыгъуэм терактым цIыху 300-м щIигъу хэкIуэдауэ щытащ, я нэхъыбэр сабийуэ. А къэхъукъащIэ шынагъуэм къигъэлъэгъуащ абы и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ и гъэзэщIакIуэхэмрэ я нэмыукIытэншагъэм, гущIэгъуншагъэм, бзаджагъэм, гъэпцIагъэм гъунэ зэримыIэр.

  • Терроризмэр лейзехьэ Iуэхугъуэшхуэу зэрыщытыр Къэбэрдей-Балъкъэрми игъэунэхуащ. Иджыри тщыгъупщакъым 2005 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм щIыналъэм щекIуэкIа къэхъукъащIэхэр. Абы щыгъуэ Налшык щызэрахьэ терактым хэкIуэдащ къызэрыгуэкI цIыху 15-рэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу 35-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми, терроризмэм хэщIыныгъэншэу дыпэщIэтыфакъым.
  • Террористхэм яIэщIэкIуэдахэр тщыгъупщэркъым. Дэ, нобэ псэухэм, ди къалэнщ бзаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъыр тхъумэным къищынэмыщIауэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зэи къэмыгъэхъужынымкIэ тхузэфIэкI тщIэныр. Абы папщIэ лъэпкъ куэд щыпсэу Урысейм, зэманми игъэунэхуауэ, лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI зэгурыIуэныгъэр, зэхущытыкIэфIхэр, псэкупсэ лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр, хабзэ дахэхэр зэрытхъумэным, зэрыщIэдгъэбыдэным дыхущIэкъун хуейщ.