|
Зытеухуар 'ТхылъыщIэ'
2021-01-26
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыщу иджыри къэс цIыхубэр зыщымыгъуазэ напэкIуэцIхэм ятеухуа «Жизни и судьбы: ученики Кабардино-Горского реального училища. 1909 — 1920» тхылъыр. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Опрышкэ Олег.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолым и тхыдэ
2021-01-23
- «Печатный двор» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщыте- хьащ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Лениным и цIэр зезыхьэ союзпсо коммунист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр (ВЛКСМ) илъэси 100 зэрырикъум теухуа «Комсомол Кабардино-Балкарии в лицах и фотодокументах» тхылъым и редактор нэхъыщхьэр Зумакулов Борисщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
«Ар сэращ, Къурмэнщ, къопсалъэр…»
2021-01-19
- Ди лъэпкъым и бын пажэхэм зи нурыр къахэщ, лъэпкъым и поэзием, прозэм зи лирическэ макъыр лъэщу къыхэIукIа, щIы хъурейм текъухьа дэтхэнэ адыгэми фIыуэ яцIыху, ялъагъу Дыгъужь Къурмэн итхахэр зэхуэхьэсыжауэ, томих хъууэ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу дунейм къытехьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Щохъужь Хьэлым и нэмыгъэса макъамэр
2021-01-14
- Урысейм и журналистхэми и тхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ и Iэдакъэ къыщIэкIа, «Нэмыгъэса макъамэ» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхылъ купщIафIэ илъэсыжьым и иужьрей махуэхэм дунейм къытехьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Тхыдэ Iуэхум зэщымыщхъу къыхэкI хъунукъым
2020-12-17
- «Зи фочышэр блэкIам тезыунащIэм а блэкIар топышэкIэ къыхэуэжынущ», — жиIэгъащ зэгуэрым Дагъыстаным щыщ усакIуэшхуэ Гъафур АбутIалиб. Тхыдэм курыхкIэ хузэфIэкIынур апхуэдэу хуэкIуэу къэзыIуэта щыIэу фIэщ щIыгъуейщ. Псэлъафэр и гуапэ дыдэу, хэлъ губзыгъагъэм и кууагъри фIыуэ зыхищIэу куэдрэ жиIэну къыхуохуэ Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм я цІыхубэ тхакІуэ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы, хэт нэхъри нэхъыфIу, къыгурыIуауэ жыпIэ хъунущ и къалэмыр зыхуигъабзэ лъэпкъыр пщэдейм лъапэ махуэкIэ хэувэн папщIэ, тхыдэм и мыхьэнэм емылъэпауэу, къызэринэкI махуэхэм я пщIэр къримыгъэлъэхъшэхыу ипэкIэ плъэн зэрыхуейр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
2020-12-01
- Дунейм къытехьащ «Изобразительное искусство Кабардино-Балкарии» тхылъым и етIуанэ томыр. Ар зи IэдакъэщIэкIыр «Ассоциация искусствоведов» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, искусствовед цIэрыIуэ Аппаевэ Жаухъарщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Ар зэи тщыгъупщэ хъунукъым
2020-11-26
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Дзэлыкъуэ щIыналъэ: 1941 — 1945» зыфIаща тхылъыщIэр. Ар и бжыгъэр зы мин хъууэ, тхылъымпIэфIкIэ тедзауэ дунейм къытехьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Лъэпкъ литературэм и псалъэщIэ
2020-11-26
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ тхылъыщIэ къыщыдэкIащ. Ар куэдым гунэс ящыхъуа, ЩауэцIыкIу Людмилэ и къалэмыпэм къыпыкIа «Черкесская рапсодия» романыщIэрщ. Тхылъым щыгъуазэ зыхуэзыщIа критик цIэрыIуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар лъэпкъ литературэм и псалъэщIэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ
