ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Уи щIыхуэхэм  щыгъуазэ зыщI»

2020-12-26

  • КъБР-м щыIэ Суд приставхэм я федеральнэ IуэхущIапIэм (ФССП) и Управленэм и унафэщI, КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт республикэм щылажьэ СМИ пэрытхэм папщIэ пресс-конференц иригъэкIуэкIащ. Абы къекIуэлIахэр ФССП-м и электрон зэпыщIапIэхэр къэбгъэщхьэпэным фейдэуэ хэлъымрэ къэралым и щIыхуэ птелърэ птемылърэ къызэрыпщIэну Iэмалхэмрэ тепсэлъыхьащ.

  • — Сыт «Уи щIыхуэхэм щыгъуазэ зыщI» акцэр щIрагъэкIуэкIыр?
  • — ФССП-м щIыпIэ хэхахэм щиIэ къудамэхэм «Уи щIыхуэхэм щыгъуазэ зыщI» зыфIаща Урысейпсо хъыбарегъащIэ акцэ ирагъэкIуэкI. Абы и мурадщ цIыхухэм къэралым и щIыхуэ ятелърэ ятемылърэ къащIэнымкIэ ядэIэпыкъуныр. Псалъэм папщIэ, апхуэдэ Iэмал къыует «Банк исполнительных производств» жыхуиIэ электрон хэщIапIэу Урысейм и кIуэцIкIэ щылажьэм.
  • Зи гугъу тщIы жэрдэмым и фIыгъэкIэ, щIыхуэ зытелъым Iэмал егъуэт ар тезыр къытемыхуэ щIыкIэ ипшыныну. Псом хуэмыдэу а Iуэхум и мыхьэнэм хохъуэ къэблэгъа илъэсыщIэ махуэхэм. Ар ди щхьэусыгъуэу республикэм ис цIыхубэм захудогъазэ я щIыхуэхэр и чэзум ятыжыну, хэхыпщIэхэр зыIэрагъэхьапхъэм Iэрагъэхьэну. Сыту жыпIэмэ, хэзыгъэзыхь тезыр къытралъхьэ хъумэ, ахэр щIыхуэ псори зытрамыгъэкIыжауэ щхьэщахыжынукъым.
  • — ЩIыхуэ зэрыптелъыр дауэ къызэрыпщIэнур?
  • — Суд приставхэр зэрымыщIэкIэ къатеуэу я гукъыдэжыр хуамыкъутэн папщIэ, илъэсыщIэ махуэшхуэхэр къэмысыпэ щIыкIэ, дэтхэнэ зыри «Банк данных исполнительных производств» электрон хэщIапIэм ихьэу, щIыхуэ ятелърэ ятемылърэ зрагъащIэ хъунущ. Ар телефонкIи къызэIупх мэхъу. Абы щIыхуэ птелърэ птемылърэ къыуигъащIэ къудейкъым, дяпэкIэ къыппэщылъ уи хэхыпщIэхэм я мардэр зэрыт тхыгъэхэр къыпхурегъэхь.
  • Электрон Iэмалхэр къызэрыунэхуам и фIыгъэкIэ, иджы хэти хуитщ суд приставхэр щылажьэ IуэхущIапIэхэм мыкIуэу, я щIыхуэхэр зытрагъэкIыжыну, ардыдэм ахъшэр зэрептам и щыхьэту къэув квитанцэхэр къыпхуригъэхьынущ. ТезыркIэ къыппаубыдаIамэ, пщхьэщахыжын хуэдэу, ахъшэр зэрептам теухуауэ Iэмал имыIэу суд приставым хъыбар ебгъэщIэн хуейщ. «Банк данных исполнительных производств» хэщIапIэм фIыуэ хэлъхэм язщ и зэфIэкIхэр хабзэм и унафэм щIэт нэрыбгэ щхьэхуэми, IуэхущIапIэ хэхахэми зэрахузэIухар, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми щIыхуэ телърэ темылърэ нэгъэсауэ къищIэну Iэмал зэрыритыр.
  • Зи гугъу тщIы хэщIапIэр тынш дыдэу мэлажьэ. Ар къэбгъэсэбэпын папщIэ, Управленэм и сайтым уихьэу, уи цIэ-унэцIэ хуэдэхэр зэрытхапхъэм иптхэу, «къэпщытэн» («проверить») унафэм тепкъузэмэ, зэфIэкIащ. Жэуапыр секунд бжыгъэ фIэкIа темыкIуадэу къыпIэрохьэ. ЩIыхуэ птемылъу щытмэ, ари занщIэу IуплъапIэм къытридзэнущ. ЗыгуэркIэ щIыхуэ птелъу къыщIэкIмэ, ар таблицэ щхьэхуэм зэрытыпхъэм деж иту къигъэлъэгъуэнущ.
  • Дэтхэнэ хэхыпщIэми дэфтэр щхьэхуэ иIэжщ. Псалъэм папщIэ, и чэзум умыпшыныжа къуэды, алимент, унапщIэ, кредит, налог, пенсэм хагъэкI ахъшэ, къинэмыщIхэр.
