Уигу иумылъхьэмэ унэсын, уемыжьэмэ плъагъун?..
2021-08-05
- Адыгэ щIэныгъэлI Хъут Шамсудин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
- Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэщ, жаIэ. ЦIыхум гъащIэм щыпхиш лъагъуэр бгъуэ хъунуми кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум гурэ псэуэ хилъхьэрщ, гуащIэрэ ерыщагъыу ирихьэлIэрщ. Iуэхум кIуапIэ имыIэжу къыпфIигъэщIу загъуэрэ уригъэкIуэтыжыну зищIми, а лъэпощхьэпом ущхьэдэха нэужьщ зэрымыувэу къыпщыхъу псори щызэхуэхъужыр, узылъыхъуэхэр къыщыбгъуэтыр. Мы тхыгъэр зытеухуа адыгэлI щыпкъэм лэжьыгъэшхуэ къызэринэкIам и мызакъуэу, къызыхэкIа лъэпкъым хуищIа Iуэхутхьэбзэр къызэрымыкIуэу инщ, куущ, бгъуэщ. ИкIуэтыжынуми, узыфIэлIыкIын икIи къыбгурыIуэн ущхьэгъу иIэт, къыхиха гъуэгум ерыщу ирикIуащ, ар щыгъэтауэ, лъэбакъуэу идзами щIэныгъэм увыгъэхэр хуищIу, лъагъуэхэкIхэр хуиубэу, щIэплъыпIэщIэхэр къыхущIигъэщу и IэнатIэм пэрытащ.
- Лъэпкъ IуэрыIуатэр адыгэ гупсысэм и къигъэхъуапIэу, щIэжым и псыпэхэшу зэрыщытыр пасэ дыдэу къызыгурыIуа щIэныгъэлIым и лъэкIыр ирихьэлIэри, и гъащIэр къэхутэныгъэм хэту ихьащ, псэ зыхилъхьэ Iуэхугъуэм щыгуфIыкIрэ ар адэкIэ къызэрызэрыкIынум хьэлэлу телажьэу. Мис апхуэдэ лэжьакIуэ емышыжу, «ищIар тэджыжкъым» хужаIэу дунейм тетащ псэужамэ, зи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирикъуну щыта, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и академик, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъут Шамсудин Хьэжыасфар и къуэр.
- И гъащIэм щыщу илъэс 40-м нэблагъэр Хъутым IуэрыIуатэ щIэныгъэм иритащ — КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм лэжьакIуэ пашэу Iуэху щищIащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъи 100-м щIигъу, IуэрыIуатэ зэужьу блы, монографиеу плIы, зэхигъэуващ курыт еджапIэхэм лъэпкъ литературэр зэрыщаджын тхылъхэр, методикэ дэIэпыкъуэгъухэр, псалъалъэхэр. Апхуэдэу Хъутым и щIэныгъэ-узэщIакIуэ тхыгъэ бжыгъэншэхэр къытехуащ хамэ къэралхэм, Совет Союзым, Урысейм, адыгэ хэгъэгухэм къыщыдэкI газет икIи журал зэмылIэужьыгъуэхэм. Еши псэхуи имыщIэу зыпэрыта лэжьыгъэм Хъут Шамсудин хилъхьар и акъылым и закъуэкъым, атIэ гупсысэу а псом пкъригъэзэгъар щIэблэм и зэхэщIыкIыр зэриIэтынум, адыгэхэм я адэжьхэм къащIэна щIэиным лъапIэныгъэу пылъым гу зэрылъаригъэтэнум хуэунэтIат.
