ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Макъамэр  псэм и  джэрпэджэжщ

2021-08-17

  •  ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ — насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ ди псэлъэгъум — КъэбэрдейБалъкъэр къэрал университетым и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым макъамэмкIэ и гъэсакIуэ, «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Къул Дайанэ.

  • Гущэкъу уэрэдкIэ  къыщIэздзащ
  • — Си адэ-анэм зэрыжаIэжымкIэ, мазих сызэрыхъу лъандэрэ къызош макъамэ. Си анэм къызжиIэу щыта гущэкъу уэрэдыр си гум изубыдати, си жеин къыщыкIуахэм деж, сэри а макъамэмкIэ закъезгъащIэрт. Илъэсищ сыхъуу япэу утыку сихьэри сабий уэрэд цIыкIу згъэзэщIауэ щытащ. Абдеж щIэздзэри, зэпеуэхэм сыхэтащ, школым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм уэрэд щыжысIащ, сыкъыщыфащ. ИтIанэ, илъэсипщI сыщыхъум, си зэпеуэ хэтыныр зэуэ зэпыуащ. «Хуиту джэгуу, еджэу сабиигъуэ тынш иреIэ», — жиIащ си анэм. Макъамэ школи сагъэкIуат, ауэ къэзухакъым — сыкъэфэну, къэзжыхьыну сыхуейт. Псалъэм папщIэ, фортепианэм нотэ зэзгъащIэу сыбгъэдэсын хуэдэу сытепыIэфыртэкъым, си ныбжьэгъухэм я гъусэу сыджэгуну сехъуапсэрти.
  • Си адэм и «Амикс» гупым сыкIуэрт щIэх-щIэхыурэ. Я къафи я уэрэди зэзгъэщIат. Репетицэ яIэрэ зыгуэр къэмыкIуамэ, абы и пIэкIэ сащыхэуви къэхъурт. Илъэс 15 сыщыхъум гупым сыхыхьащ. Псом нэхърэ сынэхъыщIэт, утыку щыгъынхэри ирамыдыкIауэ схуэхъуртэкъым. Школыр къэзухыху сыхэтащ. Курыт еджапIэ нэужьым, Москва, Щукин Борис и цIэр зезыхьэ Театр институтым сыщIэтIысхьащ. Къэзухри, МюзиклымкIэ театрым илъэситIкIэ сыщылэжьащ. Псори хъарзынэт, псори фIыт, ауэ си гур къилъэтын, си нэхэр лыдын хуэдизу ситхьэкъуртэкъым си лэжьыгъэм. ИтIанэ, сэ си цIыху щIыкIэр мыпхуэдэщ: езыхэр сызыхагъэхьэм сыхэтт, ауэ «мис мыр сигу ирохьри, сыщывгъэджэгу», схужыIэнутэкъым. «Къысхуагъэфащэмэ, езыхэм сыкъалъэгъунщ», — арат сызэрегупсысыр. Арати, республикэм сыкъэкIуэжащ. А зэманым «Амикс» гупыр илъэс 15 ирикъурти, концертхэр куэду игъэхьэзырт. Сэри садэIэпыкъуну сахэуващ.
  • «Джэрпэджэж»
  • — Зэгуэрым макъамэмкIэ «Джэрпэджэж» («JRPJEJ») гупым и оператор Васильев Тамерлан къэпсэлъащ, «зы уэрэд дыгъэтх» жиIэри. СыкIуэри ттхат, ауэ уэрэдыр схуэмыгъэзэщIауэ къысщыхъуат, сигу зыхуэзэгъэжатэкъым. Зэман дэкIащ. Аргуэру а гуп дыдэм хэт Къуэдзокъуэ Тимур къопсалъэ, «гущэкъу уэрэдитI дыгъэтх», жиIэри. СокIуэ, уэрэдхэр къыхыдох, дотх. ИтIанэ, концерт ятынути, сраджэ. Сэ уэрэдитIыр жысIэну сыкIуауэ арат, ауэ концертыр иухыху сахэтащ. ИтIанэ, аргуэру зы концерт. Ауэ иджы сахэзэгъауэ. Апхуэдэу сыхыхьащ «Джэрпэджэж» гупым. Иджы зы унагъуэ хуэдэу гуапэу дызэхэтщ.
  • Куэд щIакъым Тамерлан гупым зэрыхэкIыжрэ… ИужькIэ Аппеш Бибарси. Бибарс гупым щыхэкIыжам щыгъуэ егъэлеяуэ къыттехьэлъащ… Зы концертышхуэ къытпэщылъу ирихьэлIат. Ауэ щыдгъэхьэзырым чэнджэщкIэ, IуэхукIэ махуэ къэс къыддэIэпыкъуащ. Абы щыгъуэ дгъэхьэзыра концерт программэр Москва, Самарэ, Къэзан, Санкт-Петербург щыдгъэлъэгъуащ. Иужьрейуэ, Москва «Гараж» и фIэщыгъэу иджырей гъуазджэмкIэ щыIэ музейм пшыхь гукъинэж къыщызэдгъэпэщащ.
