ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэр зэрыхуейуэ къыщIезыгъэдзхэр

2021-08-17

  • Мамырыгъэ щIэхъуэпс дэтхэнэ цIыхуми хуэдэу, дэри дыхуейщ хэгъэгухэр, лъэпкъхэр зэгурыIуэу зэдэпсэуну. Абыхэм яку зэныкъуэкъу къыщихъуэм деж, мыгузэвапIэ иIэкъым. Гум ищтэркъым, хьэлэбэлыкъ къаIэтын гуращэкIэ, тхыдэм къыщыхъуа гуэрхэр фIэгъэнапIэ ящIыжурэ, зы лъэпкъыр адрейм щрауштыр. Гутегъэхуэгъуейщ адыгэм пцIы къыщытралъхьэри. Иджыпсту къэралым и журналист, тхыдэдж, къызэрыгуэкI щIэгъэстакIуэ гуп ерыщу тотхыхь, топсэлъыхь ди лъэпкъым езым я хэкужь зрахужауэ, я щхьэзыфIэфIагъкIэ е хунэмысагъкIэ дуней псом езыр-езыру зытракъухьауэ адыгэхэм шэч ирагъэщIыну, адрейхэм ар я фIэщ ящIыну.

  • Мы псалъэмакъыр къызыпкърыкIыр журналист Джерелиевскэ Борис и тхыгъэ «ЖылакIэ» — лъэпкъхэм я кIуэдыжыкIэ» зыфIищаращ.
  • Адыгэм хэкур зэрабгына хъуам Джерелиевскэр топсэлъыхь а Iуэху дыджым и зы лъэныкъуэ закъуэ хиубыдыкIауэ, абы щыгъуэми зэрылъэкIкIэ зэблишу. Тхыгъэм дыпэджэжу къэлъытэн хуей нэгъуэщI куэд зэрыщыIэр утыку къэтщIынут.
  • Зы гупсыси, зы еплъыкIи щIыпIэ нэщIым къихъуэркъым, ахэр сытым щыгъуи Iуэху, гуращэ гуэрым телэжьэн хуейуэ къагъэщI. Адыгэм лъэпкъкIуэд къыхуамыгъэкIуауэ жызыIэр къэралым и тхыдэр зэрыхуейуэ ятхыжыну зэрыубыда гупращ. Зызрапщытыр Iуэху куущ, лъэныкъуэ куэд къызыхэлъытапхъэщ, абы къыхэкIыу щыIар щымыIа пщIыныр гугъу дыдэ хъуну-щи, гъащIэ къэзыгъэщIа, щIэныгъэ зиIэхэр зэгухьауэ, Урысейм и тхыдэм лъэпкъкIуэд къыщымыхъуауэ, къыщыхъункIэ хъунуи щымытауэ щаIуэж. Пэжым ещхь псэлъэкIэ яIэщи, Iуэху ищIу тхыдэр фIыуэ зымыджа цIыхум и фIэщ ящIыфынущ.
  • Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Джерелиевскэм и тхыгъэр. Ди гуауэшхуэм нэхъапэкIи тетхыхьахэм ягухьэри, мыбыи хэлъхьэныгъэ ищIащ щапхъэхэр къихьурэ, и IэдакъэщIэкIым еджэнухэм я псэм зэрылъэIэсын псалъэ къыхищыпыкIыурэ. Пэжыр пцIы щIын, зэрыщытар зэрыщымытауэ къыщIегъэдзын — аращ пщэрылъ зыхуищIыжар. Бзаджэу бгъэдыхьащ и гуращэм. И псалъэр къыщришажьэр Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романращ. Абы етх мыпхуэдэу: «ЖылакIэ» романым и гъэщIэгъуэнагъыр нобэ щIемыхуэхыр ар Iэзэу тха зэрыхъуам и закъуэкъым. Iуэхур зыIутыр аращи, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэ ипэкIэ къэхъуа гуауэр иджы политикэм ирашэлIэжыну, куэд щIауэ жэщIыжа зэныкъуэкъумрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ къагъэхъеижыну йолIалIэ къару хэха гуэрхэр. Абы теухуауэ уасэншэщ Шинкубэм и романыр, тхыдэм ирисондэджэрхэм япоуври».