  • А псом нэмыщI, «Банк данных» жыхуэтIэ хэщIапIэм дэфтэрыр гъуэгу къыщытехьа махуэр, мазэр, илъэсыр, ар къэзыта IуэхущIапIэр, щIыхуэм и инагъыр, Iуэхур зэфIэзых къудамэм и цIэр, суд приставым и цIэ-унэцIэр къратхэ.
  • — Суд приставхэм дауэ зэрызахуэбгъазэ хъунур?
  • — Суд приставхэм я IуэхущIапIэм умыкIуэу, абыхэм «Интернет-щIыхьэпIэ» жыхуаIэ Управленэм и электрон IэмэпсымэмкIэ захуэбгъазэ хъунущ: (http://r07.fssp.gov.ru/). Ар дыдэм хуит уещI электрон IэмалкIэ суд приставым лъэIу тхыгъэ хуебгъэхьыну. Ар къохъулIэн папщIэ, уи пащхьэ къралъхьэ электрон тхыгъэм и жыпхъэм итхапхъэхэр иптхэмэ, зэфIэкIащ. Псалъэм папщIэ, цIэ-унэцIэ, унэ хэщIапIэр, къинэмыщIхэр. Гу лъытапхъэщ электрон IэмалкIэ ирагъэхь лъэIу тхылъым лей зэрырамытхэм, Iуэхур зыIут дыдэм фIэкIа, нэгъуэщI хъыбар къыщебгъэкIуэкIыныр къызэремызэгъым. Абы къыппиубыд дэфтэрхэр суд приставым зыщIыхуагъазэ щхьэусыгъуэм епха Iуэхугъуэхэм я пэжыпIэм щыхьэт хуэхъупхъэу аращ. «Интернет-щIыхьэпIэр» Iэмал тыншщ суд приставхэр хэмыту зэфIэмыкIыну дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри иризэфIэпхыну.
  • КъБР-м щыIэ ФССП-м и къудамэм цIыхубэр щыгъуазэ ещI иджыпсту екIуэкI уз зэрыцIалэм щыхъума хъун папщIэ, и IуэхущIапIэм цIыхухэр лъэIу тхылъкIэ фIэкIа зэрыримыгъэблагъэм. Апхуэдэ Iэмалыншагъэм ирихулIар «ЗыхегъэтхапIэ» (Запись на прием») къудамэм ихьэу, лъэIур иригъэхьын хуейуэ аращ, и Iуэхур и чэзум зэфIахынущ. Iуэху яIэу суд приставым зыхуэзыгъэзэну хуейхэм я кIуэгъуэхэм я зэхуакум махуэ 30 нэхърэ мынэхъ мащIэ дэлъын хуейщ. ЛъэIу тхылъыр къаIэрыхьа нэужь, дэфтэр къыздащтапхъэхэр сыт хуэдэми, щыгъуазэ уащIынущ. Ущрагъэблэгъэну зэманыр яубзыхуа нэужь, дэтхэнэ зыми талон щхьэхуэ иIапхъэщ приставым деж щыкIуэну зэманыр, щхьэусыгъуэр, махуэр иту. А упщIэхэм я жэуапыр зыхуей хуэзауэ итхмэ, талоным и копие Iэрагъэхьэнущ. IуэхущIапIэм еблагъэм уз зэрыцIалэм щыхъума зэрыхъупхъэ Iэмалхэр къызэригъэщхьэпэр дэплъагъуу, нэкIуIупхъуэрэ Iэлъэрэ иIэн хуейщ.
  • — КъэпщIэну узыхуейр тыншу къыпIэрызыгъэхьэ Iэмэпсымэхэр фи IуэхущIапIэм щылажьэрэ?
  • — Къэралым цIыхубэм яIэригъэхьэ псори щызэхуэхьэса хэщIапIэм (Единый портал госуслуг) къудамэщIэ къыщызэIуахащ: щIыхуэ зытелъхэмрэ ар Iызыхыжыпхъэхэмрэ я лъэIухэр, тхьэусыхафэхэр, Iуэхур зыIутыр зыубзыху адрей дэфтэрхэр ФССП-м зэрырагъэхь электрон Iэмэпсымэ. Ар нэрыбгэ щхьэхуэхэми IуэхущIапIэхэми яIэ хуитыныгъэщ.
  • Электрон IэмалкIэ Iуэхур зэфIахыну къызэраублам и фIыгъэкIэ, щIыхуэ зытелъхэмрэ ахэр Iызыхыжхэмрэ зэхуэмызэу Iуэхур зэфIагъэкIыну Iэмал яIэщ, тхылъымпIэ лей кърамыхьэкIыуи мэхъу.
  • Зи гугъу тщIы хэщIапIэр ФССП-мрэ Урысейм Бжыгъэр зи тегъэщIапIэ зыужьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщащ. Абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм суд приставхэм щIызыхуагъэзапхъэ щхьэусыгъуэ псори электрон IэмалкIэ зэфIэпх мэхъу, ар УФ-м и дэтхэнэ щIыпIэми щолажьэ.
  • Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.