КъБР-м и сурэтыщI гъуазджэр
2020-12-01
- Дунейм къытехьащ «Изобразительное искусство Кабардино-Балкарии» тхылъым и етIуанэ томыр. Ар зи IэдакъэщIэкIыр «Ассоциация искусствоведов» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, искусствовед цIэрыIуэ Аппаевэ Жаухъарщ.
- Абы итщ илъэс плIыщIым щIигъум къриубыдэу Аппаевэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ куэд. Псалъэм папщIэ, тхылъыр IыхьитIу гуэшащи, «Ретроспектива искусства» зыфIищар ди республикэм сурэтыщI гъуазджэм зэрызыщиужьам, художественнэ гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ ятеухуащ. «Крупным планом» жыхуиIэм хохьэ сурэтыщI щхьэхуэхэм ятеухуа монографие тхыгъэхэр. Апхуэдэхэщ ди щIыналъэми гъунэгъу хэгъэгухэми фIыуэ къыщацIыху сурэтыщIхэу Джанкишиев Ибрэхьим, КIыщ Мухьэдин, Акъсырэ Михаил, Пак Галинэ, Наседкин Игорь, Бейтыгъуэн Людмилэ, Марченкэ Владимир, скульпторхэу Крымшамхалов Хьэмзэт, Къалмыкъ Фёдор, БжэIумыхь Хьид, ТхьэкIумашэ Михаил, Славников Всеволод, Катони Станислав, Шэрджэс ТIэхьир, графикхэу Пащты Герман, Глуховцев Александр, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Зэхъуэхъу Валерэ, Къып Мухьэмэд, Мысачэ Мурат. Жаухъар зыхущIэкъуар сурэтыщI гъуазджэм къикIуа гъуэгуанэм дригъэплъэжынырщ, художникхэм я гуащIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм дыщигъэгъуэзэнырщ, зыхэлэжьыхьа зэманым ижь абыхэм я творчествэм зэрыщIихуар наIуэ тщищIынырщ. Тхылъыр плъэгъуа иужь хьэкъ пщохъу и мурад псори тхакIуэм къызэрехъулIар.
- Тхылъым щхьэхуэу къыщыхьащ цIэ-унэцIэхэр, ди республикэ гъуазджэм къыхэщ сурэт дахэхэр.
- КъыдэкIыгъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм дихьэх дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэнынущ, къыщыIэта Iуэхур адэкIи джыным и лъабжьэр зыгъэтIылъщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.