Псапэр зи псыпэ
2021-08-05
- Илъэс куэд лъандэрэ цIыхум къыдогъуэгурыкIуэ диныр. Адыгэхэм ди хабзэм къекIу ислъам диныр псэкIэ къызэрытщтэрэ куэд дыдэ щIащ. Ар дин къабзэщ, пэжагъэмрэ гущIэгъумрэ ухуезыгъаджэщ.
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и щэщI гъэ-хэм дин лэжьакIуэу ущытыныр шэкъэуэжым хуэдэт. Абы урилэжьэн дэнэ къэна, Алыхьыр уи фIэщ хъууэ укъащIамэ е утепсэлъыхьу зэхахамэ, бзэгу яхьырти, цIыхур зэуэзэпсэу дашырти, суди трамыщIыхьу ягъэтIысырт, уеблэмэ ягъэкIуэдырт. Мэжджытхэм я нэхъыбэри щIым щыщ ящIыжат.
- А зэманым Къызбрун ЕтIуанэ къуажэм (Ислъэмей зыфIащыжам) дэсащ цIыхухэм фIыуэ ялъагъуу, нэмысышхуэ хуащIу, щIыхь яIэу дин лэжьакIуэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ дин «зауэ» мыхъумыщIэм и жьыбгъэ гуащIэр зыщIихуа, зи унэм пэш щыхухэзыхыу цIыкIухэр хьэрыпыбзэм хуезыгъэджа, судыншэу ягъэтIысу илъэс 15-кIэ Сыбырым щыIа си адэ Чэрим. Зауэ нэужь лъэхъэнэм ефэндыуэ лэжьа Лэкъущо ХьэцIыкIу, Къардэн Чэрим, Шыгъэлыгъуэ Хьэчим, Пыхъ Къасым, Къылъшыкъуэ Iэлисахь сымэ щихъым хуэдэт. Абыхэм я къуэпсыр жыжьэ нэсырт, куэд ялъэгъуат, ящIэрт, губзыгъэхэт, гъащIэм куууэ хащIыкIырт, щIэблэри дин къабзэм хурагъаджэрт.
- ФIыуэ сощIэж абыхэм щхьэкIэ къуажэдэсхэм жаIэу щытахэр: «Абыхэм хуэдэ дин лэжьакIуэ, муслъымэн къабзэ ди къуажэм дэсакъым — апхуэдэхэр илъэс миным зэ къалъхуу аращ».
- Ди зэманыр къапщтэмэ, и цIэр фIыкIэ къипIуэ хъунущ илъэс 24-рэ хъуауэ Алъэсчырей куейм ефэндыуэ яIэ Мамхэгъ-хьэжы Iэхьед.
- Зэманыр дэтхэнэ зым дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Гъэхэр кIуа иужькIэ цIыхур и блэкIам ироплъэж-ри, къигъэщIам «уасэ» хуещIыж, псори и пIэм ирегъэтIысхьэж.
- Илъэсхэр кIуэхукIэ дэ губзыгъэ, насыпыфIэ дохъу. ДыщыщIалэращ дэ дыщыгурбияныр, дыкъыщызы-фIэщIыжыр, дыщыгушхуэр. ДыщыщIалэм, шэч хэмылъу, дегусысыртэкъым Алыхьым тыгъэ къытхуищIа гъащIэм и лъапIагъэм, ди къэкIуэ-нум, диным къигъэув къалэнышхуэ-хэр гъэзэщIэн зэрыхуейм.
- Тхьэм ирещIи, Мамхэгъыр щыщIалэм егупсысауэ къыщIэкIынукъым дин лэжьыгъэм, ауэ гу лъыптэрт абы и зэхэщIыкIыр, и къабзагъэр, и гуп-сысэкIэр адрейхэм зэремыщхьым. Абы езым мыпхуэдэу жиIащ: «Си гъащIэр Алыхьталэм къызэрысхуиухам хуэдэу щытщи, абы срокIуэ. ЦIыхур цIыху зыщIыр и лэжьыгъэрщ. А лъагъуныгъэр зимыIэр хъуркъым академики, еджагъэшхуи, космонавти, дохутыри, дин лэжьакIуи. Арыншэмэ, цIыхур махуэпщIэм хуэдэщ, лажьэркъым, зэманыр псынщIэу кIуэуэ унэм зэрыкIуэжыным щIэхъуэпсу аращ, йожьэ зыгъэпсэхугъуэ мазэр, пенсэр къэсыным. Ар гъащIэкъым».
