|
Сентябрь, 2020
ФокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и махуэщ
2020-09-26
Дахэщ, зэкIужщ, дуней псор зэхъуапсэщ ди лъэпкъ фащэр!
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и судыщIэхэм я квалификацэ коллегием хагъэхьэну жылагъуэм къыбгъэдэкI кандидатурэхэм ехьэлIа жэрдэмхэр КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрыIих пIалъэм къызэрыщIагъум теухуа хъыбарегъащIэ
2020-09-26
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и судыщIэхэм я квалификацэ коллегием хагъэхьэну жылагъуэм къыбгъэдэкI кандидатурэхэм ехьэлIа жэрдэмхэр КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрыIих махуэ 30 пIалъэр 2020 гъэм фокIадэм и 26-м зэрикIам къыхэкIыу, абы 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 30 пщIондэ къыпащэ.
-
- «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и судыщIэхэм я квалификацэ коллегием жылагъуэм и лIыкIуэхэр зэрыхагъэхьэ щIыкIэм и IуэхукIэ» 2002 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м №43-РЗ-м щIэту къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и судыщIэхэм я квалификацэ коллегием жылагъуэм и лIыкIуэу щытыфынущ Урысей Федерацэм и цIыхухэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сыт щыгъуи щыпсэухэр, зи ныбжьыр илъэс 35-рэ ирикъуахэр, юридическэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэр, зыгъэпудыну Iуэхугъуэхэр зымылэжьахэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ХуэдищкIэ щIрагъэгъу
2020-09-26
- Агропромышленнэ комплексым къилэжьахэр нэгъуэщI къэралхэм хуегъэшэнымкIэ дэIэпыкъуныгъэм нэгъабэ хухаха мылъкум хуэдищкIэ щIыналъэм щыщIрагъэгъуащ.
-
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къыIихыу щIидзащ «Дунейпсо зэдэлэжьэныгъэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Агропромышленнэ комплексым къилэжьхэр нэгъуэщI къэралхэм егъэшэн» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ мэкъумэш унэтIыныгъэ зиIэ щIыхэм псы щIагъэхьэн папщIэ субсидиехэр къеIызыхыну хуейхэм я лъэIу тхылъхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сабийхэм я узыншагъэм хуосакъ
2020-09-26
- 2020 — 2021 гъэ еджэгъуэщIэр ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, гъэсапIэ-хэм зэрыщаублэжрэ мазэм нэсащ. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, «Роспотребнадзор»-м я унафэщIхэм ипэкIэ зэрыжаIам тету, IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм я нэхъыбапIэр махуэрыеджэ мардэм тещIыхьауэ зэфIах: сабий, ныбжьыщIэ минхэр пщэдджыжь къэс щызэхохьэ университетхэм, школхэм, садхэм.
-
- Ди республикэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и дэтхэнэ IуэхущIапIэми ткIийуэ щагъэзащIэ «Роспотребнадзор»-м абыхэм къахуигъэува санитар-эпидемиологие мардэ псори. ЕджакIуэхэми адэ-анэхэми зэхэщIыкI лъагэ къакъуэкIащ: абыхэм къагуроIуэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным мы зэманым щыщыIэ апхуэдэ гугъуехьхэр, щыщIэныгъэхэр, лъэпощхьэпо зэмылIэужьыгъуэхэр Iэмалыншэу зэрыщытыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Убэлэрыгъ хъунукъым
2020-09-26
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ «Роспотребнадзор»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэнрэ дыгъуасэ журналистхэм яIущIащ коронавирус узыфэр мы зэманым зэбгрымыгъэкIынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр хуаIуэтэну, я упщIэхэм жэуап иратыну.
-
- Пагуэ Жыраслъэн къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ коронавирусым пэщIэтынымкIэ КъБР-м и Оперативнэ штабым и зэIущIэ иджыблагъэ зэрекIуэкIар икIи абы къызэрыщыхагъэщар сымаджэхэм я бжыгъэм хуэмурэ зэрыхэхъуэжыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Республикэм зыщеужь
2020-09-26
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ПромышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы илъэсым и мази 8 блэкIам къриубыдэу республикэм къыщалэжьар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ процент 18-кIэ хэхъуащ.
-
- Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэран екIа пэтми, Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностым хъарзынэу зиужьащ. Ар нэхъыбэу къыхэкIащ лэжьапIэхэм иджырей IэмэпсымэфIхэр щагъэувурэ фIагъ лъагэ зиIэ, адрейхэм япэувыфыну продукцэ къыщIагъэкI зэрыхъуам.
