ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бжьэдыгъу Аксанэ: «Сэ  адыгэбзэм  дэни  сынехьэс!»

2021-08-21

  • Бжьэдыгъу Аксанэ куэдым къацIыху адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу зыпщэфI бзылъхугъэу. Езым зэрыжиIэмкIэ, пщэфIэным еджапIэ нэхъыщхьи дипломи хуейкъым, езыр-езыру зебгъасэ мэхъу. Аксанэ бухгалтерщ, езым и IуэхущIапIэ иIэжщ. И лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм ятеухуауэ депсэлъащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIам.

  • — Аксанэ, куэдым укъа-цIыху адыгэ шхыныгъуэ IэфIхэр зыпщэфI бзылъхугъэу. Тыркуми урагъэбла-гъэри, пщэфIэным и щэхухэмкIэ уадэгуэшащ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм.
  • — ИлъэситI ипэ Тыркум срагъэблэгъат, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр пщэфIэнымкIэ си дерс щIэзгъэдэIуну. Къайсэр къалэм щыIэ Адыгэ Хасэрт сезыгъэблэгъар. Къапщтэмэ, бзылъхугъэр пщэфIэным хуеджэн хуеиххэкъым, хуеджагъэххэм хуэдэу пщэфIэн хуейщ. Ауэ, итIани, сызэрырагъэблэгъам жэуаплыныгъэ хэслъхьэри, пщэфIэнымкIэ Iэзагъэр щыхагъахъуэм сыщеджащ. Абыи и закъуэ?! ТыркубзэмкIэ егъэджакIуэ къасщтэри, ари мащIэу зэзгъэщIащ. «Згъэлъагъуэхэр, сызытепсэлъыхьхэр къагурымыIуэмэ, къысхуэсэбэпынщ», — жысIат. Ауэ, икъукIэ сыщыгуфIыкIащ къызэрызмыгъэсэбэпами — фIы дыдэу адыгэбзэр ящIэ.
  • СыщыкIуам яжесIат пщэфIэнымкIэ дерсым цIыху 15 нэхърэ нэхъыбэ къекIуалIэмэ гугъу зэрыхъунур. Сыту жыпIэмэ, дэтхэнэми Iэмал естыну сыхуейт зыгуэрым щIэупщIэну, сыпщэфIым зыгуэркIэ къыхэIэбэну, нэхъыбэм щIэупщIэну Iэмал яIэну. АрщхьэкIэ, цIыху 40-м нэблагъэ къекIуэлIат. «ЦIыхур куэдщ, къэдмыгъакIуэмэ, загъэгусэ», — жаIащ сезыгъэблэгъахэм. Абыи хэкIыпIэ къыхуэдгупсысащ: япэ махуэм псори дызэгъусащ, адэкIэ, гупитIу дгуэшри, махуэм тIэу къытедгъазэурэ дыпщэфIащ.
  • Ди япэ дерсым щыгъуэ цIыхубзитI къэтIысат, тIэкIу зэрымыарэзым гу лъыптэу. Абыхэм саIуплъэри, сазэрыхуэгуапэр къыхэзгъэщу сыдыхьэшхащ — бзылъхугъэхэр зыкIэ ещхьти ди гъунэгъу гуэрхэм. «ЛIо, Къэбэрдейм дыбгъэсэжын уи гугъэу укъикIауэ ара, жыхуэфIэу фыкъэтIысаи! — жызоIэ сэри. — Фи фIэщ фщIы, фезгъэсэнкIэри хъунущ. Адыгэ шхынхэм я пщэфIыкIэращи — фщIэххэркъым!» Сахуэгушхуауэ сызэрыпсалъэр щалъагъум, езыхэри дыхьэшхащ. Апхуэдэу дызэрыцIыхури, гъунэгъу дыди дызэхуэхъуащ. Сыт сыпщэфIми, пIастэ дыщIызгъуну сфIэфIт. «ХэкумкIэ къикIыу хъуар апхуэдизу щхьэ фыдахэ, зыгуэр щэхуу зывохьэлIэ!» — жаIэрт. «ФымыщIэу ара, шатэщ дэ зэтхьэлIэр. Шатэ куэду дошх», — жысIэрт.
