ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыуэпсым и къулеигъэхэм дыхуэвгъэсакъ

2017-01-13

  • Мылъку зралъэфэлIэныр къэмыгъэхъуным теухуа лэжьыгъэм гулъытэшхуэ щыхуащI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм. Ар абы ирегъэкIуэкI федеральнэ, щIыналъэ хабзэхэм тету.
  •  
  • Мы Iуэхум хуэгъэза политикэр пхагъэкIын мурадкIэ, 2014 гъэм и мэкъуауэгъуэм къащтауэ щытащ 2014-2016 гъэхэм ятещIыхьауэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм коррупцэм щыпэщIэтын» программэ щхьэхуэу унэтIыныгъэ куэд зиIэр. Абы тету министерствэр къэрал къулыкъущIэхэм ядолажьэ, тхылъхэм я    пэжагъыр къепщытэ. 2014 гъэм накъыгъэм и 14-м УФ-м и Правительствэм къыдигъэкIа Унафэ №816-р, 2014-2016 гъэхэм коррупцэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэм яхуэгъэзар, игъэзащIэкIэрэ, ди министерствэм цIыхухэм зыкъызэрыпащIэ «линие занщIэ» егъэлажьэ.
  • Абы и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкI лэжьыгъэм цIыхухэр щыгъуазэ ящIын мурадкIэ, министерствэм къыщызэрагъэпэщащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ ялэжьхэр къыщагъэлъагъуэ стенд.
  •  КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къепха къулыкъущIэхэм я Iуэху зехьэкIэр зыхуэдэри къыщапщытэ. Мыбы щыхоплъэ IуэхущIапIэм щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпын и лъэныкъуэкIэ коммерцэ е коммерцэу щымыт организацэхэм ярищIылIа зэгурыIуэныгъэхэм я тэмэмагъым, къэрал къулыкъущIэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ я хэхъуэр зыхуэдизым. Мы Iуэхум теухуауэ къата тхылъхэм комиссэм и зэIущIитIым щыхэплъащ. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ лэжьакIуитIым дагъуэ хуащIащ.
  • ХабзэщIэм ипкъ иткIэ, министерствэм и къэрал къулыкъущIэхэм ядэщIыгъуу, абыхэм я щхьэгъусэхэми балигъ хъуа я бынхэми къаIэрыхьэ хэхъуэхэр зыхуэдизыр къэзыгъэлъагъуэ тхылъхэр къатын хуейщ. 2016 гъэм а къалэныр министерствэм и лэжьакIуэхэм ящыщу 64-м ягъэзэщIащ.
  • Зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу, IуэхущIапIэм зэбгригъэкIа къэрал заказхэм коррупцэ хуэмэбжьымэхэр хэлъу ягъуэтакъым.
  • БИТТИЕВ  Хьэким,
  • КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ
  • экологиемкIэ и министр.