-
- Къаудыгъу Заур.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщапщытэнущ цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр
2020-09-26
- 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 2-м Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщапщытэнущ цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр.
-
- ЩIыпIэ зэманымкIэ сыхьэти 10-рэ дакъикъэ 35-м къыщыщIэдзауэ сыхьэти 10-рэ дакъикъэ 50 пщIондэ пIалъэкIэ зэпагъэунущ псоми къагъэсэбэп телевиденэ, радио каналхэм я лэжьыгъэр. Абыхэм я нэтынхэм я пIэкIэ «Техникэ къэпщытэныгъэ» макъыр къэIунущ. Урысейм и телерадиосетым и «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм радиотелевизионнэ нэтынхэр къэзыт и центрым» зэрыщыжаIамкIэ, а лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI Урысейм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэгъэпса правительствэ комиссэм и унафэкIэ.
- ДЖАТОКЪУЭ Къантемыр.
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЩIДАА-м и лэжьыгъэр щIегъэхуабжьэ
2020-09-26
- ФокIадэм и 24-м ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президиумым и зэIущIэ «Синдика» хьэщIэщым щызэхэтащ.
- Ар ирагъэкIуэкIащ ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ вице-президент — щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ.
-
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щэкIуэгъуэ мазэм и кум Академием и илъэс зэхуэсышхуэ зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм. Абы ипкъ иткIэ, ЩIДАА-м и щIэныгъэ центрхэм я отчётхэр къащтэну, я тхыгъэхэр къалъытэну унафэ къахьащ.
- Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, 2017 гъэ лъандэрэ ЩIДАА-м зыри зэрыхамыгъэхьам къыхэкIыу, иджы цIыху 15-м я тхылъхэм хэплъэнущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу
2020-09-26
- Дызэрыщыгъуазэщи, КъБР-м и Iэтащхьэм 2014 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, фокIадэм и 20-р Адыгэхэм я махуэу ди республикэм щагъэуващ. Абдежым къыщыщIэдзауэ ар ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэрал псоми щагъэлъапIэ.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Псыгуэнсу къуажэм щиIэ и къудамэм и унафэщI Iэпщацэ Вадим упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- — Адыгэхэм я махуэр Iэтауэ дгъэлъэпIэныр карантиныр кърамыхьэжьэ щIыкIи дигу итлъхьауэ щытащ. Пэжщ, абы хэтыну хуейхэм я бжыгъэр куэдкIэ дгъэмэщIэн хуей хъуащ. Къэдгъэлъагъуэмэ, къуажэм дэт курыт еджапIищми щIэсхэр къетшэлIэн ди гугъати, уз къекIуэкIым ящытхъумэн хьисэпкIэ, ахэри къедгъэблэгъэжакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъэфакIуэ цIэрыIуэ Мысачэ Валентинэ
2020-09-26
- РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, актрисэ Iэзэ, къафэм и бзэкIэ ди лъэпкъ хабзэ дахэхэр дуней псом и плIанэпэ куэдым нэзыхьэса «Кабардинка» къэрал академическэ ансамбль цIэрыIуэм яхэту утыкур зыгъэбжьыфIахэм ящыщ Мысачэ Валентинэ къызэралъхурэ фокIадэм и 25-м илъэс 75-рэ ирикъуащ.
-
- Кемеровэ областым хыхьэ Прокопьевск къалэм 1945 гъэм фокIадэм и 25-м ар къыщалъхуащ. И унагъуэм и гъусэу 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжащ. Зэрыбыным адыгэбзэр фIыуэ ящIэртэкъым, я адэр зэрыбалъкъэрым, я анэр зэрыадыгэм къыхэкIыу урысыбзэкIэ зэпсалъэрти. Ауэ, республикэм къагъэзэжа нэужь, я анэм сабийхэм анэдэлъхубзэр яригъэщIэжащ. Театрымрэ къафэмрэ зыхилъхьэ щымыIэу зи псэм хэлъ Валентинэ лъэпкъ къафэхэм зыщыхуигъасэрт Налшык и Пионерхэм я унэм. А зэманым абы и насып къикIащ «Мыщэ и къуэ Батыр», «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ», «Дахэнагъуэ» спектаклхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щеплъыну. Валентинэ зэрыжиIэмкIэ, лъэпкъ театрыр апхуэдизкIэ я кIуапIэти, зы спектаклым тIэу щытрагъазэ къэхъурт, япэщIыкIэ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ, итIанэ нэхъ гурыIуэгъуэ ящыхъун хуэдэу адыгэбзэкIэ. Апхуэдэу адыгэ театрыр бынунагъуэм къахуэщхьэпащ анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэнымкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021 гъэм дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIагъэтIысхьэнухэр къыхах
2020-09-26
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык къалэм и дзэ комиссариатым къыхех Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, зыхъумэжыныгъэм пыщIа нэгъуэщI министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2021 гъэм дзэ IэщIагъэм щыхурагъэджэну ягъэкIуэнухэм я кандидатхэр.