2020-11-24
- «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Мамхэгъ Астемыр зэхигъэува «Азапша сын Гудаберд. Коджебердуко Мухамат» зыфIища тхылъ гъэщIэгъуэн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Сыхэт сэ? Уи гум щыщ зы Iыхьэщ…
2020-11-21
- Налшык къалэ дэт, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм адыгэ усакIуэшхуэ КIуащ БетIал къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу къыщыдэкIащ апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ тхылъ. Абы ихуащ усакIуэм теухуа гукъэкIыжхэр, Лиснянская Иннэ зэридзэкIауэ КIуащым пасэу и Iэдакъэ къыщIэ-кIа усэхэр. Тхылъым ибгъуэтэнущ иджыри къыздэсым зыщIыпIи къытемыхуа сурэтхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
2020-11-14
- Иджыблагъэ «Принт Центр» типографием къыщыдэкIащ «Хатуей. Штрихи к истории селения и генеалогии жителей» тхылъыр. Ар теухуащ Анзор Хьэту и къуажэр ТэрчкIэ къиIэпхъукIыу Урыху псым и Iуфэм къызэрытIысрэ илъэси 170-рэ зэрырикъум. Тхылъыр и IэдакъэщIэкIщ Мамхэгъ Астемыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
КъыдэкIыгъуэ щхьэпэ
2020-10-27
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием иджыблагъэ къыдигъэкIащ «Экология и охрана ценопопуляции Heelleborus caucasicus A. Br. на Кавказе» тхылъыр. Ар я IэдакъэщIэкIщ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, Жэмыхъуэ Марьят, Чадаевэ Викторие сымэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Адыгэ бзэщIэныгъэм и лъагапIэщIэ
2020-10-24
- Бзэр егъэдахэ гупсысэр къызэрыпIуатэ щIыкIэм — псалъэжьхэр хэухуэна, псэлъафэхэр хэлъхьа, зы жыIэгъуэм и къэIуэтэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэблэгъэкIауэ псалъэм хэгъэзэгъа зэрыхъум. Зи бзэр дахэм, зи псэлъэкIэр къабзэм адыгэм пщIэ хуищIу, утыкур ириту, лIыкIуэу иIуэхуу щытащ. Зи бзэр лантIэм, шэщIауэ псалъэм жылэ Iуэхухэр и пщэ далъхьэу, хеящIэу хахыу, щыхьэту ягъэуву къекIуэкIащ. Я фIэщ хъурт адыгэбзэ укъуэдиякIэ псалъэм укъимыгъэпцIэну, и псалъэ тебгъуэтэжыну, и жыIэр зэщIа хъуну. ПсэлъэкIэм хуащI гулъытэм къыхэкIагъэнущ ар зыIэт, зыгъэлъагэ Iэмалхэр бзэм уэру щIыхэтыр, хуей хъумэ, цIыхум и гупсысэр щIэщыгъуэ ирищIыну, зэIубзу къриIуэтэну, нахуэу иришэщIыну хэкIыпIэ зэмыщхьхэр къриту. Адыгэбзэр къулей зыщI Iэмалхэм ящыщщ синонимхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Адыгэ псалъэм и жьэгу мафIэм
2020-10-13
- Адыгэм псалъэм хуищI пщIэмрэ хилъхьэ фIэщхъуныгъэмрэ къызэрымыкIуэу инщ. Адыгэм псалъэр егъэдахэ, егъэщIэращIэ, и хъуэпсапIэхэр, и гугъапIэ-гурышэхэр къиIуэтэн щхьэкIэ, бзэм хощыпыхьыпэри, нэхъ хьэлэмэт дыдэу хилъагъуэхэр къыхех, абыхэм къэIуэтэкIэ гъэщIэгъуэнхэр къахуегъуэтри, гъэсэпэтхыдэу цIыхум и пащхьэ ирелъхьэж. Апхуэдэщ IуэрыIуэтэж псалъэр. Абы сыт хуэдизрэ къытебгъэзэжми, и щIэщыгъуэр икIыркъым, и дэтхэнэ зы псалъэри щIэныгъэр щыбэ дуней ирокъу, щIэблэ ирибгъэсэнуи ирибущиинуи хуэдэ щыIэкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Зихуэдэ щымыIэ къыдэкIыгъуэ
2020-09-24
- «Кабарда. Слава Кавказа, вольности щит XVI-XX вв.» фIэщыгъэм щIэт лэжьыгъэшхуэ томитху хъууэ мы мазэм дунейм къытехьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
|