- Хъут Шамсудин и IэдакъэщIэкIхэм щIэныгъэ дунейм пщIэ щагъуэтащ. Апхуэдэ гулъытэ абыхэм яIэ щыхъуар нобэкъым. ЩIэныгъэлIыр дунейм щытетым и къэхутэныгъэхэм къыщIэупщIэу, ахэр зэIэпахыу, тегъэщIапIэ ящIу, щапхъэу къахьу хэIущIыIу хъуат. Хъут Шамсудин и лэжьыгъэхэм Урысейм щыIэ IуэрыIуатэхутэхэр щыгъуазэт, кавказщIыб щIыналъэхэми ахэр фIыуэ щащIэрт. Псалъэм и хьэтыркIэ, Куржым щыщ, дуней псом щыцIэрыIуэ IуэрыIуатэхутэ Вирсаладзе Еленэ зы щIэныгъэ зэхуэс гуэрым и утыкум адыгэхэм я таурыхъхэм ехьэлIауэ къэпсэлъа Хъут Шамсудин едэIуа нэужь, жиIэгъат: «Кавказышхуэм щыпсэу лъэпкъхэм я дуней лъагъукIэр зэпэблагъэ къудейм къыщымынэу, Iыхьлыгъэ гуэр я зэхуакум зэрыдэлъыр си фIэщ хъурт. Ауэ Хъутым и къэхутэныгъэм къэмыкъутэжыну хьэкъ сщищIащ кавказ лъэпкъхэм я таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ илъэс мин бжыгъэхэм нызэрыхьэсауэ щIагъщIэлъыбзэкIэ кърахьэкIыу яхэлъ гупсысэ къэгъэщIыкIэр зы къуэпсым къызэрыщежьэр, зы лъабжьэм къызэрикIыкIыр. ЖыпIэнуращи, шэч къытесхьэркъым а IуэрыIуатэхэр къызыбгъэдэкIахэр зы быдзышэ зэрефам. Дауи, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ цIыхубэм я хъуапсэхэрщ къахэщыр — пэжымрэ захуагъэмрэ щытепщэ дуней дахэ ухуэнырщ, пцIымрэ мыхъумыщIагъэмрэ гъэкIуэдынырщ. Ауэ ахэр сыт хуэдэ лъэпкъ узыншэми гъащIэм къыхих гупсысэкIэщ. Нэхъ куууэ уеплъмэ, гъэщIэгъуэныр а хъуапсэхэр къызэрыщI псэлъэкIэрщ, псалъэ къэгъэщIыкIэрщ, псалъэ зэхьэкIыкIэрщ. Ахэр лъэпкъ къэс езым унейуэ къыдогъуэгурыкIуэ. Куржым щыпсэу лъэпкъхэм я псалъэ зэгъэкIэсыкIэм адыгэ-абазэхэм я псалъэ зэгъэпэщыкIэр изогъапщэри, апхуэдизу зэтехуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, ахэр зэмылъапсэгъутэмэ. «ШэпIащэрыуэт», «щтапIэ ихьэжащ», «и нэбдзыпэм къыщIоплъ», «нэри пэри ехь», нэгъуэщI жыIэгъуэ куэд дыдэри я псалъэ зэпыувэкIэкIи я псалъэ къыхэхыкIэкIи зэтехуэу жыпIэн щхьэкIэ, зы унэ укъыщIэкIын хуейщ. Кавказ IуэрыIуатэ щIэныгъэм зэгъэпщэныгъэ-зэлъытэныгъэ Iэмалыр къыхэзылъхьа Хъут Шамсудин а щIэныгъэр иджыри зы лъагапIэ зэрыдишам пцIы хэлъкъым, ар абы и фIыщIэщ». ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм мыпхуэдэ псалъэкIэ уиIэтыныр зимыуасэ щыIэтэкъым. Псом хуэмыдэу Хъут Шамсудин дежкIэ — зэрысабийрэ и нэхэмкIэ гурыгъуз иIэу къекIуэкIыурэ лIыпIэ щиувэм нэф хъуат… Ауэ ерыщагъ зыхилъхьэщ, адыгэ жыIэкIэкIэ жыпIэнумэ, и бгыр щIикъузэри, Хъутыр лIыгъэ щIапIэ ихьащ. Хэт жиIэфын ар абдеж щытемыкIуауэ?!
- Хъут Шамсудин 1936 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Адыгэ Республикэм ит Джэджэхьэблэ къыщалъхуащ. НэхъыжьыфIхэр зэрыс унагъуэт Шамсудин къыщыхъуари, лъэпкъ хабзэмрэ адыгэ жьабзэмрэ я фIыпIэм щIапIыкIащ. Ар бгъэдэсащ зи ныбжьыр илъэси 110-м фIыуэ щхьэдэха, IуэрыIуатэжьхэр хъарзынэу зыщIэж, ахэр екIуу къэзыIуэтэж адэшхуэ, зэры-Бжьэдыгъу щIыналъэу зи цIэр ноби дахэкIэ къраIуэ Хъут Исхьэкъ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэда адэм и IэфIыр зыхищIэну игъуэ имыхуами, Шамсудин адэ зыщхьэщытхэм яригъэхъуэпсакъым Исхьэкъ. Фызабэу къэна, бынитI зыщIэс и нысэми зэрылъэкIкIэ зыщIигъэкъуащ.
- Адэшхуэр Шамсудин дежкIэ зы дуней ирикъурт — Iуэху щIэным псэ хэмылъмэ, шыпсыранэ пабжьэу зэрыщытым, хабзэм и зы ныбз уебакъуэмэ, цIыхугъэм зэрыщыщIэм, уэрэдым псалъэр пхэнжу хэувэмэ, зэрызэщыкъуэм, хъыбарым щыщIагъэ игъуэтмэ, пцIымкIэ зэребэм хуигъасэрт икIи хуиущийрт. КъыжриIэ къудей мыхъуу, а псор зэрызэрахьэри и нэгу щIигъэкIащ. Хъутхэ я хьэщIэщыр цIыхуншэ зэи хъуртэкъым. Къуажэм дэс нэхъыжьхэр пщыхьэщхьэкIэрэ абдеж къыщызэхуэсрэ тхыдэжьрэ хъыбарыжькIэ, уэрэдрэ пшыналъэкIэ жэщ кIыхьхэр щрахырт. Пэжым и уасэр, лIыгъэм и пщIэр, гуащIэдэкIым и къарур зыхуэдэр Шамсудин хьэщIэщым IуэрыIуатэм и щапхъэхэмкIэ щызригъэщIащ. Шэч хэлъкъым Хъутым и гъащIэ гъуэгур зыунэтIар адэшхуэм и хьэщIэщым щызэхихахэр ару зэрыщытым.
- «Вы хъунур шкIэ щIыкIэ къыбощIэ», жаIэ адыгэхэм. Адыгэ нарт эпосым и гъащIэр езыта, емышыжу зэхуэзыхьэса щIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэдэгъэлI Аскэр сыт щыгъуи игъэщIагъуэу жиIэжырт: «Хэт щIэныгъэм хэтхэм тщыщу зигу къэкIар и адэшхуэм деж щызэхиха IуэрыIуатэхэр итхыжу щIэныгъэхутэ институтым иригъэхьыну? Хъут Шамсудин къищынэмыщIауэ, ар зыщIа щыIэу си фIэщ хъуркъым. «Джэдуужьым хьэжы-ефэнды зэрызищIар» таурыхъымрэ «Хьэжьымрэ кхъуэжьымрэ» псысэмрэ зытхыжари архивым хэзылъхьари курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIут, Шамсудинт. Абы лъандэрэ зызыубгъу архивщ Хъутым и архивыр».
- ЩIалэм гулъытэ жан зэриIэри зэ зэхихар щымыгъупщэу зэрыгурыхуэри цIыкIу щIыкIэ нахуэ хъуащ. Абы зэхуэдэу къехъулIэрт есэпри бзэри, ар лъэщ дыдэт адыгэ икIи урыс литературэхэмкIэ, мыбзаджэу зэригъэзахуэрт дыкъэзыухъуреихь дунейм епха дерсхэр. Хъут Шамсудин зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм я щыхьэтщ абы 1955 гъэм курыт еджапIэр къыщиухым кърата дыжьын медалыр. ФIы дыдэу еджа Шамсудин Краснодар къалэм дэт политехникэ техникумым гугъуехь къыхэмыкIыу щIэтIысхьат, арщхьэкIэ ар зэримыIэщIагъэр пасэу къыгурыIуэри къыщIэкIыжауэ щытащ. Мейкъуапэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру дэт институтым къэкIуэжа щхьэкIэ, ари нигъэсыну къехъулIакъым — и узыншагъэр екIакIуэри, къуажэм игъэзэжын хуей хъуащ.
- Ауэ цIыхум и гугъапIэхэр къызэпыудауэ къыщыщыхъу дыдэм ирихьэлIэу Iэмалыншэу зы нэхугъэ гуэр къыхукъуокI. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа, цIыхубз телъыджащэу дунейм тета ХьэтIанэ ХьэIишэт и цIэр Хъут Шамсудин псэуху дахэкIэ жиIащ (Лъэпкъ интеллигенцэм щыщу мы адыгэ цIыхубз хьэлэмэтым и щхьэпэ зэмыкIа цIыху гъуэтыгъуейщ — Табыщ М.). Шамсудин и гъащIэ гъуэгур зытриухуэнумкIэ гъуазэ къыхуэхъуари, хъуапсэу иIэхэр зригъэхъулIэнымкIэ гушхуапIэу иIари аращ. ХьэтIанэм щIалэщIэм узыншагъэр щхьэусыгъуэ ищIу дэхуэхыну икIи лъэныкъуэ зригъэзыжыну Iэмал иритакъым. Шамсудин цIыхубз губзыгъэм и псалъэм едаIуэри, Мейкъуапэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэ-
- зыру дэт институтым етIуанэу игъэзэжащ, адыгэбзэм щыхурагъаджэ къудамэми щIэтIысхьащ. Тхылъ плъыжькIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Шамсудин илъэситIкIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ иригъэджу Тохъутэмыкъуей къуажэ дэт курыт еджапIэмрэ хэку еджапIэ-интернатым-
- рэ щылэжьащ. Зыпэрыт IэнатIэм зэрехъулIэр, фIыуэ зэрыхищIыкIыр, щIэщыгъуэ куэд зэрыхилъхьэр къалъытэри, Мейкъуапэ егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ институтым методисту яшэжащ. Абдеж щылажьэурэ Хъутым IуэрыIуатэр курыт еджапIэм зэрыщебгъэджынум теухуа тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытригъадзэ хъуащ, икIи къиIэт Iуэхугъуэхэр зэрыгъэщIэгъуэныр, нэхъыбэжкIэ къызэрызэрыкIынур нахуэ хъури, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьэну ирагъэблэгъащ.
- Мыбдеж къыщежьэри, институтыр Хъутым и хэщIапIэу, и лъэщапIэу, и лэжьапIэу илъэс IэджэкIэ къекIуэкIащ. Езым жиIэжырт: «ГъащIэр хужьрэ фIыцIэ къудейкъым зэрызэхэлъыр, я зэхуакур апхуэдизкIэ плъыфэбэу зэIущащи, къыплъэIэсым елъытащ уиIэну гукъыдэжри зыхэпщIэну гухэщIри. Уахътым фIэкIа хэкIыпIэ зимыIэ щыIэкъым, адрей псоми хущхъуэгъуэ яIэщи, щхьэегъэзыпIэ схуэхъуа щIэныгъэ IуэхущIапIэр еIэзапIэу сиIащ, абы щхьэкIи сыт щыгъуи фIыщIэ сщIащ».
