ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи чэзу къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ

2021-07-20

  • Иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Iуащхьэмахуэ» журналым и ещанэ номерыр. Адрейхэми хуэдэу, щхьэж фIэгъэщIэгъуэнын тхыгъэ мыбыи къызэрыщагъуэтынум шэч хэлъкъым.

  • Журналыр къызэIуех къызэралъхурэ илъэсищэ ирикъуа тхакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъан и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ къызэщIэзыкъуэ «Урыху акъужькIэ псыхьа тхакIуэпсэ» тхыгъэм, Хьэвжокъуэ Людмилэ и къалэмыпэм къыщIэкIам. Ахьмэдхъан хужаIа псалъэ гуапэхэр, абы и творчествэм, и тхакIуэ дунейм хуа-щIа гулъытэр къэзыгъэлъагъуэхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, мащIэкъым. Ахэращ къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэм укъызыщеджэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Тхыдэр и лъабжьэу» зи фIэщыгъэу Къэжэр Хьэмид итхыгъам гупсэхуу и гугъу щыщIащ «Нэхущ шу» романым. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Сокъур Мусэрбий, Шэвлокъуэ Пётр, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къэрмокъуэ Хьэмид, Мусукаевэ Анжелэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм сымэ я тхыгъэ кIэщIхэм къыхощ абыхэм Налор фIыуэ яцIыхуу, и гуащIэм пщIэ хуащIу зэрыщытар. АдэкIэ щIэджыкIакIуэхэр къыщеджэнущ Ахьмэдхъан и тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ «Нэхущ шу» романым щыщ пычыгъуэ.
  • Мэкъуауэгъуэ мазэм и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъуащ усакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ. Хьэвжокъуэ Людмилэ «ГуфIэгъуэм теухуа уэрэд нэщхъей» зыфIища тхыгъэм щызэпкърыхащ усакIуэм и творчествэр. Абы дыщIигъуми ярейуэ къыкIэлъокIуэ БищIо Борис «И гупсысэр куурэ и псалъэр шэрыуэу» зыфIища тхыгъэр. Мыкъуэжь Анатолэ хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэращ адэкIэ дыкъызыщеджэр. Апхуэдэу усакIуэм и гуащIэм гулъытэ хуэзыщIахэр куэд дыдэ мэхъу, псалъэм папщIэ, Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, IутIыж Борис, КIэщт Му- хьэз, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къэжэр Хьэмид, Мэзыхьэ Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри. Уи гур игъэпсэхурэ уи псэр игъэтыншу къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэм укъыщоджэ Мыкъуэжь Анатолэ и усэ купщIафIэ-хэм.
  • Зи гугъу тщIа тхыгъэхэр зыщIэт «ЖьантIэ» рубрикэм къыкIэлъокIуэ «Прозэ» Iыхьэр. Ар мызыгъуэгукIэ зыхухэхар «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Чэрим Марианнэ и романщ. «ЛIы иримыкъу» зыфIища тхыгъэшхуэм и япэ Iыхьэр журналым и етIуанэ номерым тетащ.
  • «Публицистикэ» рубрикэм щIэтщ Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэр. НэщIэпыджэ Замирэ и «НэщIэпыджэ зэкъуэшищыр» лъэпкъым щыщу Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьа зэанэкъилъхухэм ятеухуащ. Бэгъэтыр Луизэ и IэдакъэщIэкIыр и анэшхуэ Кубра и гъащIэ гугъур къыщыгъэлъэгъуэжа тхыгъэ щIэщыгъуэщ.
  • Журналым и лэжьакIуэхэр сытым дежи яужь дитщ сабийхэр гулъытэншэ зэрыдмыщIыным. Аращ Гримм зэкъуэшхэм я таурыхъхэм ящыщу Нало Заур зэридзэкIахэр къыщIэтIэтыжар.
  • «Iуащхьэмахуэм» тету зи гугъу тщIа тхыгъэ псоми къыщыIуэтахэр нэхъ нэIурыт хъун папщIэ сурэтхэр куэду ящIыгъущ. КъыдэкIыгъуэр зэхуещIыж псэлъэжьу зэхэлъ псалъэзэблэдзым.
  •  
  • ИСТЭПАН Залинэ,
  • «Iуащхьэмахуэ» журналым
  • жэуап зыхь и секретарь.