ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэлI  Хьэкъун  Барэсбий  псэужамэ,  и  ныбжьыр  илъэс  80  ирикъунут

2021-08-03

  • ФIыщIэ жыг зыхуэфащэ
  • Зэуэ къыхэгъэщын хуейуэ къыщIэкIынщ, — Барэсбий езыми жиIэжу зэрыщытащи, дунейм къыщытехьар бадзэуэгъуэм и 9-рщ, ауэ унагъуэм Iуэху ящIу къуажэ Советым щыкIуар бадзэуэгъуэм и 29-рати, а махуэращ сабийм хуатх тхылъым къыщагъэлъэгъуар. Нэхъыщхьэращи, а сабийм къищIыкIат адыгэ щэн зыхэлъ, адыгэгу зыкIуэцIылъ, щIэныгъэм хуеIэ, а щIэныгъэр и лъабжьэу ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм дыхэзыгъэплъэжа цIыху.

  • Барэсбий и цIэр зэхэзымыха къэгъуэтыгъуейщ, ауэ иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщ абы фIыщIэ жыг хуэфащэу къыщIэтлъытэм щхьэусыгъуэ хуэхъу лэжьыгъэшхуэхэр.
  • 1975 гъэм Черкесск къалэм дунейм къыщытехьащ къэкIыгъэцIэу зы мин щызэхуэхьэса тхылъ, адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, латиныбзэкIэ зэреджэмрэ къэкIыгъэхэм я сурэтхэмрэ иту.
  • Елэжьыжауэ, къэкIыгъэцIэ 1500-рэ иту, етIуанэу а тхылъыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1992 гъэм къыщыдэкIащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и мэкъумэш факультетыр къэзыуха, мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат Хьэкъун Барэсбий тIэу къыдигъэкIыжа «Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр» псалъалъэм фIэкIа и къарум къимыхьами, лъэпкъым Iуэхушхуэ хуэзыщIахэм ябгъэдэбгъэувэну къилэжьащ, сыту жыпIэмэ къэкIыгъэцIэхэр зэхуихьэсыныр щыстудентым игу къэмыкIамэ, а зэманым псэуа нэхъыжьхэр тIэщIэкIыу дызэупщIыни къытхуэмынэжыныр хэлът.
  • Барэсбий хунэсащ лъэпкъыр зыхуэныкъуэ, щIэблэхэм къахуэнэну тхылъ игъэхьэзырыну. «Къахуэнэнум» щIытезгъащIэр къэкIыгъэ, псэущхьэ, мазэцIэ, тхьэмахуэм и махуэцIэхэр, бжыгъэхэр, нэгъуэщI куэдри урысыбзэкIэ жытIэ дызэрыхъуарщ. Псалъэм папщIэ, мятэ, ромашкэ жыдоIэ, бэрэтIинэ, шынэ-шынэ адыгэ фIэщыгъэхэм дыщыгъуазэкъыми. Хэт абы щхьэкIэ дгъэкъуэншэнур, сабий садым къыщыщIэдзауэ колледжхэмрэ университетхэмрэ щыщIэкIыжу щIэблэр адыгэ дунейм хэзыгъэгъуазэу яджымрэ зэхрагъэхымрэ мащIэ дыдэмэ.
  • ГъэщIэгъуэнтэкъэ, лъэпкъыр щыпсэу щIыпIэм щызекIуэмрэ, щызелъатэмрэ, къыщыкIымрэ цIэ фIамыщатэмэ. Апхуэдэ къэхъу хабзэкъым, ауэ нэгъуэщIым и бзэр къыщыптегуплIэкIэ, ууейр пIэщIегъэху. Абы тещIыхьауэ уеплъмэ, Барэсбий къэкIыгъэцIэхэр тхауэ къызэрытхуигъэнар фIыгъуэшхуэщ, дунейм набдзэгубдзаплъэу дызэрытетам, анэдэлъхубзэм и дахагъэм я щыхьэтщи.
  • НэгъуэщI зы лэжьыгъэшхуи иIэщ мы щIэныгъэлIым. «Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ. Адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр» — аращ 2002 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIам фIищар. Тхылъым и редактор Джэрыджэ Арсен зэрыжиIэщи, «Барэсбий хузэфIэкIащ дызэсэжауэ гу зылъыдмытэж е дызыщыгъуазэу щымытагъэххэ куэдым адыгэнэрэ адыгэгукIэ ириплъэжу ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж Iэджэм адыгэпсэ къыIуигъэкIэжын».
  • Инжыджышхуэрэ Инжыдж ЦIыкIурэ я Iуфэхэм Iус адыгэ жылэхэм язщ Хьэкъуныр къыщалъхуа Хьэбэз къуажэр. ТхакIуэ, усакIуэ, журналист, сурэтыщI, щIэныгъэлI куэд къыдэкIащ мы адыгэ къуажэхэм, дэтхэнэ зыми фIыщIэ жыг хуэфащэу.
  • Абыхэм ящыщу щым я бюст ирагъэуващ Хьэбэз къуажэм и зыгъэпсэхупIэ жыг хадэм. Ахэр Шыбзыхъуэ МутIалиб, МыкIытIэ Щыхьымбий, Хьэкъун Барэсбий сымэщ. Япэр райисполкомым щиунэфэщIам хузэфIэкI къигъэнакъым цIыху-хэм я щыIэкIэ-псэукIэр иригъэфIэкIуэным теухуауэ. МыкIытIэр Хэку зауэшхуэм хэтащ лIыгъэ игъэлъагъуэу. Барэсбийщи — абы и щIэныгъэмрэ лъэпкъым хуилэжьыфамрэ щапхъэу къэнэн хуейуэ къызэралъытар гуапэщ.
  • Барэсбий и тхыгъэхэм зи гугъу щищIу щыта гуэр иджыблагъэ слъэгъуат Сочэ телевиденэм и «ХъыбарыщIэхэм» хэту. Пэжыр жысIэнщи, уадыгэ дэнэ къэна, сыт хуэдэ лъэпкъыу ущытми, уи гур зыгъэузын теплъэгъуэт ар. «Черкесская груша» — аращ фIащар а теплъэгъуэм, зи гугъу ящIри Аибгъэ къуажэм и кхъужьей жыг хадэрщ. «Русское географическое общество» жыхуаIэм Сочэ щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэм крайм и унафэщIхэм гу лърагъэтэну яужь иту аращ кхъужь лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныщэр къегъэлын, зыкъегъэужьыжын зэрыхуейм. Ар щIэщIапхъэри селекционерхэмрэ тхыдэтххэмрэ я псалъэ жегъэIэн, щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм ебгъэлъагъумэ яфIэгъэщIэгъуэныну зы щIы Iыхьэ къэгъэщIэрэщIэжын хуейуэ къалъытэри аращ. Уеблэмэ къыхагъэщащ, европей кхъужьIэрысэ куэдым къежьапIэ яхуэхъуар хы ФIыцIэ Iуфэ ираша кхъужь лIэужьыгъуэрауэ жаIэри.
  • Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт, илъэси 150 — 200, уеблэмэ нэхъыбэж зи ныбжь кхъужьейхэр иджыри зэфIэтщ, хэзысахэм къатехьа лейр цIыхуцIэ зиIэм щамыгъэгъупщэныр къалэн зыщащIыжам хуэдэу.
  • Сэ фIыуэ сцIыхуу щытащ Барэсбий, шэч къытезмыхьэу жысIэфынущ: дунейм фIыгъуэу тетым нэхърэ нэхъ къищтэнт адыгэхэм, абазэхэм, абхъазхэм я IэкIэ ирагъэфIэкIуа кхъужь лIэужьыгъуэхэр лIэщIыгъуэхэм къыпхызыха жыгхэм я гугъу зэращIа къудейр зэхихыну.
  • Губзыгъэм гурыгъуази (интуиция) иIэщ. Барэсбий езыр цIыху гъэсат, и гур зыхуеIэр захуагъэрэ дахагъэти, и фIэщ хъурт дапщэщми зэ мы жыгхэм цIыхухэр зэрыхуеплъэкIыжынур. Ди зэманым псори нэхъ зытращIыхьыр зыплъыхьакIуэхэр здашэн щIыпIэ «къагъуэтыжын» е IэрыщIым къыхагъэхъуэнращи, хужыпIэн бгъуэтынущ цIыхум и зэфIэкIымрэ тхыдэмрэ щызэхэшыпсыхьа мы жыг хадэм.
  • Ширдий  Маринэ.
  •  
  • Хьэкъун Барэсбий 
  • Хэкужь жыг хадэхэр
  •  
  • Адыгэ лъэпкъым жыг Iэрысэ жыг хадэ къэгъэкIынымкIэ, зехьэнымкIэ зи пщэ умыкIуэжыфын, илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь къекIуэкIыкIэ иIэщ. Ар къызыхэкIар, япэрауэ, езы лъэпкъым илъэс мин куэдкIэ и Хэкужьу Кавказ Ищхъэрэр имыбгынэу, хамэ къатегуплIэмэ, япэщIэтыфу, захимыгъэшыпсыхьу къызэрекIуэкIарщ. ЕтIуанэу, ди Хэкужьыр жыг, гъурц зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэрымыкIуэу бейти, абы хэпсэукIыурэ, а илъэс мин бжыгъэ куэдыр къакIуащ адыгэхэм. Ещанэу, адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ зэрахьа мажусий диным къигъэуву щытагъэнущ ди цIыхухэр къэкIыгъэхэм, жыгхэм, жыг Iэрысэхэм, дин IуэхукIэ, культ IуэхукIэ зэрыбгъэдэтар. Мы гупсысэм и щыхьэтщ Дж. Фрэзер и тхылъ «Магия и религия» жыхуиIэм щитхыр: «Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, кхъужьейм Iэщхэр къехъумэ. Абыхэм мэзым деж кхъужьей жыгыщIэ къыщыпаупщIырт, ухъуэнщIауэ къахьырти, тхьэ пэлъытэу унэм щаIыгът. Дэтхэнэ зы унагъуэми апхуэдэ кхъужьей иIэщи, ар бжьыхьэм, махуэ лъапIэм ирихьэлIэу, унэм щIахьэ, гуфIэгъуэ гуо макъымрэ пшынауэ макъымрэ ягъэшу, ар зэрыщIахьэр яхуэмахуэну хъуахъуэхэурэ. Пхъэм шэху уэздыгъэхэр палъэ, и щхьэпэм кхъуей кIэращIэри, и хъуреягъыр къафыхь, уэрэд жаIэ, йошхэ, йофэ. Ар зэфIэкIауэ кхъужьейр унэм къыщыщIахыжкIэ псори къыкIэлъыщIокI. ИужькIэ гъущапIэм щIагъэувэри, етIанэгъэ бжьыхьэ пщIондэ щаIыгъ…».
  • Хъан-Джэрий хэхауэ тетхыхьауэ щытащ Фрэзер зи гугъу ищIа бжьыхьэ махуэ лъапIэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, а махуэр зыхуагъэлъапIэу щытар мэкъумэшым и тхьэ Созрэщт. Хъан-Джэрий зэритхыжымкIэ, кIахэ адыгэхэм гъавэр кърахьэлIэжа нэужь, а махуэр зэрагъэлъапIэу щытар мыпхуэдэущ: «ХьэмкIутIейкIэ зэджэ жыгым и пхъэ, къудамэ кIэщIу блы тету, дэтхэнэ адыгэ унагъуэми и гуэным щехъумэ. Созрэщ и пшыхьыр къызэрихьэу (гъавэр Iуахыжа нэужь), унагъуэ къэс зэхуосыжри, хьэмкIутIей пхъэр гуэным къыщIах, къахьри унэ утыкум ирагъэувэ, къудамэ кIэщIхэм шэху уэздыгъэ палъэри, щхьэмцIэу тхьэ йолъэIухэр».
