ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2020-05-21

  • Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ
  • ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт — бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэкIэт. Къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ ягу техуакъым я щIыналъэм быдапIэхэр къызэрыращIыхьыр, къэзакъ жылагъуэхэр къызэрырагъэтIысхьэр.

  • МЭЗДЭГУ быдапIэр Къэбэрдейм къращIыхьа нэужь (1763 гъэм), ар зауэм хэхуащ. Къэбэрдеипщхэр япэуващ я щIыр зэзыпхъуэхэм, ауэ IэщэкIэ яхузэфIэкIаIакъым; Бытырбыху ягъэкIуа лIыкIуэхэми къыхуадакъым Мэздэгу быдапIэр якъутэжын.
  • Урысеймрэ Тыркумрэ 1774 гъэм зэращIылIа Кючук-Кайнарджий зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм щыщ щIыналъэу ялъытауэ щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абыхэм унафэ тращIыхьащ къэралитIми я IэмыщIэ имылъ хэкум. Къэбэрдейр къыIэрыхьауэ, езым ей хъуауэ илъытэри, урыс пащтыхьым нэхъри къытрикъузащ абы, дзэр къриутIыпщащ, Мэздэгу быдапIэр якъутэжын дэнэ къэна, Кавказ линиекIэ зэджэр Азов нэс яукъуэдиящ: Къэбэрдейм щаухуащ Екатериноградскэ (1777), Георгиевскэ (1777), Солдатскэ (1779), Тэрч къалэ (1784) быдапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм зэпэIэщIэ ящIын хуейт бгырыс лъэпкъхэр, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэмрэ шэшэнхэмрэ. Генерал Медем и пщэ къралъхьауэ щытащ «бгырысхэм яку дыхьэн, ахэр зыр адрейм ириуштын хуейуэ».
  • Я щIыр фIаубыд щыхъум, къэбэрдеипщхэр урысыдзэм пэуващ, Марьинскэ, Георгиевскэ, Павловскэ, Ставропольскэ быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ. Абы щхьэкIэ ахэр ягъэпшынащ урыс дзэпщхэм: генерал Якоби къэбэрдейхэм яригъэпшынащ сом мини 10, Iэщ мини 5, шы мини 2, мэл миниплIрэ щитхурэ яфIиубыдащ — урыс быдапIэхэм зэрытеуам щхьэкIэ. Якоби нэхърэ нэхъ тIасхъэтэкъым адрей урыс дзэпщхэри — Медем, Потапов, Цицианов, нэгъуэщI генералхэри. Къэбэрдей лIакъуэлIэшхэр жыIэщIэ ящIын папщIэ, абыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ зэрызэщагъэхьэным щIэкъу зэпытащ урыс дзэпщхэр. Ищхъэрэ Кавказым ис дзэхэм я Iэтащхьэ генерал Потёмкин зэрилъытэмкIэ, «пщыхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ къызэпэщIэгъэувэн хуейщ, ахэр зэгурымыIуэн щхьэкIэ».
  • 1774 гъэм къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ — пщыхэми мэкъумэшыщIэхэми. Пащтыхьым и дзэм зэрахьэ лейр яхуэшэчыжыртэкъым къэбэрдейхэм. Мин зыбжанэ пэуващ урыс генералхэм, абыхэм пашэ яхуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэхэ Исмелрэ Адылджэрийрэ, Къетыкъуэ лъэпкъым щыщ Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ сымэ. Пэува щхьэкIэ, урысыдзэм пэлъэщакъым къэбэрдейхэр, абыхэм я пашэхэр яубыдри хэкум ирагъэкIащ.
  • 1799 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрий хэкум къихьэжын хузэфIэкIащ, абы шэрихьэт зауэ ярищIылIащ урыс дзэпщхэм. ХьэтIохъу-щокъуэ Адылджэрий дэшэсащ муслъымэн диным и бэракъым щIэт зауэлIхэри, ефэнды Абыкъу Исхьэкъ я пашэу. Лъэпкъым и нэхъыбапIэр зэкъуагъэувэн яхузэфIэкIащ абыхэм, зэрыпхъуакIуэхэм удын зыбжанэ ирадзащ.
  • 1803 гъэм Кисловодск (Нартсанэ) быдапIэр яухуэн щIадзащ урыс дзэпщхэм, Псыхуабэ и Iэшэлъашэхэм къэзакъ станицэхэр кърагъэтIысхьэн щIадзащ. Къэбэрдейхэм зыкъаIэтащ аргуэру, лъэпкъым и нэхъыбапIэр зэщIэшэсащ. Генерал Глазенап къэбэрдейхэр зэтрикъутащ, къэбэрдей жылагъуэ 80-м щIигъу игъэсащ.
  • Къэбэрдейм быдапIэхэр къращIыхьын зэпагъэуакъым урыс дзэпщхэм. Къэбэрдейхэр нэхъри дакъузэн щхьэкIэ, быдапIэхэр щаухуэр адыгэ къуажэхэм я гъунэгъуут, абы къыхэкIкIэ адыгэхэм я щIыр кIуэ пэтми къэбзыхьа хъурт, я вапIэхэр, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр яфIэкIуэдырт.
  • 1810 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къэбэрдейм къызэригуащ генерал Булгаковым и дзэр. Зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Шэджэм, Налшык псыхъуэхэм. Мэлыжьыхь мазэм и кIэм Булгаковым гъусэ хуэхъуащ генерал Дельпоццэ и дзэри. Абыхэм ягъэсащ къэбэрдей жылагъуэ 200. Къэбэрдей къуажэхэр зэтригъэсхьа къудейкъым генерал Булгаковым — зэрыхузэфIэкIкIэ ихъунщIащ. Адыгэпщхэм Бытырбыху зэратхамкIэ, генерал хъунщIакIуэм, лъы зэригъэжам нэмыщI, игъэса жылагъуэхэм дихуащ Iэщ 6150-рэ, шы 515-рэ, хыви 125-рэ, мэл мин 44-м щIигъу; Булгаковым икъутащ унэ 9585-рэ, мэжджыти 111-рэ, къутыр мин. Къэбэрдей жылагъуэхэр щихъунщIэм, Булгаковым Iэрыхьащ фоч, сэшхуэ, къамэ, афэ джанэ куэд, гъавэу гу 1420-рэ.
  • КАВКАЗ лъэпкъхэм къращIылIэ зауэр 1816 гъэм щыщIэдзауэ нэхъри зэщIэплъащ, абы унэтIыныгъэщIэ игъуэтащ — а гъэм дзэпщ къулыкъур и пщэ далъхьащ Кавказ зауэм и тхыдэм щыцIэрыIуэ генерал Ермолов А. П. «Бгырысхэр игъэбэяун щхьэкIэ», генерал гущIэгъуншэм къимыгъэсэбэпа Iэмал къэнэжакъым. Ермоловым зэрилъытэмкIэ, бгырысхэр залымыгъэ защIэкIэ дэкъузэн хуейт, ахэр уи IэмыщIэ пхуиубыдэнутэкъым Iэщэрэ залымыгъэкIэ фIэкIа. Абы щхьэкIэ быдапIэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи щыухуэн хуейт, бгырысхэм я щIыр яфIэубыдауэ къэзакъ жылагъуэхэр игъэтIысхьэн хуейт. Аркъудейкъым: я хьэсэхэмрэ я гъавэмрэ бгъэсмэ, бгырысхэр IумпIафIэ хъунут — аращ Ермоловым и дзэм къалэн ящищIар. Дзэр ебэ-къуакъым абы и унафэм: Ермоловым и зэманым бгырыс лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, къыкIэлъызэрахьа залымыгъэм гъуни нэзи иIэкъым — а зэманырщ Къэбэрдейм и щIыналъэм и нэхъыбапIэр щыфIэкIуэдар.