  • КIэщIу жыпIэмэ, адыгэм лъэпкъкIуэд къызэрырамыщIылIар Шинкубэм пэжу къигъэлъэгъуэжауэ жеIэ. Тхыгъэм и кIэм «тхакIуэ щэджащэкIэ» Бэгърат йодэхащIэ, щыхьэт ищIыр къызэрымыкIуэ цIыхуу зэрыщытым-кIэ езым жиIэм и уасэр дригъэуеину. ДрикIуэнщ мы журналистым и тхыгъэм, жиIэхэм я пэжагъыр къэтпщытэурэ. Абы етх: «Адыгэм лъэпкъкIуэд яIауэ ерыщу къэзылъытэхэр Урыс-Шэрджэс зауэм щыщIидзауэ къызыдэбжэр Мэздэгу быдапIэр щаухуаращ…»
  • Пэжщ, адыгэ псори абы къыдобжэ. 1735 — 1739 гъэхэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэзэуащ. Ар щиухам зэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ, XVI лIэщIыгъуэм лъандэрэ Урысейм и жьауэм щIэту къэгъуэгурыкIуа Къэбэрдеишхуэри Къэбэрдей ЦIыкIури зи щхьэ хуитыж къэралыгъуэу ягъэуващ, Урысеймрэ Тыркумрэ зэпэщIэзых щIыналъэу яку дэтыну. Хы ФIыцIэм и кхъухь тригъэхьэну хуимыту Урысейм къыпагъэувати, апхуэдэ зэгурыIуэныгъэр а къэралым дежкIэ къезэгъыртэкъым, еувэлIэн хуей хъуами. ХэкIыпIэ лъыхъуэнут, дауи.
  • АдэкIэ Джерелиевскэм етх: «1810 гъэм нэсыху Урысейм Кавказым дригъэкIуэкIар зэрызыщихъумэн политикэщ. Мэздэгу быдапIэр яухуа нэужь, илъэс 50-м и кIуэцIкIэ къэзакъхэри урысым и дзэри Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэм щысащ, «адрыщI хьэкIэкхъуэкIэхэр» къатемыуэным кIэлъыплъу. Шэрджэсхэм я щIым зрапщытын гуращэ яIакъым, Псыжьрэ Лабэрэ щызэпрыкIар зэзэмызэххэщ, ари къыщыхъуар бгырысхэр къатеуэр ирахужьэжурэщ».
  • АдыгэщIым зрапщытащ. Пэжщ, зауэ гуащIэ къращIылIэртэкъым, ауэ сыту пIэрэт зыщIашыIэр? Джерелиевскэм жыхуиIэ илъэс 50-м къриубыдэу Урысейм щекIуэкIам дриплъэжынщ:
  • 1760 — 1764 — уней е къэрал завод, фабрикэхэм щылэжьэн хуейуэ кIэрапха мэкъумэшыщIэхэм Уралым зыкъыщаIэт зэпыту екIуэкIащ.
  • 1768 — 1774 — урыс-тырку зауэр екIуэкIащ.
  • 1771 — цIыху куэд зыхьа емынэ узыр Мэзкуу дэлъащ, унафи жьэгуфи щымыIэжу псори хьэжэпхъажэ ищIауэ.
  • 1772 — Лыхь жылэр (Польшэр) ягуэшыжащ.
  • 1773 — 1775 — IэщэкIэ зэщIэузэда мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ, Пугачёв Емельян я пашэу.
  • 1783 — Кърымыр зыгуигъэхьащ.
  • 1783 — 1797 — къэзахъ цIыхубэм зыкъаIэтащ, Датов Срым я пашэу.
  • 1787 — 1791 — урыс-тырку зауэр екIуэкIащ.
  • 1788 — 1790 -Урысеймрэ Швециемрэ зэзэуащ.
  • 1793 — Лыхь жылэр етIуанэу ягуэшащ.
  • 1795 — Лыхь жылэр ещанэу ягуэшащ.
  • 1799 — Суворовыр Италиемрэ Швециемрэ зэуакIуэ кIуащ дзэ и гъусэу.
  • 1804 — 1813 — Ираным езэуащ.
  • 1806 — 1812 — урыс-тырку зауэр екIуэкIащ.
  • 1808 — Швецием езэуащ.
  • 1812 — Наполен Урысейм къытеуащ.
  • Абы хэлъхьэж гъей куэдрэ къызэрыхъуар. XVIII лIэщIыгъуэм илъэс 34-рэ хэтащ гъавэ къащемыхъулIа, цIыхур шхынщIэлIэу къызэхэнауэ, XIX лIэщIыгъуэм и япэ щIэлъэныкъуэм 35-рэ гъей къэхъуащ. А псом къэралым и лъэр щIех, мыхьэнэшхуэ зиIэу къилъытэ Iуэху гуэрхэри зэкIэ IэщIыб ищIын хуей мэхъу. Апхуэдэт Кавказыр къэзэунри.
  • Урысей пащтыхь Павел Езанэр зэрытета тIэкIум хуэзэу, пэжщ, Кавказым къезэуэн гупсысэр тепщэу щытакъым. Урыс политик Жигарев Сергей къызэрилъытэмкIэ, ар хущIэкъурт и анэ Екатеринэ ЕтIуанэм зэрихьа политикэм пимыщэну. Павел Езанэм къэзылъхуар фIыуэ зэримылъагъум и фIыгъэт Кавказым щыIэ дзэр зэрыришыжар.