  • Апхуэдэ щытыкIэхэр куэду зэхэту и лъабжьэщ адыгэм и жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын, зехьэн щэнхабзэшхуэм.
  • ИпэкIэ дыкъызэрытеувыIащи, а щэнхабзэшхуэр убгъуауэ къыхощ адыгэхэм я нарт хъыбарыжьым икIи лъэпкъым и эпосым пщIэшхуэ щыхуещI санэм (виноград), мыIэрысэм, кхъужь Iэрысэм. Ауэ лъэпкъым и жыг хадэ гъэкIыкIэм, зехьэкIэм тхылъым мащIэущ узэрыщрихьэлIэр. А мащIэхэм ящыщщ ботаник Медведев Я. С. 1889 гъэм Тифлис къыщыдигъэкIа «Деревья и кустарники Кавказа» тхылъыр, Абрамов Я. и «Кавказские горцы» тхылъыр, Мичурин И. В. адыгэ жыг хадэхэмрэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэмрэ щытепсэлъыхь тхыгъэхэр, профессор Тхьэгъущ Нухь и тхылъхэмрэ и тхыгъэхэмрэ. Абы къыхэкIыуи жыг хадэ гъэкIыным пыщIа ди щэнхабзэм щыгъуазэр цIыху мащIэ дыдэщ. Уеблэмэ жыг Iэрысэ гъэкIыным адыгэхэм хащIыкI щымыIэу, урысхэм абы дыхурагъэсауэ жызыIэ щIэныгъэлIхэри къытхокI. Ауэ Iуэхум и пэжыпIэр жыпIэнумэ, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгхэр хъумэн, абыхэм якIэлъыплъын хабзэр адыгэхэм къазэрыдекIуэкIрэ куэд зэрыщIам шэч къытепхьэ хъунукъым. Абы и IуэхукIэ, хъыбарыжьхэм къыщымынауэ, ятхыжауэ къэнахэми урохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, адыгэхэр Истамбыл щрагъэкIа лъэхъэнэм псэуа, адыгэ псэукIэм щыгъуэза, я мэкъумэш, жыг Iэрысэ гъэкIын щэнхабзэ лъагэр зи нэрылъэгъуа Абрамов Я. узэрыгушхуэ хъун куэд итхыжащ. Абыхэм ящыщщ адыгэхэм я жыг хадэхэм, мэзхэм хуэдэу, къуакIи тафи яуфэбгъуу зэрыщытар, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм хуэгъэзауэ абы итхауэ «Лъэпкъ ботаникэ щэнхабзэр» Iыхьэм дызыщытепсэлъыхьар. Адыгэ лъэпкъышхуэр зэрыраулъэпсыкIар, абы и мэкъумэш, жыг Iэрысэ гъэкIын щэнхабзэ лъагэр къызэрагъэсэхыжар зи нэгу щIэкIа лIы губзыгъэм игу, ил мыузу къэнакъым икIи мыпхуэдэ псалъэхэр итхыжыгъащ: «Япэм бгырыс куэд щыпсэуа щIыпIэхэр иджы нэщIщ, къэзакъхэм къахуэгъэсэбэпыркъыми. КъызэрыщIэкIымкIэ, къэзакъ цIыхухэр бгылъэ щIыпIэм зыкIи тегъэпсыхьакъым икIи тепсэухьыфыркъыми, Урысей къэралым ахъшэ къахуиутIыпщыну къыхудохуэ ахэр зэтриIыгъэн щхьэкIэ… 1868 гъэ закъуэм Кубань (Псыжь) областым деж зэрыщымыпсэуфым, щIым зэрытемылэжьыхьыфым къыхэкIыу къэзакъ станицэ 12 зэбграутIыпщыкIыжауэ щытащ… Мы щIыпIэхэу иджы урысхэр зыщымыпсэуфым япэм адыгэхэр куэдыкIейуэ щыпсэурт, щIым фIы дыдэу, фейдэ яIэу елэжьырт.
  • Адыгэхэр хэкум ирахуа нэужь, япэм губгъуэ, мэкъупIэ хьэлэмэту щытахэр банэкIэ зэщIэкIэжащ икIи хэкIуэдэжащ. Жыг Iэрысэ, жызумей хадэ беищэхэр мэзу зэхэкIэжри кIуэдыжащ. Ауэ иджыри къэс бгылъэ джабэхэм къыщыкI жызумейхэмрэ адыгэм и архитектурэ къызэтенахэмрэ щыхьэт тохъуэ мы хэкум псэукIэшхуэ зэрыщыIам икIи а щIыдэлъху цIыхухэр къызэрымыкIуэу лэжьакIуэшхуэу зэрыщытам».
  • Мыпхуэдэ тхыгъэхэмкIэ Абрамовым къэзакъ станицэщIэ яухуахэм дэсхэр къыхуриджэрт адыгэ жыг гъэкIыкIэм, мэкъумэш щэнхабзэ лъагэм и лIэужьхэр хьэрэм щIын, гъэкIуэдыпэн зэрыхуэмейм. АрщхьэкIэ пащтыхь унафэкIэ къагъакIуэу ди Хэкужьым кърагъэтIысхьа урыс цIыхухэр зыкIи хуэхьэзыртэкъым адыгэ жыг Iэрысэ гъэкIын, мэкъумэш зехьэн щэнхабзэм кIэлъыплъу, зыхалъхьэу я гъащIэм къыщагъэсэбэпыну. Уеблэмэ пащтыхь унафэщIхэм     урыс цIыхухэр а щэнхабзэр Iумпэм зэращIыным, зэрагъэкIуэдыпэным къыхураджэрт.