  • Махуэ гуэрым лыбжьэ сщIынути: «Дэри лыбжьэ тхуощI, нэхъ хьэлэмэт гуэр дыгъэлъагъу», — жаIащ. Сэ сщIэртэкъэ абы лыбжьэ яхуэщIрэ яхуэмыщIрэ! СщIащ лыбжьэр. Шатэ щыхэслъхьэм ари ягъэщIэгъуат. Ауэ пщэфIэн суха нэужь, лыбжьэр щIэх дыдэ шхын яухат.
  • — Хьэл-щэнкIэ хэкурысхэм къащхьэщыкIыу къыпщыхъуа хэхэсхэр?
  • — Хамэ щIыпIэм щыпсэу пэтми, Хэкум щыпсэу адыгэхэм ещхь дыдэщ я хьэл-щэнхэр, я зыщIыкIэхэр, я теплъэр. Я псэлъэкIи, я зыгъэгусэкIи, я гушыIэкIи ди хьэблэ фызхэм ещхь дыдэщ. ТхьэмахуитIкIэ дызэхэтащ, ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ. КIуэаракъэ, игъащIэм дызэрыцIыхуу дыкъекIуэкIам хуэдэт.
  • — Уэ къэрал куэдым ущыIащ. Зыгуэр къахэбгъэщхьэхукIрэ?
  • — Илъэсий ипэщ Тыркум япэу сыщыкIуар. «Къэралыгъуэшхуэхэм я лъэужькIэ» («По следам великих цивилизаций») еджэу Тыркум щыIэт нэгузегъэужь тур. Сочэ цIыхугъэ къыщысхуэхъуа зы бзылъхугъэ сщIыгъуу дыкIуат. Километр мин 12 къыщызэхэткIухьащ, къали 9 къызэщIиубыдэу. «Троянский конь», «Храм Артемиды», «Топкапы»… Мыхэр сыту щIыпIэ телъыджэ! ИтIанэ, зы хьэлэмэт… Гъуэгуу дызрикIуам, зы щIы кIапэ ягъэхьэулейуэ дрихьэлIакъым — псоми зыгуэр хасат. Гъуэгубгъу нэгъунэ удз гъэгъат. Абы щыгъуэм тщIыгъуа щIыпIэгъэлъагъуэм (экскурсоводым) гунэс къысщищIащ Тыркур. Ар ухуэныгъэхэм зэрытепсэлъыхьым, тхыдэм зэрыхэIэбэм, дигъэлъагъухэм хъыбару ядыщIигъухэм удахьэхырт.
  • ИтIанэ сэ си цIыхугъэ гуэрхэр си гъусэу Тыркум сыкIуауэ, Топкапы деж сащыхутепсэлъыхьырт а щIыпIэм. Мылицэ къраджауэ щытащ сэр щхьэкIэ, «лицензэ имыIэу экскурсоводу мэлажьэ», жаIэри.
  • — Хамэ щIыпIэхэм адыгэбзэр къыщысэбэпрэ?
  • — Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс! Дэнэ щIыпIэ сыкIуэми, адыгэбзэщ сызэрыпсалъэр, Iэмал иIэххэмэ. Инджылызыбзи сощIэ хъарзынэу, тыркубзэми хызощIыкI, ауэ адыгэбзэкIэ псэлъэн щIызодзэ.         Сыт сыщIэмыпсэлъэнури! Си адыгэбзэм си Iэпэтэрмэшыр щIызогъури, сызыхуейр зыжесIэм къыгуроIуэ. Сэ, псалъэм папщIэ, Истамбыл сыдэтмэ, абы сыт хуэдэ лъэпкъи сыщыхуэзэфынущ. Абы и бзэр щхьэ сэ къэслъыхъуэн хуей?! Бэзэрым сытехьэми, аращ: «ЛIо мыбы жыпIэр?», «Сыт и уасэр?» — жызоIэри сытетщ.
