Жьыбгъэм ихьыжахэр…
2021-08-21
- ЯгъэкIуэдат… Мы псалъэ жагъуэр нэпкъыжьэу зытелъ цIыху дапщэу пIэрэ адыгэхэм нобэ къытхэтыр? БлэкIам и удын бзаджэр зридзауэ дапщэу пIэрэ нобэ псэууэ щыIэр? Ар жыIэгъуей хъуну къыщIэкIынщ. Ауэ я щхьэ кърикIуа бэлыхьлэжьаехэм гур якъутэми, щIэблэ къызыщIэнахэм Тхьэр етат жыпIэ хъунущ, адэжь-анэжьхэм я фэеплъыр къазэрыхуэнам, гукъэкIыж гуэрхэр зэрахъумэфам щхьэкIэ. Я цIэ къудей къэмынэу щыIэныгъэм лъэужьыншэу хэкIуэдыкIыжа лъэпкъхэм я натIэ хъуам уеплъмэ, «ягъэкIуэдат» псалъэм кIуэцIылъым уегъэтхытх, фэеплъым и мыхьэнэри гуащIэу зыхыбощIэ… ЩауапцIэхэ, Тогъуланхэ, Ашабэхэ, Сидхэ, Цыбылэхэ, НапцIэхэ, нэгъуэщI лъэпкъхэми я цIэ къыпхуиIуэнут – ахэр адэжь щIыналъэм щыув псэукIэщIэм лей ищIакIэт, ящыщ гуэри щыIэжкъым, я фэеплъи зыхъумэни къащIэнакъым. Арыххэуи, къэзыгъэзэжа нэхъыжьхэм я жыIауэ, я махуагъэти, жаIэжыни зыжраIэжыни щыIэщ…
- Зы нанэ мыпхуэдэу жиIэгъат: «Джэбыныншэ хъуа ди тхьэмыщкIэхэм дащытепсэлъыхькIэ, жьэрымэ яхуэдгъэу къытщыхъуу допсэу. Ягъэвар пхуэмыIуэтэжыну зэрыхьэлъарагъэнущ, гум зэрыдэгъэхуэгъуейрагъэнущ ахэр щIытщымыгъупщэр, я гугъу дымыщIуи щIагъуи щIыдэдмыгъэкIыр. Я сурэтхэм дыщеплъкIэ, сыту куэдыIуэ щIэрыщIэу нэгум къыщIэувэжрэ, сыту куэдыIуэ гум къыдридзеижрэ… Лажьэ ямыIэу зэхэзехуэн ящIахэм дыщэри данэри я Iуэхуакъым, мылъкури былымри кърадзакъым, я щхьэр хъумэным къыдэкIуэу, зэпхъуэри ягъэпщкIури я Iыхьлыхэм я сурэтхэрт, я бгъафэм телъу здыдахыр абыхэм я фэеплъхэрт. ЩытыкIэ хьэлъэ дыдэ ихуэгъа ди тхьэмыщкIэхэр а сурэтхэм къарит къарум къыщызэщIиIэта икIи псэууэ къыщигъэна куэд дыдэрэ къэхъуащ. Гугъэр сыту къаруушхуэ-тIэ…».
- ЯгъэкIуэдахэм я щIэблэм нэхъыжьхэм къащIэна сурэтхэр хуэсакъыпэурэ яхъумэ: мыпсалъэу, зыгуэр къэзымыIуатэу зыри яхэткъым. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Шурдым Мусэбий и унагъуэм щахъумэ сурэтхэми уэршэр кIыхь къызытемыхъеикIын щIагъуэ яхэлъкъым. Зыр къэпщтамэ, пхузэгъэтIылъэкIыркъым, къыкIэлъыкIуэми уеплъыну Iэмал хуэбгъуэтыркъым – псори тхыдэрэ хъыбару зэIылъщ. Мис апхуэдэ гукъэкIыжщ а унагъуэм хуэсакъыу щызэрахьа сурэтитIым къапкърыкIауэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну дызыхуейр.
