Зеикъуэ щыщ еджакIуэ Iущыцэ
2019-05-07
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым республикэр, къэралыр зэрыгушхуэ, ди къэкIуэнур зэлъыта, щапхъэ зытрах еджакIуэхэр. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я мызакъуэу къызыхэкIа лъэпкъым и щхьэр лъагэу ирагъэлъагъуж. ФIым я фIыж цIыкIухэр щапхъэу къогъуэгурыкIуэ икIи мы тхыгъэм щывэдгъэцIыхунущ щIэныгъэм къыхэжаныкI, зи цIэ фIыкIэ ираIуэ еджакIуэ жыджэр, Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ БжьыхьэлI Арианэ.
- Хъыджэбз Iущыцэр ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и прогимназием и 3-нэ классым «тху» защIэкIэ щоджэ. ЕджапIэм щIэныгъэм и тхьэмахуэм къриубыдэу дерс зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щрагъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм, викторинэхэм, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм зэпымыууэ ар къызэрыщыхэжаныкIым, зэфIэкI инхэр къызэригъэлъагъуэм къыдэкIуэу, жыджэру хэтщ дунейпсо олимпиадэхэм я республикэ Iыхьэхэм икIи мызэ-мытIэу абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ.
- Къэбгъэлъагъуэмэ, «Intolimporg» проектым хыхьэу урысыбзэмкIэ къызэрагъэпэща «Весна-2017», «Старт» дунейпсо олимпиадэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм абы япэ увыпIэхэр къыщихьащ. Ар щытекIуащ есэпымкIэ зэхаша «Математическая вселенная», «Математика вокруг нас» дунейпсо интернет-олимпиадэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм, «Вопросита» урысейпсо зэпеуэм. Пщащэ акъылыфIэр щытекIуащ «Потенциал России — школьники за предпринимательство» IV урысейпсо олимпиадэм, «Первые шаги в науку» VIII республикэпсо зэпеуэмрэ «Дунейм зыхызогъэгъуазэ» I республикэ щIэныгъэ-практикэ конференцымрэ хыхьэ дыкъэзыухъуреихь дунейр унэтIыныгъэхэм. ЩIэныгъэм зи гур хуэкъабзэ пщащэ цIыкIур усэ къеджэным зэрыдихьэхым и щыхьэтщ прогимназием къыщызэрагъэпэща «НэхъыфI дыдэу слъагъу усэ» зэпеуэм, «Шемякиным и гъатхэ» дунейпсо фестивалым «ФIыуэ слъагъу си щIыналъэ!» и унэтIыныгъэм пашэ зэрыщыхъуар. КъищынэмыщIауэ, ар зэпымыууэ ягъэпажэ зэджа художественнэ тхыгъэхэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэм хыхьэу ирагъэкIуэкI зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм дихьэхыу зэрыхэтыр къалъытэурэ. Гъэ еджэгъуэр и кIэм щынэблагъэкIэ БжьыхьэлI Арианэ фIыщIэ тхылъ къыхуагъэфащэ, щIэныгъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр къалъытэурэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.