Зыужьыныгъэм и джэлэс
2021-09-01
- Ди щIыналъэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык щаухуауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я уставыр». А дэфтэрым ипкъ иткIэ, къалащхьэм къыщызэIуахат классищ къыщыбух хъуну еджапIэ. Абы сабийхэр щыхурагъаджэрт, псом япэрауэ, дин Iуэхум, адэкIэ урысыбзэм, есэпым, географием, гулъытэ щыхуащIырт сурэт щIынымрэ дахэу тхэнымрэ.
- ЕджапIэм хэт пансионым щыIэхэр унагъуэ къулейхэм, лъэпкъ цIэрыIуэхэм къахэкIа щIэблэт. Нэхъ иужьыIуэкIэ еджапIэм къащтэу хуежьащ адыгэ, балъкъэр мэкъумэшыщIэхэм я бынхэри. 1873 гъэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр класс хэха къыщызэIуахащ окружной еджапIэм. ИтIани, лъэпкъ щIэныгъэлIу, IэщIагъэлIу диIэр мащIэ дыдэт: 1878 гъэм ирагъэджа цIыху 7384-м адыгэу яхэтыр 89-т, балъкъэру — 35-т. Апхуэдэ еджапIэхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтауэ щытащ ди лъэпкъ щIэныгъэм, щэнхабзэм я лъабжьэр зыгъэтIылъахэу ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Абыкъу Мухьэмэд, Къармэ Исхьэкъ, Сэхъу Гъузер, Тамбий Пагуэ сымэ, нэгъуэщIхэми. АдэкIэ абыхэм къащIэуващ егъэджэныгъэ IэнатIэм ди лъахэм зыщезыгъэужьа, абы и жылэ псоми щIэныгъэм и нэхур дезыгъэдза IэщIагъэлI гупышхуэ.
- 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэм жылагъуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыкIэлъыкIуащ. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэми яужь щихьащ цIыхубэ щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным. РСФСР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и наркомым 1918 гъэм къыдигъэкIа «Зи цIыху бжыгъэр мащIэ лъэпкъхэм щыщхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным теухуауэ» унафэм ипкъ иткIэ, совет школхэр 20 гъэхэм я пэщIэдзэм къыщызэрагъэпэщу хуежьащ Къэбэрдейми Балъкъэрми. ЕджапIэхэм ира-тырт нэхъапэIуэкIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ щыпсэуа унэшхуэхэр. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хущIэкъу бгырысхэм жылэ зэхуэс-хэм унафэхэр къыщащтэрт школхэр я щIыпIэм къыщызэIухыным ехьэлIауэ. Зэман кIэщIым къриубыдэу Налшык и закъуэ къыщызэIуахауэ щытащ еджапIи 10-м щIигъу. Тэрч облревкомым и унафэкIэ а IэнатIэм къепхауэ къызэIуахауэ щытащ щIыналъэм и школхэм IэщIагъэлIхэр щыхуагъэхьэзыр курсхэр. А Iуэхум жыджэру хэтахэм ящыщщ лъэпкъ егъэджакIуэ цIэрыIуэхэу Цагъуэ Нурий, Елбэд Хьэсэн сымэ.
- 1921-1922 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ щылажьэрт школ 65-рэ. Абыхэм кIуэрт ныбжьыщIэ 3500-рэ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэм иригушхуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Советхэм я 3-нэ съездым унафэ щащIащ щIыналъэм хиубыдэ жылэ къэс 1924 гъэм ирихьэлIэу школ къыщызэIухын хуейуэ. Налшык Iэмал имыIэу лэжьэн щыщIидзэн хуейт еджапIэ къалэ цIыкIум, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI хырых — къуа-жэ гъэзэщIакIуэ комитетым и секретаррэ IэщIагъэлIрэ, парт, комсомол лэжьыгъэхэр зезыгъэкIуэн, егъэджакIуэ, тыкунтет — къуажэ къэс хуигъэхьэзырыныр и къалэн нэхъыщхьэу. Апхуэдэуи хъуащ: илъэситI нэхъ дэмыкIыу ди щIыналъэм щылажьэт пэщIэдзэ школи 124-рэ, илъэсибл школи 2. Псори зэхэту абыхэм щеджэрт сабий 7619-рэ (абыхэм я Iыхьэ щанэм нэсыр хъыджэбз цIыкIухэт). А школхэм щылажьэрт егъэджакIуэ 262-рэ.