  • Абрамов Я. «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм» гупсэхуу щытопсэлъыхь джабэ нэкIухэр, къуакIэбгыкIэхэр ягъэзахуэурэ жызумей хадэхэр, жыг хадэхэр, гъавэ щIапIэ, мэкъупIэ хъарзынэхэр адыгэхэм къызэрагъэпэщу зэрыщытам.
  • Апхуэдэ бгылъэ къуейщIейхэр бгъэзахуэурэ къэбгъэсэбэпын щхьэкIэ къызэрымыкIуэу къаруушхуэ лъэпкъым къуэлъын,  щIым зэрелэжь Iэмал куэд зэхэбгъэкIыфын, лIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь щIэныгъэрэ щэнхабзэрэ уиIэн хуейщ. Джабэ нэкIухэр, къуакIэбгыкIэхэр гъэзэхуауэ жыг хадэ, жызумей хадэ, гъавэ щIапIэ щIын Iуэхугъуэр (урысыбзэкIэ — террасное земледелие, террасное садоводство) дуней псом цIыхум и щэнхабзэ нэхъыщхьэ дыдэхэм щыхабжэ. Ди лъэпкъ гурыхуэм апхуэдэ щэнхабзэ щэджащэ зэрыбгъэдэлъар дэзыгъэлъагъуж тхыгъэжьхэм я уасэр дэркIэ мылъытэщ. А псом нэмыщIыжу Абрамовым и тхыгъэхэр тхыдэ тхылъщ, «щэнхабзэ диIакъым» жаIэу зигурэ зи щхьэрэ зэбгъэж, адыгэ щэнхабзэ псом и IуэхукIэ тегъэщIапIэншэу зыкъэзылъытэж куэдым я дежкIэ гузэрыгъэубыдыжщ.
  • Сэ сызэригугъэмкIэ, «террасэ щIын» мыхьэнэр адыгэбзэм деж къыщагъэлъагъуэ «тIыгъэ», «щIыпкIэлъей» псалъэхэм. Псалъэм папщIэ, Хьэбэз къуажэм и Iэхэлъахэм щыIэщ «Къамбот и тIыгъэ», «ЩIыпкIэлъей» я цIэу щIыпIэ. Езы джабэми щIы гъэзэхуа куэд кIэрылъщ. Адыгэхэр щIым зэрелэжьу щытам и лъэужьщ ахэр. Апхуэдэ щIы гъэзэхуахэм щIыгулъыр (гумусовый горизонт, гумус) псым къримыхьэхыу хъума щохъу, щIым елэжьыным и фейдэм куэдкIэ хохъуэ.
  • Адыгэхэм я жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIыкIэм гу къабзэкIэ тетхыхьахэм ящыщщ ди къэралым къыщымынэу дуней псом щыцIэрыIуэ ботаникышхуэ, генетик лъэщ, академик Жуковский         П. М. Иджыри къыздэсым зи     лъапсэр мыкIуэдыжа адыгэ жыг хадэ, жызумей хадэ бгынэжахэр щIиплъыкIын, къихутэн папщIэ адыгэ хэкум къакIуэурэ абы мызэ-мытIэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. ИкIи жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын, зехьэн IуэхукIэ ди лъэпкъым ныбжь ин дыдэ къэзыгъэщIа щэнхабзэшхуэ, щIэныгъэ лъэщ зэрыбгъэдэлъыр гъуэзэджэу, щIимыхъумэIауэ итхыжащ. Дуней псом къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ щызиIэу къалъытэ «Культурные растения и их сородичи (систематика, география, цитогенетика, экология, происхождение, использование)» тхылъ иным ар гъунэншэу, хуэмыIуэтэжу щытопсэлъыхь адыгэхэм жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэ куэд яIэу зэрыщытам, абыхэм я фIагъым текIуэн иджыпсту зэрыщымыIэм. Сыт хуэдэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэм темытхыхьами, ар Iэмал имыIэу адыгэхэм я жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм къытоувыIэри, гупсэхуу топсэлъыхь, уеблэмэ адыгэбзэкIэ абыхэм я цIэ къехь. Академик Жуковскэр апхуэдэу куууэ, гъуэзэджэу адыгэ жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын щэнхабзэм щIытетхыхьар адыгэхэм зыгуэркIэ ягу зрезгъэхьынщ е а лъэпкъым фIагъэкIуэдар къезгъэщIэжынщ жиIэу аратэкъым, атIэ узыблэкI мыхъун, къызэрымыкIуэу щэнхабзэ лъагэти аращ, дэхуэхар IэщIыб хъумэ, кIуэдыпэмэ, дуней цIыхубэ псор зыхунэмыIэсыжыну Iуэхугъуэти аращ, жыг Iэрысэхэм я геноцентр инти аращ.