  • Адыгэпщхэм Мэздэгу быдапIэр къызэралъытар езыхэм къазэрыпэщIэувэ Iэмалущ. Абыхэм къагурыIуэрт а быдапIэр урысыр хэкум къызэрихьэм, зэрызыщигъэбыдэм и щыхьэту зэрыувыр. БыдапIэр яухуэн папщIэ адыгэщIым щыщ IыхьэфI яубыдат. КъимыдэкIэ, зи щхьэ хуимыт адыгэ мэкъумэшыщIэхэр щIэпхъуэжурэ а быдапIэм зыщагъэпщкIурт, я унагъуэцIэхэр яхъуэжырт, чыристан диныр къащтэрти, зи IэмыщIэ илъахэм я Iуэху къахэмылъыж хъурт. Къахуэнэхэм елъытауэ щIэпхъуэжхэр куэд дыдэ мыхъуми, мыдрейхэм щапхъэ яхуэхъурт IумпIафIэу щымытынымкIэ. Ари хэтт адыгэпщхэр зыгъэгубжьым. Мэздэгу быдапIэр Iуихыжыну елъэIуу зэкъым абыхэм лъэIу тхылъ Екатеринэ ЕтIуанэм зэрыхуагъэхьар, ауэ арэзы къадэхъуакъым, иужьым щхьэтехауэ къажриIащ: зэи Iутхынукъым, абыкIэ зэи арэзы дыхъунукъым.
  • Аращ адыгэпщхэр быдапIэм къытрагъэзэжурэ теуэныр къызыхэкIар. Сыт хуэдэ лъэпкърат апхуэдэ дыдэу зымыщIэнур, адыгэм яIа щхьэусыгъуэхэм хуэдэ яIэмэ?
  • Арэзы урихъункIэ Iэмал зимыIэу Джерелиевскэм етх: «Мэздэгу быдапIэм зыщагъэпщкIурт я адэ-анэм Тыркум иращэну унафэ зытращIа сабийхэм». Сабийхэр щIэпхъуэжуи сощI, ауэ зи быныр зыщэжыну зигу къэкI адыгэм яхэтакъым. Къэхъуащ цIыху щадыгъуи щащи. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьыр мылъку щхьэкIэ сытри зыщIэну хьэзыр цIыху Iейхэрат. Адыгэм къэзылъхуамрэ къыдалъхуамрэ папщIэ сытри яхуэщIэну къэгъуэгурыкIуащ. Iуэхугъуэшхуэ къиIэтауэ тепсэлъыхьым тегъэщIапIэ ищIын хуейр хабзэу къекIуэкIращ — армыхъумэ зэзэмызэ е зэрымыщIэкIэ къэхъуракъым. Адыгэ адэ-анэм я быныр лъаIуэурэ ящэным Iуэхур щыхуэкIуар хэкум ирахуа нэужьщ — мэжэщIалIэу яфIэлIэ сабийхэр псэууэ къызэтранэным ирихулIэрт.
  • ЦIыху щэным теухуауэ щапхъэу къэпхь хъунущ Суворовым хъыджэбз щIалэ дыдэ къищэхуу нэгъуей хъаным тыгъэ зэрыхуищIауэ щытар. Хабзэ лъагэм хапIыкIа цIыхум сытым щхьэкIэ ищIат апхуэдэу? Езыр нэгъуэщI лъэпкъхэм езауэрт, хьэкIэкхъуэкIэ щытыкIэ яIэу жиIэурэ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, урысхэми я хамэтэкъым цIыху щэнымрэ къэщэхунымрэ. Урысейм и тхыдэджхэр а тыгъэм зэреджар «дипломат IуэхузехьэкIэщ». Абы иужькIэ Суворовым нэгъуейхэм лъэпкъкIуэдыр къахуигъэкIуащ.
  • Дыхэплъэнщ Урысей къэралыгъуэм цIыху щэн-къэщэхуным теухуауэ и Iуэху зыIутам, адыгэм апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къезэуэну щыпыхьакIэ. Къэтщтэнщ Павел Езанэм и тетыгъуэр. МэкъумэшыщIэхэр ящэну хуитт, ауэ зы унагъуэм щыщхэр зэкIэрачыртэкъым. 1796 гъэм хабзэ къыдэкIащ мэкъумэшыщIэхэр зэрыхуейуэ зы щIыпIэм икIыу адрейм кIуэну хуимыту. Павел Езанэм зэпымычу игуэшащ и мэкъумэшыщIэхэр. Илъэситхут ар зэрытетари, абы къриубыдэу цIыху 530-рэ итащ. Екатеринэ ЕтIуанэр илъэс 34-кIэ тетати, итар 850-щ.
  • Урысейм цIыху щащэ, щат, щагуэш жиIэу зы къэрали къытеуакъым, езым Кавказым апхуэдэ Iуэхухэр щигъэувыIэн хуейуэ жиIэри дзэ къришащ.
