КъегъэлакIуэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI
2022-04-08
- Налшык дэт «Гидрометаллург» заводым щекIуэкIащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа зыгъэсэныгъэхэр. Гулъытэ хэха хуащIащ шынагъуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэр икIутмэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ щIыдагъэхэкIхэм мафIэ щIэнэмэ, гъэункIыфIынымрэ.
- Заводыр ящыщщ щытыкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъуну объектхэм икIи апхуэдэ къэмыхъун папщIэ илъэс къэс зыгъэсэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Апхуэдэхэм деж наIуэ къохъу къегъэлакIуэхэр, IуэхущIапIэм и администрацэмрэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм къикIынымкIэ IэнатIэхэмрэ зэгъэуIуауэ зэрызэдэлэжьэфынур.
- Зыгъэсэныгъэхэр зытеухуар мырат: кубометри 100 зэрыхуэ кумбыгъэм къижри, солянэ кислотар метр зэбгъузэнатIэ 90 къызэщIиубыдэу щIым телъэда хуэдэт. Абы къыдэкIуэу щIыщIагъым иIэ мазутI хъумапIэхэм ящыщ зыми мафIэс къыщыхъуащ. Абыи метр зэбгъузэнатIи 150-рэ зэщIиубыда хуэдэт. ЩытыкIэ гугъум къикIыным хуэунэтIа Iуэхум цIыху 55-рэ хэтащ, техникэу 10 къыщагъэсэбэпащ.
- — Мыпхуэдэ зыгъэсэныгъэхэм я фIыгъэкIэ гупыр нэхъри хуэхьэзыр мэхъу шынагъуэ зыпылъ химие пкъыгъуэхэр здэщыIэ объектым шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным. ЩытыкIэ гугъум тэмэму дыкъикIащ, ди къалэнхэр нэсу дгъэзэщIащ, — жиIащ зыгъэсэныгъэхэр зи нэIэм щIэта, щIыналъэ МЧС-м мафIэсыр гъэункIыфIынымрэ аварие-къегъэлыныгъэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ и управленэм и унафэщI Къэгъэзэж Анзор.
- Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.