-
- Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэну хуейхэм абы теухуа IуэхухэмкIэ зыкъыхуэвгъазэ хъунущ Налшык къалэм и дзэ комиссариатым. Ди хэщIапIэр: КъБР, Налшык къалэ, Уэлджырым и цIэр зезыхьэ уэрам, 26-нэ унэ, 45-нэ пэш. Дэфтэрхэр блыщхьэ, бэрэжьей махуэхэм сыхьэт 14-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 17 пщIондэ къыIыдох.
- КъекIуалIэхэм яIыгъын хуейщ я паспортыр, дзэ къулыкъум зэрыраджэнум щыхьэт техъуэ тхылъыр (е дзэм къулыкъу зэрыщищIар къэзыгъэлъагъуэ билетыр).
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык
- къалэм и дзэ комиссариат.
Зыхыхьэхэр: Хэха
ТхакIуэ лъэужьыфIэ
2020-09-26
- Псэужатэмэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэси 105-рэ ирикъунут Адыгейм и цIыхубэ тхакIуэ Еутых Аскэр.
-
- Еутыхыр 1915 гъэм фокIадэм и 25-м Адыгэ Республикэм и Красногвардейскэ щIыналъэм хыхьэ Хьэтыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. 1928 гъэм ар щIэтIысхьащ Адыгей педагогикэ техникумым, иужькIэ Краснодар дэт педагогикэ институри къиухащ. 1936 — 1938 гъэхэм Еутыхыр Адыгейм БзэмкIэ, литературэмрэ тхыдэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэу щытащ. 1939 гъэм щегъэжьауэ 1941 гъэм пщIондэ Москва щылэжьащ, театр гъуазджэмкIэ къэрал институту Луначарский А.В. и цIэр зезыхьэм щыIэ Адыгэ студием и егъэджакIуэ-чэнджэщакIуэу.
- Аскэр Хэку зауэшхуэм хэтащ. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и II нагъыщэр, медалхэр.
- БзитIымкIи — урысыбзэкIи адыгеибзэкIи — зэхуэдэу фIыуэ тхэрт Еутыхыр. Абы и тхыгъэхэр дунейм къытехьэн щIидзащ 1935 гъэм щегъэжьауэ. Ар 1938 гъэм СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. Япэ усэ тхылъыр — «Тимафэхэр» («Наши дни») фIэщыгъэр зиIэр а илъэс дыдэм дунейм къытехьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ и Iуэтэжхэр зэрыт «КIочIэ ин» («Большая сила», 1939) тхылъыр, усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса «ЩIыIэкIакI» («Новая быль», 1940) къыдэкIыгъуэр, «Сшынахъыжъ» («Мой старший брат», 1941) лирикэ повестыр. Еутыхым и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт Москва, Мейкъуапэ, Краснодар къыщыдэкI журнал цIэрыIуэхэм.
- Тхылъ щхьэхуэу Москва къыщыдэкIащ «Улица во всю её длину» (1965), «Двери открыты настежь» (1973), «Глоток родниковой воды» (1977), «Баржа» (1983) романхэр.
-
- ГъукIакъуэ Инал.
Зыхыхьэхэр: Хэха
1 КъБР * «Мир» канал
2020-09-26
- Блыщхьэ, фокIадэм и 28
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Фащэ. «БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ». Адыгэ фащэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 7.05 Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ (12+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ОТР Общественное Телевидение России
2020-09-26
- Блыщхьэ, фокIадэм и 28
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «КъызыхуигъэщIа IэщIагъэр». Абазэ Иннэ (12+)
- 7.05 «ГукъэкIыжхэр». КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мысачэ Валентинэ (12+)
- 7.35 «Си щиху дыщафэ». УсакIуэ Къылышбий Исмэхьил (12+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-09-26
- Блыщхьэ, фокIадэм и 28
- 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
- 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ)
- 9.30 «Ди щIэинхэр». Дыщэ идэ. Щоджэн Л. (12+)
- 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 17.15 «УпщIэ нагъыщэ». КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор (12+)
- 17.35 «Тщыгъупщэ хъунукъым». Хэку зауэшхуэм и ветеран Белан Юрий (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|