  • Джерелиевскэм зауэ къэхъеям и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ къегъэлъагъуэ лъыщIэжыр лъэпкъым къыдекIуэкIыу зэрыщытар. Пэжщ, диIащ апхуэдэ хабзэ. Зэрыхуейуэ зэрыукIыжыртэкъым, ауэ зи цIыху яукIам, ягъэпудам, уIэгъэ ящIам, зи цIыхубз и нэмыс къыжьэхэуахэм ялъ ящIэжырт. Люлье Леонтий итхыгъащ: «Бгырысхэм дежкIэ лъыщIэжыр къыпхужьэдэмыкъуэн, IэубыдыпIэншэ хьэл-щэну аратэкъым, корсиканхэм я лъыщIэжыкIэм ещхьу. Адыгэхэм дежкIэ ар цIыхум и щхьэм хуищIыж пщIэм, цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэм къыпкърыкI пщэрылъщ, лъыр лъыкIэ пшыныжыным къыхокI». Къэрал хэгъэзыхьыныгъэ щыземыкIуэ лъэпкъым дежкIэ лъыщIэжыр къезэгъ хъуат, щIэпхъаджагъэ къэмыхъуным телажьэу. Люлье адэкIэ къыхегъэщ езыр ди щIыпIэм къыщихьам ирихьэлIэу лъыщIэжыр кIащхъэ хъуауэ зэрыщытар, апхуэдэ къэхъумэ, ягъэщIагъуэу.
  • Джерелиевскэм къытхужиIэхэм ящыщу ущIэмыдэуэфынщ адыгэпщхэр зэпэщIэту зэрыщытар. Абы насыпыншагъэ къишэрт. Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ зэрызэпэщIэувам къыхэкIащ Джылахъстэнейм я уэркъхэр къащхьэщыжыну Урысейм елъэIуныр. Ахэр хуейт урысым и щIы кIапэ къыIахыу абы итIысхьэну. Урысейр абыхэм нахуэу къадэIэпыкъуфынутэкъым, адыгэхэр Iэпхъуэныр фIэфI хъуами. 1739 гъэм Тыркум иращIылIа зэгурыIуэныгъэр зэран хъурт. Абы теухуауэ урыс тхыдэдж Бутков Пётр итхащ: «Иджыри къэс Урысеймрэ Кавказымрэ я гъунапкъэхэр игъащIэ лъандэрэ зэрыщытам тетащ, ауэ иджы урыс къуажэхэр Кавказым и гъунэхэм къотIысэкI, Тэрчыпсым дэкIуейуэ IуотIысхьэ; Сулак быдапIэри къызэрагъэпэщыжыну гупсысэ щыIат. А къуажэхэм Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм щыщ дагъэтIысхьэну щогугъ: чыристан диныр къэзыщтэ осетинхэр, кистхэр, адыгэхэр, апхуэдэу ермэлыхэр, куржыхэр. Абы фейдэуэ хэлъыр КизлярыщIым цIыху нэхъыбэ исыхукIэ лейзехьэхэр нэхъ Iэсэ пщIыну тынш хъунущи аращ».
  • Тэрчыпсым къуажэхэр IуагъэтIысхьэу унафэ къызэрыкъуэкIыу, Къаншокъуэ Кургъуокъуэ Бытырбыху дэсхэм закъригъэщIащ и цIыхухэр и гъусэу езыр абы яхэтIысхьэну зэрыхьэзырымкIэ, адрей лъэпкъхэри Iэпхъуэну зэрытригъэгушхуэнумкIэ. ЖиIэр зэрыпэжым и щыхьэту, чыристан диныр къищтащ, Иванов Андрей цIэр къыфIащащ, и щхьэгъусэри и бынри чыристан хъуащ. Ар подполковник ящIащ, улахуэфI къыпэкIуэу, Черкасскэ-Канчокину зитхыну хуитт, езым дыщэу, и блыгущIэтищым дыжьыну медаль къратащ».
  • «КъэунэхуагъащIэ чыристан джыназыр хагъэдат щыпсэуну къыхихынумкIи, Тэрчыпсым и сэмэгурабгъум щыIэ Мэздэгу Iэхэлъахэр нэхъ къищтащ. 1763 гъэм абдежым быдапIэ щаухуэн щIадзащ, къэрал мылъкум къыхэкIыу Кургъуокъуэрэ подполковник Гаакрэ унэ зырыз щыхуаухуащ…», — етх Бутковым. Подполковникым и тхылъым къыщыхегъэщ адыгэпщхэм я щхьэхуитыныгъэм тешыныхьурэ, а быдапIэр зэтракъутэну куэдрэ яужь зэрихьар.