  • — Уэ сытыт узыхуеджар, Аксанэ?
  • — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым учётымрэ экономикэмкIэ и факультетыр 1992 гъэм, МГУ-м географиемкIэ и факультетыр 1998 гъэм, МВД-м Краснодар щиIэ и университетыр юристу 2009 гъэм къэзухащ. 2000 гъэм экономикэмрэ управленэмкIэ кандидат лэжьыгъэр пхызгъэкIащ. КъБКъУ-р къэзуха нэужь, Мэкъумэш академием егъэджакIуэу сыщылажьащ.
  • Диссертацэ щыстхым щыгъуэ, Москва сыкIуэн хуей хъуащ, иджы хуэдэу ИнтернеткIэ къебгъэхьурэ узыхуейхэм ухэплъэ хъуртэкъым а зэманым, библиотекэм ущылэжьэн хуейт. Академием къыздэлажьэ бзылъхугъэрэ сэрэ зызэщIыдгъури дыкIуащ — абыи итхырт диссертацэ.
  • Москва дызэрыщыIа мазэр си ныбжьэгъум сэрэ махуэ телъыджэ защIэу дигу къинащ. Зэпымыууэ щIэщхъу къытщIыщIырт, абы дридыхьэшхыжырт.
  • Дэ тIур мылицэм дыкъагъэувыIэрт зэпымыууэ. Сэ сыт щыгъуи адыгэбзэкIэт сызэрыпсалъэри, си гъусэм жиIэрт: «Уи адыгэбзэращ дыкъыщIагъэувыIэр». Сэри: «Уэ уи нэр къижу зыбоплъыхьри, мыбы дызэрыщымыпсэур дыкъащIэу аращ», — пэздзыжырт. Махуэ гуэрым библиотекэм дыкъикIыжу дызэгуроIуэ: «Еуэ, мылицэм дыкъагъэувыIэну хунэмыс щIыкIэ, цIывыгъуэкIэ дыгъэкIуэж, адэкIи-мыдэкIи домыгъэплъэкI». Дыздэплъэр ди занщIэу метром дыхуожэ. Иджы дынос щыжытIэм, дэнэт… дыкъегъэувыIэ мылицэм. Сэ урысыбзэкIэ жызоIэ: «ДыкъыщIэвгъэувыIэр къызгурыIуэркъым, ди нэкIум зыгуэр илажьэ хьэмэрэ жылэм ямыщIэ гуэр тщIэрэ, метром дыжэу аращ икIэри ипэри…» Езыр погуфIыкIри, жеIэ: «Псори метро ихьэпIэмкIэ мажэ, фэ къикIыжыпIэмкIэщ фыздэжэр. Аращ фыкъыщIэзгъэувыIар».
  • — «Нарт» ООО IуэхущIапIэм утезгъэпсэлъыхьынут. Сыт абы фIэфща цIэ дахэм и къежьапIэр?
  • — «Нарт» IуэхущIапIэм бухгалтер Iуэхутхьэбзэхэр щыдощIэ. Бухгалтер зыбжанэ щолажьэри, абыхэм фирмэ гуэрхэр е цIыху щхьэхуэхэр къегъэщIылIащ. ЛэжьэкIэ хъунури езыхэм зарэфIэтыншым хуэдэу доубзыху. Хэти къокIуэри, ди бухгалтерыр бгъэдэсу, дэфтэр Iуэхухэр, ахъшэ егъэхьын-къегъэхьынхэр егъэтэмэм, хэти, телефонкIэ къэпсалъэурэ, абыкIэ зэфIокI. Е, псалъэм папщIэ, Магадан щыщ гуэрым дыдолажьэ иджыпстуи, ИнтернеткIэ ди сайтыр къагъуэтри, зыкъытпащIащ, электрон IэмалкIэ зэгурыIуэныгъэхэри зэдухылIащ. Я IуэхущIапIэм и бухгалтерие Iуэхур дэ идогъэкIуэкI, езыхэм мазэм техуэу улахуэ щхьэхуэ ди счётым къралъхьэ. ЦIыхухэр куэдрэ зыхуей хъу Iуэхутхьэбзэщ бухгалтерие Iуэхури, лэжьыгъэншэ дыхъуркъым зэи.