  • 1821-1822 гъэхэм пащтыхьым и дзэм бгы лъапэхэм нэс зыщиукъуэдиящ, Балъкъ, Бахъсэн, Шэрэдж, Урыху псыхъуэхэм быдапIэхэр дащIыхьащ, къэбэрдейхэр бгым ираубыдащ, тафэхэм щаIэ гъавэщIапIэхэмрэ хъупIэхэмрэ пэIэщIэ ящIащ ахэр. Дзэм и штаб нэхъыщхьэм и Iэтащхьэм 1822 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 28-м Къэбэрдей линием (Къэбэрдейм иращIыхьа быдапIэхэм) теухуауэ Ермоловым хуитхащ: «Абыхэм къаухъуреихьын хуейщ къэбэрдеищIыр». Ермоловым зэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэм къытраха щIым «ибгъэтIысхьэ хъунущ урыс жылагъуэхэмрэ къэзакъхэмрэ».
  • Къэбэрдейхэм я щIыр къызэрибзыхьар, зэрафIиубыдар фIэмащIэ хъуащ Ермоловым: лъэпкъ Iуэхухэми лъэпкъ унафэхэми къыхэIэбащ, «ПIалъэкIэ лажьэ Къэбэрдей судкIэ» зэджэр къызэригъэпэщри. Къэбэрдейм и унафэр абы IэщIалъхьащ, къэбэрдейхэм къыхуагъэнар я унагъуэ Iуэхухэм я закъуэщ.
  •  Зи цIэ къитIуа быдапIэхэр я хэкум къызэрыращIыхьам, Балъкърэ Псыжьрэ дэса жылагъуэ куэд зэрызэхакъутам, я лъапсэм зэрырахуам къызэщIаIэтащ къэбэрдейхэр, быдапIэхэм ебгъэрыкIуащ, Круглолесскэ, Солдатскэ станицэхэр зэхакъутащ. Ермоловыр зэуакIуэ къежьэри, жылагъуэ куэд игъэсащ. Псыжь Iэпхъуа лIакъуэлIэшхэм я IэмыщIэ илъа пщылIхэр «щхьэхуит» хъуауэ игъэIуащ Ермоловым. Генерал бзаджэм абыкIэ и мурадыр гурыIуэгъуэт — лъэпкъыр игъэплъэкъуэнрэ къэбэрдейхэр езыр-езыру зэщигъэхьэжынымрэт ар зэщэр. Пщыхэм я унафэм щIэта мэкъумэшыщIэхэр «щхьэхуит» хъуауэ илъытэри, Ермоловым пщыхэр къигъэгугъащ Iэщэр ягъэтIылърэ я пIэ итIысхьэжмэ, япэм яIа хуитыныгъэ псори яритыжыну. Ар зи фIэщ мыхъуа пщыхэм Iэщэр ягъэтIылъакъым, Псыжь адрыщI Iэпхъуэри Инжыджрэ Уарпрэ я тIуащIэм зыщагъэбыдащ, абыхэм къэбэрдей хьэжрэткIэ еджэ хъуащ. 1825 гъэм къыщыщIэдзауэ, къэбэрдей хьэжрэтхэр зэпымыууэ езэуащ пащтыхьым и дзэм.
  • ПАЩТЫХЬ правительствэм фIыуэ ищIэрт кавказ бгырысхэр я хуитыныгъэм щыщIэзэу зэманым Къэбэрдейм мыхьэнэуэ иIэр. Урыс дзэпщхэм зэралъытэмкIэ, 1825 гъэм и ужькIэ Къэбэрдейм къару щIагъуэ имыIэжми, абы и пщIэр иджыри щылъагэт бгырыс лъэпкъхэм я деж, къэбэрдеипщхэр чэнджэщэгъу ящIырт абыхэм, ахэр хуеймэ, бгырысхэр къызэщIаIэтэфынут, унафэр IэщIахами, арат абыхэм уатеплъэкъукI щIэмыхъунур. Къэбэрдейр дакъузэн, я IэмыщIэ ираубыдэн яхузэфIэкIами, урыс дзэпщхэм дзыхь хуащIыртэкъым Къэбэрдейм, ар зауэм хыхьэжмэ, бгырыс лъэпкъхэр нэхъри ерыщ екIуэнкIэ зэрыхъунур къагурыIуэрти. 1846 гъэм хьэкъ ящыхъуащ ар урыс дзэпщхэм: а гъэм и мэлыжьыхь мазэм Дагъыстанымрэ Шэшэнымрэ я Iимам Щамил, зауэлI мин 20 щIыгъуу, КъэбэрдеймкIэ къиунэтIащ, ар гъусэ къыхуэхъумэ, къуршым щхьэдэх Куржы гъуэгури иубыдын, Псыжь адрыщI ис шэрджэсхэми запищIэн мурад ищIауэ.
  • Щамил и мурадыр къехъулIакъым: Тэрч къэсауэ, дзэшхуэ щыпагъэувым икIуэтыжын хуей хъуащ. Къэбэрдей мэкъумэшыщIэ куэдым зыщIагъуащ Щамил, пщырэ уэркъыуи 37-рэ гъусэ хуэхъуащ, абыхэм яхэтащ къэбэрдей лIакъуэлIэш цIэрыIуэ Анзор Мыхьэмэтмырзэ, ар Шэшэн ЦIыкIум и нэIиб (Iэтащхьэ) ищIащ Iимамым.
  •  Пащтыхь правительствэр игъэгузэващ къэбэрдей куэд Щамил гъусэ зэрыхуэхъуам — Iимамым IупэфIэгъу дэхъуахэм унафэ ткIий тращIыхьауэ щытащ.
  • Кавказ зауэм зэрыхадзэ лъандэрэ Къэбэрдейр зыщIэбэнар и хуитыныгъэрщ, хэкур зэрыпхъуакIуэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэнырщ, и щIыналъэр зэрихъумэнырщ.
  • ДЗЭМЫХЬ Къасболэт,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI.
  •  
  • Казар  зи  унэцIэ лIыукI
  • ЩХЬЭМЫГЪАЗЭУ, гущIэгъу жыхуаIэр имыщIэу къэбэрдейхэмрэ адыгэ лъэпкъхэмрэ къезэуахэм ящыщщ Ермоловым и полковник икIи и гур зыгъэзагъэ Кацырев Юрий Павлович — лъэпкъкIэ алыджыр. Абы и унэцIэ дыдэр «Казар»-т.
  • Кацыревым и гупыр 1821 гъэм Екатериноград станицэм къыщызэрагъэпэщащ. Абы къалэн щащIащ Жанхъуэт Кушыку и унафэм щIэт уэркъхэм я жылагъуэхэр зэтракъутэну.
  • Я мурад бзаджэр хэIущIыIу ямыщIын щхьэкIэ, Кацыревым и гупыр япэ щIыкIэ Джылахъстэнейм теуащ. Иужьым, 1822 гъэм щIышылэм и 2-м, ТэрчкIэ къызэпрыкIри, Борыкъуей жылагъуэхэмкIэ яунэтIащ, ауэ абыхэм зы цIыхуи дэ-сыжтэкъым: къазэрытеуэнур къащIэри, псори щтапIэ ихьэжат.
  • Щымыхъум, Кацыревым и шуудзэр Ботэщей, Анзорей къуажэхэм дэлъадэри, лажьи-хъати зимыIэ цIыху 30 зэтраукIащ, 12 гъэр ящIащ.
  • А гъэ дыдэм, гъатхэпэм и 11-м, ХьэтIохъущокъуэ Талъостэн зи пашэ шуудзэ гупымрэ Кацыревым и отрядымрэ «натIэкIэ» зэжьэхэуащ икIи зэхэуэр яублащ. Махуи 7-кIэ екIуэкIа зауэ гуащIэм къриубыдэу залымзехьэ гупым хузэфIэкIащ къэбэрдей къуажи 5 щIым щыщ ищIыжыну.
  • Къэсейхьэблэ къуажэдэсхэр ерыщу къызэрыпэувам къигъэгубжьа Кацыревым и зауэлIхэр апхуэдизкIэ хъийм икIати, дэмыкIыфу жылэм къыдэна цIыхухэр зэтраукIащ, мыжурэ папцIэхэр кIуэцIаIуурэ. Абы и пэ къихуэу зэтрагъэсхьащ пщы Мысострэ ХьэтIохъущокъуэхэрэ я къуажитI.
  • 1822 гъэм мэлыжьыхьым и 17 жэщым Кацыревым и зауэлI гуп Кыщпэк къуажэм дэуэри, шы 80 къыщрахужьащ. А жэщ дыдэм Кацыревым и отрядым щыщ къэзакъ гупрэ лъэсыдзэ ротитIрэ Тамбий жылэм дэлъадэри, затыну зымыда цIыхухэр гущIэгъуншэу зэтраукIащ. ЯукIахэр апхуэдизкIэ зэтраупщIэтати, хьэдэр хэт ейми къахуэцIыхужыртэкъым.
  • ЛIЫГЪУР Чэрим.
  •  
  • Тенджыз ФIыцIэ
  • Тенджызыр мэушэ, мэщатэ, мэхъей,
  • ТолъкъункIэ тенджызыр къохъу куэдрэ къыщилъ…
  • Ар щхъуэуэ щытами, хъуащ фIыцIэ, нэщхъей,
  • ФIыцIабзэщ тенджызыр, хэткIуащи хеилъ.
  •  
  • Тенджызым и Iуфэм сэ куэдрэ сыIуст, —
  • Лъэпкъ тхыдэр зэ закъуи хъуащ нэгум щIэмыкI:
  • Ди адэжьхэм я хьэдэр бдзэжьейхэм я Iуст,
  • Ди анэхэр лъэпкъ гуауэм, гуIэгъуэм хэмыкIт.
  •  
  • Ди къуэшхэр, ди шыпхъухэр псы лъащIэм щожей,
  • Хъуащ ахэр тенджызым и тIасэ, и бын,
  • Тенджызым кIуэдахэр мычэму егъей,
  • ХуищIауэ пшахъуэщIыр куэд щIауэ джэбын.
  •  
  • Кхъухьыжьыр мыбзэншэ, кхъухьыжьхэм жаIэж:
  • «Щытепщэт тенджызым гуIэгъуэр, гужьейр,
  • ЦIыхубзхэм я гъыбзэм (ар фIыуэ дощIэж)
  • КъыпфIэщIырт ищтауэ тенджызыр, дунейр…».
  •  
  • Тенджызыр мыушэ, мыщатэ, мыжей.
  • Мэщыгъуэ тенджызыр — ар лIахэм хуосакъ…
  • ГуфIэгъуэ щыщIауэ хъуащ си псэр нэщхъей —
  • Тенджызым и лъащIэм къыщоIур джэ макъ…
  • КЪАНДУР Мухьэдин.
  • Псалъэхэр Щоджэн Леонид,
  • макъамэр Даур Аслъэн яйщ.
  • Гъыбзэ
  • Зауэжь гуащIэр щекIуэкIам,
  • АдыгэлIу къытхэкIам,
  • Нартыжь лIыгъэри я хабзэт, уей.
  • Хэку бэракъыр къаIэтам,
  • Шагъдий жэрхэм техутам,
  • Сэшхуэ жанхэри ягъабзэт, уей.
  •  
  • Пащтыхьыжьым хуремыгъу,
  • Дэ, Тхьэ лъапIэ, дыкъолъагъу.
  • Ди биижьхэр къыдобэкIыр уей.
  • Къуажэ-жылэхэр ягъэс,
  • Iугъуэ фIыцIэр уафэм нос,
  • Псэууэ къанэр Хэкум йокIыр, уей.
  •  
  • Лъыбэу ди щIым щежэхар,
  • Гъыбзэу ди щIым зэхихар,
  • Ди къуршыжьхэм къаIуэтэжыр, уей.
  • МылIэжынхэм я фэеплъ,
  • Iуащхьэмахуэ пшэм къыщIоплъ,
  • Гъыбзэ нэпсхэр къыфIыщIожыр, уей
  •  
  • Ижь-ижьыж лъандэрэ
  • ДУНЕЙПСО тхыдэм и япэ лъэбакъуэхэм къыдэбжэ лъэпкъщ шэрджэсхэр. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ къыщожьэри, ахэр Китайм, Мысырым е Персием фIэкIа зэбгъапщэ хъун гъуэтыгъуейщ; адыгэхэм елъытауэ, адрей лъэпкъхэр тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхьым щытехьар дыгъуасэ хуэдэщ, ныбжькIэ абыхэм къапэхъун лъэпкъ зыбжанэщ дуней псом тетыр, ахэр лъэпкъ псоми йофIэкI тхыдэм къыщакIуа гъуэгуанэмкIэ — зы лъэхъэни къэхъуакъым шэрджэсхэр хамэ лъэпкъ гуэрым и IэмыщIэ щилъа.
  • Зауэм къыщыщыхагъэщIаи, бгыхэмрэ псыхъуэ зэвхэмрэ быдапIэ ящIын хуей щыхъуаи, езыхэм бжыгъэкIэ къебэкI зэрыпхъуакIуэхэм къащыпикIуэтаи къэхъуащ ахэр, ауэ зы щIэблэ ныбжь нэхърэ нэхъыбэкIэ ахэр хамэ унафэм щыщIэта зэи къэхъуакъым, я бийхэм я IэмыщIэ зралъхьакъым. Я щхьэ хуитщ ахэр ноби, я лъэпкъ унафэхэмрэ я хабзэхэмрэ иропсэу.
  • Я тхыдэр жыжьэ къызэрыщежьэм и закъуэкъым ахэр адрей лъэпкъхэм къазэрыхэщыр — ахэр ирогушхуэ ижь-ижьыж лъандэрэ зэрылъэпкъ щхьэхуитым, зым и IэмыщIи зрырамыгъэубыдэн зэрахузэфIэкIам. Абы щыхьэт тохъуэ шэрджэсхэм я лъэпкъ тхыдэр. Я бжыгъэкIэ куэд хъуркъым ахэр, я щIыналъэм апхуэдизкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, езыхэр апхуэдизкIэ лъэпкъ лъэщщи, ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуэ хъуауэ къогъуэгурыкIуэ; абыхэм я хъыбар къызэранэкIащ Геродот, Флакк Верий, Мелэ Помпоний, Страбон, Плутарх, нэгъуэщI пасэрей тхакIуэ куэдми. Абыхэм я тхыдэр бащэщ, я хуитыныгъэр яхъумэурэ, и кIэ къихуамэ, илъэс 2300-м щIигъуауэ, ахэр пэщIэтащ я псэм къеща зауэшы хъыжьэ Iэджэм, ноби я мурадкъым я лъэпкъ хуитыныгъэр урыс пащтыхь залымым и IэмыщIэ иралъхьэн. Я щхьэхуитыныгъэмрэ игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ я лIыгъэмрэ къахуренэ абыхэм!