  • «Джэрпэджэж» гупым сыхыхьа нэужь, уэрэдыжьхэм сыдихьэх хъуащ. Дэтхэнэми и купщIэр, хъыбару и гъусэр, зыхуаусар — псори зэзгъэщIэну сыхуопабгъэ, абыхэм теухуауи тхыгъэ щхьэхуэхэм сыкъоджэ. КъызгурIуаращи, ахэр уэрэд къудейкъым, ахэр гъащIэщ: зыгуэрым и насып, и гуауэ, и гууз, и Iущагъ хэлъу. А псор зыхэпщIа нэужь, уэрэдыр макъ къудейкIэ бгъэзащIэ хъужыркъым, уи псэм къыIэпыбох ахъумэ. И пэжыращи, сыкъызыхэкIа лъэпкъым гъунэгъу сыхуищIащ.
  • Сызэрыадыгэр  си  къарущ
  • — Москва сыщыщеджа илъэсхэм сэ нэсу къызгурыIуэртэкъым сыкъызыхэкIа лъэпкъым и уардагъыр. Уеблэмэ къыздеджэхэм псэлъэкIэкIэ е гупсысэ гуэрхэмкIэ сазэремыщхьым сыщринэщхъеи къэхъурт. Зэгуэр дезыгъаджэ зы бзылъхугъэ жесIат: «Уэрэд щыжытIэкIэ, сэ си макъыр къазэрыхэщхьэхукIыр зыхызощIэри, си гур ныкъуэщ». «Абы уригушхуэн хуейщ, ар уэ уи щхьэхуэныгъэщ, ар екIущ, ар щэнхабзэщ. Дэ игъащIэкIэ тхузыхэмыщIэну уэ зы телъыджэ пхэлъщ», — къызжиIат. А щыжиIа дакъикъэм къызгурIуатэмэ!
  • ИужькIэ, си Хэку сыкъекIуэлIэжауэ, а псалъэхэм я мыхьэнэр зыхэсщIащ. КъызгурыIуащ, сызэрыадыгэр си къару нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр. Пэжым ухуеймэ, иджыпсту куэд щыIэщ «Адыгэ уей-уей», жыхуиIэм я адыгагъэри, адыгэбзэри, гъэсэныгъэри кърагъэтIасэу е адыгэ фащэр дахэу ящыгъмэ, нэхъ адыгэ щымыIэ я гугъэу. Сэ си дежкIэ лъэпкъыр нэгъуэщIщ — ар гурэ псэкIэ зыхэсщIэщ, гупсысэрэ зэхэщIыкIкIэ щхьэхуэ сызыщIщ, си гу къеуэкIэщ. Абы уогупсысри, бзэм и мыхьэнэри нэхъ зыхыбощIэ. Сэ анэдэлъхубзэкIэ си гупсысэ къызоIуэтэф. Мис, уэ сынопсалъэ, псалъэм папщIэ, куущэу къысхущIэмыгъалъэми. Ауэ, си псэлъэкIэм и щыщIэныгъэхэр языныкъуэ нэхъыжьхэм къыщыспагъэтIылъыжым деж, си гур щызухыж щыIэщ. «Тэмэму упсэлъэфыркъым», «щыуагъэхэр хыбощIыхь» е «адыдыд, мыбы и адыгэбзэр» — мы псалъэхэм сэ сагъэсэнукъым, сыкъагъэувыIэну аращ. Мы гупсысэр си ныбжь куэдми жаIэу зэхызох: «Тебгъэгушхуэмэ, нэхъ къозэгъ, Iэпыбуд нэхърэ!»
  • Балигъ  сыхъуну  сехъуапсэрт…
  • — СыщыцIыкIум сыпIащIэрт балигъ сыхъуну. Ебгъуанэ классым сыщIэсу лъэдакъэ сытеуват, хъыджэбзышхуэ сыщIэхъукI сфIэщIу. Ауэ абы балигъ срихъуакъым. Уеблэмэ Москва сыщыщыIа илъэсхэми иджыри сыкъыIэпыкIатэкъым сабиигъуэм. Си гугъэмкIэ, унафэ гуэрхэр си щхьэ тесщIыхьыж сыщыхъуарщ балигъыпIэ сыщиувар. Нэхъапэм куэдыIуэрэ сычэнджащэрт, абы си Iуэху гуэрхэр къыщилъахъи къэхъурт. Иджы щыуагъэхэми апхуэдэу сащышынэркъым, «сыщыуэмэ, Iущ сыхъунщ», жызоIэри, си гум жиIэм нэхъ тызощIыхь. Иужь зэманхэм лъэныкъуэ куэдкIэ зихъуэжащ гъащIэм хузиIэ еплъыкIэм, зыри зыхэзмыгъэхьэфын зы дуней гуэри сиIэ хъуащ. Ди Iуэху еплъыкIэхэр зэтемыхуэжурэ, ныбжьэгъу, цIыхугъэ гуэрхэри скIэрыхужащ, пэжым ухуеймэ.
  • Насыпыр  щыIэщ
  • — Дыпсэуну тIэщIэгъупщыкI хуэдэщ иныкъуэм деж — щхьэхьу зыщIыпIэ дыкIуэу. Насыпыр-щэ?! Насыпыр езы гъащIэрауэ си гугъэщ. Абы дакъикъэ телъыджэу хэтырщ. Гу лъыттэн хуейуэ аращ. Дызэрыбауэр, ди лъэ къызэрихьыр, дыщIэкIыу къэткIухьыну, дигу къэкIа цIыхум дыIущIэну Iэмал дызэриIэр — мыхэр насып ирокъу.
  • Гугъуэт  Заремэ.