  • Мэздэгу Iэпхъуа адыгэхэм ятеухуауэ Джерелиевскэм жеIэ: «Хэшыпсыхьынри чыристан дин къащтэнри Iэмалыншэу щыттэкъым. Урысым гухьа бгырысхэм я пщэ къыдэхуэр зы закъуэт — зыгухьам хуэарэзын, я хабзэм тетын. Абы пэкIуэу абыхэм я щхьэр хъума хъурт, я Iуэху зэрыхуейуэ зэрахуэ-жырт, мамыру псэурт, нэгъуэщI фIыгъуэхэри яIэт (хьэкъулэ ирагъэтыртэкъым, дзэм хэмыхьэми хъунут, зэрыIэпхъуам пэкIуэу ахъшэ къратат). Абыхэм я хабзи, я дини зыми и гугъу ищIыртэкъым».
  • Ари пэжкъым. ЩIэпхъуэжу быдапIэм кIуэхэм чыристан диныр къащтэн хуейт зи IэмыщIэ илъам и Iуэху къыхэмылъыж, быдапIэм щыпсэу чыристанхэм хуэдэу я щхьэр хъума хъун папщIэ. Диныр щихъуэжкIэ и цIэри хъуэжын хуейти, ар адыгэжтэкъым. Арат дэни щыхабзэр. Урыс пащтыхь Иван Грознэм Къэзан къищта нэужь тэтэрхэм чыристан диныр кърагъащтэу хуежьащ. Абдежым я тэтэрыныр яухырт.
  • Джерелиевскэм адыгэхэр егъэкъуаншэ Мэзкуу къэралыгъуэм теуа лъэпкъхэм зэрахэтамкIэ. Адыгэхэр Куликовэ губгъуэм ираукIыхьа Мамай дэщIу зэрызэуар фIэфIкъым. Арат, жеIэ, Урысей къэралым и гъунапкъэхэр игъэбыдэну ипщэкIэ щIэIэбар.
  • Пэжщ, теуэ ящIыныр адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуащ, ар хабзэ хэхам тетуи екIуэкIырт. Урыс-Кавказ зауэм щIи- дза нэужьщ адыгэпщхэр, адыгэ уэркъхэр хабзэм пщэрылъ къащищIхэм ебакъуэу щыхуежьар. Урыс къуажэхэм теуэрт, езым я щIым къихьахэм езауэу къалъытэу.
  • Мамай гуэта адыгэхэм ятеухуауэ. А зэман жыжьэм къэхъуам хужыпIэ хъунур мыращ: пщIэкIэ зэуэну кIуа адыгэхэм сытым щхьэкIэ утепсэлъыхьын хуей, урысыпщ Рязанскэ Олег Мамай и лъэныкъуэу щыувакIэ?! ДэIэпыкъуэгъу хуигъэкIуащ, урысхэр зэрыкIыну лъэмыжхэр икъутащ, зауэм къелауэ къэкIуэжхэр ихъунщIащ, гъэр ящIауэ къахухэр къатрихащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ езым и зауэлI мащIэ хъуахэр иригъэкъужынут, и пщыгъуэ тхьэмыщкIэ хъуам зригъэужьыжынут.
  • Мамай жиIауэ ятх мы псалъэхэр: «Сэ сы-Мамайщ, сэ сылъэщщ. Сытеубжьытхащ сэ хабзэжьхэми Ясэми, сэ тезгъэува хъанхэр зыгуэрхэм нэпцIу къызэралъытэми. Тетыгъуэр пхъэкIэн джэгум хуэдэщ. Джэгу». Мамаи Куликовэ губгъуэри щымыIэххауэ трагъэчыныхь языныкъуэ тхыдэджхэм, ауэ Мамай и псалъэу жыхуаIэхэм темыта урыс пащтыхьхэм яхэмыту къысщохъу.
  • Джерелиевскэ Борис ину жеIэ адыгэм лъэпкъкIуэд кърамыщIылIа-уэ. Сыхуейщ а зауэм хэтахэм, зи унафэкIэ екIуэкIахэм ятхыжам щыщ щапхъэу къэсхьыну.
  • 2003 гъэм Мэзкуу щыIэ «Алгоритм» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIыжащ Кавказым щыIа пащтыхьныкъуэ Михаил Николай и къуэм и дэIэпыкъуэгъуа, Кавказым щыIэ урысыдзэм и Iэтащхьэу щыта генерал-лейтенант Фадеев Ростислав «Кавказ зауэ» зыфIищауэ щыта и тхылъыр. Абы щетх: «Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм щыдубла зауэмкIэ къэтхьынури абы и екIуэкIыкIэнури зыкIи ещхьтэкъым къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щекIуэкIам… Шэрджэсхэм я щIыпIэр европей хым и Iуфэм зэрыщыIэм, абыкIэ дуней псом епха зэрыхъум къыхэкIырт щыпсэу лъэпкъхэр къэбзэукIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур. А щIыпIэр Урысейм къыIэрыхьэным нэгъуэщI Iэмал иIэтэкъым, къэгъазэ имыIэу урыс щIыным фIэкIа. КъуэкIыпIэм къыщезэгъа хэкIыпIэхэр къухьэпIэм хуэкIуэртэкъым: Хы ФIыцIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэр урысыщI тщIын папщIэ абы щыпсэууэ хъуар игъэкъэбзыкIын хуейт… Куэд укIын хуейт, адрей къэнам Iэщэр ягъэтIылъыпэн щхьэкIэ… ЩIыпIэм ис лъэпкъхэр зэтеукIауэ Кавказ зауэр къэгъазэ имыIэу ухын хуейуэ Евдокимовым къыхилъхьа бгъэдыхьэкIэр политикэ и лъэныкъуэкIи гъэзэщIа зэрыхъунумкIи телъыджэу куут… Бгырысхэр ихуауэ Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм урысыр игъэтIысхьэн — арат зауэм и иужь илъэсиплIым дызыпэрытар».