- Сурэтхэм къыщылъагъуэр Къугъуэлъкъуей къуажэм щыщ Тэнащ Ислъам и бынхэрщ — Мэжидрэ Чэбэхъанрэ. Я нэгум къищ гупсэхугъуэм узыIэпишэмэ, я гущIэм Iэджэ гукъути щызэтелъщ абыхэм. Шурдымхэ я ныса Чэбэхъан и щIэблэр гугъу ехьащ жыпIэныр мащIэщ, апхуэдизкIэ зэхэзехуэн бзаджэ ахэр хъуати: хэкум ирагъэкIат, къызыхэкIар щхьэусыгъуэ хуащIу абы текIуэдэжари мащIэкъым. Шурдымхэ «дагъуэр» я куэдт: уэркъ лъэпкът, хуэщIауэ псэурт, зыхыхьэм къахэщырт. ГъащIэщIэм и жьыбгъэ къыкъуэуам ирихьэжьахэм ящыщ куэдыр дунейм темытыжми, ялъэгъуар къэзыIуэтэж сурэтхэр къэнауэ нобэми щыIэщ…
- Тэнащ Ислъамрэ Шурдым Даутрэ зэныбжьэгъуу, зэгъусэу ежьэрэ мазэ бжыгъэкIэ зекIуэ къэту зэщауэгъу пэжу къызэдэгъуэгурыкIуат. Зым и гуфIэгъуэр адрейм и хъерт, зым и гуауэр адрейм и нэщхъеягъуэт. МащIэ гъэунэхупIи ихуакъым ахэр, зыр адрейм щыгугъи дзыхь хуищIи зэрыхъунур хьэкъыу япхыкIат. КъаIэрыхьауэ ирехъу, къахэхъуэу щрет, зекIуэм я IэмыщIэ къихьар я зэхуэдитIт. «Тэнащ и къуэм и щыпэ хэдэурэ, Шурдым и къуэм къыхиха IыхьитIым нэхъей» гушыIэ зыхэлъ псэлъафэр щIэблэм къахуэзыгъэнар ахэращ. ЖыIэгъуэм зи гугъу ищIым Iуэху хэлъщ. ЗекIуэ зэрежьэнумкIэ сыт щыгъуи хъыбар зытыр Шурдым Даутти, къуентхъым япэу хэдэри Ислъамт. Апхуэдэурэ мащIэ кIуами, куэд кIуами, икIэм-икIэжым, тIуми я ныбжьыр нэсу щетIысылIэжым, игъащIэкIэ зэрымыгъэкIуэдыну икIи зэрыIыгъыну псалъи щызэратым, Тэнащ Ислъам и пхъур Даут и къуэм къригъэшащ. Арат Шурдым и къуэм IыхьитI къыхихащ, жыхуаIэр.
- Ислъам ипхъу Чэбэхъан НабдзэдахэкIэ еджэу цIыхубз зэкIуж къищIыкIат икIи, пэж дыдэу, апхуэдизкIэ дахэти, зэфэ псыр и джийм зэрехыр плъагъуну и щIыфIэр хужьт, щIакIуэу къытелъ и щхьэцри вындым хуэдэу фIыцIэт, жаIэ. Чэбэхъан Шурдымхэ къыщашэм, фитон зэрысым шу щитI къепщIэкIауэ нысашэу Къугъуэлъкъуей нэс кърашауэ къаIуэтэж. Унэм къыщрашми, куэбжэпэм деж щыт фитоным нэс алэрыбгъу плъыжьым къыхэщIыкIа лъагъуэм и дэлъхуитIыр — Муридрэ Мэжидрэ — и бгъуитIымкIэ къыщыту, зы лъэбакъуэ ячыхукIэ, цIыху пщыкIутIым Iэбжьыб зырызу дыжьын ахъшэр кърапхъыхыу ягъэкIуэтащ, жаIэ. Мэрзейхэ Бабыщ и цIэу къугъуэлъкъуеипхъуу, ауэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм нысэ щыхъуауэ зы пшынауэ нысашэм я гъусэти, нысащIэм зыдищIу пшынэр къегъэпсалъэ, жаIэрт, апхуэдизкIэ и щIыкIэкIи, и плъэкIэкIи екIуу къригъэпщыкIутIыкIырти.
