ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адэжь щIыналъэм и гъуэгужьхэр

2021-08-03

  • Анапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэнэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ хъу гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ.

  • АдыгэщIым тIасхъэщIэхыу ита, артиллерием и генерал Новицкий Георгий 1830 гъэм дунейм къытригъэхьауэ щыта и тхыгъэхэм ящыщ зым дыкъыщоджэ:  «…Анапэ къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэсыху адыгэ щIыналъэ псоми выгукIэ ущызекIуэ хъунущ. Езы къэбэрдейхэри Анапэ къыщыкIуэ куэдрэ къохъу, тыркухэм сату дащIын папщIэ».
  • Выгухэм, шыгухэм папщIэ яукъуэдия гъуэгухэр, егугъуу икIи зы мардэм тету зэраухуамкIэ, шу-лъэс лъагъуэхэм къащхьэщыкIырт. Гъуэгухэр зэдэзыщIыр зэпэщыс къуажэхэм щыпсэухэрат, гухэр иризэблэкIыфын хуэдэу.
  • Тхыдэдж, лъахэхутэ Дьячков — Тарасов Александр и тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщат «абазэхэхэм выгу гъуэгухэр шытх тхыцIэхэм ирагъэкIуэн яфIэфIу» зэрыщытар. А псалъэхэм я телъхьэу къоув а зэманым Екатеринодар (Краснодар) дэта ЦIыхухъу гимназием 1897 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу щылэжьа Борчевский Семён: «ХъупIэжьий (ХьэфIыцIей, Геленджик) пэмыжыжьэу «Папай» цIэр зезыхьэ Iуащхьэм (метр       819-рэ и лъагагъщ) дыщыхуэкIуэм, сэ слъэгъуащ шэрджэс гъуэгужьым къыхэнэжахэр. … Ахэр иризэхэзекIуэгъуафIэу щытауэ пхужыIэнутэкъым, лъагащэу зэраIэтам къыхэкIыу. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы гъуэгум хуэдэхэр шэрджэс щIыналъэхэм я бгылъэ щIыпIэ псоми зэрыщыIар».
  • Бгы щыгухэм гъуэгухэр ирагъэкIуэныр, шэч хэмылъу, щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхэкIауэ щытащ. Япэрауэ: а зэманым абазэхэхэм я нэхъыбапIэр Лабэ, Щхьэгуащэ, Пщыхьэ, Пшыш, Псэкъупс я псыхъуащхьэхэм дэсащ. Ахэр иризэкIэлъыкIуэну къурш щхьэдэхыпIэхэр куэдкIэ нэхъ тыншт. ЕтIуанэрауэ, мыбдежым щIыр щынэхъ быдэщ, щыуэтIпсытIхэми къэмытIатIэу. Ещанэрауэ, зекIуапIэхэр шытх щыгухэм зэрытращIыхьым зауэ зэманым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт: зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэ шэрджэс щIыналъэм щыпсэухэр абыхэмкIэ шынагъуэншэу иризэкIэлъыкIуэрт. Псыжь адрыщIкIэ щыIэ тафэ щIыпIэхэм щыпхаша гъуэгухэр адыгэщIым къафIихьэ урысыдзэхэм, топхэр зыщIыгъухэм, зэхафыщIэрт, бжьыхьэ уэлбанэрилэм деж къахэнэж щIагъуи щымыIэу.
  • Урысей къэралыгъуэжьым и гъунапкъэхэр Кавказым гъунэгъу къыщыхуэмыхъум, адыгэхэмрэ Кърым хъаныгъуэмрэ сату IуэхукIэ быдэу зэпыщIат. Абы къыхэкIыу, а зэманми гулъытэшхуэ хуащIырт гъуэгухэм я фIагъым.
  • Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, КIахэм щыщу Натхъуэдж щIыналъэрат гъуэгу нэхъыфIхэр здэщыIэр. «Ахэр ямыIэу Шэрджэсыр псэуфынутэкъым, мамыр зэманми зауэ лъэхъэнэми», — дыкъыщоджэ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа тхыгъэхэм ящыщ зым.
  • Мыбдеж къыщыгъэлъэгъуапхъэщ адыгэхэм мы IэнатIэм Iэзагъэшхуэ халъхьэу зэрыщытари. Лэжьыгъэхэм щынэхъыщхьэр гъуэгухэр захуэ щIынырати, абы папщIэ пхъэм къыхэщIыкIа банэлъэхъур къагъэсэбэпырт. Ар адэкIэ-мыдэкIэ къралъэфэкIыурэ, щIыр зэфэзэщ ящIырт. Гъуэгухэр щыпхашкIэ, мэз кусэ цIыкIуу зэхэкIэжа щIыпIэхэрат къыхахыр. Жыгышхуэхэр выхэмкIэ къыхатхъырти, щIыр яубэжырт.
  • Псом япэу зэгупсысыр выгу, шыгухэр зэблэкIыфу зэрыщытынрат. Абы къыхэкIыу гъуэгухэр яукъуэдийрт, псэлъафэм къызэрыхэщыжщи, «зы къуэрагъ хуэдиз и бгъуагъыу» — нэгъуэщIу жытIэмэ, «IэплIакIуэм» метри 3,5-рэ къызэщIрагъэубыдэу.
  • Яухуэ гъуэгум и кIыхьагъыр къыхахырт зы махуэ-махуитIым зэфIагъэкIыфын хуэдэу. Ягу ирихьа щIы Iыхьэр пхъэIэщэкIэ явэрт. Къыбгъурыт мэз кусэ цIыкIухэм еIусэртэкъым, абыхэм я лъабжьэхэм щIы щхьэфэхэр зэрызэтраIыгъэм къыхэкIыу. Выгу зекIуапIэхэр быдэ ящIын папщIэ, пэмыжыжьэу къыщIах ятIагъуэр абыхэм тракIутэрт, псы зэрызыщIимышэм къыхэкIыу.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.