УнэтIыныгъэхэр куэд мэхъу
2013-09-07
- «IэнатIэхэр зэрызэпэубыдар къэгъэщэбэным хуэунэтIауэ щхьэхуэу лэжьыпхъэхэм я программэм» мы гъэм цIыху 568-рэ хэтщ.
- Зи зэфIэкIкIэ зэхуэмыдэу лэжьыгъэ IуэхукIэ къэралым
и дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм ятещIыхьа программэм унэтIыныгъибл иIэщ. Апхуэдэщ IэнатIэр зыфIэкIуэдынкIэ хъунухэм, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтахэм, зи узыншагъэр мыщIагъуэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щылэжьэну е я унагъуэр ящIыгъуу Iэпхъуэну хуейуэ IэнатIэ къэзылъыхъуэхэм защIэгъэкъуэным теухуахэр. - КъБР-м цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэзыгъэпэщ и къэрал комитетым программэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэщыгъуей Заур зэрыжиIамкIэ, езыхэр я щIэгъэкъуэну зи Iуэху къыдэзыхыжа IэнатIэншэхэм мылъку яхухэхыным гулъытэ хэха хуащI. ЛэжьапIэншэу ятхахэм папщIэ IэнатIэ щхьэхуэ къызэIузыххэм субсидиехэр пщIэншэу ират. ЩIыпIэхэм щаIэ я къудамэхэр ящIыгъуу, апхуэдэ хьэрычэтыщIэхэр егугъуу къыхах, налогхэмкIэ, бюджетым щымыщ фондхэмкIэ щIыхуэ ятелърэ ятемылърэ комиссэ хэхам къепщытэ.
- ХЪЫДЗЭ Мурат.