Тхыдэр зи лъабжьэ
2021-01-26
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыщу иджыри къэс цIыхубэр зыщымыгъуазэ напэкIуэцIхэм ятеухуа «Жизни и судьбы: ученики Кабардино-Горского реального училища. 1909 — 1920» тхылъыр. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Опрышкэ Олег.
- Абы и лэжьыгъэм щызэхуихьэсыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ училищэм щеджахэм я цIэ-унэцIэхэмрэ я гъащIэм теухуахэмрэ.
- — ЗэрытщIэщи, 1860 гъэм къызэIуахащ Налшык и бгырыс школыр, иужькIэ училищэ хъужар. Ар къэзыухахэм Iэмал яIэт къуажэ школхэм егъэджакIуэу щылэжьэну, — жеIэ тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор.
- 1908 гъэм зыхуагъэхьэзыращ Бгырыс школым хэту Налшык училищэ къыщызэгъэпэщыным. 1909 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ Налшык реальнэ училищэ къыщызэIуахащ. 1909 гъэм и фокIадэ мазэм щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр реальнэ училищэм 1 — 2 пэщIэдзэ классхэр щрагъаджэрт, Бгырыс школым щIэтIысхьахэр, я ныбжьрэ щIэныгъэкIэ зэщхьэщыхауэ. Училищэм урысыбзэр, есэпыр, тхыдэр, географиер, естествознаниер, франджыбзэр, нэмыцэбзэр, адыгэбзэр, алгебрэр, геометриер, черчениер, пэжырытхэр, сурэт щIыныр, уэрэд жыIэныр щрагъащIэрт. КъищынэмыщIауэ, гимнастикэ дерсхэр щрагъэкIуэкIырт. Училищэр ухуэныгъэжьым и япэ къатым къыщызэIуахат.
- 1911 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм пэмыжыжьэу ирагъэжьащ училищэм и ухуэныгъэщIэр. Абы папщIэ ахъшэ зэхадзащ адыгэхэмрэ Налшык округым и бгырыс зэгухьэныгъитхумрэ. 1913 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Налшык и реальнэ училищэм и ухуэныгъэщIэр къызэIуахащ. 1913 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм абы цIыху 208-рэ щеджащ: адыгэу 68-рэ, балъкъэру 16, «урысу» (урыс, украин, поляк) 95-рэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщу (осетинхэу, ермэлыхэу, куржыхэу, журтхэу, алыджхэу) 29-рэ. 1916 гъэм щIышылэм и 1-м еджакIуэхэм я бжыгъэр 257-м нэблэгъащ.
- 1914 — 1917 гъэхэм къэхъуа Япэ дунейпсо зауэми, 1918 — 1920 гъэхэм екIуэкIа Граждан зауэми, Совет властыр щагъэувами, хужьхэм я тетыгъуэми училищэм егъэджэны-гъэр щызэпагъэуакъым.
- 1920 гъэм гъатхэпэм хужьхэр зэбграхуа нэужь, Налшык округым Совет властыр щызэфIагъэувэжащ. А гъатхэм училищэм 1919 — 1920 гъэ еджэгъуэр щызэхуащIыжащ. Ар тхыдэм къыхэнащ иужьрей гъэ еджэгъуэу. Бжьыхьэм училищэр зэхуащIыжащ икIи абы и пIэм иуващ Совет курыт шко- лыр. 1924 гъэм абы Ленин еджапIэ къалэ цIыкIур (ЛУГ) щыIащ, иужькIэ Коммунист мэкъумэш школ нэхъыщхьэ фIащащ. 1936 гъэм щыщIэдзауэ абы щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Пионерхэм я уардэунэр. Мы зэманым ар КъБКъУ-м и медицинэ факультетырщ.
- Илъэс 18-кIэ Опрышкэ Олег училищэм и еджакIуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр зэхуихьэсыжащ, Налшыкрэ Владикавказрэ я архивхэм щылажьэурэ. Абы и фIыгъэкIэ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм еджа цIыхуи 140-м я цIэ-унэцIэхэр зэхуихьэсыжащ. Языныкъуэхэр гъащIэм гугъуехь куэд зэрыщрихьэ-лIар, XX лIэщIыгъуэм и япэ илъэс ныкъуэм къэралым щекIуэкIа къэхъугъэ мыхъумыщIэхэм пхыкIын хуей зэрыхъуар къилъытащ.
- НапэкIуэцI 20 хъу къыдэкIыгъуэр экземпляр 500 мэхъу. Абы къыщыхьащ авторым къигъэсэбэпа лэжьыгъэхэр, сурэт куэди щIыгъущ. Тхылъыр къыдэгъэкIыным я мылъку халъхьащ Балэ Аслъэнбий, Кебеков Владимир, Нэгъуей Инал, Щауей Артур сымэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ республикэм и библиотекэхэми къыдэкIыгъуэр трагуэшащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.