  • Урыс пащтыхь Николай Езанэм граф Паскевичым хуетх 1829 гъэм (Тыркум езэуэн иуха къудейт): «Апхуэдэ зы Iуэху дахэ зэфIэбгъэкIащи, иджы нэгъуэщI къыппоплъэ, сэркIэ апхуэдэ дыдэу дахэу, фейдэуэ къыпыкIынумкIэ фIыуэ нэхъыщхьэу — зэи зыкъамыIэтыжыну бгырысхэр егъэтIысэхын е абыкIэ мыарэзыхэр зэтеукIэн».
  • «Кавказыр зэрыщыту убыдын хуейуэ унафэ къащта нэужь, а зауэр зэриухыну щIыкIэр IупщI хъуат, ауэ и кIыхьагъкIэ Санкт-Петербургыр хущIэкъуащ лъэныкъуитIми хэкIуадэр гъэмэщIэным», — етх Джерелиевскэм. Абы теухуауи езы зауэм хэтахэм ятхыжам деджэнщ.
  • «Кавказым и къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ я мыхьэнэр зэщхьэщыкIырт         хы Iуфэм Iусхэр я щIыпIэм къинэжмэ, Урысейм ей дыдэ зэрымыхъунумкIэ. Псыжь и адрыщIыр урыс унафэм щIэувэным щхьэкIэ, хы ФIыцIэм зы фоч зэрыщыуэу щыпсэухэр дэ къытпэщIэувэжу абы ипэ гуащIэу етхьэлIар мыкIуэдын щхьэкIэ, егъэкIуэкIын хуейт лъыгъажэ зауэ кIыхь, мылъкушхуэ текIуадэу щытми… Дэ къуажэ къэс ди нэIэ тетыну Iэмал диIэтэкъым, ауэ дунейр щымамырми абыхэм урыс унафэм щIэт цIэр зэрахьэн къудейуэ арат. ЗыгуэркIэ зауэ къэхъеймэ, Псыжь къещIылIа щIыналъэр бийр Кавказым и гум зэрынэсын бжэ зэIуха хъунут. Зауэ къэхъеину хъыбар къызэрыIуу, ди дзэр 1855 гъэм зэрыта щытыкIэ ды-дэм къихутэжынут, абы щыгъуэ хуэдэ дыдэу и пIэм ижыхьауэ, зыри зэрылъэмыкIыр тлъагъуу…
  • Исхэр зэтеукIэн, дзэм яужь иту урыс къуажэхэр гъэтIысын — апхуэдэ политикэм ипкъ иткIэ, 1861 гъэм и гъатхэм щыщIэдзауэ 1862 гъэм и гъатхэм нэсыху Псыжь и адрыщIым урыс къуажэу 35-рэ ирагъэтIысхьащ, шууеидзиплI къызыхэкIа унагъуэу 5482-рэ хъууэ.
  • Адыгэр и щIым къранэжыну сыт хуэдэу мылъэIуами, зыри къикIынутэкъым. ЛъэIуаи щыIат, ирамыху закъуэмэ сыт и лъэныкъуэкIи Урысейм дэIэпыкъуну, едэIуэну жаIэу. Къригъэлакъым. Мыадыгэу, сыт хуэдэ лъэпкъ хы Iуфэм Iусами, къапэплъэр арат. Зэгуэр зыубыда къэралым и Iэщэр хуимыгъэзэжыным щхьэкIэ ирагъэкъэбзыкIынут.
  • «Кавказым теухуа гукъэкIыжхэр» тхылъым Венюков Михаил щетх: «Зауэр щысхьырабгъу имыIэу екIуэкIырт. Дэ лъэбакъуэ зырызурэ дыкIуатэрт, бгырысхэр зы цIыхуи къэмынэу дгъэкъабзэурэ. Къуажэхэр щэ бжыгъэкIэ-рэ зэтедгъэсхьат, гъавэм шыхэр хэдутIыпщхьэрт е ауэ зэхэдутэрт. ЗыгуэркIэ къуажэхэм иджыри цIыху дэсу къыщIэкIамэ, занщIэу щхьэхуимыту хы Iуфэм яхурти, адэкIэ Тыркум ирахурт. Фарс деж абэзэххэм я къуажэхэр махуищкIэ мафIэм щисащ, и хъуреягъыр Iугъуэ дыджым зэщIищтауэ. ГъэIэпхъуэныр фIы дыдэу къыдэхъулIэрт…».