  • Глисон и журнал.
  • Лондон, 1854 гъэ, щIышылэ мазэ.
  •  
  • Къэзакъхэмрэ адыгэхэмрэ зозауэ. 1848 гъэ. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым.

  •  
  • Сыт апхуэдэу щIыжаIэр?
  • Емынэм къелар Хъумбылейм ехьыж
  • Пащтыхьым и дзэлIхэм зэрахьэ леймрэ залымыгъэмрэ ягу темыхуэу, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къэбэрдейхэм зыбжанэрэ зыкъаIэтащ, я хэкур яхъумэн папщIэ. Кавказым и дзэпщ Цициановым къэбэрдейхэм къахуитхащ: «Си лъыр къокъуалъэ, мафIэм пэрыт лэгъуп хуэдэ, си пIэ сизагъэркъым, сыкъытреч, фи лъахэр сэхъуахэм ялъкIэ згъэнщIыну… Фыпэплъэ, вжызоIэ сэ, мыжурэмрэ топышэмрэ, псыхьэлыгъуэ хуэдэ згъэжэнущ фи лъыр — аращ сэ си хабзэр. Фи лъахэм псы утхъуакъым щежэхынур, атIэ фи лъымкIэ иIа псы плъыжьыбзэщ».
  • Цициановым и псалъэр игъэпэжащ: дзэ къариутIыпщащ къэбэрдейхэм, ялъ игъэжащ. Генерал Глазенап 1804 гъэм дзэшхуэ къришажьэри, къэбэрдейхэм зауэ гуащIэ къащрищIылIащ Хъумбылей псым и Iуфэм. Абы и ужькIэ Къэбэрдейми кIахэ адыгэхэми къезэуащ генерал Булгаковыр — абы и дзэм зэтрикъутащ, игъэсащ адыгэ къуажэ щитI, цIыху минипщI зэтраукIащ. Хъумбылей псыр лъыкIэ иIауэ ежэхащ тхьэмахуэм щIигъукIэ. Абы ипэIуэкIэ емынэ узым лъэрыщIыкI ищIа къэбэрдейхэр Хъумбылей деж зэрыщызэтраукIам къыдежьащ «Емынэм къелар Хъумбылейм ехьыж» псэлъафэр.
  •  
  • Лъэпкъ шIэжьым тызэфещэ
  • Республикэ общественнэ движениеу «Адыгэ Хасэм» итхьаматэу ЛIымыщэкъо Рэмэзан Кавказ заор заухыгъэр илъэси 156-рэ зэрэхъурэм фэгъэхьыгъэ Iофтхьабзэхэр зэрэзэхащэхэрэм къатегущыIэнэу телъэ- Iугъ.
  •  
  • 1864-рэ илъэсым жъоныгъуакIэм и 21-м Кавказ заор аухыгъ. Ащ фэгъэхьыгъэ шъыгъошIэжь мафэхэр илъэс къэс хэтэгъэунэфыкIых, — къеIуатэ ЛIымыщэкъо Рэмэзан.
  • — Шъыгъо-шIэжь мафэр хэбзэ шапхъэ зиIэ Iофтхьабзэхэм ащыщ зэрэхъугъэм уиеплъыкIэхэр къеIуалIэхэба?
  • — Лъэпкъэу ущытмэ, тарихъэу уиIэр пшIэн, цIыфхэм алъыбгъэIэсын фае. Адыгэ Хасэр якIэщакIоу Кавказ заом ехьылIэгъэ зэхахьэхэр Мыекъуапэ, районхэм ащызэхащэщтыгъэх. Республикэм и Парламентрэ Правительствэмрэ якъулыкъушIэхэри зэхахьэхэм ахэлажьэхэу аублагъ, хэбзэ шапхъэ иIэу хагъэунэфыкIы хъугъэ.
  • Зэхахьэхэр. ШIэныгъэлэжьхэр, культурэм иIофышIэхэр зэхэщакIохэм сыдигъуи ахэтых.
  • Iэнэ хъураехэр, зэIукIэгъухэр республикэм щэкIох. Сэ сщыгъупшэжьырэп апэрэ зэхахьэхэм шIэныгъэлэжь цIэрыIоу, Адыгэ Хасэм итхьаматэу щытыгъэ Шъхьэлэхъо Абу игупшысэхэм лъэпкъ шIэжьыр ащыпхырищызэ къазэрэщыгущыIэщтыгъэр. Анахьэу къыхэзгъэщыщтыгъэр зэо-банэхэм «акIамыгъэстэу» мамыр псэукIэр гъэпытэгъэным тыпылъын зэрэфаер ары.
  • — Культурэм иIофышIэхэр шIэныгъэлэжьхэм ягъусэх.
  • — Ащи мэхьэнэ хэхыгъэ иI. Ансамблэ цIэрыIохэу «Налмэсыр», «Ислъамыер», нэмыкI артистхэр зэIукIэгъухэм къятэгъэблагъэх. Театрализованнэ къэшIыгъэхэм республикэм и Лъэпкъ театрэу Цэй Ибрахьимэ ыцIэ зыхьырэр, фэшъхьафхэри ахэлажьэх.
  • «Ислъамыем» къыIорэ орэдхэр тарихъым къыпкъырэкIых.
  • Урысыем, Адыгеим янароднэ артистэу, «Ислъамыем» ихудожественнэ пащэу, композиторэу Нэхэе Аслъан зэригъэфэгъэ произведениехэр зэхахьэхэм ащэIух. Шъыгъо лIыхъужъ орэдхэм тядэIузэ, тарихъым тыфызэплъэкIыжьы, неущрэ мафэм тегупшысэ.
  • — Дин зэфэшъхьафхэр зылэжьыхэрэр, общественнэ движениехэр зэхахьэхэм ащызэIокIэх…
  • — Адыгеим лъэпкъыбэ щэпсэу. Къэндзалхэм, урымхэм, къэзэкъхэм, азербайджанхэм, ермэлхэм, нэмыкIхэм яобщественнэ движениехэм, динлэжьхэм таIукIэныр, тизэфыщытыкIэхэм ягъэпытэн афэгъэхьыгъэ Iофыгъохэр зетхьанхэр шэнышIу тфэхъугъэх.
  • Къэндзалхэм ащыщхэм адыгабзэр ашIэ, янысащэхэр адыгэ шэн-хабзэхэм атетэу зэхащэхэуи тэлъэгъух. ШIэжьыр щыIэныгъэм фэтэгъэIорышIэ.
  • — Адыгэ лъэпкъыр хэгъэгубэмэ ащэпсэу. ЗэлъыIэсыкIэ амалхэр шъогъэфедэха?
  • — Шъыгъо — шIэжь мафэм ехьылIэгъэ къэбархэр дискхэм атетхагъэхэу Тыркуем, Израиль, Иорданием, Сирием, Германием, фэшъхьаф хэгъэгухэм арыс тилъэпкъэгъухэм афэдгъэхьыгъэх. ТиадыгабзэкIэ дунаим тыщызэдэгущыIэзэ Интернетым иамалхэр тэгъэфедэх.
  • — Дунэе Адыгэ Хасэм игъэцэкIэкIо куп шъыгъо-шIэжь мафэм зэрэфэхьазырыр къытаIоба?
  • — ДАХ-м итхьаматэу Сэхъурэкъо Хьаутий тыщигъэгъозагъ Кавказ заом фэгъэхьыгъэ зэхахьэхэр мыгъэ зэхэтщэнхэ зэрэтымылъэкIыщтхэр. Интернетыр, телефонхэр дгъэфедэщтых. НэкIубгъо зэфэшъхьафхэу агъэхьазырыгъэхэм тяджэщт, тарихъ къэбархэр къызэфэтIотэщтых.
  • — ЗэлъыIэсыкIэ амалхэм ягъэфедэн сыда анахьэу къахэбгъэщы пшIоигъор?
  • — Хэгъэгу зэфэшъхьафхэр, ныбжьыкIэхэр шъыгъо-шIэжь мафэм хэлэжьэщтых. Республикэ общественнэ движениеу «Адыгэ Хасэм» игъэцэкIэкIо куп хэтыхэу Бэгъушъэ Алый, ЦIыкIушъо Аслъан, Болэкъо Аслъан, СтIашъу Юрэ, Тхьапшъэкъо Альберт, фэшъхьафхэри зэхэщэн Iофыгъохэм апылъых. КъыткIэхъухьэхэрэ ныбжьыкIэхэм, республикэм ис лъэпкъхэм тарихъыр нахьышIоу зэрагъэшIэныр типшъэрылъэу тэлъытэ.
  • — ТхылъеджапIэхэм шъуалъыIэсыгъа?
  • — Кавказ заом ехьылIэгъэ къэгъэлъэгъонхэр тхылъеджапIэхэм къащызэIуахыгъэх. ИнтернетымкIэ хъугъэ-шIагъэхэм защытэгъэгъуазэ. ШIыкIабэ къызыфагъэфедэн зэралъэкIырэм тегъэразэ.
  • — Кавказ заом титарихъ чIыпIэу щыриIэр нахьышIоу тшIэным фэшI тапэкIи сыда нахь шъунаIэ зытетыщтыр?
  • — КъызэрэсIуагъэу, уитарихъ дэгъоу пшIэн фае. Кавказ заом илIыхъужъэу Тыгъужъыкъо Къызбэч фэгъэхьыгъэ саугъэт Афыпсыпэ къыщызэIуахыгъ. Адыгэкъалэ, Кощхьаблэ Кавказ заом ехьылIэгъэ саугъэтхэр адэтых. ЗыкIыныгъэмрэ ЗэгурыIоныгъэмрэ ясаугъэтышхоу Мыекъуапэ щагъэпсыгъэри тарихъым иIотакIу.
  • — ТизэдэгущыIэгъу икIэух шъыгъо-шIэжь мафэм, лъэпкъ зэфыщытыкIэхэм яхьылIагъэу уиеплъыкIэхэр къытапIо тшIоигъу.
  • — ТекIоныгъэм ия 75-рэ илъэс джырэблагъэ хэдгъэунэфыкIыгъ. Адыгэ Республикэм лъэпкъ IофхэмкIэ, IэкIыб къэралхэм ащыпсэурэ тилъэпкъэгъухэм адыряIэ зэпхыныгъэхэмкIэ ыкIи къэбар жъугъэм иамалхэмкIэ и Комитет итхьаматэу Шъхьэлэхъо Аскэр къызэрэтиIуагъэу, зэхэщэн Iофыгъохэу дгъэцэкIэщтхэр агъэнэфагъэх. Интернетыр, гъэзетхэр, телевидениер, радиор, телефонхэр дгъэфедэщтых. Тарихъым, мамыр щыIакIэм игъэдэхэн татегущыIэщт.
  • — Шъуигухэлъхэр къыжъудэхъунхэу шъуфэсэIо.
  • ЕмтIылъ Нурбый.
  •  
  • Яшъхьафитыныгъэ банэ пэщэныгъэ дызезыхьагъэхэр
  • 1763-рэ илъэсым КъокIыпIэ Черкесием (Къэбэртаем) пытапIэу Мэздэгу щагъэпсыгъагъ. ПIопэн хъумэ, къэбэртэе чIыгухэм яштэн иублапIэу ар хъугъэ.
  • 1774-рэ илъэсым Урысыемрэ Тыркуемрэ зэдашIыгъэгъэ Кючук-Кайнарджийскэ зэзэгъыныгъэм тетэу Къэбэртаер Урысыем изы Iахьэу хъугъэ. Мыщ дэжьым къыхэгъэщыгъэн фае къэралыгъуитIумэ къафэмыгъэзэгъэ чIыпIэхэри зэрэзэфагощыщтыгъэхэр ыкIи цIыфхэу ахэм арысхэр къызэрэзыфагъэIорышIэщтыгъэхэр.
  • 1777-рэ илъэсым къыщегъэжьагъэу пачъыхьэм Мэздэгурэ Азоврэ азыфагу пытапIэхэу Екатеринодарскэр, Георгиевскэр, Солдатскэр ыкIи нэмыкIхэр щегъэпсых.
  • 1778-рэ илъэсым къэбэртэепщыхэм а пытапIэхэр зэхакъутэнхэм пае пачъыхьэм идзэхэм IашэкIэ апэуцужьхэу рагъэжьагъ. Апэрэ чэзыум, 1778 — 1798-рэ илъэсхэм, къэбэртаехэм шъхьафитыныгъэ банэу ашIыгъэм нахьыбэмкIэ пэщэныгъэ дызезыхьэщтыгъэхэр лIэкъо лъэшхэм ялIыкIохэр ары. Ахэр политикэм ылъэныкъокIи дзэ IофхэмкIи IэпэIэсэныгъэ ин зиIэ цIыфхэу щытыгъэх — пщыхэу Атэжъыкъо Исмахьилэрэ Адылджэрыерэ, Атэжъыкъхэ Хьамырзэ, джащ фэдэу нэмыкIхэр.
  • ЯтIонэрэ чэзыум, 1799 — 1807-рэ илъэсхэм, шъхьафитыныгъэ банэу Къэбэртае щыкIуагъэм анахьэу къыхэщыгъэр Абыкъо Исхьакъ ефэндым пэщэныгъэ зыдызэрихьэщтыгъэ купыр ары. А заом «шарихьат заокIэ» еджагъэх.
  • Ящэнэрэ чэзыум, 1808-рэ илъэсым къыщегъэжьагъэу 1825-м нэс кIогъэ заом, къэбэртэе чIыгухэр пачъыхьэм ыштагъэх.
  • КъохьэпIэ Черкесием урыс пачъыхьэм щызэрихьэщтыгъэ Iофтхьабзэхэр пхырыщыгъэнхэмкIэ, ахэм нахь чаныгъэ ахэлъ хъунымкIэ лъапсэ хъугъэхэм ащыщ я 11-рэ Екатеринэ иунашъоу къэзэкъхэр Пшызэ иджабгъу лъэныкъо къэгъэкощыгъэнхэм фэгъэхьыгъагъэр. А лъэхъаным ХышIуцIэ къэзэкъыдзэ зэхащэ, ащ нэужыми къохьэпIэ лъэныкъом щыпсэурэ адыгэхэм апэшIуекIорэ заом ар щагъэфедэгъагъ.
  • Адыгэхэм апэшIуекIорэ бэнэныгъэм анахьэу етIани пачъыхьэм пхъэшагъэ хилъхьан зилъэкIыгъэр 1829-рэ илъэсым Адрианопольскэ мамыр зэзэгъыныгъэр зызэдашIым ыуж. А зэзэгъыныгъэм къызэрэдилъытэрэм тетэу Осмэн империем Пшызэ ыкIыбкIэ гъэзэгъэ Черкесиер Урысыем фигъэкIотагъ. Нафэу зэрэщытымкIэ, Тыркуеми Урысыеми а чIыпIэхэм тетыгъо ащаIыгъыгъэп. Адыгэхэм Тыркуем сатыу-экономикэ зэпхыныгъэ дыряIагъ, ау тырку пачъыхьэм ахэр фэIорышIэщтыгъэхэп. Урысыем анахь пытэу ыIэмычIэ чIэлъыгъэр Анап ары. 1828 — 1829-рэ илъэсхэм щыIэгъэ заом ар аIэ къыщырагъэхьан алъэкIыгъагъ.
