Нэхъ мащIэ щохъу
2013-06-08
- Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэмкIэ и рынокым зэрыщатхамкIэ, мы гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 31 пщIондэ цIыху 7557-рэ республикэм IэнатIэншэу къыщалъытащ. Мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ,1284-рэ кIэрыхуащ икIи 8822-рэ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым IэнатIэншэу щатхыр лэжьэфыну исым и проценти 2,3-м нос.
- Къыхэгъэщыпхъэщ мы гъэм и щIышылэ — накъыгъэ мазэхэм къриубыдэу IэнатIэ хуиту 3635-рэ абыхэм зэрыхуагъэлъэгъуар. иджыпсту ахэр 2852-рэ мэхъу.
- IэнатIэ хуитхэм я процент 79,2-р рабочэ IэщIагъэщ. 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу апхуэдэ зы лэжьапIэм цIыхуи 3,2-рэ щыхуозэ.
- ШЫД Къэрэщей.