  • Iэпхъуэным цIыхур ехулIэныр Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэгурыIуам тету екIуэкIащ, ауэ Тыркум и гугъакъым шэрджэсхэр апхуэдиз зэрыгъэхъуну. Урысейм къыжриIэрт Iуэхур къызэтрагъэувыIэну, ауэ зыжраIэм зэхихыртэкъым. Езым Тыркум унафэ хуищIырт адыгэхэр урыс гъунапкъэм пэжыжьэу игъэтIысыну.
  • Филипсон Григорий етх: «Мы махуэхэм къытIэрыхьар бгырыс зыбжанэм я хьэдэти, я щхьэр паупщIри, чэтэным кIуэцIадащ. Вельяминовым зы щхьэ къэс тумэн къарет, щхьэ къупщхьэхэр ЩIэныгъэ академием ирегъэхь. Аращи, зы бгырыс и щхьэ къэс зэзауэ къокI… Хьэдэрэ щхьэ пыупщIарэ щхьэкIэ зэныкъуэкъуныр Кавказым щызауэхэм хабзэ яхуэхъуащ. Къэзакъхэм я бжым чэтэным кIуэцIылъу фIэлъ щхьэхэр япэу щыслъэгъуам цIапIагъэрэ гущыкIыгъуэу къысщыхъуат».
  • «Си лъыр къокъуалъэ, шыуаным итым хуэдэу, си Iэпкълъэпкъыр мэкIэзыз, жыIэмыдаIуэхэм филъкIэ фи щIыр згъэнщIыну апхуэдизкIэ сыщIохъуэпсри… фыпэплъэ, вжызоIэ сэ, си хабзэм тету джатэрэ топкIэ фи лъыр псыуэ езгъэжэхынущи. Фи псы ежэххэм ирижэнур псы утхъуакъым, атIэ плъыжьщ, фи унагъуэм щIэсхэм я лъым ириIауэ», — итхырт генерал Цициановым.
  • Зи тхыгъэ дытепсэлъыхь журналистым зэрыжиIэмкIэ, и кIыхьагъкIэ Урысейр зыхуеяр бгырысхэм зауэншэу ягурыIуэнырщ, сату ярищIылIэну хэтащ, зэныкъуэкъу хэмыхьэну хущIэкъуащ. Пащтыхьым и тхыдэджхэм жаIэр нэгъуэщIщ: «… урыс къулыкъущIэхэм языныкъуэхэр щхьэусыгъуэ лъыхъуэрт бгырысхэм ятеуэу фочауэ макъкIэ я лъыр къызэщIагъэплъэн папщIэ».
  • Мис нэгъуэщI щыхьэти. Генерал Слепцовым губжь хэлъу етх: «Сыт хуэдэ хуитыныгъэ яIэ а хьэкIэкхъуэкIэм хуэдэхэм мы щIыпIэ телъыджэм щыпсэуну? Дуней псор зи IэмыщIэ илъ Тхьэм и унафэкIэ ди пащтыхь нэхум дигъэкIуащ абыхэм я къуажэхэр зэтеткъутэну, цIыхухъуу Iэщэ зыIыгъыфыну хъуар зэтедукIэну, цIыхубзхэм я ныбэр етсыпэхыну, хъунщIакIуэ къамылъхун хуэдэу…»
  • Уегъэдий генерал Ермоловым итхам: «Емынэ узыр (Астрахань къикIахэм Къэбэрдейм кърахьар) дэ къыддэщIырт адыгэм датекIуэнымкIэ, сыту жыпIэмэ Къэбэрдей ЦIыкIур иригъэкъэбзыкIри, Къэбэрдеишхуэри апхуэдизкIэ иунэщIати, къарууншэ хъуахэр зэхуэсу къыдэзэуэну ялъэкIыжыртэкъым…».
  • Грибоедов Александр 1825 гъэм Бегичевым хуетх (Грибоедовыр Вельяминовым и гупым хэтт а зэманым): «Ермоловым и цIэм иджыри цIыхухэр егъэгужьей, Тхьэм жиIэ а гуакIуагъыр абы фIэмыкIуэдыну… Я щхьэр пытлъэу дрикIуэнущ, тхыдэми дытоубжьытхэ».