  • Пачъыхьэм унашъо ышIыгъагъ егъэзыгъэ Iоф хэлъэу дзэ кIуачIэкIэ адыгэхэр шъхьафитынчъэ шIыгъэнхэу, ау ишъхьафитыныгъэ фэбэнэрэ лъэпкъыр ащ къыпэуцужьыгъ. А заор чэзыуищэу зэтеуутын плъэкIыщт: 1829 — 1840-рэ илъэсхэр, 1840 — 1859-рэ илъэсхэр, 1859 — 1864-рэ илъэсхэр.
  • Адыгэхэу Темыр-КъохьэпIэ Кавказым щыпсэущтыгъэхэм ялъэпкъ шъхьафитыныгъэ зао 1864-рэ илъэсым ухыгъэ хъугъагъэ. Пачъыхьэм Черкесиер ыштагъ. Адыгэ нэбгырэ минишъэ пчъагъэ Осмэн империем икIыжьын фаеу хъугъэ. Лъэпкъ тхьамыкIагъоу къыкъокIыгъэр пачъыхьэм адыгэхэм адызэрихьэгъэ лъэпкъ лъэпсэ гъэкIодэу щытыгъ.
  • Нэбгырэ пчъагъэмкIи, кIуачIэмкIи урысыдзэмрэ адыгэхэмрэ яамалхэр зэпэчыжьэ дэдэу щытыгъэх нахь мышIэми, егъэшIэрэу адыгэ фольклорым къыхэнагъэх политикэмкIи заохэм ахэлэжьэнхэмкIи IэпэIэсэныгъэ ин зыхэлъыгъэ лIыхъужъхэм ацIэхэр:
  • Щырыхъукъо Тыгъужъ, ХъорэлIыкъо Хьамырз, Бракъый ЛъэпшъхьакI, Алджэрыекъо Кущыку, Хъырцыжъыкъо Алэ, Нэпсэу Хьэжъуагъу, Хьатыгъу Щэбан, Даур ХьэпакI, Хьахъупэкъо Чэрый (Тхьаркъуахъо), Хьаудэкъо Мамсыр, Пцэшэ Дол, Ацэкъо Хьэкъар, Пцэшэ Хьаджэбирам, Хытыку ХьагъукI, Зэишъу Къасболэт, Занэкъо Сэфэрбый, Занэкъо Къэрэбатыр Сэфэрбый ыкъу, ЦутхьакIумэ Къамболэт, Бэрзэдж Хьадж-Исмахьил Дэгумыкъо, Бэрзэдж Хьадж-Джырандыкъу Дэгумыкъо, ШыупакIо Шъэумыз, ШэрэлIыкъо Тыгъужъыкъо Къызбэч, Шэуджэн Джырандыкъу, Урым Джанхъот, Атэжъыкъо Исмахьил, Атэжъыкъо Адылджэрый, Атэжъыкъо Хьамырз, Абыкъо Исхьакъ, Айтэчыкъо Джамболэт, Къэсэй Исмахьил.
  • Бэрзэдж Хьадж Исмахьил Дэгумыкъор(1766 — 1846) — убых пэщэ анахь цIэрыIохэм зыкIэ ащыщ, хы ШIуцIэ Iушъом щыпсэущтыгъэ убыххэмрэ адыгэхэмрэ яшъхьафитыныгъэ банэ пIэлъэ кIыхьэм къыкIоцI пэщэныгъэ дызэрихьагъ. Хы ШIуцIэ лъэныкъомкIэ дзэ пытапIэхэу пачъыхьэм щаригъэшIыгъагъэхэр аштэнхэмкIэ зэо Iофтхьабзэхэм япэщагъ.
  • Бэрзэдж Хьадж Джырандыкъу Дэгумыкъор — Исмахьилэ ышы икIал(1804 -1881) — убыххэм, шапсыгъэхэм, натыхъуаехэм, абдзахэхэм шъхьафитыныгъэ банэу ашIыгъэм пэщэныгъэ дызезыхьагъэхэм ащыщ. Кавказ заом иаужырэ чэзыу лъэшэу ыкIуачIэ зэрихьылIэгъагъэр Черкес къэралыгъо зыкI зэхэщэгъэныр ары. 1861-рэ илъэсым «Адыгэ мэджлыс» зыфиIоу зэхащэгъагъэм ар ипэщагъ.
  • ШыупакIо Хьаудэкъо Мамсыр— нэтыхъое оркъ, 1830 — 1840-рэ илъэсхэм адыгэхэм политикэ, дзэ IофхэмкIэ анахь пэщэ чанэу яIагъэхэм ащыщ.
  • ШыупакIо Шъэумыз — Урыс-Кавказ заом илъэхъан натыхъуаехэм япэщагъ. Дзэ-зэо Iофхэм алъэныкъокIэ лъэшэу IэпэIэсагъ.
  • ШэрэлIыкъо Тыгъужъыкъо Къызбэч(1777 — 1840) — адыгэхэр яшъхьафитыныгъэ фэбанэхэ зэхъум анахь лIыхъужъыныгъэ къызхэфэгъэ пащэхэм ащыщ. Шапсыгъэ оркъ ШэрэлIыкъо лIакъом щыщыгъ. Адыгэ фольклорым къызэриушыхьатырэмкIэ, лъэшэу лIыблэнагъ, «Черкесием иаслъанкIэ» ащ еджэщтыгъэх.
  • Щырыхъукъо Тыгъужъ — нэтыхъое оркъ, я XIX-рэ лIэшIэгъум адыгэхэм шъхьафитыныгъэ банэу ашIыгъагъэм идзэ пащэхэм ащыщ. Таурыхъ ыкIи тарихъ орэдыбэхэм ащ ыцIэ къахэнагъ. Кавказым имызакъоу, Европэм икъэралыгъо зэфэшъхьафхэми а лIыхъужъым ыцIэ ащашIэ.
  • ХъорэлIыкъо Хьамырз — шапсыгъэхэм политикэ ыкIи дзэ IофхэмкIэ анахь пэщэ бланэу яIагъэхэм ащыщ. Бэслъэнэй Абат игъусэу Стамбул ар кIогъагъэ тырку султIаным зэдэгущыIэгъухэр дыриIэнхэм пае. ХъорэлIыкъо Хьамырзэ султIаным риIуагъ Черкесием иIофхэр зэрэхьылъэхэм, адыгэхэр иIэпыIэгъу зэрэщыгугъыхэрэм афэгъэхьыгъэу. ХъорэлIыкъо политикэм ылъэныкъокIэ Черкесием иIофхэм язытет дэгъоу ышIэщтыгъ, ишъыпкъэу зыуж итыгъэр хэгъэгум иIофхэм язытет зыпкъ игъэуцожьыгъэныр ары.
  • Бракъый ЛъэпшъхьакI — шапсыгъэхэм анахь пэщэ цIэрыIоу яIагъэхэм ащыщ. ЛIыхъужъ шъыпкъэу зэрэщытым дакIоуи дзэ Iофхэм хэшIыкIышхо афыриIагъ. Гуманитар ушэтынхэм апылъ Адыгэ республикэ институтым ихъарзынэщ чIэлъ тхыгъэхэм къызэраушыхьатырэмкIэ, Бракъый ЛъэпшъхьакIэ генералэу Засс IукIэгъагъ, ащ илIыхъужъыныгъэ зынэсырэр дэгъоу ышIэщтыгъэ ыкIи Урысыем идзэхэм къулыкъу ащихьынэу игъо къыфилъэгъугъагъ. Мары ЛъэпшъхьакIэ ащ риIожьыгъэр: «Хьадэгъур ыпэ къэсштэн о пIорэм сыкъеуцолIэным нахьи».