- ЖиIэр мэхъу хужаIэу Щоджэнхэ я зы фызыжь къуажэм дэсти, гуащэ хъуну къызыпэщылъ Шурдымхэ я нанэр, Iумадэ жыхуаIэр, абы деж кIуащ: «Думэнхэ я хабзэ уэсхынущ, ху мэжаджиблкIэ сыкъыпхуэкIуэнущ, нобэ си пщIантIэ къыдашэнум схупежьэ, IукIафIэрэ фIыхуэлъэу, и бзэм лъэхъу илърэ хъурылъхуу къысхущIэкIыну схуэлъаIуэ», – жиIэри. Шурдым Даут и щхьэгъусэ Iумадэ Думэнхэ япхъути, зи гугъу ищIыр хэткIи гурыIуэгъуэт – хъуэхъукIэ си хьэтыр къэлъагъуи, данэ лъагъуэ пхуэзубгъунщ, дыщкIэ нысибл сиIэщи, ху мэжаджэ Iэниблыр пхузэблезгъэхынщ, жиIэу арат. Апхуэдэт Думэнхэ я хабзэр. Апхуэдиз пщIэ къызэрыхуащIынум Щоджэнхэ я нанэр ебэкъуэфынутэкъыми, хъуэхъу едзыгъуэу зэпигъэувэм къытригъэзэжурэ, нысэу къашэр щауэ хъурылъхуу Шурдымхэ къахущIэкIыну лъаIуэурэ, хьэблэ нанэхэр и гъусэу тешэрыпIэм нэсыху нысашэм и ужьым иту кIуащ, жаIэ. Чэбэхъани, пэж дыдэу, щIалэ бынунэ дахэ хъуащ, лъэпкъми яхэзэгъащ. КъызыхэкIам и дыгъэ къыкъуэкIыгъуэм мэтэдж, къызыхыхьам я дыгъэ къухьэжыгъуэм мэгъуэлъ, хужаIэу щытхъу пылъу дунейм тетащ.
- КIухьэнышхуэ иIэу дунейм тетащ Чэбэхъан и дэлъху Мэжиди. Тэнащхи уэркъ лъэпкът, яхузэфIэкIырт, мылъкушхуи яIэт. Зыщыщ къуажэм пщIэ къыхуащIу, къыфIэлIыкIыу, хабзэрэ цIыхугъэкIэ къахэщу, гущIэгъурэ гулъытэкIэ икIэ къимынэу псэу лъэпкът. БлэкIа лIэщIыгъуэм, псэукIэщIэр щаухуэ 20-30 гъэхэм, ахэр лей хъуащ, я пщIэнтIэпскIэ къалэжьа мылъкум бжьыпэр зыIэрыхьахэр къыхуеплъэкI хъуащ, ар зи гуащIэдэкIхэр щрагъэсыкIыну илъэс бзаджаехэр къакIэщIэзэрыхьащ. Зы цIыхукIи цIыхуипщIкIи къамыгъанэу, Тэнащхи, Шурдымхэ яхуэдэу, зэхэзедзэн хъуат, ящыщ куэд дашат, къэзыгъэзэжари зырызыххэщ.
- Тэнащ Мэжид уей-уей жригъэIэрт, Къэбэрдейм и мызакъуэу, зэры-Кавказ щIыналъэу щыцIэрыIуэт, мылъкушхуэу къалъытэ адыгэш къабзэр гуартэшхуэу зэрихуэрт. ЖыпIэну ирикъунщ, 1915 гъэм ирихьэлIэу Мэжид и гуартэр шыщхьэ 1070-рэ хъууэ, абы щыщу шыбзыр 500-м щIигъуу, хакIуэр тIощI, шыщIэр щитI, ныбжь зэхуэмыдэхэм ит шыщхьэр 350-м нэблагъэу зэрыщытар. Мэжид шым и пIалъэ ищIэу, къеуэлIэнкIэ хъуну узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм фIыуэ щыгъуазэрэ абыхэм еIэзэфу, уеблэмэ зимыубгъу щIыкIэ сымаджагъэм и нэщэнэхэр къихутэфу апхуэдэт. Илъэс пщIы бжыгъэхэм Тэнащхэ зэфIагъэува шы гуартэм и фIагърэ и къабзагъкIэ къытекIуэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, Къэбэрдейм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщауэ щыта Шууей Хасэм и тхьэмадэу Мэжид хахат. Мис абы щыгъуэщ нобэ тхъумэ Тэнащ Мэжид и сурэтыр щытрахари.