  • Феджэт академик Жуковскэм и тхылъым къыхэсха мы пычыгъуэ щхьэхуэхэм:
  • «Краснодар крайм къыщызэтенащ ныбжьышхуэ зиIэ Хэкужь жыг хадэхэр. Абы къыщыкI жыг Iэрысэхэр, къызэрыщIэкIамкIэ, куэдрэ псэу, гъэ къэс къызыпыкIэ лIэужьыгъуэхэщ. Адыгэ жыг хадэжьхэм я лIэужьхэр нобэр къыздэсым щыIэщ пхъэщхьэмыщхьэ къапыхухэм я жылэхэм къикIыкIыжа жыгыщIэ цIыкIухэмкIэ икIи адыгэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм я генхэр абыхэм яхъумащ. Абыхэм мыкIуэдыжауэ яIэщ мыпхуэдэ щытыкIэхэр: я пхъэщхьэмыщхьэхэр хуабжьу IэфIщ, бэгъуауэ къапокIэ, пIалъэ кIыхькIэ тIыгъуэу щылъщ, езы жыгхэри куэдрэ мэпсэу». «… Мэзыжьу зэщIэкIэжа щIыпIэхэм дэшхуейхэм уащыхуозэ, жыгышхуэ зырызу е зыбжанэу зэхэту. Ахэр, мэзгъауэхэр зэрынэмысам къыхэкIыу, памыупщIу къэнащ икIи 1864, 1876 гъэхэм хэкур зрагъэбгынэу Азие ЦIыкIум яхуа адыгэхэм къащIэна мывэ къалэжь, жылэжь зэхэкъутахэм хэтщ». «Кавказым мащIэрэкъым узэрыщыхуэзэр куэд щIауэ яутIыпщыжа адыгэ жыг хадэжьхэм (иджы къызэрымыкIуэу зэщIэкIэжахэмрэ зызыхъуэжахэмрэ). Ахэр зеяхэр Азие ЦIыкIум яхуауэ щытащ. Жыг Iэрысэхэм къапыху пхъэщхьэмыщхьэхэм я жылэм къикIыкIыжа жыгыщIэхэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокIри, хъупхъэхэххэм (селекционерхэм) я дежкIэ узыблэкI мыхъунщ, яхуэмыгъуэтщ, мыхьэнэшхуэ зиIэщ».
  • ИщхьэIуэкIэ дытепсэлъыхьат адыгэхэм мэз гъэкъэбзэныр, мэзым къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм нэгъэсауэ якIэлъыплъыныр зэрахабзэм. Жуковскэм а гупсысэр нэхъ егъэнахуэжыр, мэзым езыр-езыру къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэфIхэм я къудамэщIэ цIыкIухэр дагъакIэурэ мэзыр жыг хадэ ящIу зэрыщытар къеIуэтэжри. Ауэ сытми къэхъуакъым мыпхуэдэ щIыпIэ фIэщыгъэхэр: «Мейкъуапэ», «Зеикъуэ», «Пыжь-
  • гуэн», «Меймэз», н.къ. Къуажэхэр здэщыс щIыпIэхэм мэзхэм къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр ирагъэфIакIуэурэ, езы мэзхэр ягъэкъабзэурэ жыг хадэм хуэдэу ящIу щытащ. Абрамовым адыгэхэм я «леса-сады» жыхуиIэращ мы зи гугъу тщIа фIэщыгъэхэр нобэр къыздэсым зезыхьэхэр.
  • Хэт ищIэрэ лIэщIыгъуэ дапщэ и ныбжьми, сыт и къежьапIэ хъуами, ауэ шэч хэлъкъым зэрыхабзэфIым ди лъэпкъым сабий къащыхэхъуэкIэ хэхауэ жыг лIэужьыгъуэ хухасэу зэрыщытар: пщащэ цIыкIумэ — къыпцIей, шэдыгъуей е пхъэгулъей, щIалэ цIыкIумэ — Iэмал имыIэу кхъужьей е кхъужь Iэрысей, мей е мыIэрысей. Абы адэкIэ, сыту хабзэ дыщэу адыгэхэм къагъэщIауэ тхэлъа зи къуажэ, зи лъэпкъ къыщхьэщыжахэм, лIыгъэрэ цIыхугъэрэ зезыхьахэм фIыщIэ жыг хуагъэтIысу зэрыщытар! Жыг гъэкIыным ехьэлIа мыпхуэдэ IуэхугъуэфIхэр нобэр къыздэсым лъэпкъым и гум имыхужауэ къокIуэкI, куэдрэ уримыхьэлIэжми. Псалъэм папщIэ, цIыхум гукъинэж къащыхъуауэ щытащ Шэрджэсым и Елбыргъэн къуажэм щыщу зауэ блэкIам хэкIуэда дэтхэнэ зы цIыхуми и цIэкIэ еджакIуэ цIыкIухэм жыг зэрыхасар, «Мы жыгыр мыпхуэдэм хухаса фIыщIэ жыгщ» псалъэхэр тетхауэ. Сыт атIэ адыгэ къуажэхэм а хабзэфIыр къыщIэдмыублэжыпхъэр?
  • Адыгэхэм къахэкIа еджахэм лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIу щытар IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынырщ. Жыг Iэрысэ, жыг хадэ гъэкIын, мэкъумэш, ботаникэ, зоологие щэнхабзэшхуэу дбгъэдэлъыр хъумэным зыри пылъакъым. Жыг хадэ гъэкIынымкIэ адыгэхэм апхуэдизкIэ щэнхабзэ лъагэ яхэлъащи, ар къэптIэщIыжыну ухежьэмэ, зылI къарур хуабжьу мащIэнущ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институткIэ е щIэныгъэлI гупкIэ еувэлIэн хуейщ. Армырами зэман куэдыIуэ блэкIащ мы Iуэхугъуэм теухуауэ адыгэ еджагъэшхуэхэм «Iым» зэрыжамыIэрэ. Черкесск, Налшык, Мейкъуапэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм апхуэдэ щыIауи ямыщIэм хуэдэщ. А щэнхабзэшхуэ-тхыдэшхуэу яхь-яшхым хэкIуэдам и кIамэлъамэ къэнэжахэр, щIэныгъэлIхэр дызэбгъэдэувэу, дызэдэIэпыкъуурэ сэтей къэдмыщIыжмэ, лъэпкъым къытхуимыгъэгъун щIэщхъущ.
