Егоровэ Татьянэ: «Курыт еджапIэм щывгъэкIуа илъэсхэр гукъинэж дахэ фхурехъу!»
2018-06-28
- КъБР-м и Парламентым и депутатхэр хэтащ курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм папщIэ республикэм и школхэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэхэм.
- Прохладнэ къалэм дэт «Лицей №3» курыт еджапIэр мы гъэм къэзыух цIыкIухэм ехъуэхъуну яхуеблэгъат КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
- — ЦIыхум и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ зы Iыхьэ фэ нобэ къызывонэкI — курыт еджапIэр къывоух. Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу апхуэдэ гуфIэгъуэмкIэ, — жиIащ абы. — Илъэс 11-кIэ феджащ, зыуэ щыт къэрал экзаменхэр зэфIэвгъэкIащ. АдэкIэ фэ къыфпоплъэ дэтхэнэ зыми езым къыхихыжыну и гъуэгуанэр. Шэч къытесхьэркъым фэ фщыщ куэдым зыхуеджэну IэщIагъэр къызэрыхахам. Ауэ сыт хуэдэ IэщIагъэ зэвгъэгъуэтми, сыхуейщ къыхэфхам фыхущIемыгъуэжу, фызыхущIэкъу лъагапIэхэм фалъэIэсу фыпсэуну. Зэи зыщывмыгъэгъупщэ фыщалъхуа щIыналъэр, фыкъыщыхъуа республикэр, къэралыр. Ди дежкIэ нэхъыфIт фи къэкIуэнур Къэбэрдей-Балъкъэрым епхауэ къыщIэкIыну, щIэныгъэ куу, IэщIагъэ щхьэпэ зэвгъэгъуэтауэ къэвгъэзэжыну. Сыту жыпIэмэ, фэ фIы дыдэу къывгуроIуэ ди щIыналъэм и къэкIуэнумрэ и унафэмрэ мыгувэу фи ныбжь итхэм я пщэм къызэрыдэхуэнур. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу абы хуэунэтIауэ фэ фхузэфIэкI псори зэрывлэжьынур.
- Иджыри зэ сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, фи мурадхэм фызэрыпэлъэщын зэфIэкI къыфкъуэкIыну, гъащIэ дахэ фиIэну. ДэнэкIэ фыщымыIэми, курыт еджапIэм щывгъэкIуа илъэсхэр, фи егъэджакIуэхэр, къывдеджахэр гукъинэж дахэ фхурехъу. Гъуэгу махуэ! — жиIащ Егоровэ Татьянэ.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ гуапэу ехъуэхъуащ, фIыщIи яхуищIащ къыдэкIуэтей щIэблэр къэгъэхъуным, гъэсэным, егъэджэным я гуащIэ емыблэжу зэрыхуэлажьэм папщIэ.
- Прохладнэ къалэм дэт «Лицей №3» курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — КъБР-м инфраструктурэмрэ цифровой Iэмэпсымэхэм зыщегъэужьынымкIэ и министр Бэлэтокъуэ Владимир. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр тыным еджакIуэхэр къызэримыгъэдзыхам зэрыщыгуфIыкIыр къыхигъэщри, Бэлэтокъуэр абыхэм ехъуэхъуащ адэкIи я гурылъхэр зрагъэхъулIэу балигъ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэну.
- Апхуэдэу еджапIэр къэзыуххэм ехъуэхъуащ Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь, «Лицей №3» курыт еджапIэм и унафэщI Никитин Андрей сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Курыт еджапIэр къызэраухэмкIэ щыхьэт тхылъхэр — аттестатхэр — щратыжым щытхъу пылъу школыр къэзыухахэм ящыщу я цIэ къраIуащ Гостевэ Анастасие, Ищенкэ Елизаветэ, Ким Кристинэ, Петровэ Марие, Скульбедэ Дианэ, Дэш Иннэ, Тхьэзэплъ СулътIан, Щеглюк Ульянэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Аттестатхэм ядэщIыгъуу Егоровэ Татьянэ абыхэм яIэщIилъхьащ «Еджэныгъэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм папщIэ» медалхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм апхуэдэу къыщыхагъэщащ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, олимпиадэхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм увыпIэ нэхъыщхьэ къыщызыхьа сабий куэд мы гъэм школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм зэрахэтыр.
- Егоровэ Татьянэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ гуапи зэфIигъэкIащ а пщыхьэщхьэм: лицейм и унафэщI Никитин Андрей егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэным хуищI гулъытэм папщIэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъ иритащ.
- ЕджапIэр къэзыуххэми, абыхэм я адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми, хьэщIэу къахуеблэгъахэми гукъинэж ящыхъун пшыхь дахэр екIуу къызэгъэпэщауэ, уэрэдхэмкIэ, къафэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. ХьэщIэхэм апхуэдэу ирагъэлъэгъуащ еджапIэр зэрыгушхуэ тхыдэ музейр.
- КъБР-м и Парламентым
- и пресс-IуэхущIапIэ.