- Къалмыкъ БетIал Мэжид пщIэ хуищIырт. Балъкъ щыIэ, шы къыщагъэхъу заводым псэущхьэхэр щызэтелIэу щыхуежьэм, Мэжид къриджэри Iуэхур зыIутыр жриIат, Iэмал щыIэмэ, кIэрыхур къызэтригъэувыIэну, и Iэзэгъуэ хилъхьэнуи къелъэIуат. Тэнащ зэшхэм пIалъэ кIэщIым шы зэтелIэр къагъэувыIауэ щытащ, уеблэмэ хэхъуэ ящI хъуауэ я Iуэхур кърахьэлIат. Ауэ узэрыхуейуэ ухъумэ уунэхъурэт, жаIэ. Пщэрылъ къыщащIар зэригъэзэщIам щыгуфIыкIыну Мэжид игъуэ ихуакъым. Абы хузэфIэкIам зыгуэрхэр игъэбэмпIащ, я гъуэгу зэпиупщIауэ къалъытащ. ЗэраIуэтэжымкIэ, абы щыгъуазэ хъуа Къалмыкъым Мэжид жриIат Хэкум икIыну, зихъумэжыну. Ауэ Мэжид зыщIыпIи кIуакъым. Ипхъухэм плIыр унагъуэ ист, щыр езым къыбгъэдэст. Ауэ Iуэху къащIати, гувэми щIэхми Iэ щIыIэкIэ къызэрыхэIэбэнур фIыуэ ищIэрт. Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ, жаIэ. Мэжид и къуэр ягъэкIуэдынухэм зэращыщым и хъыбар къэIуащ. Ар щыгъэтауэ, яукIыну унафэ зэрыщыIэри къищIащ. И насып кърихьэкIри, Мэжид и къуэр – Щыхьым – псэууэ къэнащ. Илъэс бжыгъэ зыкъом къытралъхьэри, Сэлэвки ирагъэхауэ щытащ. Тэнащхэ зэрагъэхъыбарымкIэ, щIалэр ямыукIыныр зи унафэр Къалмыкъ БетIалт.
- Щыхьым здагъэкIуам и адэм и цIыхугъэр къыщыхуэщхьэпэжащ. Лъэхъуэщым и унафэщIыр щIэуэ къэкIуахэм я цIэ-унагъуэцIэхэм къеджа нэужь, Тэнащ Щыхьым и цIэм хуэзащ. КъыщыпкърыупщIыхьыIуэм, Мэжид зэрикъуэр жиIащ. Абдежым унафэщIым КъалэкIыхьым къызэрикIар жиIэри, зы Iуэхугъуэ игу къигъэкIыжащ: зауэм дэкIыну къыщыкIэлъыджэм, хъун хуэдэ шы лъыхъуэурэ, абырэ и адэмрэ Тэнащ Мэжид деж екIуэлIат. Мэжид и шыбз гуартэм куэдрэ хэплъа нэужь, адэм мыр хъуну къыщIэкIынщ, жиIэри зыш къыхихат. АрщхьэкIэ, зэадэзэкъуэм Мэжид къабгъэдыхьэри, хэплъыхь щIащIым щIэупщIащ. Iуэхур зыIутыр щыхуаIуатэм, къыхахар иутIыпщыжри, Мэжид езым гуартэм шы къыхишащ, ар ахэр зыхуейм хуэдэ зэрыхъунур яжриIэри. Ар щыгъэтауэ, шы уасэри яIихатэкъым. Шым Iэджэ гузэвэгъуэми лIыр зэрыщихъумар жиIэжащ. «Адыгэхэр зыхуэдэр сощIэ, укъызэрагъэпэжынуми фIыуэ сыщыгъуазэщ. Уэ мыбы укъэзыхьар сыт хуэдизу мыщIэщхъу бзаджэми, уи адэм къысхуищIар пхуэсщIэжыну хьэкъыу зыхузолъагъуж, — жиIащ унафэщIым. — Нобэ щыщIэдзауэ си деж шыгухуу уIутынщ. Абы укъуэлIыкIынкъым». Мэжид и къуэр апхуэдэ щIыкIэкIэ ажалым къела хъуат…
- МыдэкIэ къэнахэм я Iуэхури щIагъуэтэкъым. Я унэхъугъуэти, Тэнащхэ дунейм тезымылъагъуэхэм ящыщ зы, илъэс IэджэкIэ НКВД-м хэтауэ, парторгу къуажэм игъэзэжат. МащIэрэ якIэщIэтхыхьакъым ар Тэнащхэ. ЦIыхур хужьрэ плъыжьу зэхэзымыдз, пэжым и телъхьэрэ захуагъэм и лъэныкъуэу щыт, абы ищIыIужкIэ зыхузэфIэкI лъэпкъыр совет псэукIэщIэм и бийуэ къалъытащ. Тэнащ зэшхэм ящыщу