  • Урыс-Кавказ зауэшхуэм щыгъуэ Хэкужьыр зрагъэбгынауэ щыта адыгэхэм къащIэна къуажэ щысыпIэхэр мэзыжьу зэщIэкIэжауэ ноби уахуозэ. Абыхэм деж, дэ къытпэплъэ, къэдгъэщIэрэщIэжыну къытщыгугъ хуэдэ, жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм, жыг хадэжьхэм нобэр къыздэсым мыкIуэдыжыпауэ зыщаIыгъщ. ПхужыIэну пIэрэ а Iуэхум пэлъэщын щIэныгъэрэ мылъкурэ адыгэм димыIэу. Тхуримыкъур абы дызэрыпэщIэувэн зэхэщIыкIрэ ерыщагърэщ.
  • Лъэпкъым и блэкIам, щэнхабзэ бгъэдэлъам щIэблэр щIэтпIыкIыфмэ, ахэр нэхъ гъэса хъунт, лъэпкъ гупсысэмрэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ нэхъ заузэщIынт.
  • Эдмонд Спенсер Адыгэ Хэкужьым тIэунейрэ къэкIуэгъауэ щытащ — зэм Кърымым къикIыу, етIуанэм хы ФIыцIэ гъуэгукIэ Тыркум къикIыу. Абы зригъэлъэгъуащ хэгъэгухэу Шапсыгъыр, Убыхыр, Нарткъуажэр, КIэмыргуейр, Абазэхэр. НэIуасэ захуищIауэ щытащ абыхэм щыпсэу адыгэ лIакъуэхэм я псэукIэ-щыIэкIэм, я хабзэм, я шыгъэ-лIыгъэм, я щэнхабзэм, уеблэмэ мэкъумэш, Iэщ зэрызэрахьэм, жызумейхэмрэ жыг хадэхэмрэ къызэрагъэкIым. Урыс-Кавказ зауэ лъэхъэнэм Хэкум къихьэ урыс къэхутакIуэхэм, тIасхъэщIэххэм сыт щыгъуи зэрахуэр бгырысхэр зэрагъэулъиин Iуэхут, абыхэм я нэхъыбэм адыгэхэм мэкъумэш лэжьыгъэ лъэпкъ зэфIамыхыу, хъунщIэнрэ дыгъуэнрэ фIэкIа Iуэху зэрамыхуэу жаIэрт. Ар зэрыпцIыр Европэм щыпсэу цIыхухэм яхуиIуатэу Спенсер мыпхуэдэу итхащ: «Дэ дытепсэлъыхьыфынущ а пцIыр къыщIэзыгъэщ щытыкIэхэм. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ Адыгэ Хэкум (Черкесием) укъыщимыхьами — е Тыркум, е а езы Урысей дыдэм укъикIыу, зэуэ уи гуапэ мыхъуу къанэркъым цIыхухэм я шыфэлIыфэр, мэкъумэшыр, Iэщ хъушэхэм я теплъэр мыбдежым зэрыщынэхъыфIыр. Къуажэхэр псыхъуэхэмрэ аузхэмрэ дэсщ. Абыхэм дэт унэхэр инкъым, ауэ къабзэлъабзэщ, щхъуантIагъэм щIигъэнащи, я теплъэр къызэрымыкIуэу дахэщ. Япэ дыдэу тафэ лъэныкъуэмкIэ Хэкум сыщихьам дунейм и теплъэмрэ цIыхухэм я щытыкIэмрэ сэ сызэрыгугъам нэхърэ куэдкIэ нэхъ дахэу къыщIэкIащ. Дэ зэхэтхыу щытам — цIыху хьэкIэкхъуэкIэхэр гупурэ здыщызеуэ къуакIэбгыкIэ нэщIхэм я пIэкIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, мы Хэкум и нэхъыбэр гъуни нэзи зымыIэ, зыр зым кIэлъыкIуэ мэкъумэш губгъуэ бейхэщ е цIыхур зытелэжьыхь джабэхэщ. ЦIыхухэм дэнэ щIыпIи сыщахьэхурт Iэдэбагърэ гъэсэныгъэрэ зэрахэлъымкIэ, я хабзэ дахэмрэ хьэщIагъэ къызэрыдахымкIэ… ЦIыхум къамыгъэсэбэп зы щIы Iыхьэ цIыкIуи мыбы ущрихьэлIэнукъым. Мэл, бжэн, хыв хъушэхэр, шы гуартэхэр щагъэхъурт хъупIэ щхъуантIэ дахэхэм».
  • Эдмонд Спенсер мызэ-мытIэу къытригъэзэжурэ цIыхухэм, лъэпкъхэм я пащхьэ ирелъхьэ адыгэхэр цIыкIуи ини зэрылэжьакIуэшхуэр, мэкъумэш щIэным, Iэщ, шы гъэхъуным IэкIуэлъакIуэу зэрыпылъыр. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэхэм хуэдэу шы фIыуэ зылъагъу, узыфIэмыкIыжыну зыгъэсэф, шыр зейм и унафэхэр игъэзащIэу зезыгъэкIуэф зы лъэпкъи дунейм тетакъым. Ахэр псори лъэпкъым и щэнхабзэшхуэм щыщащ.
