Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр Балъкъыз Артур игъэзэщIэнущ
2018-06-30
- Бахъсэн муниципальнэ районым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым дыгъуасэ иригъэкIуэкIа сессием район администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр игъэзэщIэну и пщэ щыдалъхьащ НалогхэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къудамэм и унафэщIу лажьэу щыта Балъкъыз Артур Хьэчим и къуэм.
- Район администрацэм и Iэтащхьэу щыта Къэнэмэт Рустам Юрислъам и къуэм а къалэныр щхьэщахащ нэгъуэщI лэжьапIэ зэрыкIуэм къыхэкIыу.
- * * *
- Балъкъыз А. Хь. КъБАССР-м и Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун Ещанэ къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. «Экономикэ» IэщIагъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ.
- Бахъсэн районым щыIэ къэрал налог инспекцэм и къэрал налог инспектор нэхъыжьу 1992 гъэм лэжьэн щIидзащ. 1998 гъэм Бахъсэн районым и къэрал налог инспекцэм и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ. 2013 гъэ лъандэрэ Урысейм НалогхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм камеральнэ къэпщытэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ.
- Урысей Федерацэм къэрал граждан къулыкъумкIэ япэ класс зиIэ и чэнджэщэгъущ.
- Унагъуэщ, бынитIиIэщ.