  • Сытым къыхэкIа Урыс-Кавказ зауэр? Абы и жэуапщ Потто Василий итхари: «Зауэ мыухыжым и гъуагъуэм имыгъэпIейтеиж Урысейм и лIыхъужьхэр щыгъупщэнукъым, Кавказым лIыгъэрэ хэкум хуаIэ пэжыныгъэмрэ къыщагъэлъэгъуащи. Арыншамэ, езыхэр зауэм хуэщIарэ я щIыпIэм къихъумэжу, а лъэпкъыр къэбгъэIурыщIэныр Iэмал зимыIэу къыщIидзынут. …Ауэ хитIым я кум дэлъ Кавказ щIыналъэм уриплъэныр ирокъу Урысейр Кавказым пэщIэувэныр фIэкIыпIэ зимыIэу зэрыщытар къыбгурыIуэн папщIэ. Арат мыбдежым щытепщэну лъэпкъ куэдрэ къэралыгъуэ куэдрэ щIэныкъуэкъуар … ЩIы сэтей бэгъуа зыIэрыбгъэхьэным, зым адрейр яужь иту лъэпкъхэр къыптемыуэным и IункIыбзэр Кавказрат».
  • 1860 — 1870 гъэхэм, Тыркум къащыпэплъэр къагурыIуэри, хэкум икIахэр къихьэжыну хуейуэ мызэ-мытIэу къэлъэIуэжат. Апхуэдэ лъэIу тхылъым Александр ЕтIуанэм тритхащ: «Къагъэзэжыным теухуауэ псалъэмакъ къудеи щыIэ хъунукъым». Зы мащIэ тIэкIущ езым я къарукIэ къэзыгъэзэжыфар.
  • Джерелиевскэм зы IуэхугъуэкIэ арэзы удэхъу хъунущ: «Урысейм иубыда щIыналъэр нэщIу къэнэнкIэ къэшынэжри, икIыну трагъэгушхуэу щытамэ, иужьым ирамыгъэкIыным телажьэу щIадзат…» Сыт хуэдиз къэ-закъ адыгэ хэкум кърамышами, щIыуэ къаунэщIар из яхуэщIакъым. Арати, адыгэ «хьэкIэкхъуэкIэхэр» хьэлэмэт хъужащ. Урысейм къикIахэм къыздэкIуа щIыпIэм хади губгъуи щахузехьэртэкъым, жыг хадэ гъэкIынри, Iэщ зехуэнри, бжьэ зехьэнри яхузэфIэкIыртэкъым, адыгэм а псори гъуэзэджэу къехъулIэу щытами.
  • Американ тхыдэдж Ричмонд Уолтер зэрыжиIэмкIэ, Ермоловым илэжьа закъуэм хыболъагъуэ лъэпкъкIуэдым и нэщэнэу Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) игъэбелджылам щыщу тху, Евдокимовым иригъэкIуэкIар блэкIыпIэ имыIэу лъэпкъыр ихун (этническая чистка) политикэщ — Ричмонд къызэрилъытэмкIэ, «иджырей зэманым щыяпэу къыщIэкIынущ». КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм и тхыдэр  зыдж американ щIэныгъэлI Брайан Глин Уильямс къелъытэ хэкукъутэ зращIылIа адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуар «иджырей Европэм япэу къыщыхъуа лъэпкъкIуэду».
  • «…Нобэ шэрджэс картэр аргуэру Урысейм и зэран къыхэкIын хуэдэу зэрахъуэкIыну хущIэкъу щыIэхэщ, — жеIэ Джерелиевскэм. — Иджы Тыркум къыгухьащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэр, Европей Зэгухьэныгъэр, Куржыр, уеблэмэ, Израилыр. Абы папщIэ иросондэджэр илъэси 160-рэ ипэкIэ къэхъуа Iуэхугъуэм. Ди къэралым и бийхэм къарууэ яIэр ирахьэлIэ адыгэхэмрэ я гъунэгъу лъэпкъхэмрэ я кум хьэлэ даукIэным, Кавказым щIэрыщIэу хьэлэбэлыкъ къыщагъэхъуным».
  • Ди лъэпкъыр мафIэм щисым псы Iэбжьыб къытезымыкIахэм иджып-стуи фIырыфIкIэ къыддэщI хуэдэу защIыркъым, езыхэм я политикэм ди гуауэр къыщагъэсэбэпыну аращ. ФIэщхъугъуейщ хэкукъутэ дызэрыхъуар гурэ псэкIэ зыхащIэу.
  • Адыгэм и тхыдэ пэжыр зэ мыхъуми зэ ятхыжыну пIэрэ? Ари фIэщ хъугъуейщ. Зи псалъэ пхыкI нобэрей тхыдэджхэм зытелажьэм дежкIэ къекIуращ ятхынур. Дэ ди Iуэхур зыIутыр нэгъуэщIщ.
  • ХЬЭЦIЫКIУ Рае,
  • Урыху (Къугъуэлъкъуей) къуажэм дэт
  • курыт еджапIэ №2-м и егъэджакIуэ.
  • ТАБЫЩ Мурат,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым
  • и щIэныгъэ обозреватель.