Жылагъуэр зыхуэдэнур унагъуэращ къыщежьэр
2021-08-19
- Иджыблагъэ кIэщIу фыхэдгъэгъуэзащ унагъуэм, лъагъуны-гъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ирагъэжьа «Унагъуэ» Iуэхум. Ар къыхэзылъхьа хьэрычэтыщIэ, псапащIэ, IVS IуэхущIапIэм и унафэщI Нэхущ Азэмэтрэ проектым и программэхэм я унафэщI, Инстаграмым щылажьэ Налшык напэкIуэцIым и редактор, инджылызыбзэр, усэр фIыуэ зылъагъухэм я клубхэр къызэзыгъэпэща Мэзукъэбз Аслъэнрэ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ яIэ мурадхэм тедгъэпсэлъыхьащ.
- — Азэмэт, «Унагъуэ» Iуэхур къыщIызэвгъэпэщам, фи къалэнхэмрэ мурадхэмрэ я гугъу къытхуэщIыт.
- — Психолог Апажэ Валерэрэ сэрэ нэIуасэ, псэлъэгъу дызэхуэхъуа нэужь, унагъуэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, сабий гъэсэныгъэм теухуауэ щыIэ Iуэху зэIумыбзхэм я гугъу тщIащ. Унагъуэхэм сабийр зэрыщагъасэм дыхэIэбэну ди пщэ дэтлъхьэжыркъым, ди мурадыр зы мащIэ нэхъ мыхъуми зедгъэхъуэжынырщ иджыкIэ щыIэ хъуа щытыкIэм. КIуэ пэтми гъащIэм и лъапIэныгъэхэм, жьымрэ щIэмрэ я зэхущытыкIэхэм, хабзэм, нэмысым зэрахэщIым гу лъыботэ. ХэдмыгъэтIасэу дызэкъуэувэрэ мы Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэтщIмэ, зэхъуэкIыныгъэфI зэрыщыIэнум шэч хэлъкъым. Ауэ, иджырей щыты-кIэм дыкъытемыкIыу дыкIуэмэ, илъэсипщI дэкIмэ, щIалэгъуалэр тIэщIэкIынущ.
- Мылъку хэхыпIэ, ахъшэ къэлэжьыпIэ мыхъуу, мыр жылагъуэ Iуэхущ. Унагъуэм теухуауэ щыIэ хъуа гупсысэкIэ, еплъыкIэ мышум, щытыкIэм зедгъэхъуэжыну дыхуейщ. Адэ-анэм я жыIэм ущIэтыныр зэрыпэжыр, зэрызахуэр щIэблэм зыхедгъэщIэныр, фIымрэ Iеймрэ, мыхъумыщIагъэмрэ дахагъэмрэ зэхагъэкIыфу къэхъуным щIэпIыкIынырщ ди къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зыхуэунэтIар. Нэхъ пасэм унагъуэм иIа пщIэр, илъа зэхущытыкIэ дахэхэр, щызекIуэу щыта хабзэхэр къэдгъэщIэрэщIэжы-нырщ нэхъыщхьэу зи ужь дитыр. Дуней псор зыгъэгузавэ а Iуэху зэIумыбзым и щытыкIэм нэхъыфIкIэ зытхуегъэхъуэжынущ абы игъэгузавэ дэтхэнэри дызэкъуэувэрэ ди еплъыкIэхэр утыку къитхьэмэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр зэхуэпэжыныгъэр, лъагъуныгъэр, дзыхьыр зи лъабжьэ унагъуэ дахэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэнырщ, адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэхущытыкIэ-хэр нэхъри дгъэбыдэнырщ, едгъэфIэкIуэнырщ. Абы ехьэлIа программэхэр диIэщ. Адэ-анэр зыхуэныкъуэ чэнджэщхэр зи лъабжьэ лекцэ, семинар щхьэпэхэр къызэдгъэпэщынущ.
- — Унагъуэм ехьэлIа Iуэху зэIумыбзым игъэпIейтейхэр зэрымымащIэр, абы зи псалъэ хэзылъхьэну хуейхэр зэрыщыIэр, дауи, фIыщ.
- — Жылагъуэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр ди тегъэщIапIэу утыку дыкъызэрихьарагъэнщ, къыхэтлъхьа Iуэхур куэдым къыщIыддаIыгъар. ГугъэфIхэр дегъэщI икIи гуапэщ унагъуэм и нобэрей Iуэху зэIумыбзхэм хэкIыпIэ къахуэгъуэтын хуейуэ къэзылъытэ IэщIагъэлI зыбжанэ къызэрыткъуэувар. Апхуэдэхэщ республикэм фIыуэ къыщацIыху психолог Iэзэ Апажэ Валерэ, «Унагъуэ» проектым и программэхэм я унафэщI Мэзукъэбз Аслъэн, «TPИZ Центр» IуэхущIапIэм и унафэщI Махуэ Нурхьэни-Мила- нэ, Инстаграмым щиIэ «Унагъуэ» проектым и редактор Апэжыхь Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Гупым хэтыр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ защIэщ. КъищынэмыщIауэ, зызыхуэдгъазэ цIыхуу хъуар ди лъэныкъуэщ. ЗэрытщIэщи, зи IэщIагъэм хуэIэижь, щытхъу зиIэ IэщIагъэлIхэр сыт щыгъуи мащIэщ. Сабий гъэсэныгъэм ехьэлIауэ дэтхэнэ зы унагъуэ щапхъэри ди нэ-ди псэщ.
- — Аслъэн, Iуэхум ехьэлIауэ зыхуэвгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зэвгъэхъулIэн папщIэ сыт фщIэр?
- — Унагъуэм, дахагъэм, къабзагъэм, лъагъуныгъэм, узыншагъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъэсэныгъэм гу лъедгъэтэн папщIэ, абыхэм ехьэлIа программэ зыбжанэ дгъэхьэзыращ. Республикэм и зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ паркхэм сурэтхэр щызытрагъэх щIыпIэхэр, хъыринэхэр щыдогъэув. Сабийр трагъэу къудей мыхъуу, абыхэм я къалэныр куэдкIэ нэхъ инщ. ГъащIэм, унагъуэм и лъапIэныгъэхэм къыхуезыджэ псалъэхэр тхауэ я нэгу щIэтынущи, хуей-хуэмейми, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ягу ираубыдэ, сурэтхэм еплъыжыху а лъапIэныгъэхэм къыхураджэу, гу лърагъатэу. МыхъумыщIагъэхэм я гугъу тщIынукъым, арыншэми ахэр гъащIэм щымащIэкъыми.
- Зи акъылыр нэсу зэтемыува ныбжьыщIэхэм я акъылыр Интернетым «зэригъэутхъуэр», я дуней тетыкIэм зэран зэрыхуэхъур нобэ ди нэгу щIокI. Адэ-анэхэр мэлажьэ, унагъуэр зэрагъэпсэуныр япэ ирагъэщу. Армырми, нэхъыжьхэр зы Iуэху гуэр щыпэрыткIэ, сабийм телефоныр IэщIалъхьэу щызыщхьэщагъэкI куэдрэ къохъу, махуэ къэс быным гулъытэ хуэщIын, епсэлъэн зэрыхуейр Iэпэдэгъэлэл ящIу. Апхуэдэурэ цIыкIухэр Интернетым дехьэхыпэри, ар зэран яхуохъу адэ-анэмрэ бынымрэ я зэпыщIэны-гъэм, сыту жыпIэмэ сабийм хуэщIыпхъэ гулъытэ хэхар и чэзум игъуэтыркъым. КъищынэмыщIауэ, щIэблэм зэманым и лIыхъужьу къалъытэ хъуащ зыми щымыщ, зыкIи гугъу зезмыгъэхь цIыхухэр. Инстаграмым дытемыкIуэми, ар къэдгъэсэбэпу щIалэгъуалэм я гупсысэм фIы и лъэныкъуэкIэ зедгъэхъуэжыну, ИнтернетымкIэ ди лэжьыгъэхэр зэбгрыдгъэкIыну ди мурадщ. Абы и лъэныкъуэкIэ IэмалыфIщ ди напэкIуэцIыр щыдгъэлажьэ Инстаграмыр, нэхъыбэу хъыбархэр щызыIэпах социальнэ сайтхэр. КIэщIу жыпIэмэ, щIалэгъуалэ псори къызэщIэдубыдэн папщIэ, Интернет сайт лIэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэпынущ. Зэзэмызэ мыхъуу, Iуэху зэIумыбзыр зэрыдгъэзэкIуэжыным махуэ къэс дыкъытеувыIэмэ, абы зэхъуэкIыныгъэхэр тхухэлъхьэнущ. ЗэрытщIэщи, иджыпсту тхылъ еджэхэр мащIэщ, жып телефоным еплъмэ нэхъ къащтэ. Аращ видеонэтынхэр къэдгъэсэбэпурэ Iуэху зэIумыбзхэр зэпкърытхыным дыкъыщIытеувыIар.
