2019-05-25
- Зеикъуэ щыщ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI иджыблагъэ Истамбыл щагъэлъэгъуащ. Уэрэд жыIэнымкIэ егъэджакIуэ Ахъмэт Эльвирэ и гъэсэнхэу Шурдым Миленэрэ (илъэс 11) Къуршэ Арианэрэ (илъэси 10) Тыркум щекIуэкIа «Тырку дуней-2019» зэпеуэм екIуу хэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
2019-05-07
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым республикэр, къэралыр зэрыгушхуэ, ди къэкIуэнур зэлъыта, щапхъэ зытрах еджакIуэхэр. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я мызакъуэу къызыхэкIа лъэпкъым и щхьэр лъагэу ирагъэлъагъуж. ФIым я фIыж цIыкIухэр щапхъэу къогъуэгурыкIуэ икIи мы тхыгъэм щывэдгъэцIыхунущ щIэныгъэм къыхэжаныкI, зи цIэ фIыкIэ ираIуэ еджакIуэ жыджэр, Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ БжьыхьэлI Арианэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
Студент нэхъыфIхэм хабжэ
2019-03-21
- Къаскъул Iэминэ Бахъсэн къалэ дэт 3-нэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым агрономиемкIэ и факультетым щIэтIысхьауэ иджыпсту 4-нэ курсым щоджэ. Пщащэм и мурадхэр дахэщ, ахэр зэрызыIэригъэхьэну Iэмалхэр иубзыхуащ, зригъэгъуэт щIэныгъэм епха гугъапIэхэр и мащIэкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
Москва щызэпеуэнухэм яхэтынущ Дыду Аслъэн
2018-11-01
- Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI «21-нэ лIэщIыгъуэм и пашэ» урысейпсо зэпеуэр. Iыхьэ зыбжанэу (щекIуэкI щIыпIэкIи хэтхэм я ныбжь елъытауи) зэщхьэщыха а зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ Урысей Федерацэм щылажьэ сабий, ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
2018-10-09
- Къун Мадинэ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым хореографиемкIэ и къудамэм и ещанэ курсым щоджэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
ЦIыхухэр зрешэлIэф
2018-08-07
- Узрилажьэ IэнатIэр уи гум, уи псэм дыхьэу епхьэкIыныр фIыгъуэщ. Лэжьыгъэм удихьэхмэ, абы пыщIа гугъехьри къыптехьэлъэнукъым, уеблэмэ дэрэжэгъуэ къуитауэ махуэр епхьэкIынкIэ хъунущ. Нобэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ фондым КъБР-м щиIэ и къудамэм щылажьэ Къумыкъу Алинэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
ЗэчиифIэ Щауэжь Нарт
2018-08-04
- ЩIэх-щIэхыурэ щыгъуазэ фыхуэтщI хабзэщ Щамым (Сирием) къикIыжа ди лъэп-къэгъухэм я псэукIэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм цIыху гъэщIэгъуэнхэр куэду яхэтщ. Апхуэдэщ Щамым щалъхуами, адыгэ щэнхабзэр, гъуазджэр зи лъым, зи гум, зи псэм хэт Щауэжь Нарт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
2018-06-15
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэ 26-рэ хэтащ «Урысейм дрицIыхущ!» урысейпсо Iуэхум и щIыналъэ Iыхьэм. Абыхэм Урысей Федерацэм и цIыхум и дэфтэр нэхъыщхьэр, паспортыр, иджыблагъэ щратыжащ КъБР-м и Парламентым. Зэхыхьэм кърагъэблэгъат ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэри егъэджакIуэхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
2018-06-05
Ислъэмей дэт 4-нэ курыт еджапIэм и 11-нэ классыр мы гъэм къэзыуха ныбжьыщIэхэм я фащэхэр щапхъэ зытехыпхъэщ.
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
2018-03-08
- Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэм-кIэ и къэрал институтым «Киномрэ телевиденэмрэ я режиссурэ» факультетыр ехъулIэныгъэ иIэу къэзыуха Ашэбокъуэ Дамирэ (Налшык къалэ щыщщ) жылагъуэ Iуэхухэми зэфIэкI хъарзынэхэр къыщегъэлъагъуэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, «1 КъБР» телеканалым редактору икIи режиссёру лэжьэн щыщIидзащ. Ар КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, «ЩIэблэщIэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтщ. Псапэ зыпылъ Iуэхухэр, пшыхьхэр жыджэру къызэрегъэпэщ.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
ЩIалэгъуалэм я жыджэрагъыр ягъэунэху
2018-03-06
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ щIэныгъэ-еджапIэ IуэхущIапIэм мазаем и пэм къыщызэрагъэпэща, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр егъэщIэнымкIэ «Подкова» щIыналъэ зэхуаку школым щIалэгъуалэу 100-м щIигъу щызэхыхьат.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
Зи гугъапIэхэр лъагэ Пэнагуэ Залым
2017-12-30
- КъыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэщ Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм къыщалъхуа, мы тхыгъэр зытеухуа Пэнагуэ Залым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
Щапхъэ дахэ
2017-10-14
- Арщыдан щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэ, щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и комиссэм и унафэщI, Лэскэн щIыналъэ администрацэм и ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Iэрэмысэ Тимур къызыхэкIари щапIари адыгэ унагъуэщ, анэдэлъхубзэр, хабзэр, нэмысыр анэ быдзышэм хэлъу зыщIэзышащ. Адыгэ нэсыр зэпIэзэрыту, шыIэныгъэ хэлъу, щхьэщытхъум зыпыIуидзу щытын хуейуэ къелъытэ абы. А щIалэщIэм и зэфIэкIым укъигъэуIэбжьыжми, езыр и щхьэ тепсэлъыхьыну къригъэкIуркъым.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
Сэралъп Лалинэ япэ йощ
2017-10-04
-
Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iут Геленджик къалэм студентхэм папщIэ щаухуа спорт-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Лэгъупыкъу» («Радуга») центрым иджыблагъэ ще- кIуэкIащ дизайнер, модельер ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэпеуэ. «ПОДИУМ» фIэщыгъэр зиIа зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ яIэу хэтащ КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым дизайнымкIэ и колледжым щеджэхэр. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ университетым и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Солгаловэ Наталье.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ
ЩIалэгъуалэр зочэнджэщ
2017-07-05
- Берлин къалэкум, нэмыцэ бизнес-зэгухьэныгъэхэм я IуэхущIапIэхэр нэхъыбэу здэщыIэм, мэкъуауэгъуэм и 15-18-хэм щекIуэкIащ политик, хьэрычэтыщIэ щIалэгъуалэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху — «Большая двадцатка» G20 щIалэгъуалэ зэIущIэ. Урысейм и лIыкIуэхэм ящIыгъуу абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий и дэIэпыкъуэгъу Къаскъул Аслъэн.
- Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