- Шамсудин иджыри еджэрт ХьэдэгъэлI Аскэр иригъэблагъэу IуэрыIуатэщыпэ зекIуэхэм щришэжьам. ЩIалэщIэм игъэуэршэр нэхъыжьхэм псалъэр къазэрыпихымрэ зэпыупIэ къимыгъэхъуу гупсысэкIэ я жыIэм къызэрыпигъэхъуэжымрэ узыIэпамышэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. ХьэдэгъэлIым куэдрэ игу къигъэкIыжырт: «Хъутым и лэжьэкIэм сеплъын щхьэкIэ си Iуэху къэзгъанэу и гъусэу лIыжьхэм я деж сыщыкIуэ щыIэт». Иридыхьэшхыжу щIэныгъэлIым и нэгу щIэкIа зы Iуэхугъуэ сригъэдэIуэжыгъат. Зэгуэрым, жиIэжырт ХьэдэгъэлI Аскэр, Пщыжьхьэблэ дыщылажьэу, унащхьэ чэзууэ лIыжьхэр къэдгъэпсалъэу дыздыхэтым, зэгурыIуам хуэдэу, «Бажэмрэ кърумрэ» псысэр къытхуаIуэтэжырт, хэт дгъэпсэлъэну иужь димыхьэми. Шамсудин бэшэчу итхыжырт ахэр, зэхихауи ирихьэлIауи гурыщхъуэ зыми яримыгъэщIу. ИкIэм-икIэжым, зэры-Адыгэ хэкуу фIыуэ къыщацIыху Пщыжь ХьэматIэ деж щекIуалIэм, шэч хэмылъу, мыбы нэхъ щIэщыгъуэ дригъэдэIуэнущ, жиIэу егупсыса Хъутыр, хэт ар жиIэн иджы, мо зи гугъу сщIа таурыхъымкIэ къыщыхидзэм, ар зэхимыхаифэ зытригъэуэну иужь ихьэри хущIэуфакъым: «Алоуэлыхь, сыту псысэ хьэлэмэт, мы бажэмрэ кърумрэ я Iуэху щхьэхуэ-щхьэхуэу дауэ хъужауэ пIэрэ?» — жиIэри и куафэм теуэжащ. ЛIыжьым къыгурыIуащ жиIам хьэлэмэт зыри щIалэм зэрыхимылъэгъуар, ауэ зибзыщIыну зэрыхэтам пщIэ хуищIщ, зыкъызэкъуихри, хъыбаррэ таурыхъыу къыхуиIуэтэжам хуэдэ нэгъуэщIыпIэ щрихьэлIэжакъым. Псысэр зэIэпахыу псоми щIыжаIэм зы щхьэусыгъуэт иIэр — ипэ пщыхьэщхьэм а IуэрыIуатэр хьэщIэщхэм ящыщ зым едаIуэм яфIэтелъыджэу зы къуажэ щIалэ цIыкIу гуэрым щыжиIэжати, ар ягу ираубыдауэ арат… Шамсудин Пщыжь ХьэматIэ деж щитхыжа IуэрыIуатэхэм хуэдэ адыгэ щIыналъэхэм зыщIыпIи зыри щрихьэлIэжакъым: «Iэжьэуэрыкъуэ Заурбэчрэ Хъаныкъуэмрэ», «НэIиб и щихъ щIыкIэр», «Занокъуэхэ япхъу Гуащэхужь», «ЕщIэнокъуэ Уэзыррэ Алыджыкъуэ ЩхьэцIакIэрэ», «Нарысрэ Шырэ Батыррэ» я хъыбархэр псори а зэращ зэратхыжари къызэраIуэтари. ЩIалэщIэм и шыIэныгъэмрэ нэхъыжьым хуищI пщIэмрэ мис апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэхэр къылъыкъуэкIауэ щытащ.
- ЛIыжьыр къызэрыщыхъуамкIэ ХьэдэгъэлI Аскэр Шамсудин щеупщIым, къритыжауэ щыта жэуапыр IуэрыIуатэжьхэр къэзыщыпхэм ноби зэIэпахыу кърахьэкI псалъэщ. «ЗыхэзгъэпскIыхьащ!» — жиIэгъат абы, и гуфIэгъуэр хущIэмыуфэу.
- Хъут Шамсудин IуэрыIуатэжьхэмкIэ бэлыхь, кIагуэ Iуэтэж мыхъуу, шэщIауэ, псалъэм псалъэр къыхэкIыу хъыбар зэкIэлъыгъэкIуэкIэм хуэIэзэ нэхъыжьыфI куэд игъэуэршэращ. Абыхэм ящыщщ Джэджэхьэблэ щыщ ЛIыбзу Ахьмэд, Хьэтыгъужьыкъуей щыщхэу Бэджэнэ Iэюбрэ Къэрэщей Хъалидрэ, Нэчэрэзей щыщ Мэлгуэш Чэрим, Пщыкъуийхьэблэ щыщ Хъуажь Мухьэдин, Щхьэщэхуж щыщхэу Уэгъулэ Заурбэч, Табыщ Лымэ, Щынахъуэ Хухуэ сымэ, ШапсыгъымкIэ ФIеикъуэ къуажэ щыщ Вындыжь Сэлим, нэгъуэщI куэдри. Мы нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ IуэрыIуатэ щIэжым хэмыкIуэдыкIыжу хъыбар, таурыхъ, псысэ куэдыкIей къызэтенащ, аращ абыхэм я цIэри къыщIиIуапхъэр.
- Шамсудин IуэрыIуатэщыпэ зекIуэм щызэхуихьэсахэр архивым щызэтрилъхьэрэ абдеж къыщигъэнэжу хабзэ иIакъым. Ахэр абы зытеухуарэ зыщыщ лъэпкъыгъуэкIэ зэхидзырт, иджырт, къихутэрт. Шамсудин и къэхутэкIэ хабзэхэм хэлъ методологиер гъэщIэгъуэным къыщынэртэкъым, къызэрыкIуэ теориер гъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм пыщIат, щIэныгъэ мыхьэнэуэ яIэм гъэсэныгъэ купщIэри хэувэжырт, лъэпкъ дуней лъагъукIэм хэкIуэдыкIа е хэкъутыкIа хъуа теплъэгъуэхэр зэфIигъэувэжырт. Шамсудин дэмыщхьэхыу игъэхьэзыращ нобэр къыздэсым зэпымыууэ къыдэкI «Адыгэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я зэужьыр — аращ абы и къызэгъэпэщакIуэу щытари. Хъутырщ къыхэзылъхьауэ щытар адыгэ IуэрыIуатэхэр зэхэугъуеяуэ къыдэгъэкIын зэрыхуейр. Том 12 хъу IуэрыIуатэ зэужьым гъэпсыкIэу иIэнумрэ текстхэр зэрызэхэувэнумрэ ехьэлIа тхыгъэ купщIафIи игъэхьэзырыгъат. Абы щыщу езым и гуащIэ зыхэлъ «Адыгэ псысэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыр къыдэкIауи щытащ…
- Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIащ Хъутым. Ар хунэсащ адыгэ узэщIакIуэхэм я щIэиныр щызэхуэхьэса тхылъ зэхигъэувэни, сабийхэм яхуэгъэза IуэрыIуатэ къыдэкIыгъэхэр зэхилъхьэни, къэхутэныгъэхэм я редактору Iуэху иригъэкIуэкIыни, егъэджакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун тхылъхэр къыдигъэкIыни. Сыт щыгъуи купщIафIэт, гуащIафIэт, щIэныгъэфIыр зи гъуазэ лэжьыгъэ хъурт дэтхэнэри.
- ЩIэныгъэм лъэбакъуэу щичыр IуэхущIафэшхуэкIэ къызэщIикъуэжырт, илъэс бжыгъэкIэ иригъэкIуэкI дэтхэнэ зы къэхутэныгъэми IэтащхьэIулIэж гъуэзэджэхэр яхуищIырт. И бзэкIи, щапхъэу къыщыхьахэм я куэдагъкIи, и зэгъэпэщыкIэ-ухуэкIэкIи хуэдэ щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэм къахощ Хъут и монографиехэр. IуэрыIуатэ щIэныгъэм и лъагапIэм тетщ «Адыгэ таурыхъ эпос» («Сказочный эпос адыгов»), «Адыгэ хъыбар эпос» («Несказочная проза адыгов»), «Адыгэ IуэрыIуатэ псэлъэкIэр» («Адыгское народное искусство слова»), «Адыгэ тхыдэ-лIыхъужь эпос» («Адыгский историко-героический эпос») монографиехэр. Сыт хуэдизу бджын икIи зэхэбдзын хуейт IуэрыIуатэ зэмылIэужьыгъуэхэр, абы къыхэкIа дунейм «эпос»-кIэ уеджэу ар щIэныгъэми лэжьыгъэми къыщебгъэщтэн щхьэкIэ? Шамсудин и ехъулIэныгъэм и щэхур зэлэжь текстхэр фIыуэ зэрицIыхум къыщынэртэкъым, абыхэм курых яхуэхъу купкъыр къапкърихырти, дунейпсо IуэрыIуатэм щызекIуэ апхуэдэ къэгъэщIыгъэхэм яригъапщэрт, зэдайуэ яхэлъымрэ унейуэ къахигъуатэмрэ зэхигъэщхьэхукIырти, зэлъытэныгъэмрэ зэгъэпщэныгъэмрэ ятещIыхьа къэхутэныгъэхэр ишэщIырт. КъызыхуэкIуэ гупсысэри эпос фащэм зэритыр щапхъэхэмкIэ нэрылъагъу ищIырт. УиIэм уригушхуэн хуейм къыщымынэу, уригъуэзэн, хъумэн икIи бгъэбэгъуэн зэрыхуейм уригъэувалIэу лэжьащ Шамсудин.