  • Алджэрыекъо Кущыку — я XIX-рэ лIэшIэгъум ия 30 — 40-рэ илъэсхэм Черкесием идзэ ыкIи иполитикэ пэщэ цIэрыIохэм зыкIэ ащыщэу ыцIэ зэлъашIэгъагъ. Мы бэслъынэй пщым илIыхъужъыныгъэ фэгъэхьыгъэ тарихъ орэдхэм, къэбархэм къаушыхьаты лъэпкъэу къызыхэкIыгъэм ар зэрэфэшъыпкъагъэр, урыс пачъыхьадзэм пэшIуекIорэ заом бланэу зэрэхэлэжьагъэр.
  • Хъырцыжъыкъо Алэ — абдзэхэ пэщэ лIыхъужъыр Черкесием итарихъ къыхэзгъэнагъэр ичIыгу ыпсэ фигъэтIылъыным зэрэфэхьазырыгъэр, адыгэхэм яшъхьафитыныгъэ зышъхьамысыжьэу зэрэфэбэнагъэр ары.
  • ЦутхьакIумэ Къамболэт — адэмые лIакъом къыхэкIыгъ, кIэмгуе пщэу Болэтыкъо Джанчэрые ивассалыгъ. Къамболэт дзэ Iофхэм язехьанкIэ IэпэIэсэныгъэ ин хэлъыгъ, отрядхэм пэщэныгъэ адызэрихьэзэ пачъыхьэм идзэ утынышхохэр рихыщтыгъэх.
  • Нэпсэу Хьэжъуагъу — шапсыгъэхэм яшъхьафитыныгъэ банэ ипэщэ лIыхъужъыгъ.
  • Шэуджэн Джырандыкъу — къэбэртай, Фэрзэпэ заом отрядышхом пэщэныгъэ дызэрихьэзэ чанэу хэлэжьагъ.
  • Урым Джанхъот — къэбэртай, Фэрзэпэ заом анахь чанэу хэлэжьагъэхэм ащыщ.
  • Атэжъыкъо Исмахьилэрэ Адылджэрыерэ — мыхэр зэшых, 1794-рэ илъэсым Къэбэртае щыпсэухэрэм зыкъызаIэтым пэщэныгъэ адызэрахьэгъагъ. Ахэм нэбгырэ мин пчъагъэ агъэIорышIэщтыгъ.
  • Абыкъо Исхьакъ— быслъымэн диныр зылэжьыхэрэм ялIыкIоу 1799 — 1807-рэ илъэсхэм къэбэртаехэм шъхьафитыныгъэ банэу ашIыгъагъэм ихэушъхьафыкIыгъэ лъэныкъо пэщэныгъэ дызэрихьагъ. Шарихьат движениеу ар щытыгъ.
  • Айтэчыкъо Джамболэтрэ Къэсэй Исмахьилэрэ — къэбэртае пщых, урыс пачъыхьэм емызэгъыхэу Пшызэ ыкIыб загъэзэгъагъ ыкIи дзэ отрядхэм пэщэныгъэ адызэрахьэзэ ябэнэныгъэ лъагъэкIотагъ.
  • Занэкъо Сэфэрбый(1789 — 1859), пщы лIакъоу хэгъэкIхэм къахэкIыгъ. КъохьэпIэ Черкесием иполитик бэлахьэу ыкIи дзэ Iофхэм хэшIыкIышхо афыриIэу щытыгъ. КъыгъэшIагъэм адыгэхэм яшъхьафитыныгъэ фэбэнагъ. Занэкъо Сэфэрбый анахьэу зыкIэхъопсыщтыгъэр Черкесиер шъхьафитэу щытыныр арыгъэ.
  • Занэкъо Къэрэбатыр — Сэфэрбый ыкъо анахьыкI. Ятэ дунаим зехыжьым черкес мэджлысыр зызэхащагъэм къыщыублагъэу адыгэхэм пэщэ шъхьаIэу яIагъэхэм зыкIэ ащыщ.
  • Хъущт Мыхьамэт(1826 — 1869) — анахь лъытэныгъэ зыфашIыщтыгъэ адыгэ пащэхэм ащыщыгъ. Адыгэ мэджлысым хахьэщтыгъ ыкIи 1862-рэ илъэсым Черкесием илIыкIоу Англием щыIагъ. Урысыем къыщыхаутыгъэхэм ащ ыцIэ зэфэшъхьафэу къахэфэ: Биш-Хасан-Эфенди ыкIи Эфенди Гасан.
  • ПЭНЭШЪУ Аскэр.
  • Гуманитар ушэтынхэм апылъ Адыгэ республикэ
  • институтым ипащэ шIэныгъэмкIэ игуадз,
  • тарихъ шIэныгъэхэмкIэ доктор.
  • АцIэ къесIомэ сшIоигъу
  • ЖъоныгъуакIэм и 21-м Адыгэмэ я Шъыгъо-Шlэжь мафэу загъэунэфыгъэр тарихъ шапхъэхэмкlэ пштэмэ бэдэдэ шlагъэп. Ар зэпхыгъэр, я 19-рэ лlэшlэгъум тилъэпкъ къырыкlогъэ тхьамыкlагъор, ащ къыпкъырыкlи адыгэхэр дунаим итэкъуахьыгъэхэу зэрэщыпсэухэрэр тарихъым ыгъэунэфыгъэхэу зэкlэми ашlэ.
  • Сэ непэ зигугъу къэсшlымэ сшlоигъор ежь Шъыгъо-Шlэжь мафэм къырыкlуагъэр ыкlи мэхьанэу лъэпкъымкlэ иlэр зэхъокlыгъэу зэрэхъугъэр ары.
  • Шъыпкъэ, уахътэми тищыlэныгъэ зэхъокlыныгъэу бэ къыхилъхьагъэр, тэри тишlэжьи, тизэхэшlыкlи нэмыкl шъыпкъэ хъугъэх. Мыщ лъапсэу фэхъугъэр зэхэпфыны зыхъукlэ, гупшысэ зэфэшъхьафхэр гум къехьэх.
  • Апэрэу, Кавказ заом итарихъ атхынэу зырагъэжьагъэм щегъэжьагъэу анахь къыхагъэщырэмэ ащыщ Iофыгъор политикэм епхыгъэ зэрэхъугъэр. Ау, зы упчlэ мыщ дэжьым къэтэджы: лъэпкъым къырыкlуагъэм ишъыпкъапlэ къэбгъэлъэгъоныр хабзэм иполитикэ пэшlуекlуа? Етlани, лъэпкъым жъалымыгъэкlэ дэпсэугъэ генералхэм ясаугъэтхэр зэрэщытхэр сыд фэдэ политика зыдиштэрэр?
  • Лъэпкъыр зэзыпхырэр Шlэжьыр ары. Тыдэ щыlэха тилlыхъужъхэм ясаугъэтхэр?
