ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Усэ фIыуэ зылъагъухэр

2021-08-05

  • КъБР-м и Правительствэм пэгъунэгъуу зэрагъэпэщыжа зыгъэпсэхупIэ хадэм усэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэмрэ къалэм и библиотекэ нэхъыщхьэмрэ.

  • Усэ фIыуэ зылъагъухэр къеджащ усакIуэ цIэрыIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэм. Зи усэ къеджэжа ныбжьыщIэхэри мащIэкъым.
  • Пшыхьым зэхуишэсащ макъамэ щабэм, усакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дахьэххэр, усэ зытх ныбжьыщIэхэр, журналистхэмрэ блогерхэмрэ. Зэхыхьэ гуапэр ягъэдэхащ ирагъэблэгъа артистхэм, къэфакIуэхэм, музыкантхэм.
  • Иужьрей зэманым щэнхабзэ, литературэ, гъуазджэ пшыхьхэм хуэзэша къалэдэсхэм къыхагъэщащ зэхуэсыр щIэщыгъуэ икIи гъэщIэгъуэн зэращыхъуар икIи апхуэдэ усэ пшыхьхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэ- пэщмэ зэрагуапэр.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.