  • Спенсер Адыгэ Хэкужьым нэхъ жыжьэу щихьам щыгъуэ илъэгъуахэм аргуэру зэ къыщытеувыIэжащ и тхылъым, адыгэхэм я псэукIэр, я мэкъумэш, Iэщ зехьэкIэр, жыг хадэ гъэкIыкIэр, я хабзэр нэхъ щыпкъагъ хэлъу дуней псом яригъэлъагъун щхьэкIэ: «Сэ иджыпсту Хэкум икуу къэплъытэ хъунум сынэсащи, абы сызэрытетхыхь щIыкIэр нэхъ тэрэзын хуейщ. Пэжщ, сэ сызэрыщыгуфIыкIам хуэмыдэжу хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ мыпхуэдэ щIыпIэ пхыдзам мэкъумэш щэнхабзэр къызэрымыкIуэу зэрыщылъагэр, гъавэхэкIхэмрэ хадэхэкIхэмрэ зэрыщыбэвыр, сыту жыпIэмэ дэ ди фIэщ ящIат мы хэкум щыпсэу цIыхухэр иджыри къэс хьэкIэкхъуэкIэ псэукIэм тету. Мыбыхэм я унэ цIыкIухэр зэкIэлъыкIуэхэу псыхъуэ еххэм дэтт е бгы лъапэхэм кIэрытт. ИкIи ахэр я къабзагъэкIэ къакIэрыхуртэкъым тироль е швед бгырысхэм яйм. Мыбдежым зэм щыплъагъунут бжыгъэ зимыIэ Iэщхэмрэ мэл-бжэнхэмрэ, хъупIэ къэхухьахэм иту удз щхъуантIэм хъуакIуэу хэту; зэм урихьэлIэнут лIыхэми, бзылъхугъэхэми, сабийхэми мэкъумэш лэжьыгъэхэр ягъэзащIэу. Къуажэ псэукIэ дахэм дунейр зэрыдэбжьыфIэм нэмыщIкIэ, сэ мащIэкъым гукъыдэжу къызатар дыкъэзылъагъу лIыхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэ я мэкъумэш лэжьыгъэр къагъанэу, я фащэр щатIагъэу, Iэщэр зыпщIыхалъхьэу шууэ къытхыхьэурэ дызэрагъэкIуатэ зэпытам».
  • УмыгъэщIагъуэу ублэкIыфыркъым Жуковскэм ди Хэкужьыр, Кавказыр жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэжь къэгъэхъупIэ щхьэхуэу зэрыщытар къызэрилъытэм, абы хьэкъыпIэкIэ зэрителъхьэм, Европей, Ику Азие къэгъэхъупIэхэм зыкIи емыпхауэ. Адыгэ кхъужь Iэрысей, мыIэрысей лIэужьыгъуэжьхэр къэгъэхъуным лъэпкъым акъылрэ гупсысэу, гуащIэрэ зэману къызэрымыкIуэу куэд тригъэкIуэдащ. Дуней псом щызекIуэ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм емылъытауэ, езы лъэпкъым и жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэ къэгъэхъупIэу (помологический центр) щытащ Адыгэ Хэкужьыр. Ди лъэпкъым къыгуэпх мыхъуу бгъэдэлъ мыпхуэдэ щэнхабзэ IуэхугъуэмкIэ сапоув сэ адыгэхэм къалэжь-унэжьхэр къащIэнауэ яIэкъым, я щэнхабзэр лъахъшэщ жызыIэхэм.
  • Жыг дэгъэкIэныр лъэпкъ мэкъумэш, жыг Iэрысэ къэгъэкIын щэнхабзэ нэсым и зы нагъыщэ пыухыкIащ. А Iуэхугъуэ щэджащэр ди лъэпкъым кIэрылъ фIыгъуэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр, езым и щэнхабзэ псом и зы Iыхьэу къызэрыувыр ди цIыху псоми къагурыIуэркъым. Нобэ дэ ар нэгъэсауэ зыхэдмыщIэ щхьэкIэ, адыгэхэрауэ, нэгъуэщI кавказ лъэпкъхэрауэ къалъытэ жыг дэгъэкIэныр дуней псом япэу къыщызыгупсысар. Феплъыт абы теухуауэ академик Жуковский П. М. итхым: «Адыгэхэм пасэм питомникхэр яIакъым икIи жыг дэгъэкIэныр щрагъэкIуэкIыу щытар пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэр езыр-езыру къыщыкI щIыпIэхэм дежт, жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэфIхэр абыхэм я лъэдакъэхэм дагъакIэурэ… Хышхуэм (Средиземное море) и Iэгъуэблагъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу жыг дэгъэкIэныр псом япэу, алыджхэми япэу баскхэрат зыщIэу щытар икIи абы иберхэр хурагъэсауэ щытыгъащ. Ауэ баскхэр я къежьапIэкIэ, я лъапсэкIэ, дауи, Кавказым пыщIати, аращ абыхэм жыг дэгъэкIэныр къыздрахар. Жыг дэгъэкIэным и къэхъупIэ-къежьапIэр Кавказращ. Индием абы зыри хищIыкIыртэкъым».
  • Жыг дэгъэкIэнымкIэ адыгэхэм хуэдэу IэкIуэлъакIуэ Кавказ псом щыпсэуакъым. Апхуэдэу зэрыщытым езым и лъабжьэ иIэжщ. Псом япэу ар къызыхэкIар, сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъыр пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм, жыг Iэрысэхэм, мэзхэм хэпсэукIыу зэрыщытращ. Абы къинэмыщIауэ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зыщыпсэу Хэкужьым и климатыр, щIыгур, дунейр апхуэдизкIэ жыг, мэз кIыным къыхуэгъэщIащи, «къуацэр къипчу щхьэкIэкIэ хэпсэжми мэкI» жыхуаIэм хуэдэщ. Апхуэдэ дуней бейм цIыхухэм Iэмал имыIэу щалъагъурт жыг къудамэхэр зэлъэIэсу къэкIыурэ зэгуэкIэжауэ. Набдзэгубдзаплъэу пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм хэпсэукI цIыхухэм а дунейм езым къигъэщIа щытыкIэхэр имылъагъункIэ, зыхимыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Аращ жыг дэгъэкIэн Iуэхугъуэм и лъабжьэр ди лъахэм къыщежьауэ къыщIысщыхъур. Жыг дэгъэкIэн Iуэхугъуэм кърикIуэжащ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэфI куэд адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэныр. Мы жысIам нэмыщIыжу ди лъэпкъым, шэч хэлъкъым, къигъэсэбэпащ илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, цивилизацэ ин зиIа лъэпкъышхуэхэм я жыг Iэрысэ гъэкIын щэнхабзэри. Псалъэм папщIэ, илъэс мин куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, шумерхэм къэкIыгъэхэм куэд хащIыкIыу щытащ икIи ахэращ къезыгъэжьар чыцIыбжьэ жыгыхъухэм я гъэгъахэм я шэжыгъэхэр (пыльца) зэхуэхьэсауэ хъумэныр, чыцIыбжьэ жыгыбзхэр щыгъагъэм деж а шэжыгъэ зэхуахьэсу яхъумахэр ятегъэщэщэныр, нэгъуэщI куэдхэри.