- Мамхэгъым курыт еджапIэр къиухащ, Совет Армэм къулыкъу щи-щIащ.
- Унагъуэм я щIалэ закъуэм зыкъызэкъуихри, и адэ-анэм ядэIэпыкъуну, лэжьэну и мураду захуигъэзащ: «Автозапчасть» заводым лэжьакIуэ хуейуэ жаIащи, абы сыкIуамэ здэнут».
- Пэжыр жыпIэмэ, адэ-анэр зыпэмыплъа хъыбарым куэдым иригъэгупсысащ, упщIэ куэд я пащхьэ къиуващ. «Ар дауэ, абы фIы дыдэу школыр къиухащ, адэкIэ емыджэу лэжьэну ара? Зыгуэр щхьэусыгъуэ тщIыуэ щIедгъэгъуэжын?» Ауэ адэ-анэм апхуэдэу ящIакъым — щIалэм пэрыуакъым.
- Iэхьед къызэрыгуэкI лэжьакIуэм и фащэр щыщитIэгъа махуэм мурад иIащ и адэ-анэр имыгъэукIытэну, псоми щапхъэ яхуэхъуну, и къуажэгъухэм я напэр тримыхыну. ЩIалэр гумызагъэт, гурыхуэт, зэпIэзэрытти, гупым псынщIэу яхэзэгъащ. Куэд дэмыкIыу гу лъатэри, Iэпыдзлъэпыдзым ирагъэкIри, IэнатIэ иратащ.
- — Ей-и-и, щIалэ, иумыгъэлей, ущIимыхьэ, улъэпэрэпэнщ, укъыпэрыхужынщ куэд дэмыкIыу, Iэджэми я гугъащ ар, — языныкъуэхэм къыжраIа щхьэкIэ къимыгъанэу, и планхэр проценти 100-120-кIэ егъэзащIэ. Гъэхэр кIуэри, зэрыжаIэу, еджакIуэр и гъэсакIуэхэм ятекIуэжащ. Зы собранэ блэкIыркъым Мамхэгъым и цIэр фIыкIэ кърамыIуэу, саугъэтхэр къыхуамыгъэфащэу.
- «Автозапчасть» заводым брига- диру, иужькIэ Бахъсэн щIакхъуэ заводым мастеру, консерв заводым бригадиру Мамхэгъыр щылэжьащ. А IэнатIэ псори адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу кърихьэлIащ пенсэм кIуэхукIэ.
- Ислъэмейр къуажэшхуэ хъуат, Бжьахъуэкъуей (къуажапщэр), Ислъэмей (къуажэкур), Алъэсчырей (къуажэкIэр) фIэщыгъэхэр яIэу. Мэжджытищ дащIыхьри, жэмыхьэтищ хъуати, ефэндыхэри ягъэуващ. Ипщэ жэмыхьэтым Пыхъ Мухьэмэдин, и кум Къундет Сафудин, ищхъэрэ нэхъ ин дыдэм Мамхэгъ Iэхьед.
- А жэмыхьэт нэхъ ин дыдэм ефэндыуэ ураIэну тыншкъым. Махуэ, жэщ, зыгъэпсэхугъуэ махуэ уиIэнукъым. Жэщым къыщагъэтэджыж куэдрэ къыщыхъу щыIэщ. ЛIэныгъэр псом нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэщ. ЦIыхур и иужьрей «гъуэгуанэм» хуэгъэхьэзырыныр Iуэхушхуэщ. Мамхэгъыр здэщыIэ жэмыхьэтым хиубыдэхэм ящыщу сызэупщIахэм абы хужаIа пса- лъэ дахэхэр куэд мэхъу. Ауэ абыхэм жаIэр къызэщIэпкъуэрэ зы пщIыжу жыпIэмэ: «Iэхьед и псапэр псыпэм хуэдэу япэ итщ, хьэл-щэн дахэ хэлъщ, жумартщ, цIыху хэтыкIэ ещIэ, и Iуэху зэрихьэмкIэ жэмыхьэтым гукъеуэ яIэкъым. Хьилмышхуэ зыбгъэдэлъ дин лэжьакIуэщ».
- Жэщ-махуэ иIэкъым Iэхьед зыпэ-рыт IэнатIэм икIи и къалэн лъапIэр нэсу ирехьэкI. Ар нэщхъеягъуэ зиIэ дэтхэнэми дэIэпыкъуну мэпIащIэ, и къару щысхьауи зыми илъэгъуакъым.
- Махуэ псом «лэжьа» дыгъэр езэшауэ къухьэпIэм хуоплъэкI. Нэщхъеягъуэ зиIэ унагъуэм зэрыдэсыну зэманыр и кIэм нэблэгъауэ пщIантIэм дэсхэр къызэщIэтэджауэ Iэхьед дыуэ яригъэщIыжырт, абыхэм я пщIантIэм зы щIалэ къыщыдыхьам. Абы и нэ-гум нэщхъеягъуэр кърихыу, къыхудэшей къудейуэ жиIащ: «Си къуэшыр щыIэжкъыми, нэхъыжьхэм сыкъагъэкIуащ, къашэ жаIэри». Iэхьед нэщхъеягъуэ къызылъыкъуэкIам я дежкIэ иунэтIащ.
- ЦIыхур дуней къытохьэ. КъыхуигъэщIа и зэманыр къосри токIыж, текIыжыкIэри Iэджэ мэхъу. Зыр зэуэзэпсэу къытохуэри малIэ, адрейм машинэ къыжьэхоуэри, фэбжьышхуэм ехьыж. Иджы уз зэрыцIалэр етащи, ефэндым и къалэныр игъэзэщIэну щыдзыхьщIыгъуэджэ куэдрэ къохъу. ГуфI уимыIэу ахэр зыхуей хуэбгъэзэну тыншкъым. Сэ жысIэр аращи, ар пхузезыхьэ ефэндым къыпхуимыщIа щыIэкъым.
- Iэхьед и бынхэр зыщIипIыкIар цIыхум сэбэп яхуэхъунырщ, лэжьыгъэр фIыуэ лъагъунырщ. «Узыбгъэдэт IэнатIэр фIыуэ зумыхьэмэ, улэжьа-кIуэ пэжкъым, пхузэфIэкIыхукIэ цIыхум ядэIэпыкъун хуейщ», — жиIэрт Iэхьед и адэ Барэсбий. И адэм и ущиехэр игъэпэжащ Iэхьед. И бынхэри щапхъэ дахэм щIапIыкIащи, пщIэ зыхуащI защIэщ дэтхэнэри. Псоми IэщIагъэ зрагъэгъуэтауэ, зыхэтхэм фIыуэ къалъагъу. Езы Iэхьеди «УнасыпыфIэу зубжыжрэ?» жысIэу сыщеупщIам, мыращ жэуапу къызитар: «Си бынхэм зы махуэ гукъеуэ къызатакъым, сагъэукIытакъым. Аракъэ насып жыхуаIэжыр?»
- Еш зымыщIэ Iэхьед и IэнатIэ гугъум къыдэкIуэу щIэблэр еущий, егъасэ, диным и къежьэкIэмрэ и пэжымрэ къагурегъаIуэ, щIэщхъу зыпылъ Iуэхугъуэ зэрамыщIэным хуосакъ. Адэ-анэхэм ялъогъуазэ я гурылъ-гурыщIэхэр зрегъащIэ, гъуэгу пхэнжым щIэблэр щехъумэ.
- Дунейм цIыху пэжу, псапэ блэжьу утетыныр — ар къулыкъу инщ. Абы нэхъыфI сыт щыIэ? «КъБР-м щIыхь зиIэ и Iимам» цIэр фIащу щытамэ, си IитIри абы щхьэкIэ сIэтынт. Ди насыпщ Алъэсчырей жэмыхьэтым, Мамхэгъ Iэхьед цIыху пэжу, емышыжу щыпкъэу диIэщи.
- УзыншагъэфI иIэу, и мурадыр къехъулIэу, и лъабжьэр быдэрэ и дунейр нэхуу илъэс куэдкIэ иджыри псэуну сохъуэхъу Iэхьед. Берычэт бесын бжыдоIэ уи лэжьыгъэ мытыншыр гурэ псэкIэ ухуэпэжу зэрыбгъэзащIэм щхьэкIэ.
- Диным и нэмыс… ПщIэ ин зиIэу къекIуэкI а псалъэхэм я купщIэр сыт щыгъуи зыхъумэхэм икIи зыгъэпэжхэм ящыщщ Мамхэгъ Iэхьед, Ислъэмей къуажэр зэрыгушхуэр.
- КЪАРДЭН Мухьэмэд.
- Ислъэмей къуажэ.