Я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ
2018-06-30
- Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къызы- хуэтыншэу къызэгъэпэщыным мы лъэхъэнэм гулъытэшхуэ хуэзыщIхэм ящыщщ Тэрч щIыналъэри.
- Узыншагъэр щрагъэфIакIуэу Тэрч щIыналъэм щыIэ «Налмэс» лагерым мэкъуауэгъуэм и 20-м лэжьэн щIидзауэ сабии 150-м щIигъум зыщагъэпсэху. Абыхэм я нэхъыбапIэр бынунагъуэшхуэхэм къахэкIащ.
- ЗыгъэпсэхупIэм и унафэщI Мэрзей Беслъэн зэрыжиIэмкIэ, сабийхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа план хэхахэр яIэщ. Абы къызэщIеубыдэ цIыкIухэм я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри. НыбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщщ гъуэгум шынагъуэншэу тетыным, мафIэс къэмыгъэхъуным, хьэл мыхъумыщIэхэм ахэр щыхъумэ-ным ехьэлIа псалъэмакъхэр ядегъэкIуэкIыныр.
- Щэнхабзэм, гъуазджэм сабийхэр дегъэхьэхынми щелIэлIэнущ лагерхэм. КъызэгъэпэщакIуэхэр мэгугъэ лагерым щекIуэкI концертхэм, зэпеуэхэм цIыкIухэр жыджэру хэтыну.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.