  • «Хэкужь жыг хадэхэр» Iыхьэр иризухыжыну сыхуейщ адыгэ жыг хадэжь бгынэжахэм мыхьэнэуэ яIэмрэ ахэр къагъэсэбэпын зэрыхуеймрэ теухуауэ Мичуриным итхамкIэ: «Адыгэ жыг хадэжьхэр иджыри поплъэ абыхэм я мыхьэнэр къызыгурыIуэн хъупхъэхэххэм (селекционерхэм). КъызэрымыкIуэ беягъ зиIэ адыгэ жыг хадэжьхэм сэ куэд щIауэ сыщыгъуазэщ. Адыгэ Хэкум мэзу щызэщIэкIэжа жыг Iэрысэ, гъурц Iэрысэ къэкIыгъэхэр уасэ зимыIэ хъупхъэ къыхэхыпIэщ Кавказым щыIэ хъупхъэхэххэм я дежкIэ. Ауэ ар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зыкIи къагъэсэбэпыркъым. Мы Iуэхугъуэр зэрырамыгъэкIуэкIым къыхэкIыу зэгуэри къыумыгъуэтыжыфыну Хэкум фIэкIуэдынкIэ шынагъуэщ дуней псом зэбгъэпщэн щымыIэу хъупхъэ хьэлэмэт хъун жыг Iэрысэ лъэпкъхэр.
  • Сэ си гуапэнут а жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм я фIагъымрэ щытыкIэмрэ IуэрыIуатэу мыхъуу, щIэныгъэ хабзэм тету щIэныгъэлIхэр тетхыхьатэмэ. А тхыгъэхэм хъупхъэхэххэр къыхураджэнут хъупхъэхэхын лэжьыгъэр зэхэублэн зэрыхуейм.
  • Сэ къызолъытэ абы папщIэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэн хуейуэ:
  1. ЩIэныгъэ лъабжьэ быдэ зиIэ экспедицэ къызэгъэпэщауэ Адыгэ Хэкум щыIэ жыг хадэ бгынэжахэм гъэкIуэн, жыг Iэрысэ нэхъ лIэужьыгъуэфIхэмрэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэмрэ гъэнэхуауэ тетхыхьын щхьэкIэ, хъупхъэхэр къыхэхауэ жыг хадэщIэхэм къыщагъэсэбэпын папщIэ.
  2. Нэхъ мыхьэнэ зиIэ жыг хадэжь бгынэжахэр заповедникыу къэлъытэн икIи щIэныгъэ нэсыр и лъабжьэу ахэр къэгъэсэбэпын щIэдзэжын.
  3. Убгъуауэ Кавказым къыщагъэкIын хъупхъэхэр къыхэха хъун папщIэ жыг IэрысэгъэкI технологие убзыхун, бгыщхьэ лъагэхэм къыщыкI жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэр Совет Союзым и нэгъуэщI хэгъэгухэм нэгъэсын (Кърымым, Украинэм, Белоруссием, Ику Азием).
  • Псом хуэмыдэу гу лъытэн хуейщ щхъуэмчжыгхэмрэ дэшхуейхэмрэ. Мис апхуэдэущ къызэрыщIэдзэн хуейр Адыгэ Хэкум и беягъышхуэу жыг хадэ бгынэжахэр къэгъэсэбэпыныр. 8. XII. 1934 гъэ».
  • ЖыпIэ хъунукъым Мичуриным 1930 гъэхэм гу зылъита Iуэхугъуэхэм щIэныгъэлIхэр темылэжьыхьауэ. Къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIын щхьэкIэ мызэ-мытIэу экспедицэхэр Хэкужь жыг хадэхэм къэкIуауэ щытащ. Апхуэдэ экспедицэхэм академик Жуковский П. М. зыбжанэрэ хэтащ икIи Хэкужь жыг хадэхэм, адыгэ жыг Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм тетхыхьыжащ. Тхьэгъуш Нухьи дунейм тетыхукIэ Хэкужь жыг хадэ Iуэхущ нэхъыбэу зэрихуар. АрщхьэкIэ а щIэныгъэлI нэхъыжьхэм яхузэфIэмыкIыж хъууэ Iуэхум щыпэрыкIыжым, абы зэхаубла лэжьыгъэр адэкIэ зыгъэкIуэтэн, псэемыблэжу Хэкужь жыг хадэхэм пылъын щIэблэ къызэгъэпэща хъуакъым. Абы къинэмыщIауэ, апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ егъэкIуэкIыныр къэрал программэу щыщымыткIэ, абы хуэунэтIа ахъшэмрэ мылъкумрэ къыщамыутIыпщкIэ, дэтхэнэ зы щIэныгъэлIми хузэфIэкIынур мащIэщ, сыт хуэдизу гу хьэлэлкIэ лэжьыгъэм бгъэдэмытами. Мис апхуэдэ щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу иужь илъэс пщIы бжыгъэхэм Хэкужь жыг хадэхэр бгынэжыпа хъуащ. Ауэ иджыри угугъэ хъунущ кIасэ дыдэ мыхъупэ щIыкIэ мы Iуэхум еувэлIэн ди щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм къахэкIыну.
  • Тхыгъэр гъэкIэщIауэ къыхэтхащ «Мылъкум ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ. Адыгэхэм я мэкъу-мэш, ботаникэ щэнхабзэр» тхылъым.