ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. ЩIалэгъуалэм я махуэм теухуа и хъуэхъу

2018-06-28

  • Си гуапэу сынывохъуэхъу гуфIэгъуэ пIалъэмкIэ — Урысейм и ЩIалэгъуалэм я махуэмкIэ.
  • ЩыныбжьыщIэмрэ щыщIалэмрэщ дэтхэнэ зы цIыхуми и гъащIэм и нэхъ дахэгъуэ, гурыфIыгъуэ лъэхъэнэр. А зэманырщ псоми щытегушхуэр, IуэхущIэхэр къыщыдахыр, хъуэпсапIэхэм зыщаIэтыр, гъащIэ гъуэгур къыщыхахыр. Къэралыр зэи хуэмыдэжу иджыпсту яхуэныкъуэщ тегушхуэныгъэрэ губзыгъагъэрэ зыхэлъхэм, Iуэху нэхъ гугъу дыдэхэр дэгъэкIыным щIэбэныну хьэзырхэм, къызэрымыкIуэ гупсысэкIэ зиIэхэм, къахьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ къызэтемыувыIэу япэкIэ кIуатэхэм, плъапIэщIэхэр къызэIузыххэм.

  •  Республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу сыт щыгъуи щытащ, дяпэкIи щытынущ щIалэгъуалэ политикэр. Iуэху нэхъыщхьэ дыдэр зи ныбжькIэ щIалэхэм я зэфIэкIыр яубзыхунымкIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм — политикэм, экономикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, спортым — зыкъыщагъэлъэгъуэнымкIэ ядэIэпыкъунырщ.
  •  Урысейм и лъэпкъ фIыгъуэхэр гъэбэгъуэнымкIэ, абы и пщIэр гъэбыдэнымкIэ ди щIалэгъуалэм я ехъулIэныгъэхэр сэбэп зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым.
  • КIуэкIуэ Юрий,
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ.