ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъыбзэхэм ирогузавэ

2018-06-28

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм мэкъуауэгъуэм и 26-м щызэхэтащ бзэхэр хъумэнымрэ ахэр зэрырагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэнымрэ теухуа зэIущIэ. Ар ехьэлIат иджыблагъэ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат гупым бзэм теухуауэ къыхалъхьа законопроектым. Курыт еджапIэхэм щIэсхэм я анэдэлъхубзэхэр езыхэм я фIэфIыныгъэм тещIыхьауэ фIэкIа ямыджми хъуну къызыхэщ законопроектыр умыгъэщIэгъуэнкIи абы арэзы утехъуэнкIи Iэмал зимыIэт.

  • ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ ШэнтIыкъу Иринэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и кIэлъыплъакIуэ гупым и унафэщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Дзыгъул МуIэед, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Беппаев МутIалип, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм балъкъэр литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табаксоев Мухътар сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • — Дызэрыщыгъуазэщи, КъБР-м и Конституцэм щыубзыхуащ адыгэбзэри, балъкъэрыбзэри, урысыбзэри къэралыбзэу зэрыщытыр, — жиIащ къыщыпсалъэм ШэнтIыкъу Иринэ. — Апхуэдэу щыщыткIэ, дызыгуэт къэралым и къалэн нэхъыщхьэщ бзищри зэхуэдэу хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ. Лъэпкъыбзэхэм лей къатемыгъэхьэным, ахэр щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм зыхуей хуэзэу, Iэмал имыIэу зэрыщрагъэджын хуейм теухуа лэжьыгъэхэр идогъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж программэхэр министерствэм игъэхьэзырауэ Урысейм егъэджэныгъэмрэ методикэмкIэ щыIэ зэгухьэныгъэм иджыблагъэ къищтэри, федеральнэ реестрым хигъэхьащ. Министерствэр яужь ихьащ лъэпкъыбзэхэмрэ литературэхэмкIэ щыIэ тхылъхэр егъэджэныгъэ пщалъэхэм тету къэгъэщIэрэщIэжыным, методикэ и лъэныкъуэкIэ зэIузэпэщ щIыным, иджырей зэманым пэджэжу гъэпсыным.
  • КъаIэта Iуэхугъуэм теухуауэ купщIафIэу къэпсэлъащ Щоджэн Iэминат. Абы къыхигъэщащ къыхалъхьа законопроектым тету адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ еджапIэхэм щаджыным лъэпкъхэм фIы лъэпкъ къазэрыхуимыхьынур.
  • ЗэIущIэм щыжаIахэр къызэщIикъуэжу, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ лъэпкъыбзэхэм ятеухуа законопроектыр пхыбгъэкI зэрымыхъунур, Iуэху къаIэтам теухуауэ жылагъуэ зэ- гухьэныгъэхэм ягъэхьэзыра тхыгъэхэр УФ-м и Президент Путин Владимир, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеслав сымэ я деж икIэщIыпIэкIэ егъэхьын зэрыхуейр.
  • * * *
  • А махуэ дыдэм БизнесымкIэ институтми щекIуэкIащ а Iуэхум теухуа зэIущIэшхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ центрым, БизнесымкIэ институтым.
  • Зэхуэсым хэтащ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Шэшэн МуIэед, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Азычэ Светланэ, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пажэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис, Къэбэрдей конгрессым и тхьэмадэ Бещто Аслъэн, егъэджакIуэхэр, щIалэгъуалэр, анэдэлъхубзэм лей къытехьэным иригузавэхэр.
  • — Бзэр щымыIэжмэ, лъэпкъри щыIэжкъым, — жиIащ Шэшэн МуIэед. — Абы къыхэкIыу, ди анэдэлъхубзэхэр егъэджыныр дыхуей-дыхуэмейм елъытауэ щыт хъунукъым. Адыгэбзэри балъкъэрыбзэри урысыбзэм хуэдэу къэралыбзэу щыщыткIэ, дэ дыхущIэкъунущ законопроектыр пхымыгъэкIыным. Сыт хуэдэ Iэмалри къэдгъэсэбэпын хуейщ, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ Iэмалыншэу еджапIэхэм щаджын хуейуэ къызэтенэн папщIэ. Мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ ди лъэпкъхэм адэкIэ я щыIэныгъэмкIэ.
  • Апхуэдэу Азычэ Светланэ жиIащ законопроектыр зэрыдамыIыгъынур, лъэпкъхэм яфI къызэрыкIын зэхъуэкIыныгъэхэу абы хэбгъэхьэ хъунухэр къызэрагъэлъэгъуэнур. КIэщIу жыпIэмэ, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зи анэдэлъхубзэу щытхэм ахэр Iэмал имыIэу яджын зэрыхуейр законопроектым халъхьэжыну.
  • Табыщ Динарэ.
  • Сурэтхэр тезыхар
  • Къарей  Элинэщ.