- Хъут Шамсудин цIыху Iущт. Лэжьыгъэм абы и цIэр къыхэщмэ, ар шыбзэм зэрыщIэкIар, дзыхь хуэпщI зэрыхъунур псоми къызэдащтауэ щытыкIэт. НэмыщIыса гуэр Iуэхум хилъагъуэмэ е щыщIэныгъэ гуэр къэхутэныгъэм хэлъу гу лъитамэ, ар зи IэдакъэщIэкIым игу еуэну хуэмейуэ псалъэр къыхухищыпыкIыурэ хузэригъэзэхуэжырт, кIуапIэхэр игъэ-
- лъагъуэрт. Аращ абы ныбжьэгъухэр «усэрэжкIэ» еджэу щIыщытари.
- Хэт нэхъри Хъут Шамсудин хуэфащэщ IэщэфIкIэ уеджэныр. ЩIэныгъэр и Iэщэу псэуа цIыхум цIыхугъэри и Iэщэу гъащIэр ихьащ. Абы къефыкIа узым лъэрыщIыкI зригъэщIакъым, атIэ ущIэпсэун, ущIыщыIэн, ущIэлэжьэн щхьэусыгъуэ къызыхуэбгъуэтыжмэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми узэребэкъуэфынур игъэлъагъуэу псэуащ. Абы ирихьэкIа гъащIэм, псэкIэ игъэвар зыхуэдизыр къэлъытэгъуейщи, щапхъэ тезыхар мащIэкъым.
- Зэ сытегушхуэри сеупщIыгъат: «Гугъу зэрыхэлъам пцIы хэлъкъым, ауэ итIани согъэщIагъуэри, хьэлъэтэкъэ?» — жысIэри. ТэлайкIэ егупсысри жиIэгъа псалъэр гъащIэ гъуазэ схуэхъуащ: «Уигу иумылъхьэмэ унэсын, уемыжьэмэ плъагъун?.. Сынэсауи слъэгъуауи къысщохъу». Мыбдеж къыхэзмыгъэщын слъэкIынкъым Шамсудин и щхьэгъусэ Зое и цIэри. И гуауи, и гуфIэгъуи, и хъери, и гурыгъузи дигуэшу къыбгъэдэтащ Шамсудин а цIыхубз телъыджэр. Дунейм тетыху дамэу иIащ, ину зригъэшэщIрэ лъагэу уэгум щигъэхуарзэу. Апхуэдэ цIыхубзхэрщ адыгэжьым «нэгъэсауэ лIым и пыIэщ» щIыжаIар.
- ЦIыхуфIыр лъэужьыншэ хъуркъым. 2006 гъэм дунейм ехыжа Хъут Шамсудин и цIэкIэ щIэныгъэ зэхуэсхэр зэхашэ, еджэныгъэхэр, Iэнэ хъурейхэр къызэрагъэпэщ, абы и цIэр къыщрамыIуэу IуэрыIуатэм теухуа зы къэхутэныгъи адыгэ щIэныгъэм щекIуэкIыркъым. ЦIыхур уахътыншэ зыщIыр и лэжьыгъэращ, Хъут Шамсудин ар и гуащIэкIэ къилэжьыжащ.
- Си щхьэкIэ сыхуэарэзыщ!
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.