Мэжид, Хьэжумар, Батыр, Дохъушыкъуэ, Иналыкъуэ, ЦIыкIунахъуэ, Лэкъумэн, Хьэсэн, Хьэлым, Мышыкъэ, Алий, ТIатIу, Алимырзэ сымэ дашащ. Зы цIыхум къагъэзэжакъым. Мэжидрэ Хьэжумаррэ зэ дашри, я ныбжьыр зэрыхэкIуэтам къыхэкIыу, кърагъэгъэзэжауэ щытащ. Ауэ щхьэегъэзыпIи ямыIэу, мылъкуи ябгъэдэмылъыжу къыщынэм, ирагъэкIа я Iыхьлыхэм я Iуэху зытетыр къызэращIэу, якIэлъыкIуэжмэ нэхъ къащтащ. Зэгуэр яIэу щыта пщIэр джэгуалъэ зэращIыр зыхуагъэфэщакъым. Мэжид Узбекистаным 1938 гъэм дунейм щехыжащ… Чэбэхъан и дэлъхухэм я щхьэ кърикIуар къимыщIэу ныбжь хъарзынэ иIэу 1935 гъэм дунейм ехыжащ; езым и быным «лъэпкъым и бий» хъуну къащыпэщылъыр дяпэкIэт…
- Мэжид къигъэхъуа шыхэм Iэджэ хъыбар гъэщIэгъуэни яхэтщ. Мыри жыпIэж хъуну къыдолъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс IэджэкIэ и Iэтащхьэу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ и анэмрэ Мэжид и къуэш Хьэжбэчыр и щхьэгъусэмрэ зэшыпхъут. ТIури Къаншыуей щыщт, Къудейхэ япхъут. Тимборэ и анэ шыпхъум я деж къэкIуауэ щыщыIэ зы махуэ гуэрым, Тэнащхэ хьэщIэ къахуепсыхащ. Гуартэм шыбз хакIуапщIэр къыщыхаш лъэхъэнэти, Мэжид унэм мыкIуэжу зигъэгуващ, хьэщIэри куэдрэ абы пэплъэн хуей хъуащ. И шым къепсыхыу унэм щыщIыхьэжым, хьэщIэхэр Мэжид мащIэу къехъурджэуащ апхуэдэш тесу, дауи, абы зимыгъэгувэнкIэ Iэмал зэримыIар. Шым теплъэ имыIэ щхьэкIэ, и фIагъыр ибзыщIыну хуейтэкъыми, хьэщIэр зытес шым нэхърэ ар зэрымынэхъыкIэр Мэжид жиIащ. Абдежым баз щызэпихьэм, къызэдагъэжэну траухуащ. ШитIым щIалэщIэ зырыз ягъэшэсри къыщIагъэпхъуащ. Тэнащым и шыр япэ къэсащ, куэд дэкIа нэужьщ хьэщIэм и шыр абы къыщылъэщIыхьар. Япэу къэса шыр абы щыгъуэм къэзыгъэжар Тимборэти, Мэжид абы Iэ дилъэри, «УлIщ, афэрымыпщIэу шыри узот», – жиIэри шыр иритауэ щытащ.
- Анэшхэмрэ пхъурылъхухэмрэ щызэрыгъуэтыжар хамэщIырщ. Ауэ сыт хуэдиз гугъуехь ягъэвами, я хэку къызэрихьэжынум гугъэр хамыхыу псэуащ, ар икIи къайхъулIащ. «Вгъэзэж, мыбы фыщымылIэ», – арат Мэжид и уэсятыр. Нобэ Тэнащхи Шурдымхи, абыхэм я лъхужхэри лъэ быдэкIэ гъащIэм хэтщ, я адэжьхэм я щIыхьыр зэрахъумэным, адыгагъэр я щапхъэу зэрыпсэуным хущIэкъуу.
- Сурэтхэм ущеплъкIэ, сыту дахэ е сыту хьэлэмэт жыпIэу зэпыбоплъыхь. Итхэм я нэгухэм ущиплъэкIи, гур Iэджэ блэкIа къэхъукъащIэхэм мажэ. Абыхэм ялъэгъуа псори пщIэнкIи нэсу къэпIуэтэжыфынкIи Iэмал иIэкъым, ауэ я хъыбархэр зэхэзыхыжауэ, нобэ нэхъыжькIэ зэджэхэм я нэпсыкIэр ялъэгъуащи, зэрылъапIэ дыдэм шэч къытрамыхьэу зэрахьэ. ЩымыIэж цIыхухэм я гугъу пщIыху псэущ, жаIэ. Аращ фэеплъ хъужыр, аращ цIыхур уахътыншэ зыщIыр. Жьыбгъэм ихьыжами, зэрыхуа архъуанэр бынымкIэ мэдэхащIэ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и
- щIэныгъэ обозреватель.