- ЯпэщIыкIэ семинархэр едгъэкIуэкIынущ. Дохутыр, нарколог, психолог жыпIэми, щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIхэр къедгъэблэгъэнущ. Iуэху зэIумыбз зэрылъ унагъуэхэм чэнджэщ къудейкIэ мыхъуу, пщIэншэу IэщIагъэлIхэм хуэдгъэзэфынущ. Семинархэм щытрахыну видеонэтынхэри ИнтернеткIэ зэбгрыдгъэкIынущ. Апхуэдэу ди мурадщ унагъуэм ис псори дэзыхьэхыну икIи зэкъуэзыгъэувэну зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр, щIыпIэ дахэхэм зыщыплъыхьыныр къызэдгъэпэщы-ну.
- — Унагъуэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэху япэ ивгъэщыну фи мурадыр?
- — Дауи, куэд и уасэщ узыгъэпIейтей Iуэхум и зэманым гу лъатэным. Ар щыхагъэтIасэкIэ, хэкIыпIэхэр къэбгъуэтыну, бгъэзэкIуэжыну куэдкIэ нэхъ гугъу мэхъу. Япэ идгъэщынухэм ящыщщ адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэпыщIэныгъэр дгъэ-быдэныр. Мы зэманым ар тIас-хъэщ. Сабийм зэрыджэгу хьэпшып, смартфон, планшет, компьютер къыхуэпщэхурэ и зэманым гулъы- тэ хуумыщIмэ, уемыпсалъэмэ, а зыхуэчэмам иужькIэ зыкъуигъэ-щIэжынущ. Аращ абыхэм и чэзум гу лъедгъэтэну дыщIыхуейр.
- Адэ-анэм емыпсэлъэф, зыгъэпIейтейхэр зыущэху сабий куэд щыIэщ. Абыи хэкIыпIэ къыхуэдгъуэтащ. Зы сабий гуп зыгъэгузавэ упщIэхэмкIэ адэ-анэ псоми зыхуедгъэгъэзэну ди мурадщ. Ар упщIэ-жэуап щIыкIэм тету къызэдгъэпэщынущ икIи сабий псоми яхуэгъэзауэ адэ-анэхэм къатыжыну жэуап нэхъыфIхэри къэдгъэлъэгъуэнущ.
- Ди гуапэ зэрыхъущи, щапхъэ зытетхыпхъэ цIыхухэр ди мащIэкъым. УнагъуэфIхэр дгъэлъэгъуэну, илъэс куэд хъуауэ зэбгъэдэс зэщхьэгъусэхэм я чэнджэщхэр щIэблэм зэхедгъэхыну ди мурадщ.
- Дызыпэрыт Iуэхур зэманым зэрыпэджэжым гу лъатащ. Аращ абы цIыху куэд щIызэщIишэм и щхьэусыгъуэри. Лэжьыгъэм адэ- кIи зедгъэубгъунущ. КъБР-м и Iэтащхьэр ди Iуэхум щыгъуазэщ, республикэм и Профсоюз IуэхущIапIэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ къыддэIэпыкъуну дыкъагъэгугъащ. ЩIыпIэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми дадэлэжьэнущ. Псоми ди зэхуэдэ Iуэхум апхуэдэу дызэкъуэту яужь дитмэ, шэч хэлъкъым дызыгъэгузавэ псоми хэкIыпIэ къазэрыхуэдгъуэтыфынум.
- Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.