- Школхэр шэщIауэ къыщызэIуах илъэсхэм адыгэбзэм и алыфбейр щыIэт хьэрып, урыс тхыкIэхэм тету. Ди къэралыгъуэр щызэфIэувэ япэ илъэсхэм алыфбеитIри зэгъусэу къагъэсэбэпащ. ИужькIэ, 1923 гъэм и пэщIэдзэм адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хуэунэтIа зэIущIэ ин Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ. Абы унафэ къыщащ- тащ адыгэбзэр дяпэкIэ латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А Iуэхум яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. А зэманым ар Налшык округым щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу лажьэрт. Хъураным и алыфбейр 1925 гъэм иригъэфIэкIуауэ щытащ Борыкъуей ТIутIэ, арщхьэкIэ илъэси 5 дэкIри, абыи зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ икIи къыкIэлъыкIуэ илъэс зыбжанэм абы тетащ.
- 1935 гъэм адыгэбзэр латин графикэм кърахри, урыс тхыкIэм ирагъэзэгъащ. А лэжьыгъэри зыгъэзэщIар Борыкъуей ТIутIэщ. Иджырей ди анэдэлъхубзэм иужьрей зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьар 1939 гъэрщ. Абы елэжьауэ щытащ еджагъэшхуэ Яковлев Николай зи пашэ щIэныгъэ комиссэ щхьэхуэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным псэ хьэлэлу хуэлэжьа лъэпкъ IэщIагъэлI 22-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1939 гъэм иратауэ щытащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр.
- Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм курыт школхэм я нэхъыбапIэм лэжьыгъэр щызэпагъэуауэ щытащ Iэмалыншагъэм къыхэкIыу. Бийр ди щIыналъэм зэрырахужу абыхэм я бжэхэр къызэIуахыжащ икIи, псы хуэлIа къэкIыгъэм хуэдэу, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэм еджэным пащащ.
- Егъэджэныгъэ IэнатIэм хэпщIыкIыу зиужьащ зауэ нэужь лъэхъэнэм. Совет Союзым щызэтеу-ва школ егъэджэныгъэр дуней псом щапхъэу къыщахьу екIуэ-кIащ лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм нэсыху. Къэралым а лъэхъэнэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр егъэджэныгъэ IэнатIэми нэсащ. ЩытыкIэр къалъытэри, республикэм и курыт школхэм зэрыщрагъаджэ программэхэм хагъэхьауэ щытащ лъэпкъ-щIыналъэ Iыхьэр. Абы ипкъ иткIэ гулъытэ хаха хуащIу хуежьащ лъэпкъыбзэхэр, тхыдэр, щэнхабзэр джыным. Апхуэдэу школакIуэхэм нэхъ хэкъузауэ ирагъэджу хуежьащ зрагъэгъуэтыну я мурад IэщIагъэм епха предметхэр (профильнэ егъэджэныгъэ). КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм гулъытэ игъуэтащ еджапIэхэр Интернетым пыщIэным, дунейпсо мардэхэм яхуэкIуэ технологие пэрытхэр лэжьыгъэм шэщIауэ къыщыгъэсэбэпыным.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым щолажьэ курыт щIэныгъэ щIэблэм щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ 266-рэ. Абыхэм екIуалIэ ныбжьыщIэ мини 115-м щIигъум ядолажьэ IэщIагъэлI мин 12-м нэс. Абыхэм ящыщу мини 7,5-м щIигъур егъэджакIуэщ. Ди мащIэкъым Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэфIхэр, ди куэдщ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр. Курыт школхэм, лицейхэм курыт щIэныгъэ щызэзыгъуэт ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм щыхагъахъуэ ди республикэм щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэхэщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр (1932 гъэ), КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр (1981гъэ), Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр (1990 гъэ), КооперацэмкIэ, экономикэмрэ правэмкIэ Белгород университетымрэ Иджырей гуманитар академиемрэ я къудамэхэу ди республикэм щылажьэхэр. Студент минхэм щIэныгъэ куу щрагъэгъуэт а еджапIэ нэхъыщхьэхэми абыхэм къепха колледжхэми ящыщ дэтхэнэми тхыгъэ щхьэхуэ яхуэфащэщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зиужьыным, дапщэщи хуэдэу, республикэм и унафэщIхэм гулъытэ лъагэ хуащI, ди къэралыгъуэр нэхъри зэрыбгъэбыдэ хъуну Iэмалхэм ар зэращыщыр къагурыIуэу.
- ТАМБИЙ Линэ.