  • Ди IуэхущIапIэм «Нарт» фIэтщын щIэхъуар! Си адэм и цIэр Нартщ. IуэхущIапIэр бухгалтерием пыщIауэ щытакъым нэхъапэм. Си дэлъхум мэкъумэш Iуэху гуэрхэр зэрихуэн и гугъати, иужькIэ, къимыгъэсэбэпыж щыхъум, сэ IуэхущIапIэ схуэхъужащ. Абы щыгъуэщ «Нарт» щыфIэтщар. Туризм Iуэхухэм пыщIауэ сублат фирмэр. Си адэр школым щылэжьат игъащIэм. ГеографиемкIэ иригъаджэу щытащ. А зытепсэлъыхь къэралхэм, картэмкIэ сабийхэм яригъэлъагъухэм езыр къыщесшэкIыну, и нэгу зезгъэужьыну сехъуапсэрт. АрщхьэкIэ, къупщхьэ уз иIэ хъури, гъуэгуанэ жыжьэ теувэнуи Iэмал иIэжакъым.
  • Зы зэман ди IуэхущIапIэр дэлажьэу щытащ хамэ къэралым къикIыу адыгэшым, адыгэ уанэм теухуауэ гъэщIэгъуэн гуэрхэр къэзыщIэну, ахэр яджыну ди щIыналъэм къакIуэхэм.  Ахэр зыдихьэхыну къытщыхъу щIыпIэхэм, шы фермэхэм тшэрт, дахэ гуэрхэр едгъэлъагъурт. Туризмэм и Iуэхур духын хуей хъуащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа Iуэхум иужькIэ. Республикэм туризм щыIэжтэкъым, цIыхухэм я къэкIуэныр зэпыуат.
  • — «Лашын» и фIэщыгъэу Бзылъхугъэ хасэ къызэбгъэпэщащ илъэс зыбжанэ ипэ. Абыи укъытезгъэувыIэнут…
  • — Пэжщ, Бзылъхугъэ хасэ зэхэзублащ. Абы и япэ зэхыхьэр Сирием къикIыжа ди шыпхъухэм ятедухуати, къедгъэблагъэри, дызэбгъэдэсат, дызэрыцIыхуат. Иджы дызэрощIэ. Адыгэ бзылъхугъэм къыдекIуэкI Iуэхугъуэ дахэхэрщ дызытепсэлъыхьыр, дгъэкIуатэр. Иджыблагъэ «Си анэм и пщэфIапIэм» («Мамина кухня») тхылъыр къыдэдгъэкIащ. И фIэщыгъэми гурыIуэгъуэ зэрищIщи, си анэм ипщэфI шхыныгъуэхэрщ зи гугъу сщIыр. Уи сабиигъуэу узэса шхыным нэхъ IэфI щыIэкъым — ар игъащIэ псокIэ IэфIу уи Iум къонэ. Сэри тхылъыр хуэстхащ адыгэ шхыныгъуэ-хэр пщэфIыным сыхуэзыгъэса, лъэпкъ сыкъызыхэкIар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа си анэм. Иджыпстуи зэлэжь иIэщ ди Хасэм. Нало Заур и «Таурыхъищэ» тхылъым итхэр Щэрмэт Людмилэ и макъкIэ идогъэтх. Апхуэдэ аудио-                 хэм щхьэхуэныгъэ гуэрхэри хэлъщ, псалъэм щхьэкIэ, ватсапкIэ зэIэпыпх хъунущ. Дыхуейщ цIыху куэдым яIэрыхьэну, анэхэм я цIыкIухэр драгъэхьэхыну.
  • — Тхьэм уигъэпсэу! Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ.
  • Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.