  • Зэошхоу лъэпкъым итарихъ инэу зэзыхъокlыгъэр уахътэмкlэ нахь къытпэблагъ, я XVI лlэшlэгъум Урысыемрэ Щэрджэс къэралыгъомрэ зэфыщытыкlэу агъэпсыгъагъэм елъытыгъэмэ. Шlэныгъэлэжьхэм зэдаштагъэу щыт урыс-адыгэ зэфыщытыкlэм лъапсэу фэгъугъэр къырым хъаным пэуцужьынхэу арыгъэ. Ащ къыхэкlэу военнэ-политическэ зэгурыlоныгъэ азыфагу илъ хугъагъэ.
  • Арэущтэу зэрэщыткlи, адыгэхэм яшlоигъоныгъэ хэлъэу Урысыем хэхьагъэхэу аlозэ 2007-рэ илъэсым хагъэунэфыкlыгъ.
  • Сыда мыри политикэм зыкlырапхыгъэр? Тарихъыр о узэрэфаеу бгъэпсынэу щыта?
  • Тарихъым ишъыпкъапlэ къэпlоныр ыкlи къэптхыныр хабзэм пэшlуекlорэп, лъэпкъ зэгурыlоныгъэри ыукъорэп. Тылъэпкъынэу тыфаемэ тишlэжьи пытэн фае.
  • Шъыгъо-Шlэжь мафэм укъытегущыlэ зыхъукlэ, апэрэу къыхэбгъэщын фаехэр, адыгэ тарихъыми ыкlи культурэми шlэныгъэ лъапсэ иlэу изэхэфын кlэщакlо фэхъугъэ цlыфхэр арых. Лъэпкъым ишlэжьы егъашlэм мыкlосэжьын жъуагъэхэу къыхэнагъэхэх Сихъу Сэфэрбый, Цэй Ибрэхьим, Нэурызэ Ибрэхьим, Пщыунэлl Кlыщмай, Борэн Исмахьил. Зышъхьамысыжьхэу, лъэпкъым ищыlэныгъэ нахьышlу зэрэхъущтым дэлажьэщтыгъэх ыкlи хэушъхьафыкlыгъэу адыгэ тарихъым, культурэм, бзэм ыкlи экономикэм ехьылlэгъэ lофыгъохэр щаушэтынхэу I929-рэ илъэсым Институт зэхащагъэ. Iофыгъо зэфэшъхьафхэу шlэныгъэлэжьхэр зыдэлажьэщтыгъэхэм Кавказ заом илъэхъан адыгэхэр яшъхьафитныгъэ зэрэфэбанэщтыгъэхэм изэгъэшlэн чlыпlэ ин щиубытыщтыгъэ.
  • Совет хабзэм илъэхъан Кавказ заом изэгъэшlэн ыкlи изэхэфын иамалхэр мэкlэ дэдэу щытыгъэх. Непэ Шъыгъо-Шlэжь мафэм тыгу къэдгъэкlыжьыных, шlэныгъэлэжь чанхэу, граждан ыкlи научнэ лlыгъэ ахэлъэу я XIX лlэшlэгъум адыгэмэ тхьамыкlагъоу къарыкlуагъэм изэгъэшlэн ыкlи изэхэфын яlахьышlу хэзылъхьагъэхэр. Ахэр: Быжь Алый, Къумыкъу Тугъэн, Мэмбэт Хьылым, Нало Заур, Нало Евгения, Къэрдэнгъушъэ Зэрамыку, Къэжэрэ Валер икlи нэмыкlхэри.
  • Хэушъхьафыкlыгъэу уакъытегущыlэнэу, чlыпlэ ин лъэпкъ тарихъым щаубытыгъэу джыри нэбгыритlу ацlэ къесlомэ сшlоигъу.
  • Апэрэр, адыгэ лъэпкъым ыгурэ ыпсэрэ хэлъэу, сыд фэдэрэ лъэныкъуи пштагъэми иlахьышlу хэлъэу Шъхьэлэхъо Абу. Апэрэ Шъыгъо зэlукlэм Абу къыlогъэгъэ гущыlэхэр джыри сыгу икlыхэрэп. Лъэпкъым утынэу телъыр ыгукlэ зэрэзэхишlэрэр ыкlи ипсалъэ адыгэ пстэуми анигъэсынэу зэрэфаер инэу къыхэщыщтыгъэ.
  • Ятlонэрэр, шlэныгъэлэжьэу зигугъу къэсшlымэ сшlоигъор профессор Къэсымэ Алый. 1992-рэ илъэсым Алый ыкъоу Хьэсан игъусэу «Геноцид адыгов» зыфиlорэ тхылъыр къыдигъэкlыгъагъ. Материалэу тхылъым дэхьагъэхэр доктор диссертацием хэтыгъэх. Ау, диссертациер къыгъэшъыпкъэжьынэу Советым зырехьылlэм, текстэу адыгэхэм тхьамыкlагъоу къарыкlуагъэр къэзгъэлъагъорэр хагъэкlыгъагъ.
  • Диссертациер Алый зэритхыгъэми къэбар шъхьаф пылъ. А лъэхъэным Кавказ заом фэгъэхьыгъэ документхэр фонд зэфэшъхьафхэм ахэлъэу Москва ихъарзынэщхэм ачlэлъыгъэх. Ащ учlэхьанэу лъэlу тхылъ зэриlыгъызи, Алый ежь ыгъэфедэщт документхэр къыратыщтыгъэхэп. Арэущтэу щытми, ялъэlузэ материалхэр къаlихыщтыгъ. Етlани, гъэшlэгъоныр, мэфэм ыугъоигъэ материалхэр ауплъэкlущтыгъэх ыкlи Урысыем политикэу зэрихьэщтыгъэр къэзыгъэлъагъорэ документхэр хаупкlыщтыгъэх. Джащ фэдэ къиныгъохэр пылъэу илъэс пчъагъэрэ Алый материалхэр зэlуигъэкlагъэх.
  • Быжь Алыеу зигугъу къэсшlыгъэми илъэс 18-рэ кандидат диссертациер къыгъэшъыпкъэжьын ымылъэкlэу рагъэжагъ.
  • Непэ тыгу къэдгъэкlыжьыгъэ шlэныгъэлэжьхэр ыкlи нэмыкl общественнэ лэжьэкlошхохэу лъэпкъым ишlэжь лъагэу къэзыlэтыгъэхэр егъашlэм тщыгъупшэщтхэп.
  • Пэнэшъу Аскэр.
  • Гуманитар ушэтынхэмкlэ Адыгэ республикэ институтым иlофышl.
  •  
  • Адыгэхэм папщIэ  жаIащ
  • КЪЭБЭРДЕЙХЭМ, шапсыгъхэм, Псыжь адрыщI ис адрей адыгэ лъэпкъхэм я шуудзэм ебгъапщэ хъун зыщIыпIи щыслъэгъуакъым.
  • ТОРНАУ Федор.
  • * * *
  • АБЫХЭМ (шэрджэсхэм) къапэлъэщын щыIэнутэкъым, зэгурыIуэрэ зы дзэпщым и унафэм щIэувэтэмэ.
  • БАРБАРО Иосафат.
  • (Венецие).1441 гъэ.
  • * * *
  • АДЫГЭ шуудзэм пэувыфынукъым Европэм я нэхъ шуудзэ лъэщ дыдэри: ар бийм щебгъэрыкIуэкIэ, уафэхъуэпскIым хуэдэщ. Шымрэ уанэгум ис адыгэ шууейхэмрэ апхуэдизкIэ зэрощIэ, зауэм хуэгъэсащи, зрачмэ, я занщIэр я гъуэгущ — бийр иращIыкI. Шэрджэс зауэлIыр гъэр зыщIыфын щыIэкъым, лъы ткIуэпс къыщIэнэжыху зэуэнущ.
  • СПЕНСЕР Эдмонд.
  • 1837 гъэ