ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕхъулIэныгъэхэм я бжыгъэм хохъуэ

2021-08-05

  • Японием и щыхьэр Токио щекIуэкI Олимп джэгухэм Урысейм щыщу хэт спортсменхэм зы махуэм нэхърэ адрейм нэхъ щIагъэхуабжьэу ехъулIэныгъэфIхэмкIэ дагъэгуфIэ.

  • Евлоев Мусэ

    Олимп джэгухэм я 13-нэ махуэу щыта шыщхьэуIум и 4-м спорт гимнастикэмкIэ зэхьэзэхуэхэр зэхуащIыжащ. КъэпщытакIуэхэм къызэралъытэмкIэ, урысей гимнаст цIыхубзхэм илъэс 29-рэ, цIыхухъухэм илъэс 25-рэ хъуауэ гуп зэпеуэхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэ къыщагъэлъэгъуэфакъым. Зи гугъу тщIы гупитIми Токио дыщэ медалхэр къыщахьащ. А унэтIыныгъэ дыдэрщ Нагорный Никитэ Урысейм домбеякъ медаль къыщыхуихьари.

  • Сыт щыгъуи хуэдэу, лIы бланэхэр зыхуэщ Кавказыр зэрыщыIэр бэнакIуэхэм я утыку ихьэгъуэм къаригъэщIэжащ. Токио а хабзэр шыщхьэуIум и 4-м щигъэпэжащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль къэзыхьа ингуш щIалэ Евлоев Мусэ. Европэми дуней псоми тIэунейрэ чемпион щыхъуа, илъэс 28-м ит лIыхъужьым килограмм 97-м нэхърэ мынэхъ хьэлъэхэм я зэбэныгъуэм Алексанян Артур щыхигъэщIащ. Абы хуэзэн ипэ Мусэ ятекIуащ Куржым щыщ Мелие Георгий, Венгрием къикIа Сёке Герго, Польшэм щыщ Мигалик Тадеуш сымэ.
  • Урысейм и Президент Путин Владимир Евлоев Мусэ и текIуэныгъэмкIэ ехъуэхъуащ: «Олимп чемпион ухъун папщIэ къарууэ бгъэкIуэдам хуэфащэ ехъулIэныгъэ къыпIэрыхьэжащ. Иужьрей зэпеуэм апхуэдизыпщIэ зиIэ хьэрхуэрэгъум ущыпэщIэувэм, уэ къэбгъэлъэгъуащ лIыгъэрэ тегушхуэныгъэрэ зэрыпхэлъыр, къикIуэт жыхуаIэр зэрумыщIэр, текIуэныгъэм хуэгъэпса, къыхуэт зимыIэ бэнэкIэ Iэзагъ зэрыббгъэдэлъыр».
  • «СынасыпыфIэу схужыIэнущ, — къарет жэуап журналистхэм езы Евлоевым. – Мыбы сыкъыщIэкIуар си олимп медалыр схьыжыну арати, ар къызэхъулIащ». ЩIалэм и пщэм дыщэ медалыр изылъхьар алыдж-урым бэнэкIэм тхьэмадэ щыхъужа, совет зэман лъандэрэ а унэтIыныгъэм зи цIэр хуабжьу щыIуа Мамиашвили Михаилщ.
  • Алыдж-урым бэнэкIэрт утыку щихьар нэхъ пасэу зи гугъу фхуэтщIа адыгэ щIалэ Асэкъал Рустами. Узбекистаным къыбгъэдэкIыу олимп утыкум ихьа щIалэм мызыгъуэгукIэ медалхэм и насып хэмылъами, япэ зэбэныгъуэм 6:5-уэ абы хигъэщIащ Куржым щыщ Гобадзе Лашэ. Абы къыкIэлъыкIуа иужьрей зэпеуэм и Iыхьэ плIанэм Рустам къыщригъэкIуэтащ Хорватием щыщ Хуклек Иван. Зыр псоми ятокIуэри, дуней псом щагъафIэ спортсмен мэхъу. Адрейм бэшэчагъ къызыкъуехри, цIыху хуэдэ цIыху къыхокI. ТекIуэныгъэм уигъэлъапIэ къудеймэ, хэщIыныгъэм икIи уеузэщI. Асэкъалыр дуней псом къыщацIыху бэнакIуэщ, тренер гуащIафIэщ, пщIэ зиIэ цIыхущ.
  •  
  • Чэрим Марианнэ.